To the typology of the Kuytsuk (Little Bald Man) image in the Adyg epic
- Autores: Bukhurov M.F.1
-
Afiliações:
- Affiliated Kabardian-Balkarian Scientific Center of the Russian Academy of Sciences
- Edição: Nº 4 (2024)
- Páginas: 352-365
- Seção: Фольклористика
- ##submission.dateSubmitted##: 17.03.2025
- ##submission.dateAccepted##: 17.03.2025
- ##submission.datePublished##: 28.12.2024
- URL: https://journal-vniispk.ru/2542-212X/article/view/283824
- DOI: https://doi.org/10.31143/2542-212X-2024-4-352-365
- EDN: https://elibrary.ru/ULNCEU
- ID: 283824
Citar
Texto integral
Resumo
The article examines the image of Kuytsuk in the narrative (novelistic, magical, heroic tales, nart tales, historical and heroic epic) genres of Adyg folklore. Special attention is paid to identifying the signs that determine his social origin, personal qualities, and actions. Based on this, it is noted that this hero does not always have the same characteristic. When determining the typology of this character, the established scientific principle is used – by what means the hero achieves the goal. There are two types of image – Kuytsuk, who achieves a fabulous goal due to his physical strength, and Kuytsuk, who achieves the goal with cunning and intelligence. The study of the problem of establishing the characteristics of this image also occupied a significant place in the work depending on the folklore genre in which it is presented. As it appears from the material considered, despite all the similarity of the description of appearance, in different genres of Adyg folklore, the image of Kuytsuk has its own pronounced characteristic features. A fairy–tale character can be a typical "low hero" - inconspicuous and even funny to others, but a hero, in fact. In other cases, it is a hero of a laughing or satirical plan. In the heroic epic, he is represented as a figure symbolizing the logical conclusion of the genre, parodying the images of classic heroes-bogatyrs. The research is based on the opinions of Russian folklorists who were directly involved in the study of a typologically similar character in the folklore of other peoples.
Palavras-chave
Texto integral
Дэтхэнэ зы лъэпкъми хуэдэу, адыгэхэми я IуэрыIуатэм зыужьыныгъэшхуэ щигъуэтащ зи теплъэкIэ цIыкIущэу, ауэ IущагъкIэ, языныкъуэхэм деж къарукIэ псоми ефIэкI персонаж зыбжанэм – КъуийцIыкIу, ШыхъумцIий (Кулацу, Хъымыр) сымэ, н. Мыбыхэм я цIэр къыхощ псысэхэми, нарт пшыналъэхэмрэ хъыбархэмри, уеблэмэ, тхыдэр зи лъабжьэ лIыхъужь эпосми. Мы персонажхэм теухуа IуэрыIуатэхэкI лIэужьгъуэхэр тхыжын, къытедзэн, джын щIадзауэ жыпIэ хъунущ XIX лIэщIыгъуэм. Псалъэм папщIэ, 1891 гъэм «Сборник материалов для описания местностей и племен Кавказа» жыхуиIэм и 12-нэ къыдэкIыгъуэм Л.Г. Лопатинскэм хигъэхьауэ щытат Къашэж ТIалиб къиIуэтэжауэ щыт адыгэ псысэ зыбжанэ [Сборник материалов… 1891: 51–142]. Псысэхэр къызэрытра-дзар урысыбзэт. Абыхэм яхэтщ «Мал-мала меньше» фIэщыгъэцIэр зиIэу ШыхъумцIий теухуамрэ КъуийцIыкIу и образыр нэхъыбэрэ зэпхауэ къакIуэ хабзэ «Кто больше?» псысэмрэ. Апхуэдэу мы сборник дыдэм и 27-нэ къыдэ-кIыгъуэми къытехуат Тамбий Пагуэ зэхуихьэсыжауэ щыта текст зыбжани, «Кула-ций» псысэри яхэту [Сборник материалов… 1900: отд. 4, с. 1–62]. Мыр ящыщщ адыгэбзэкIэ тхарэ урысыбзэкIэ зэдзэкIыжауэ нэхъапэу къытрадзауэ щытахэм.
Зи гугъу тщIы IуэрыIуатэр къыдэгъэкIыным щIэгъэхуэбжьауэ щыпэрыхьар XX лIэщIыгъуэрщ. Абы и япэ Iыхьэм дунейм къытехьахэм ящыщу и цIэ къиIуапхъэщ урысыбзэкIэ 1936 гъэм къытрадзауэ щыта «Кабардинский фольклор» тхылъыр [Кабардинский фольклор… 2000: 132–135]. ИужькIи, къэдгъэлъэгъуа лIэщIыгъуэм и кIыхьагъкIэ мы псысэхэр мызэ-мытIэу сборникхэм хагъэхьауэ щытащ, уеблэмэ, жыпIэ хъунущ абыхэм ящыщ зыгуэр зэрымыт таурыхъ тхылъ дунейм къытемыхьауэ. Ди зэманхэм дыкъэIэбэмэ, къыхэгъэщыпхъэщ псысэхэр къызэщIэкъуауэ къыдэгъэкIыжынымкIэ щIэныгъэлIхэм ехъулIэныгъэфIхэр зэрызэIэрагъыхьар. Псом хуэмыдэжу мыхьэнэшхуэ яIэщ Тхьэмокъуэ Женя игъэхьэзыра томитIым. Япэ тхылъым къыщызэщIэкъуащ новеллэ псысэхэр [Адыгские сказки… 2005], етIуанэм – телъыджейхэр [Адыгские сказки… 2018]. Мы сборникхэр ипэкIэ къыдэкIахэм къащхьэщокI сюжет бжыгъэу къыщызэщIэкъуамкIэ, абы щыгъуэми куэдыр зей къытрамыдзауэ зэрыщытымкIэ, псысэхэм я художественнэ къулеягъхэмкIэ, н. А псор щIыжытIэращи, мы тхылъхэм хыхьащ IуэрыIуатэхэкIхэр тедзэнымкIэ щIэныгъэм нобэ къигъэув хабзэм къигъэтIэсауэ дызытепсэлъыхь персонажхэм ехьэлIа таурыхъ куэд. Ахэращ ди лэжьыгъэм и тегъэщIапIэу къатщтэри.
Зи гугъу тщIы образхэм ехьэлIауэ щыIэ къэхутэныгъэхэм я гугъу тщIымэ, къыжыIапхъэщ, ди еджагъэшхуэхэм апхуэдизу цIэрыIуэ хъуа лIыхъужьхэр, абыхэм ехьэлIа IуэрыIуатэр гулъытэншэу къызэрамыгъэнари. Мыбы и лъэныкъуэкIэ нэхъапэIуэу мы Iуэхугъуэм зи гупэ хуэзыгъэзахэм ящыщщ Л.Г. Лопатинскэр. Нэхъыбэу щIэныгъэлIым зи гугъу ищIар къытридзауэ жыхуэтIа псысэхэм я сюжетхэмрэ мотивхэмрэщ, ахэр адрей лъэпкъхэм я таурыхъхэм иригъапщэурэ. Ауэ образым бгъэдэлъ щхьэхуэныгъэхэми мыхьэнэшхуэ щрит щыIэщ. Еджагъэшхуэм къызэрилъытэмкIэ, псалъэм папщIэ, «Мал-мала меньше» адыгэ псысэр Европэм щыпсэу лъэпкъхэм яйм къащхьэщокI, и сюжетым щIэлъ гупсысэмкIэ – акъылыр къарум текIуэу къэгъэлъэгъуауэ зэрыщытымкIэ. Европей псысэхэм щIалэ цIыкIум и бзаджагъэр къегъэсэбэп, и щхьэр ихъумэн папщIэ, зэрыхуа гузэвэгъуэм къикIын папщIэ, абы щыгъуэми ар зыми пэщIэувэркъым. Абы къыщхьэщыкIыу, адыгэ псысэм деж мы персонажыр, и къуэшитIыр иныжьым IэщIэкIуэда нэужь, абы поув, IэмалкIэ жыIэщIэ къещI, полъэщ [Сборник материалов… 1891: 142]. Апхуэдэу Л.Г. Лопатинскэм «Кулацийр» «Мальчик с пальчик» урыс псысэм, абы нэмыщIу нэгъуэщI лъэпкъхэм яйми ирегъапщэ [Сборник материалов… 1891: 13]. Куууэ мы текстхэр щIэныгъэлIым къимыпщытами, абы и тхыгъэ кIэщIхэр мы таурыхъхэр джыным щIэдзапIэ хуэхъуауэ, къыхилъхьа гупсысэхэми нобэрей IуэрыIуэтэдж щIэныгъэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ яIэу жыпIэ хъунущ.
