The mother image in the cycle of legends about the Eshanoko brother
- Authors: Bukhurov M.F.1
-
Affiliations:
- The Institute for the Humanities Research – Affiliated Federal State Budgetary Scientific Establishment «Federal Scientific Center «Kabardian-Balkarian Scientific Center of the Russian Academy of Sciences»
- Issue: No 4 (2023)
- Pages: 422-435
- Section: Фольклористика
- Submitted: 11.05.2025
- Published: 15.12.2023
- URL: https://journal-vniispk.ru/2542-212X/article/view/291298
- DOI: https://doi.org/10.31143/2542-212X-2023-4-422-435
- EDN: https://elibrary.ru/QSWKUF
- ID: 291298
Cite item
Full Text
Abstract
Full Text
Дызэрыщыгъуазэщи, адыгэ IуэрыIуатэм зы жанри хэткъым анэм и образым ущримыхьэлIэу. Абы зыужьыныгъэшхуэ щигъуэтащ псалъэжьхэми, псалъэ шэрыуэхэми, псысэхэми, хъыбархэми, уэрэдхэми, абы щыгъуэми зэмылIэужьыгъуэ куэду зэтепщIыкIыжарэ дэтхэнэ зыми бгъэдэлъ щхьэхуэ-ныгъэхэмкIэ ди IуэрыIуатэм и къулеягъыр игъэбатэу. Мы образым дэ хы-долъагъуэ анэм и гу щабагъри, и Iущагъри, къыбгъэдэкI хуабагъри; апхуэдэу абы къыхощыж ар жьэгум и хъумакIуэу, быным и гъэсакIуэ нэсу, и чэн-джэщэгъуу, лъэпкъым ижь-ижьыж лъандэрэ къыдэгъуэгурыкIуэ хабзэ дахэм и зехьакIуэу, уеблэмэ, бий ерум кърищIылIа зауэ-банэм лъэпкъыр гузэвэгъуэм щыхидзэкIэ, Iэщэ къищтэу ар абы пэщIэувэу зэрыщытыр. А псом къикIращи, цIыхум и къэухьым зиужьу мы дунейм щекIуэкIыр зыгуригъэIуэн зэрыщIидзэ-рэ анэм дилъэгъуар IуэрыIуатэм къыхинащ, дэтхэнэ зы лъэхъэнэми къиша нэщэнэхэмкIэ «гъэщIэрэщIауэ». Псалъэм папщIэ, пасэрей IуэрыIуатэм къигъэщIа образым къыхэнащ анэ лъэхъэнэм бзылъхугъэм лIакъуэм щиIыгъа увыпIэр къэзыгъэлъэгъуэж Iуэхугъуэ куэд (еплъ: Сэтэней и образым); апхуэдэ дыдэу образым къытенащ адэ лъэхъэнэм псэукIэр щыхуэкIуэм, цIыху гъащIэм игъуэта зэхъуэкIыныгъэхэм я «нэпкъыжьэ» куэди; гулъытэншэу къанэркъым иужькIи къэунэхуа зэдэпсэукIэм и Iэужьхэри. Ауэ IуэрыIуатэр зыхущIэкъур бзылъхугъэм, анэм иIа псэукIэр, и хьэл-щэныр, и шыфэ-лIыфэр къэгъэлъэгъуэжын къудейркъым, атIэ а образым и мыхьэнэр куэдкIэ нэхъ куущ, нэхъ жыжьи мэIэбэр: мыбы дыщрихьэлIэ щыIэщ художественнэ къалэн «и пщэ къыдэхуэуи». НэгъуэщIу жыпIэмэ, мы образыр икъукIэ сэбэпышхуэщ, Iуэры-IуатэхэкIыр щIэщыгъуэ, гъэщIэгъуэн, удэзыхьэх хъунымкIэ, хиIэтыкIыну зыху-ей Iуэхугъуэр белджылы къэщIынымкIэ, абы гу лъыуигъэтэнымкIэ. Абы и ща-пхъэ гъуэзэджэщ ЕщIэнокъуэ зэшхэм ехьэлIа хъыбархэм къыхэщыж образыр, абы и IуэхущIафэхэр. Къапщтэмэ, апхуэдэу зэрыщытыр арщ мыр къэтпщытэну ди пщэ щIыдэтлъхьэжари. Адыгэ IуэрыIуатэр джын зэрыщIадзэрэ бзылъхугъэм, анэм и образым зыгу-эркIэ лъэмыIэса щIэныгъэлI дызэримыIэр жытIэмэ, дыщыуэну къыщIэкIын-къым. Хэти жанр цIыкIухэм (псалъэжьхэм, псалъэ шэрыуэхэм, къуа-жыхьхэм, н.) абы щиубыд увыпIэр, хэти псысэ лIэужьыгъуэхэм къазэрыщыгъэлъэгъуар, хэти нарт эпосым, адрейхэм – тхыдэр зи лъабжьэ уэрэдхэмрэ хъыбархэмрэ къызэрыхэщыжыр наIуэ къащIащ, абы щыгъуэми образым дэтхэнэ зы жанрми щигъуэт щхьэхуэныгъэхэр наIуэ къищIу. Ар дыдэмкIи къэхута хъуащ образыр щызэтеувэм зыщIиша хьэл-щэнхэм, шыфэлIыфэхэм, нэгъуэщI Iуэхугъуэ куэдми я лъабжьэр. Мыбы и лъэныкъуэкIэ къэхутэныгъэ купщIафIэхэр езыгъэкIуэкIахэм ящыщу я цIэ къиIуапхъэщ Алий А.И., Гъут I.М., Гъут Л.I., КъардэнгъущI З.ПI., Къудей З.Ж., Мыжей М.М., Нало З.М., Пащт М.М., Унэрэкъо Р.Б., ХьэдэгъэлIэ А.М., Хъут Щ.Хь., ЦIыпIынэ А.А., Шортэн А.Т., н. Дэтхэнэ зы IуэрыIуатэхэкI лIэужьыгъуэм образыр къызэригъэщIым бгъэдэлъ щхьэхуэныгъэр къэплъытэмэ, ЕщIэнокъуэ зэшхэм я циклым абы щигъэзащIэ къалэныр къэпщытэным и мыхьэнэри цIыкIукъым. Псом хуэмыдэу гъэбелджылыпхъэщ образыр циклым зэрыщызэтеува, зэрызыщиужьа щIыкIэр, сюжетым адэкIэ къыпищэнымкIэ абы и IуэхущIафэхэм я мыхьэнэр. Циклым къызэщIиубыдэ хъыбар, уэрэд зыбжанэм куэд-мащIэми образым дыщрихьэлIэ пэтми, нэхъыбэу абы зыщиужьар сюжет лIэужьыгъуитIырщ. Япэр ЕщIэнокъуэ Уэзырмэсрэ Темыркъанрэ я адэ Атэбий фыз къызэришам тепсэлъыхьырщ, етIуанэр зэшитIым КIэфыщ и къуитIыр бий къазэрыхуэхъуар къэзыIуэтэжырщ. Уэзырмэсрэ Темыркъанрэ я адэм фыз къызэришар къызыхэщ сюжетыр къэIуэтэкIэкIэ зэмылIэужьыгъуэ зыбжанэу зэтепщIыкIыжауэ адыгэ IуэрыIуатэм щызокIуэ, ауэ псом дежи зыхуэкIуэжыр зыщ – лIыхъужьым илъ ищIэжыну йожьэ, а Iуэхум здыхэтым чэнджэщэгъу къыхуэхъуа бзылъхугъэр щхьэгъуэсэу къешэ, зэшитIыр зэдагъуэт. Псалъэм папщIэ, Жылэгъуэт Абрэдж (1906 гъ./къ.) къиIуэтэжауэ щыта «ЕщIэнокъуэ Атэбий» хъыбарым [АИГИКБНЦРАН: Ф. 12. Оп. 1. П. 21-м. Пасп. № 18] къызэрыхэщымкIэ, Атэбийр и лIыгъэкIэ хэку псом цIэрыIуэ щохъу, апхуэдэу зэрыщытыр и псэм темыхуэу КъуийцIыкIуокъуэ Дэ-гужьейр къожьэ, ар игъэунэхуну, къарукIэ пэлъэщмэ иукIыну. АрщхьэкIэ занщIэу пэувыркъым, атIэ Атэбийм и шынэхъыщIэр гъэпцIагъэкIэ еукIри йожьэж, лIыгъэ иIэмэ, Атэбийм къысхуигъэгъункъым жыхуиIэ щIыкIэу. Мы-дрейри зекIуэ къикIыжу Iуэхур зытетыр къыщищIэм, илъ ищIэжын мурадкIэ гъуэгуанэ тоувэ. Зигъэпсэхуу здэщылъым, пщIыхьэпIэу елъагъу и къуэшыр Дэ-гужьейм зэриукIари, дэнэ деж щигъэпщкIужами, адэкIэ сыт ищIэн хуейми. Атэ-бийм и мурадыр зригъэхъулIэн папщIэ бзаджагъэ хуокIуэри, Дэгужьейм гъусэ зыхуещI, гъуэтыгъуэ ихуэмэ, лIы махъаджэр иукIыжыну. КъызэрыщIэкIамкIэ, Дэгужьейр егуэкIуауэ хъыджэбз дахэ гуэр щыIэти, ар нэгъуэщIым иратауэ къыщищIэкIэ, Атэбийр щIыгъуу йожьэ, бзылъхугъэр зратам къытрихыжыну. Хъыджэбзыр къахьу къыщыкIуэжым, зыхэта зауэ-банэм иригъэзэшахэм мурад ящI тIэкIу загъэпсэхуну. Дэгужьейм щхьэукъуэу щIедзэ, Атэбийр зыхуеиххэр арати, мурад ещI, ар Iурихмэ иукIыну. АрщхьэкIэ Дэгу-жьей къызэрыгу-экIтэкъым: абы утекIуэн папщIэ, япэрауэ, зэрыпхуэукIынур езым и джатэ къудейрт, ари къыпхуэIэту щытмэ; етIуанэрауэ, жей Iувым хилъэфауэ щытын хуейт, ари къызэрыпщIэнум Iэмал иIэт – жеямэ, и пэм мафIэ бзий кърихыу щIидзэрт. А псом Атэбийр щыгъуазэ зыщIыр а кърахьэжьа хъыджэбзыр арщ, абы и чэнджэщхэм я фIыщIэкIи Атэбийм хузэфIокI, и къуэш нэхъыщIэм илъ ищIэжыну, езы хъыджэбзри щхьэхуит къищIыжыну. Хъыбарыр зэриухращи, мы бзылъхугъэр Атэбийм щхьэгъусэ хуохъури, ЕщIэнокъуэ Уэзырмэсрэ Те-мыркъанрэ дунейм къытохьэхэр. Дызэрыщыгъуазэщи, тхыдэр зи лъабжьэ лIыхъужь эпосыр, ЕщIэнокъуэ зэшхэм я циклыр зыхиубыдэр, гъащIэм и пэжым пыщIэныгъэ быдэ хуиIэщ. Абы къызэщIикъуэ Iуэхугъуэхэр пэж дыдэу екIуэкIа къэхъугъэхэм епхащ, е апхуэдэр щымыIэххами, пэжым нэхъ пэгъунэгъущ. Апхуэдэу щыт пэтми, къэтхьа ща-пхъэм къызэрыхэщщи, мыбдежми псысэ теплъэ зиIэ, къэгупсысауэ зэрыщытым зы шэчи къызытумыхьэ пкъыгъуэхэми уащрохьэлIэ. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, ищхьэкIэ дызытепсэлъыхьауэ Дэгужьейм бгъэдэлъ нэщэнэхэр (и пэб-зийм мафIэ къызэрырихыр, езым и джатэмкIэ фIэкIа зэрыпхуэмыукIынур, н.). Абы къикIращи, Дэгужь къызэрыгуэкI цIыху пэтми, и образым хэпщащ пасэрей IуэрыIуатэм дызыщрихьэлIэ миф псэущхьэ шынагъуэхэм (иныжь, мэзылI) я хьэл-щэн. Дызэрыщыгъуазэщи, мыпхуэдэ персонажхэм дуней псо Iуэ-рыIуатэм зыщаужьащ, я IуэхущIафэхэмкIи зэтохуэр: абыхэм я пщэ къыдэхуэ къалэныр цIыхум и псэуныгъэм зэран хуэхъунырщ, нэхъыбэрэ дазэрырихьэлIэращи, «набдзэ зытелъым я нэхъ дахэ» хъыджэбзыр дыгъунырщ. Псалъэм папщIэ, «Мыхьэмэтищ» псысэм [ФАИГИКБНЦРАН: Инв. № 1037]) къызэриIуатэмкIэ, зекIуэ ежьа зэкъуэшищыр иныжь щIыналъэм щихьэкIэ, гъэру яхьа бзылъхугъэхэм ярохьэлI, щхьэхуити къащIыж. Апхуэдэ дыдэу таурыхъ куэдым ущрихьэлIэ щыIэщ хъыджэбзыр мэзылIым идыгъуу [Адыгские сказки… 2018: 197-201]. Къапщтэмэ, а къалэн дыдэращ Дэгужьеи игъэзащIэр: хъыджэбзыр мыарэзы