Л.Г. Лопатинскэм хиша лъагъуэм ирикIуащ М.Е. Талпи: текстхэм я комментариехэм ари «Кулаций» псысэм и мотивхэм, сюжетым кIэщIу щытопсэлъыхь [Кабардинский фольклор… 2000: 590].
Образхэр, мыхэр зэпха сюжетхэмрэ мотивхэмрэ нэхъ зэпкърыха хъуауэ къэплъытэ хъунущ XX лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм. Дызэрыщыгъуазэщи, а илъэсхэм дунейм къытехьауэ щытащ, статья щхьэхуэхэм къадэкIуэу, адыгэ псысэхэм теухуауэ Хъут Щ.Хь., Алий А.И. сымэ, н. я монографие къэхутэныгъэхэр. Псалъэм папщIэ, Хъут Щ.Хь. и «Сказочный эпос адыгов» тхылъым щIыпIэ-щIыпIэхэм мы образхэм, абыхэм ятеухуа сюжетхэмрэ мотивхэмрэ мыхьэнэшхуэ щрет, абыхэм щатепсэлъыхькIи телъыджей псысэхэм деж абы кIэрытлъагъуэ щхьэхуэныгъэхэр (и теплъэр, акъылыфIэу, IэмалкIэ зэрыIэзэр, и мурадхэм зэрылъэIэсыр, н.) къыхегъэбелджылыкIыр [Хут 1981: 33–84]. Апхуэ-дэу мы лIыхъужьхэр новеллэ псысэхэм къызэрыщыгъэлъэгъуами (я хьэлщэным, шыфэлIыфэм, игъэзащIэ къалэнхэм) щIэныгъэлIым я гугъу ещI, икIи мылъку-кIэ зэхуэмыдэныгъэм къиша зэныкъуэкъур зи лъабжьэ сюжетым ар нэхъыбэу епхауэ зэрыщытыр къыхегъэщхьэхукIыр [Хут 1981: 85–132]. Алий А.И. телъыджей псысэхэр къыщипщыта и «Поэтика и стиль волшебных сказок адыгских народов» тхылъым Кулацу (ШыхъумцIий) урыс таурыхъхэм дазыщрихьэлIэ Мальчик-с-пальчик ирегъапщэ, абы ипкъ иткIи и типологиер еубзыхур [Алиева 2019: 445–446], апхуэдэ дыдэу образыр зэпха сюжетхэри егъэбелджылы [Алиева 2019: 383]. «Сказки адыгских народов» псысэ сборникым и пэублэ псалъэми [Алиева 2019: 445–446] новеллэ псысэхэм мы лIыхъужьхэр къазэрыхэщми и гугъу щыщIащ.
Зи цIэ къитIуа персонажхэр къызыхэщыж IуэрыIуатэр джыным XXI лIэщIыгъуэми къыпищащ. Псалъэм папщIэ, 2010 гъэм Чуяко Н.М. гушыIэмрэ ауанымрэ адыгэ IуэрыIуатэм къызэрыхэщыр къыщипщытэм, зыхуигъэувыжа къалэным ипкъ иткIэ КъуийцIыкIу теухуа псысэхэм, езы образым и мыхьэнэр наIуэ къищIащ [Чуякова 2010]. 2014 гъэм дунейм къытехьауэ щытащ адыгэ новеллэ псысэхэм я сюжетхэр щызэпкърыха Тхьэмокъуэ Ж.Хь. и монографиер [Тхамокова 2014]. Мы къэхутэныгъэмкIэ Женя хузэфIэкIащ Аарнерэ Томпсонрэ [Thompson 1961] (адэкIэ АТ) я дунейпсо сюжетгъэлъагъуэр и лъабжьэу сюжет и лъэныкъуэкIэ ди новеллэ таурыхъхэм я къулеягъыр къихутэу ахэр щIэныгъэрылажьэхэм я пащхьэ илъхьэжын. Лэжьыгъэм щIыпIэшхуэ щеубыд КъуийцIыкIу, Кулацу, ШыхъумцIий, Хъымыр ехьэлIа сюжетхэм я типологиер IупщI къэщIыным. 2015 гъэм къыдэкIауэ щытащ мы образыр лIыхъужь псысэхэм къазэрыхэщыр къыщыжыIа ди зы лэжьыгъи [Бухуров 2015: 57–71]. Нарт эпосымрэ КъуийцIыкIу и циклымрэ я зэхуаку дэлъ зэпыщIэныгъэр белджылы къыщыщIащ 2009 гъэм къыдэкIа Гъут I.М. и «Народный эпос: традиция и современность» къэхутэныгъэми [Гутов 2009: 49].
Зэрынэрылъагъущи, мы лIыхъужьхэм я образыр, абыхэм къепха мотивхэмрэ сюжетхэмрэ джынымкIэ щIэныгъэм ехъулIэныгъэфIхэр зыIэригъэхьащ. Ауэ, зи гугъу тщIа лэжьыгъэхэм тепщIыхьмэ, мыбыхэм теухуауэ IупщI къэщIын хуей Iуэхугъуэ гуэрхэр иджыри къэнащ: къэхутэныгъэу зэкIэ щыIэр псысэхэр щызэхуэхьэса сборникхэм е пэублэ псалъэу, е текст къэс щIыгъу комментариехэу арщ; монографиехэм япкъ иткIэ жыпIэмэ, мыхэри псори зытеухуар жанр щхьэхуэхэщ, абыхэм мы персонажхэм я образхэм щIыпIэ гуэрхэр щыхухэхауэ щытми; статьяхэмкIэ дыIэбэми – нэхъыбэу зы образым и зы лъэныкъуэ гъэбелджылауэ арщ. Абы щыгъуэми мы лIыхъужьхэр къызэрыгъэлъэгъуам, абыхэм ятеухуа сюжетхэм ириплъэным иджыри зэ къытегъэзэжыным мыхьэнэ иIэу къыдолъытэ. Ар къызыхэкIыращи, жанр щхьэхуэхэм, псалъэм папщIэ, псысэ лIэужьыгъуэхэм (телъыджейхэм, лIыхъужь, новеллэ псысэхэм, нарт эпосым) мыбыхэм я дуней тетыкIэмрэ ягъэзащIэ къалэнымрэ щызэхуэдэкъым, псом дежи теплъэкIэ зыуэ къэгъэлъэгъуа щхьэкIэ. Зы лъэныкъуэкIэ уеплъмэ, IуэрыIуатэм къызэрыхэщщи, мыхэр псори цIыкIущэхэщ, фэншэхэщ, тхьэмыщкIэ унагъуэм къыхэкIащ, фызабэм е лIыжь-фызыжьым я къуэхэщ, н. Мы нэщэнэхэм фIэкIа къыумылъытэмэ, зы лIыхъужь лIэужьыгъуэу тыншу къыпхухэгъэкIынут. Ауэ щIэныгъэм щызэтеувауэ щыIэ хабзэм тету убгъэдыхьэмэ, къэтпщыта текстхэм езыхэми къызэрагъэлъагъуэщи, я Iуэху-щIафэхэмкIэ мыхэр дэнэ дежи щызэтехуэркъым, абы щыгъуэми зэтемыхуэр персонаж щхьэхуэ къудейхэркъым, атIэ зыр языныкъуэхэм лIыхъужьу адрейхэм – Iэмалшыуэ щыту къыхощ. ДызэригугъэмкIэ, апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм мы лIыхъужьхэм я типологиер, а псом КъуийцIыкIу къазэрыщхьэщыкIыр белджылы къищIынущ. Абы къыдэкIуэу, мы персонажым и циклым хыхьэ сюжетхэр сюжетгъэлъагъуэхэм зэрыхэувэр наIуэ къэщIа пэтми, щхьэхуэу иджыри зэ ириплъэным Iэмал къыдет и дуней тетыкIэкIэ, Iуэху-щIафэкIэ зэрызэщхьэщыкIыр IупщI къэтщIыну, циклым ижь адрей жанрхэм зэращIихуар дубзыхуну. А псор къыщызэщIэкъуа лэжьыгъэ щхьэхуэ щыIэмэ, щIэныгъэм дежкIэ мыхьэнэ иIэнуи ди гугъэщ. Пэжщ, зи гугъу тщIы Iуэхугъуэ псоми гупсэхуу зы статьякIэ утепсэлъыхьыфынуи къыщIэкIынкъым, ауэ щапхъэ зырызкIэ нэхъ мыхъуми мы упщIэхэм я жэуапхэр дгъэбелджылыну къалэн нэхъыщхьэу зыхуэдгъэувыжащ. Методологие и лъэныкъуэкIэ нэхъыбэу тегъэщIапIэ тщIар зи цIэ къитIуа щIэныгъэлIхэм я къэхутэныгъэхэрщ.
Псом япэрауэ, езы КъуийцIыкIу теплъэкIэ къыхуэдэ адрей лIыхъужьхэм къащхьэщыгъэкIыпхъэщ. Къэтпщыта текстхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, ШыхъумцIий, Кулаций, Хъымыр сымэ я образхэр нэхъ зэпэгъунэгъущ. Мыхэр гъэбелджылащ, псалъэм папщIэ, телъыджагъэ хэлъу дунейм къызэрытехьэхэмкIэ. Абы и къэIуэтэкIэр псысэ куэдым щызэтохуэр: «<Бжэнылыр зэришхрэ> махуищ нэхъ дэмыкIыу, фызыжь цIыкIур лъэщыджэ хъуати, гъуэлъри нэ хуэдиз фIэкIа мыхъуу щIалэ цIыкIуибл къилъхуащ» [Адыгские сказки… 2018: 225]; «Зы лIыжь цIыкIурэ зы ныуэжь цIыкIурэ щыIэти, лIыжьыр мэшым кIуауэ, ныуэжьыр лъхуэри, зы тасышхуэ изыбзэ сабий цIыкIу куэд къилъхуащ» [Адыгские сказки… 2018: 222]. Хъымыр и дуней къытехьэкIэри, нэгъуэщIу къэIуэтами, мыбыхэм пэгъунэгъущ: хупцIынэ япщар щIалэ цIыкIу мэхъу [Адыгские сказки… 2018: 226]. Мыпхуэдэ щIыкIэкIэ дунейм къытехьа сабий цIыкIухэр ягъэкIуэдыну яужь йохьэри, зыр псэууэ къонэ, аращ псысэм щыгъэува къалэнхэр зи пщэ къыдэхуэри. Щхьэхуэныгъэу мыбыхэм ябгъэдэлъхэм ящыщщ нэм къимыщтэу егъэлеяуэ цIыкIущэу, Iэмалшыуэ зэрыщытхэр. Ахэр къагъэсэбэпурэщ мыбыхэм я мурадыр зэрызыIэрагъыхьэри. Нэхъыбэу къызыхэщыр АТ 700 сюжет зиIэ псысэхэрщ. ЩIалэ цIыкIум и адэм гъуэмылэ хуехь; ерагъыу зыкърегъэлъагъу, и къуэу зэрыщытыр зыкърегъащIэ, и адэм доIэпыкъу; дыгъухэм гъусэ яхуохъури, зым и вакъэм ису дыгъуакIуэ ядокIуэ, къызэрамылъагъум къыхэкIыу, выр Iуэм кърихун хузэфIокI; унагъуэ гуэрым дохьэри апхуэдэ дыдэу шыуан къыдех; лыр зэрагъавэ шыуаным хопкIэри кIийуэ щIедзэ, кIийр щамылъагъукIэ, дыгъуакIуэхэр мащтэри щIопхъуэж, къагъэна хъугъуэфIыгъуэр псори абы къыхуонэ. Апхуэдэу бзаджагъэкIэ шы табын, вы, танэ хъушэхэр къыIэрохьэ.
Зи гугъу тщIы сюжетым хабзэу зэрыщытщи, мыпхуэдэ щIалэ цIыкIур и ныбжьэгъухэм щIыгъуу нэжьгъущIыдзэм и хэщIапIэм къыщохутэ; нэжьгъущIыдзэм мохэр игъэжейуэ ишхын мурад иIэу къыщищIэкIэ, мыжейуэ зэм хьэлывэ, зэм джэдлыбжьэ ирегъэщI, зэм кхъузанэкIэ псыхьэ егъакIуэри, ар къэсыжыху, и ныбжьэгъухэр щIегъэпхъуэж; къиубыдыжу иукIын мурадкIэ къэпым щридзэкIи, IэмалхэмкIэ къыIэщокI [Адыгские сказки… 2018: 225].
КъуийцIыкIу теухуауэ жытIэмэ, мыр нэхъыбэу къызыхэщыр новеллэ псысэхэрщ. Дызэрыщыгъуазэщи, мы таурыхъ лIэужьыгъуэр телъыджейм къызэрыщхьэщыкI нэщэнэхэм ящыщ зыщ и ухуэкIэр: телъыджейхэм лIыхъужьыр къыдэзыгъэцIыху (и адэ-анэр зищIысым, и дуней къытехьэкIэм, и теплъэм, н. щыгъуазэ дызыщI) щIэдзапIэ яIэмэ, мыхэр апхуэдэкъым, атIэ зытепсэлъыхьыну персонажыр куэд щIауэ псоми зэдацIыхуу тепсэлъыхьым хуэ-дэу кърегъажьэхэр. Абы къыхэкIкIэ, Кулаций сымэ ябгъэдэлъу зи гугъу тщIа дуней къытехьэкIэм хуэдэ ядэтлъагъуркъым. Абы къыдэкIуэу, абыхэм ехьэлIа псысэхэм я лъабжьэр АТ 700 сюжетым къигъэщIмэ, КъуийцIыкIу къепхахэр зыбжанэ мэхъур. Тхьэмокъуэ Ж.Хь. адыгэ псысэхэм яхузэхилъхьа сюе-тгъэлъагъуэм [Сравнительный указатель… 2018] тепщIыхьмэ, илъащIэкIэ къэтхь сюжетхэм сыт щыгъуи къахэщ хабзэр КъуийцIыкIущ:
АТ 1060 Иныжьымрэ КъуийцIыкIурэ зэпоуэ, мывэр япIытIу псы къыщIахуну; КъуийцIыкIу кхъуейр епIытIри шежыпс къыщIеху, иныжьыр апхуэдэу къегъапцIэ.
– АТ 1060* Иныжьымрэ КъуийцIыкIурэ зэпоуэ, мывэр IэкIэ якъузу ягъэщэщэн хуейуэ; КъуийцIыкIу игъэщэща хуэдэу ещIри, хьэжыгъэр егъэлъагъуэ.
– АТ 1086* Иныжьымрэ КъуийцIыкIурэ зэпоуэ, щIым тепкIэу и щхьэкуцIыр къыдрахуеин хуейуэ; КъуийцIыкIу фэндым иту щIитIа шхум топкIэри, шху къыдрикIеяр щIым и щхьэкуцIу иныжьым ирегъэлъагъу.
– АТ 1086** Иныжьымрэ КъуийцIыкIурэ зэпоуэ, щIым и хуэр къыхалъэфын хуейуэ; КъуийцIыкIу щIым щIихъума кIапсэр къыхелъэфри иныжьыр къегъапцIэ.
АТ 1088 Мащэ къитIам гъэпщкIуауэ ирилъхьэурэ КъуийцIыкIу егъэлеяуэ шхын куэд ишх хуэдэу иныжьым зыкъыщегъэхъу.
АТ 1115 Иныжьхэм яукIыну къыщищIэкIэ, КъуийцIыкIу къамыл IэплIакIуэ (пхъэ дакъэ) и пIэм хелъхьэри езыр жейуэ закъыщегъэхъу.
АТ 1116 КъуийцIыкIу псывэм ирагъэсын мурадкIэ уэнжакъ лъабжьэм пIэ щыхуащIри щагъэжей; КъуийцIыкIу ар къещIэри зегъэпщкIу; пщэдджыжьым уэшх пщтыр къытешхауэ къыщыхъуам хуэдэу фэ зытрегъауэ.
АТ 1149 ГъэпцIагъэкIэ къарукIэ ефIэкIыу иныжьхэм КъуийцIыкIу закъыщегъэхъу (иныжьым и пщэдыкъым дэсу щихькIэ, дыд хеIури, и хьэлъагъыр тещIа хуэдэу ирегъэгугъэ); иныжьхэр мэшынэри ар унэм яхьыж; иныжьыл яшхыу я фIэщ ещI, иныжьхэр щIопхъуэж.
– АТ 1149* Жьэгум бгъэдэсу, иныжьыр къопсри, КъуийцIыкIу Iугъуэ икIыпIэм Iуехьэ; абы щищIэмкIэ иныжьыр щеупщIкIэ, къиукIыну щIэмыпхъуэжын папщIэ Iугъуэ икIыпIэр игъэбыдэу жери иныжьыр егъэшынэ.
Къапщтэмэ, мы персонажым дызыщрихьэлIэ псысэхэм мы сюжетхэр, я пкъыгъуэхэм къэIуэтэкIэ щхьэхуэ яIэми, щызэкIэлъыхьауэ къакIуэ хабзэщ. Абы и щапхъэу къэпхь хъунущ «Адыгэ таурыхъхъэм» и етIуанэ томым Тхьэмокъуэ Женя хигъэхьа «КъуийцIыкIурэ иныжьымрэ» псыситхури [Адыгские сказки… 2018: 125–146]. Абыхэм ящыщ зым къызэриIуатэмкIэ, КъуийцIыкIу мылъку лъыхъуэ йожьэ, гъуэмылэу шху фэнд, хьэтыкъ зытIущ, зы кIапсэжьи иIыгъыу. Зы иныжь къелъагъури, гъуэмылэмрэ кIапсэжьымрэ щIым щIетIэри егъэпщкIу. И цIыкIуагъым къыхэкIыу, иныжьым ар ауан щищIкIэ, зэпеуэу щIадзэ. КъуийцIыкIу къегъэув, иныжьыр «щIыгум кIуэцIыпкIэу и щхьэкуцIыр кърихун» хуейуэ. Иныжьым хузэфIэкIкъым. КъуийцIыкIу щIитIа фэндыр зыщIэлъым деж топкIэри, шхур къыщIеху, ар «щIыгум и щхьэкуцIу» иныжьым и фIэщ ещI. Апхуэдэу «щIыгум и бынжэр» къыхалъэфын хуейщи, КъуийцIыкIум кIапсэр къыхелъэф. Сытми, «апхуэдиз къару» КъуийцIыкIу бгъэдэлъу иныжьым къыщищIэкIэ, щошынэри жыIэщIэ хуохъу – и пщэдыкъым дэсу ар иныжьым и деж ихьын хуейщ. ЩихькIэ, мор зэрыпсынщIэм гу лъетэ, къызэрыщыхъуам хуэмыдэу къарууншэу гугъэ щищIкIи, КъуийцIыкIу гуэрыр Iэмалым хуокIуэ: уафэхъуэпскIым зыкIэрищIауэ и хьэлъагъ псомкIэ иныжьым зытримыгъэщIауэ зыкъыщегъэхъу; дыд хеIури «зэрыхьэлъэр» зыхрегъащIэ. Здихьам, мыдрей иныжьхэр мэшынэхэри, выгъашхэ хуаукI, пIастэ шыуан щIыгъуу хущIахьэ. КъуийцIыкIу ар ишха хуэдэу мащэм иредзэ. ЩыжейкIэ зэм псывэ тракIэу, зэми абрэмывэ традзэу яукIыну мурад ящI. КъуийцIыкIу пIэм къыхэкIыурэ, зэм уэшх пщтыр къытешхауэ, адрейм – бжьыдзэ къедзэкъауэ фIэкIа зыхимыщIауэ закъыщегъэхъури нэхъри егъэшынэхэр. Мылъкуу яIэр къратри къахьыж. Иныжьыл яшхыу я фIэщ ещI. Иныжьым и жьы къыщIихуам пкIэм щыдрихьейкIэ, гъуанэхэр игъэбыдэу иукIыну дэкIуеяуэ къыщыжриIэкIэ, иныжьыр мащтэри щIопхъуэж [Адыгские сказки… 2018: 129–135].