пэтми, кърехьэжьэр, щхьэгъусэ ищIыну. Мыбдежым нэгъуэщI зы Iуэхугъуэми гу лъытапхъэщ. Курыт лIэщIыгъуэм псэуа лIыхъусэжьым дежкIэ емыкIушхуэ зыпылъхэм ящыщт зыгуэрым гъэпцIагъэ, хъуэщнэщыгъэ кIэлъызепхьэу, ар бий дыдэрауэ щытми, текIуэ-ныгъэр зыIэрыбгъэхьэну. Ауэ мыпхуэдэ IуэхущIафэр Атэбийм щIыкIэрылъым щхьэусыгъуэ иIэщ. Дызэрыщыгъуазэщи, Сосрыкъуэ лIыхъужьщ, ауэ и бийхэм (иныжьым, Тотрэш) щапэувкIэ, абы къигъэсэбэпыр бзаджагъэрэ Iэмалрэщ. Гъут I.М. зэрыхуигъэфащэмкIэ, ар къэзышар мы образыр зэрыпасэрейрщ: мыр щызэтеувэм, цIыхум и гупсысэм къызэритIасэмкIэ, нэхъыщхьэр бийм утекIуэ-нырт, ар IэмалкIэ зрагъэхъулIэми, къарукIэ зыIэрагъыхьэми [Гутов 2018: 139]. ИужькIэ мыпхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэр емыкIуу, къемызэгъыу къалъытэу хъуа пэтми, пасэрей мотивыр лъэужьыншэу IуэрыIуатэм IэщIыб занщIэу ищIыркъым, атIэ абы и кIапэ-лъапэхэр къыхонэ. Батрэз сыт хуэдиз лIыгъэрэ хахуагъэрэ бгъэдэмылъами, Пщы-Марыкъуэ зэрытекIуэр IэмалкIэщ: ари зэрыпхуэукIынур езы дыдэм и джатэмкIэщи, еплъын къудей хуэдэу зещIри ар зыIэрегъыхьэ, абыкIи и адэм илъ ещIэж. Ашэмэзи аращ. Мыбы къыпэлъэщу зы нарти хэкум искъым, ауэ Лъэбыцэжьейм зэрытекIуэр Iэмалщ: лIанэпцI зещIри бийм и хэщIапIэм зрегъэхь, жэщым къотэджыжри лъыкIэ и бийр еукI. Абы къыдэкIуэу, Пщы-Марыкъуи, Лъэбыцэжьеи, иныжьым хуэдэу, мэгъу зэфIэкI яIэхэщ: япэм и псэр зыхэлъыр гъэпщкIуащ (езым и джатэмкIэ фIэкIа, нэгъуэщIкIэ пхуэукIынукъым), Лъэбыцэжьейщи, и щхьэгъусэм и бахъэр къызэрыщIихуу, и уIэгъэхэр мэкIыж. А псом къикIращи, мыбдежым лIыгъэм лIыгъэ, Iэмалым Iэмал щыпэгъэуващ. КъыкIэлъыкIуэу къыжыIапхъэращи, нарт эпосми, лIыхъужь псысэхэми нысащIэ къэшэныр лIыхъужьыгъэкIэ гъэнщIауэ щытын хуейщ: хъыджэбзыр «набдзэ зытелъым я нэхъ дахэщ», ар къыIэрыхьэн папщIи лIыхъужь нэхъыщхьэм лIыгъэрэ къарурэ зытекIуадэ гугъуехь куэдым пхыкIыфын хуейщ. Дызриплъа хъыбархэм тепщIыхьмэ, мы псори Атэбийм и фыз къэшэкIэ сюжетым пасэрей IуэрыIуатэм къыIэпихауэ жыпIэ хъунущ. Езы хъыджэбзым и образым и гугъу пщIымэ, мыри и къалэнкIэ хуэдэщ Iу-эрыIуатэм и пасэрей лъэхъэнэм зыщызужьахэм. Псысэхэм, нарт эпосым дызыщрихьэлIэ бзылъхугъэхэр я IуэхущIафэкIэ зэбгъапщэмэ, образ лIэужьыгъуэ зыбжанэ къыхэбгъэкI хъунущ. Дэ зэгуэр дыхущIэкъуауэ щытащ лIыхъужь псысэкIэ дызэджэ жанрым къыхэщыж бзылъхугъэ образхэр я Iуэ-хущIафэ елъытауэ лIэужьыгъуэ зыбжанэу зэщхьэщыдгъэкIыну [Бухуров 2015: 72-86]. Апхуэдэ зэгъэпщэныгъэм дызыхуиша гупсысэхэр мыбдежми къыщысэбэпыну къытщохъур. Псалъэм