2020 гъэм дунейм къытехьауэ щыта «Нартхэр. Адыгэ эпос» тхылъым и еплIанэ томым хыхьащ мы сюжетхэр щызэхэухуэна зы тексти [Нарты… 2020: 353–355]. Мыбдежым упщIэ къэувынкIэ хъунщ, нарт хъыбархэмрэ пшыналъэхэмрэ щызэхуэхьэса тхылъым новеллэ псыси щIэкIуам и щхьэусыгъуэм теухуауэ. Мыбы и лъэныкъуэкIэ псом япэрауэ къыжыIэн хуейр, Гъут I.М. гу зэрылъитащи, мы эпос лIэужьыгъуэм жанр куэд зэрызыщIишарщ: мыбы къызэщIеубыдэ хъыбари, пшыналъи, уэрэди, псысэ лIэужьыгъуэхэри (лIыхъужь, новеллэ, н.), н. [Гутов 2009: 13]. Ауэ абы нэмыщIуи Iуэхум нэгъуэщIи хэлъщ. «Народный эпос: традиция и современность» лэжьыгъэм Гъут I.М. къыщегъэлъагъуэ ди лIыхъужь эпосым къикIуа гъуэгуанэр – пасэрей фIэщ хъуныгъэхэм къапкърыкIа миф хъыбархэр ублапIэ хуэхъуу, адэкIэ лIыхъужьыгъэр ищIыIу къакIуэрэ зиужьу къызэрыгъуэгурыкIуар, ужьыхыжу нэгъуэщI жанрхэм гъуэгу зэрыритар. ЩIэныгъэлIыр зыхуэкIуа гупсысэхэм тепщIыхьмэ, Амыщ, Тхьэгъэлэдж, Лъэпщ сымэ теухуа IуэрыIуатэр ди нарт эпосым и пасэрей дыдэ лъэхъэнэщ. Мы хъыбархэм зэкIэ лIыхъужьыгъэ мотивхэм уащрихьэлIэкъым, атIэ нэхъыбэу зытеухуар хъер зыпылъ хьэпшып гуэр (мафIэ, зэрылъащэ Iэмэпсымэ (Iэдэ, уадэ, гъубжэ), гъавэ, Iэщ, н.) цIыхум къазэрыIэрыхьар къэIуэтэнырщ. ЛIыхъужьыгъэр япэу къыщыхыхьэр Сосрыкъуэ ехьэла хъыбархэмрэ пшыналъэхэмрэщ – иныжьым деж макIуэри мафIэр къехьыж, Тотрэш йозауэ. Мыбдежым мыхьэнэшхуэ иIэщ Сосрыкъуэ бийм зэрытекIуэ щIыкIэми – ар Iэмалрэ бзаджагъэкIэрэщ. Апхуэдэу щIыщытым и щхьэусыгъуэщ мы лIыхъужьыр пасэрей зэман жыжьэм къызэрыщежьэр: мыпхуэдэхэм деж зэрыхабзэщи, нэхъыщхьэр бийм утекIуэнырщ, ар IэмалкIэми е къаруми. Ауэ, иужькIэ лIыгъэмрэ къарумрэ ищIыIу къакIуэу хъуа нэужь, Iэмалыр, бзаджагъэр, мэгъу зэфIэкIхэр къэгъэсэбэпыныр кIуэ пэтми къемызэгъыж мэхъу. Апхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хыдолъагъуэ Сосрыкъуэ къыкIэлъыкIуа Уэзырмэс, Батрэз, Ашэмэз сымэ я образхэм. Пэжщ, мыбыхэми бийм пэлъэщын папщIэ, Iэмал гуэрхэми щыхуэкIуэ щыIэщ. Псалъэм папщIэ, Марыкъуэ и джатэм ауэ еплъын хуэдэу зещIри Батрэз къыIэщIех, абыкIи еукI, Ашэмэз лIанэпцI зещIри, жэщым къотэджыжри, Лъэбыцэжьей и джатэр зыIэрегъыхьэри абыкIэ хегъащIэ. Ауэ мыбдежым IуэрыIуатэм япэ иригъэщыр лIыхъужьыгъэрщ. Псом хуэмыдэжу мы щытыкIэмкIэ гъэнщIащ Бэдынокъуэ и циклыр – псом нэхърэ нэхъ иужьыIуэкIэ зэтеувау къалъытэ нарт лIыхъужьым ейр. Мы лIыгъэрэ хахуагъэрэ фIэкIа, Iэмал гуэри къигъэсэбэпу циклым къы-хэщкъым.
АдэкIэ эпосым игъуэт зэхъуэкIыныгъэм ди IуэрыIуатэм дежкIэ егъэлеяуэ мыхьэнэшхуэ иIэщ. Псом япэрауэ, Гъут I.М. и гупсысэхэм тепщIыхьмэ, адыгэ эпосым къотэджыкIыр «эпическэ лIыхъужьхэм теухуа псысэ кIасэкIэ» З.Ю. Нек-людовыр зэджа таурыхъ лIэужьыгъуэр [Неклюдов 1975]. Мыбы къызэщIеубыдэр пшыналъэу зекIуэурэ абы иIэн хуей нэщэнэхэр ящыгъупщэжу прозэм хуэкIуа нарт хъыбархэр. Апхуэдэхэщ Сосрыкъуэ мафIэ къызэрихьам, Тотрэш зэрезэуам, Батрэзрэ Ашэмэзрэ я адэхэм ялъ зэращIэжам, Бэдынокъуэ нарт хасэм зэрыкIуам теухуахэр. Апхуэдэу нарт эпосым и нэщэнэ куэд дэтлъагъуми, Ща-уей ехьэлIа IуэрыIуатэр нэхъыбэу зыпэгъунэгъур лIыхъужь псысэхэрщ. ЕтIуа-нэрауэ, нарт эпосым къыпыуващ тхыдэр зи лъабжьэ лIыхъужь эпосыр. Ещанэрауэ, ди темэмкIэ нэхъыщхьэращи, КъуийцIыкIу и циклыр зэпэщынымкIэ къуэпсхэр идзащ. Абы къикIращи, щIэныгъэлIым къихутахэм дригъуазэмэ, мы персонажымрэ нарт эпосым бжьыпэр щызыIыгъ Сосрыкъуэрэ я зэхуаку зэпыщIэныгъэ куу дэлъщ. Я теплъэр, я дуней тетыкIэр къыумылъытэмэ, мыбыхэм я мурадыр зэрызэIэрагъыхьэ щIыкIэр зэтохуэ. ТIуми я бийр иныжьщ. Сосрыкъуэ мафIэр къихьыжыну щыкIуам, абы зэрыпэлъэщыр къигупсыс «джэгукIэхэмкIэщ» – зэм жаншэрхъым иныжьыр натIэкIэ ирегъауэ, зэм шащхьэ гъэплъар жьэдэз ещI, икIэм-икIэжым хым хегъэщтыхьэ, иныжьым и джатэр зыIэрегъыхьэри, абыкIэ хегъащIэр. КъуийцIыкIуи аращ. И «текIуэныгъэр» зэлъытар къигупсыс бзаджагъэрщ – шхур щIым и щхьэкуцIу, кIапсэжьыр щIым и бынжэу, кхъуей цIынэр мывэ джейуэ, и унагъуэкIэ иныжьыл яшхыу иныжьым къыщигъэхъуу а щIыкIэмкIэ къарурэ лIыгъэрэкIэ абы ефIэкIыу и фIэщ зэрищIыфырщ. Ауэ, Сосрыкъуэ ейм къыщхьэщыкIыу, мыбы и циклым бжьыпэр щызыIыгъыр гушыIэмрэ ауанымрэщ, абыхэм я фIыщIэкIи цIыхум зэрызытригъэу жанрхэм я нэщэнэ игъуэтащ. Мис апхуэдэ щIыкIэкIэ мы персонажыр нарт эпосым пыщIащ, икIи аращ «Нартхэр. Адыгэ эпос» еплIанэ тхылъым, эпосым и ужьыхыжыгъуэ лъэхъэнэм ехьэлIа щапхъэхэр щызэхуэхьэсам, КъуийцIыкIу теухуа псысэ зыбжани щIыхыхьар.
Мыпхуэдэ зы Iуэхугъуэми гу лъытапхъэщ. ЗэрыжытIауэ дызытепсэлъыхь сюжетхэр нэхъыбэу зыщаужьар псысэхэрщ, ауэ ущрихьэлIи щыIэщ ахэр «нартхэм я дунейм» епхауэ. Абы и щапхъэщ мы тхылъым хыхьа «Нарт Къуиижь ЦIыкIу и шыпсэр» [Нарты… 2020: 349–352]. Абы къызэрыхэщымкIэ, КъуийцIыкIу нартщ. Нартхэм гъаблэ къащытехъуэкIэ, ар йожьэ гъэр къызэхъулIа иныжьхэм я деж кIуэуэ шхын абыхэм къатрихыу къихьыну. Иныжьхэм ар яшхыну щыжаIэкIэ, Iэмалым хуокIуэ: иныжьхэм нэхъ губзыгъэ щымыIэу нартхэр щIызэныкъуэкъу Iуэхугъуэр (хэт нэхъ инми (выр, ар зыхьа бгъэр, а вым и блатхьэр зыщIэхуа, цIыхуибгъу щIыхьэу хьэнцэкIэ зэIащIэу ар къызыщIахыжа нэр, н.) зэхигъэкIын хуэдэу кIуауэ закъыщегъэхъу; иныжьхэми щхьэж и гупсысэр жаIэурэ зэныкъуэкъу мэхъури зозэуэжхэ; КъуийцIыкIу абыхэм я гъавэри мылъкури нартхэм къахуешэ. Зэрынэрылъагъущи, псысэм эпосым «зыпищIыж» пэлъытэщ (егъ.: Сосрыкъуэ нартхэр щIыIэм къызэрыригъэлым), ауэ нартхэр абы гузэвэгъуэм къызэрыришыр лIыхъужьыгъэкъым, атIэ бзаджагъэщ.
АдэкIэ къыжыIапхъэщ мы образым, абы ехьэлIа сюжетхэм яжь щакIуэ эпоскIэ зэджэм зэрыщIихуари. Дызэрыщыгъуазэщи, адыгэ IуэрыIуатэм зыужьыныгъэшхуэ щызыгъуэтахэм ящыщщ «ЩакIуэ уэрэдыр». Мыр цIэ зэтемыхуэ яIэу жыIэжакIуэ куэдым я деж щатхыжауэ щытащ. Хэти абы зэреджэр «Къарэчынтщ», хэти – «Амуукъуэжь», хэти – «Даущджэрджий», хэти «ПшэрыхьжьацэкIэ» йоджэхэр. Дауэ щымытами, уэрэдым егъэлеяуэ ныбжьышхуэ зэриIэр куэд щIауэ щIэныгъэлIхэм къахутауэ щытащ. КъардэнгъущI Зырамыку зэритхауэ щытамкIэ, «цIыхур щакIуэу мэзым щIэту, ар я гуащIэдэкI нэхъыщхьэу, абы ирипсэууэ щыщыта зэман жыжьэм къежьауэ хуэпхь хъунущ мы уэрэдыр» [Кардангушев 2009: 115]. Уэрэдым щIыгъу хъыбарым зэрыжиIэмкIэ, зы щакIуэ ябгэ (Даущджэрджий, Пшэрыхьжьацэ, н.) мэзым щIэтт, и IэмыщIэ илъ жылэм пщафIэ къратыну япигъэтIылъти, ар гъусэ ищIырт. Гъуэг хьэмым хьэкIэкхъуэкIэ къытехьэмэ, къигъэушыну жриIэрти, езыр жейрт. Ауэ къагъэуша нэужь, «сыкъэбгъэушащ» жиIэрти гъусэр иукIырт. Апхуэдэ щIалэ гуэрым къишагъащIэу и чэзур къыщысым, нысащIэр абы и пIэкIэ кIуащ. ЩакIуэ ябгэр гъуэлъауэ жейуэ, хьэкIэкхъуэкIэхэр хьэмым къихьащ. Еджэмэ, щакIуэм зэриукIынур ищIэрти, «Тэдж!» жимыIэу уэрэд иусащ. Уэрэдым къигъэуша щакIуэм хьэкIэкхъуэкIэр къиукIри мыдрейм къыжриIащ, сыт щыгъуи щакIуэ гъусэ ищIыну гукъыдэж зэриIэр. АрщхьэкIэ зэрынысащIэр, и щхьэгъусэр ихъумэн папщIэ къызэрыкIуар щыгуригъаIуэм, цIыхубзым и Iущагъыр къилъытэри, пщIэшхуэхэр иIэу и щхьэгъусэм хуригъэшэжащ [Кардангушев 2009: 115–117]. Новеллэ псысэхэм мы сюжет дыдэми ущрохьэлIэ, икIи Тхьэмокъуэ Женя гу зэрылъитащи, ар АТ 852 (–852*, –852**) сюжетымкIэ къэIуэтащ, дызытепсэлъыхь Iуэхугъуэм ипкъ иткIэ нэхъыщхьэращи, пщафIэ гъусэ пщы ябгэм хуэхъур КъуийцIыкIущ [Сравнительный указатель… 2018: 775]. Хъыбарым нысащIэм и Iущагъыр ищIыIу къищIмэ, псысэм къыхигъэщхьэхукIыр мы персонажым дэнэ дежи къигъэсэбэп Iэмалхэмрэ бзаджагъэмрэщ [АИГИКБНЦРАН. Ф. 12. Оп. 1. Папка № 8. Пасп. № 6].
Мы IуэрыIуатэхэкI лIэужьыгъуэхэм зым ижь адрейм щIихуу къызэрызэдэгъуэгурыкIуам и нэщэнэщ АТ 1115 сюжетыр тIум дежи зэрыщыхъумар. Иджыри зэ къытедгъэзэжынщи, иныжьхэм яукIыну къыщищIэкIэ, КъуийцIыкIу къамыл IэплIакIуэ (пхъэ дакъэ) и пIэм хелъхьэри езыр жейуэ закъыщегъэхъу. Нэхъыбэу мыр зыхэтлъагъуэр пасэрей миф псэущхьэ мэзылIым теухуахэрщ. Мыпхуэдэ хъыбархэм къазэрыхэщымкIэ, мэзылIыр зи бгъэгур маисэу (джыдэу) щыт персонаж шынагъуэщ, и бгъэгумкIэ зытридзэурэ цIыхур иукI хабзэщ. Сытым дежи къызэрыIуэтащи, щакIуэр абы хуозэ; мэзылIым ар иукIынущи, жеихункIэ поплъэ; лIыхъужьми ар къещIэри, гъэпщкIуауэ пхъэдакъэжь и пIэм хелъхьэри щIакIуэр трепIэж, езыр хэлъу зыкъыщигъэхъуу; мэзылIым абы зытредзэри, и бгъэгу маисэр пхъэ дакъэм хонэ, лIыхъужьыр къоуэри къеукI [Мифы народов… 1992: 132]. Мыр, хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, КъуийцIыкIу и циклым ипэ къихуэу нэхъ пасэу зэтеува жанр-хэм къаIэпихауэ жыпIэ хъунущ. Пэжщ, пкъыгъуэ куэдым я къэIуэтэкIэм зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэри хилъхьащ, ауэ, нэхъыбэу гу зылъытапхъэращи, циклым и нэщэнэ нэхъыщхьуэ щыт гушыIэ-ауаным хуишащ, икIи ар абы «хузэфIокI» сюжетхэр къезэгъыу зэхэухуэна зэрыщыхъумкIэ: АТ 1115-м къыпыувэ хабзэщ АТ 1116-р. КъуийцIыкIу жейуэ пIэм хэлъ я гугъэу псывэ къыщытракIэкIэ, уэшх пщтыр къытешхауэ, абрэмывэ къыщытрадзэкIэ – бжьыдзэ къедзэкъауэ фIэкIа къыгурымыIуауэ закъыщегъэхъу.
НэгъуэщI сюжет зиIэ новеллэ псысэхэми мы лIыхъужьыр епхауэ куэдрэ къыщыкIуэ щыIэщ. Апхуэдэхэщ АТ –925* АТ 1000, АТ 1006, АТ 1029 (–1029*), АТ 1051, АТ 1643, н. Ауэ псом дежи мыбы къигъэсэбэпыр Iэмалырщ.
Лыхъужь псысэ куэдми къыхощ КъуийцIыкIу и образыр. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, «Къуиижь цIыкIурэ хъаным и къуэмрэ» [АИГИКБНЦРАН. Ф. 12. Оп. 1. Папка № 6-д. Пасп. № 11] таурыхъыр. ТеплъэкIэ мыри новеллэ псысэхэм, нарт эпосым дазыщрихьэлIэхэм хуэдэщ – цIыкIущ, къуийщ, фэншэщ, псоми я щIэнэкIалъэщ, н. Ауэ аращ зыми бгъэдэмылъ лIыхъужьыгъэрэ хахуагъэрэ къызылъыкъуэкIыу псысэм щыгъэува мурадым лъэIэсыфыр. Новеллэ псысэхэм хуэдэу, мыбдежым мыр сюжет пыухыкIа гуэрым епхауэ щыткъым, атIэ таурыхъым хэувэныр зэлъытар IуэтэжакIуэм бгъэдэлъ «хуитыныгъэрщ». ЩIэдзапIэм деж лIыхъужьыр фэншэу, дзыхь хуамыщIу, щыдыхьэшхыу къэгъэлъэгъуау, ауэ зыри зэрыщымыгугъауэ зыкъызэкъуихрэ бий ябгэм пэлъэщу, «кIуэр къыздэмыкIуэжым» ихьэрэ къикIыжыфу, лIыхъужьыгъэхэр игъахъэрэ насыпыфIэ хъууэ IуэрыIуатэм къыхэщ хабзэщ. Апхуэдэу щытыфынущ зэшищым я нэхъыщIэр, «фызабэм и къуэр», лъэрызехьэу щытми, апхуэдэфэ зытезыгъауэр. КъуийцIыкIу а нэщэнэхэр бгъэдэлъу зэрыщытым къыхэкIыу, псысэр зыIуатэм абы и образыр дэтхэнэ сюжетми хуихьыфынущ, и лIыхъужьыр, иIэтыну зыхуей Iуэхугъуэр къыхигъэщхьэхукIын, гу лъыуигъэтэн папщIэ. Абы и щапхъэу къэпхь хъунущ АТ 530 I сюжетыр. Псалъэм папщIэ, «Зы къуажэ гуэрым зы лIыфI гуэр дэст…» [АИГИКБНЦРАН. Ф. 12. Оп. 1. Папка № 6-г. Пасп. № 9] таурыхъым КъуийцIыкIу бжэныхъуэщ, псоми я щIэнэкIалъэщ. Адэм уэсяту къахуегъанэ, дунейм ехыжмэ, жэщищ зэкIэлъыкIуэм и кхъащхьэр яхъумэн хуейуэ. Ар зыхузыфIэкIыр КъуийцIыкIурщ. Жэщищми ар йозауэ и адэм и кхъащхьэр хэутэн ищIыну зи мурада бийм икIи токIуэр. Абдежми шы телъыджищ зыIэрегъыхьэ, абыхэм тесу лIыгъэрэ хахуагъэрэ егъэлъагъуэ, набдзэ зытелъым я нэхъ дахэ хъыджэбзри щхьэгъусэ хуохъури, нэхъ насыпыфIэ щымыIэу тхъэрэ псэууэ къонэж. (Апхуэдэу Хъымыри псысэм ипэм деж умылъагъуу цIыкIущэу къэгъэлъэгъуащ, ауэ арщ лIыгъэ къызылъыкъуэкIыр: «Мыщэ и къуэ Батыр» псысэ цIэрыIуэм хуэдэу, и гъусэхэм я шхыныр зышхыж бийр хегъащIэ [Адыгские сказки… 2018: 226–229]).
Къэтхьа щапхъэхэм мы персонажыр лIыхъужь нэхъыщхьэу хэувэмэ, ущрихьэлIи щыIэщ хъыбар къызыпах къалэн игъэзащIэу къыщыкIуи. Апхуэдэм дызыщрихьэлIэ хабзэр нарт эпосырщ, нэхъыбэу Бэдынокъуэ и циклырщ. Абы щыгъуэми мыр сыт щыгъуи къызэрыгъэлъэгъуар зы щытыкIэм тетущ. Бэдынокъуэ абы хуэзэу нарт хэкум щыхъыбарымкIэ щеупщIкIэ, жэуапу кърет махуэ псом Iэхъуэу, жэщкIэ «хьэдэ хъурейм» хуэдэу зэрыжейр, абы къыхэкIкIи хъыбар имыщIэу. АрщхьэкIэ щыхигъэзыхькIэ, кърегъажьэри нартхэм я санэхуафэу, нарт лIыхъужьхэр зэхуэсау, Нэсрэн-ЖьакIэ я тхьэмадэу, Сосрыкъуи яхэсу, «пщащэ дахэхэр я къэфакIуэу» Сэтэней деж зэрыщIэсыр, абы кIуэмэ лей къытехьэнкIэ шынагъуэ зэрыщыIэр къыжреIэ. Къапщтэмэ, мыбдежым КъуийцIыкIу и къалэн нэхъыщхьэр абыкIэ зэфIокIыр.
Тхыдэр зи лъабжьэ лIыхъужь эпосым мы персонажым зыужьыныгъэ щигъуэтакъым, апхуэдэу щIыщытми и зы щхьэусыгъуэу къэплъытэ хъунущ мыбы къызэщIиубыдэ IуэрыIуатэр гъащIэм и пэжым, тхыдэм пэблагъэу зэрыщытыр. Апхуэдэу щытми, мыбы и цIэм зэзэмызи дыщрихьэлIи щыIэщ. Псалъэм папщIэ, ЕщIэнокъуэ зэшхэм я адэ Атэбийм (вариантхэм – езы зэшитIым) лъыкIэ и бий Дэгужьей и адэр КъуийцIыкIущ (КъуийцIыкIу и къуэ Дэгужьей, КъуийцIыкIуокъуэ Дэгужьей) [АИГИКБНЦРАН. Ф. 12. Оп. 1. Папка № 21-м. Пасп. № 18]. Циклым къызэрыхэщымкIэ, Дэгужьей егъэлеяуэ къаруушхуэрэ зэфIэкIышхуэрэ зиIэщ, мэгъу зэфIэкIи бгъэдэлъщ – нарт эпосым къыхэщ иныжьым, мэзылIым, Марыкъуэ, Лъэбыцэжей сымэ хуэдэу, езым и джатэмкIэ фIэкIа пхуэукIыркъым. Мыбдежым гурыIуэгъуащэкъым ар КъуийцIыкIу и къуэу къыщIэгъэлъэгъуар. Ауэ, зэрыхуэдгъэфащэмкIэ, мы циклыр щызэтеувэм пкъыгъуэ (мотив, сюжет) куэдыр нарт эпосымрэ лIыхъужь псысэхэмрэ къаIэпихауэ, мыри абыхэм къадэкIуауэ арагъэнущ.
Дунейпсо IуэрыIуатэм мыбы хуэдэу зыщызужьа персонажхэм я типологием тепщIыхьмэ, мыр пэгъунэгъущ М.Е. Мелетинскэм къыхигъэщхьэхукIауэ щыта урыс псысэхэм дазыщрихьэлIэ Иванушка-дурачок (Емеля), тюрк-монгол лъэпкъхэм я КъуийцIыкIум, Скандинав къэралыгъуэхэм щыпсэу лъэпкъхэм я IуэрыIуатэм къыхэщ Аскеладден, Кольбитр, карело-фин лъэпкъхэм я Тухкимус, Эстонием щыцIэрыIуэ Тухкатрин, н. [Мелетинский 1958: 213–255]. ЛIыхъужь лIэужьыгъуэхэр къыщыхагъэкIкIэ иригъуазэу щIэныгъэм къигъэсэбэп Iэмалхэм тепщIыхьмэ, мыхьэнэшхуэ иIэщ дэтхэнэми IуэрыIуатэхэкIым щыгъэува мурадым зэрылъэIэс щIыкIэм. Хэти лIыгъэрэ хахуагъэрэ бгъэдэлъщи, абыхэм я фIыщIэкIэ ар къохъулIэ, хэти насыпыфIэ хъуныр елъытащ псэущхьэ, хьэпшып телъыджэхэм я дэIэпыкъуныгъэм, хэти езыхэр «насыпыфIэхэщи», щымыгугъыххауэ хъугъуэфIыгъуэр къоуалIэ. А псор къэплъытэмэ, дызриплъа щап-хъэхэми къызэрагъэлъэгъуащи, адыгэ эпосым къызэщIиубыдэ жанрхэм КъуийцIыкIу и образыр зэмылIэужьыгъуэу, зыкъомкIэ зэщхьэщыкIыу къыхощыр. Псысэхэм деж ар щытынкIэ хъунущ псори зыщыдыхьэшхыу, ауан къащIу, ауэ зыкъызэкъуихмэ, лIыгъэшхуэ къылъыкъуэкIыу. Апхуэдэу щытынкIи хъунущ гушыIэрэ ауанрэ зыхэпща образуи. Нарт эпосым теухуауэ жыпIэмэ, абы къыхэщыж лIыхъужьхэм «запызыщIыж», езы жанрым и ужьыхыжыгъуэм и нэщэнэ персонажу плъытэ хъунущ.
Sobre autores
M. Bukhurov
Affiliated Kabardian-Balkarian Scientific Center of the Russian Academy of Sciences
Autor responsável pela correspondência
Email: mbf72@mail.ru
ORCID ID: 0000-0002-6253-4097
The Institute for the Humanities Research, PhD (in Philologу)
Rússia, NalchikBibliografia
- Adygskiye skazki. V 2-kh t. T. 1: Novellisticheskiye skazki / sost. Zh.G. Tkhamokova (Brayeva) [Adyghe tales. In 2 volumes. Vol. 1: Novellistic tales. Comp. Zh.G. Tkhamokova (Braeva)]. – Nal'chik: Izd. tsentr «El'-Fa», 2018. – 836 p. (In Adyg.).
- Adygskiye skazki. V 2-kh t. T. 2: Volshebnyye skazki / sost. Zh.G. Tkhamokova (Brayeva) [Adyg fairy tales. In 2 volumes. Vol. 2: Fairy tales. Comp. Zh.G. Tkhamokova (Braeva)]. – Nal'chik: Red.-izd. otdel IGI KBNTS RAN, 2018. – 592 p. (In Adyg.).
- AIGIKBNTSRAN – Arkhiv Instituta gumanitarnykh issledovaniy Kabardino-Balkarskogo nauchnogo tsentra Rossiyskoy akademii nauk [Archive of the Institute for Humanitarian Research of the Kabardino-Balkarian Scientific Center of the Russian Academy of Sciences]. (In Adyg.).
- ALIYEVA A.I. Adygskiy geroicheskiy epos. Skazka: Istochnikovedeniye. Tekstologiya. Tipologiya. Semantika. Poetika (seriya IMLI RAN «Fol’klor») [Adyg heroic epic. Fairy tale: Source study. Textology. Typology. Semantics. Poetics (series IMLI RAS “Folklore”)]. – M.: IMLI, 2019. – 736 p. doi: 10.22455/978-5-9208-0587-4. (In Russ.).
- BUKHUROV M.F. Adygskaya bogatyrskaya skazka [Adyghe heroic fairy tale]. – Nal'chik: Izdatel'skiy otdel KBIGI, 2015. – 160 p. (In Russ.).
- GUTOV A.M. Narodnyy epos: Traditsiya i sovremennost' [Folk Epic: Tradition and Modernity]. – Nal'chik: Izd-vo KBIGI, 2009. – 228 p. (In Russ.).
- Kabardinskiy fol'klor / obshch. red. G.I. Broydo [Kabardian folklore. Gen. ed. G.I. Broido]. – Nalchik: Izdatel'skiy tsentr «El'-Fa», 2000. – 651 p. (In Russ.).
- Kardangushev Z.P. Izbrannyye trudy / sost. M.F. Bukhurov, M.A. Tabishev, A.A. Tsipinov [Kardangushev Z.P. Selected works. Comp. M.F. Bukhurov, M.A. Tabishev, A.A. Tsipinov]. – Nal'chik: Izd. M. i V. Kotlyarovykh, 2009. – 756 p. (In Adyg.).
- MELETINSKIY Ye.M. Geroy volshebnoy skazki. Proiskhozhdeniye obraza [The hero of a fairy tale. The origin of the image]. – M.: Izdatel'stvo vostochnoy literatury, 1958. – 264 p. (In Russ.).
- Mify narodov mira. Entsiklopediya v 2-kh t. T. 2 / Gl. red. S.A. Tokarev [Myths of the peoples of the world. Encyclopedia in 2 volumes. Vol. 2. Ch. ed. S.A. Tokarev]. – M.: Sovetskaya entsiklopediya, 1992. – 719 p. (In Russ.).
- Narty. Adygskiy epos. V 4-kh t. T. 4: Malyye epicheskiye tsikly. Razroznennyye skazaniya / gl. red. A.M. Gutov [Narts. Adyghe epic. In 4 volumes. Vol. 4: Small epic cycles. Scattered legends. Ch. ed. A.M. Gutov]. – Nal'chik: Red.-izd. otdel IGI KBNTS RAN, 2020. – 420 p. (In Adyg and Russ.)
- NEKLYUDOV S.Yu. Bogatyrskaya skazka. Tematicheskiy diapazon i syuzhetnaya struktura [A heroic tale. Thematic range and plot structure] IN: Problemy fol'klora. – M.: Nauka, 1975. P. 82–88. (In Russ.).
- Sbornik materialov dlya opisaniya mestnostey i plemen Kavkaza [Collection of materials for describing the localities and tribes of the Caucasus]. Vol. 12. Tiflis, 1901. 713 p. (In Russ.).
- Sbornik materialov dlya opisaniya mestnostey i plemen Kavkaza [Collection of materials for describing the localities and tribes of the Caucasus]. Vol. 27. Tiflis, 1901. 713 p. (In Russ.).
- Sravnitel'nyy ukazatel' syuzhetov adygskikh (kabardinskikh, cherkesskikh, adygeyskikh) volshebnykh skazok po sisteme Aarne-Tompsona / sost. Zh.G. Tkhamokova (Brayeva) [Comparative index of plots of the Adyghe (Kabardian, Circassian, Adyghey) fairy tales according to the AarneThompson system. Comp. Zh.G. Tkhamokova (Braeva)]. IN: Adygskiye skazki. V 2-kh t. T. 2: Volshebnyye skazki / sost. Zh.G. Tkhamokova (Brayeva) [Adyg fairy tales. In 2 volumes. Vol. 2: Fairy tales. Comp. Zh.G. Tkhamokova (Braeva)]. – Nal'chik: Red.-izd. otdel IGI KBNTS RAN, 2018. – P. 553–588. (In Russ.).
- TKHAMOKOVA ZH.G. Adygskaya bytovaya skazka (syuzhetnyy sostav v sravnitel'nom osveshchenii) [Adyghe household fairy tale (plot composition in comparative lighting)]. – Nal'chik: Izd. otdel KBIGI, 2014. – 222 p. (In Russ.).
- KHUT Sh.Kh. Skazochnyy epos adygov [Fairytale epic of the Adygs]. – Maykop: Adygeyskoye otdeleniye Krasnodarskogo knizhnogo izdatel'stva, 1981. – 192 p. (In Russ.).
- CHUYAKOVA N.M. Satira i yumor v ustnom narodnom tvorchestve adygov.: avtoref. diss. … d.filol.nauk. [Satire and humor in the oral folk art of the Circassians]. – Maykop, 2010. – 47 p. (In Russ.).
- THOMPSON S. The types of the folktale. А classification and bibliography. Antti Aaarne’s «Verzeichnis der Märchentypen» (FFC № 3) translated and enlarged. Second revision (FFC 184). – Helsinki: Suomalainen Tiedeakatemia, 1961. – 588 p.
Arquivos suplementares