папщIэ, лIэужьыгъуэ щхьэхуэу къыхэ-бгъэкI хъунущ лъэпкъ куэдым я IуэрыIуатэм дызыщрихьэлIэ, «Иллиадэм» къы-хэщыж Еленэм къалэнкIэ пэгъунэгъу нысащIэхэр. Мыпхуэдэхэм пыухыкIауэ мурад гуэри яIэкъым – лIыхъужьым и фIи и Iеи зэрахуэркъым, ауэ нэгъуэщI щIалэм дехьэхри, абы и гъусэу мэкIуасэр. Ауэ, апхуэдэу щыт пэтми, сюжетым адэкIэ зиужьынымкIэ мыбы и IуэхущIафэхэм мыхьэнэшхуэ яIэщ. ЛIыхъужь нэхъыщхьэр абы и лъыхъуакIуэ йожьэ, лъэпо-щхьэпо куэдым хуозэ, икIэм-икIэжым лIым епцIыжа цIыхубзыр хокIуадэри, щIалэм нэгъуэщI, игъащIэ псокIэ къыхуэпэжын щхьэгъусэ егъуэтыж. Адыгэ IуэрыIуатэм абы и щапхъэу къыхэпх хъунущ 1889 гъэм Къашэж ТIалиб къиIуэтэжауэ Л.Г. Лопатинскэм «Сборник материалов для описания местностей и племен Кавказа» тхылъым и XII къыдэ-кIыгъуэм къытридзауэ щыта псысэр [Фольклор адыгов…1979: 362-389]. ЕтIуанэ гупыр пелуаныгъэ зыбгъэдэлъ бзылъхугъэ-зауэлIхэрщ. Мыбыхэм зэрахабзэщи, цIыхухъу Iэщэ-фащэ зыпщIэхалъхьэри, щхьэусыгъуэ гуэрхэмкIэ (и адэм, и дэлъхухэм ялъ ящIэжыну, биидзэм пэувыну, н.) йожьэхэр, я мурадри зыIэрагъыхьэр. Мыбдежым нэхъыщхьэращи, а мурадыр езыр псысэм къыщыIуэтами, е «гъэпщкIуауэ» щытми, псом дежи зыхуэкIуэжыр зыщ: езыхэр батырщи, къызэрыгуэкI цIыхухъу щхьэгъусэу къыхах хъуркъым, атIэ къалъыхъуэхэр лIыгъэрэ къарукIэ къапэлъэщырщ. Апхуэдэр лIыхъужь нэхъыщхьэм поуври йозауэ, зекIуэм дожьэри и зэфIэкIыр зрегъэлъагъу – сытми и лIыгъэр здынэсыр егъэунэхури, езым къефIэкIмэ, щхьэгъусэ ещI. ИужькIэ ба-трагъыр фIокIуэдри, къызэрыгуэкI унэгуащэу унагъуэм йотIысхьэж. Ещанэ лIэужьыгъуэр ар лIыхъужьым къигъуэту, абы щыгъуэми, ищхьэкIэ зэрыжытIам хуэдэу, лIыгъэрэ къарурэ текIуадэу, къишэн хуейрщ. ЛIыхъужь псысэми, нарт эпосми мыпхуэдэхэр хэт псыщIагъ, щIыщIагъ дунейхэм, хэт щIэплъыпIэм адэкIэ, хэт хитI зэхуакум, хэт дыгъэ къыщIэкIыпIэм (къухьэпIэм), хэти къуршиблым адэкIэ щыIэщи, абы щыгъуэми языныкъуэхэм деж ар щхьибл зыфIэт иныжьым, зи бгъэгу маисэ мэзылI шынагъуэм, Уэзрэдж Ябгэм, н. ар гъэру яIыгъщи, лIыхъужьыр макIуэ, гъэрмэ, къатрехыжри, къешэ. Къапщтэмэ, нэгъуэщI «дунейм» ар зэрыкIуэри, гъуэгуанэм щрихьэлIэ лъэпо-щхьэпохэм зэрыпхрыкIыфри – ахэр псори гъэунэхуныгъэщ. Абы къикIращи, мыпхуэдэ цIыхубзыр езыр лIыхъужь нэхъыщхьэм пэуву емызауэми, ар егъэунэху: зы-дыгъуа миф псэущхьэм пэлъэщу хуит къэзыщIыжыфырщ абы щхьэгъусэу къыхихыр. Ауэ куэдрэ къыщыхъу щыIэщ, сыт хуэдэ къарурэ лIыгъэрэ бгъэдэмылъами, лIыхъужьыр бийм пэмылъэщу. Апхуэдэу щIыщытми щхьэусыгъуэ иIэщ: бийм текIуэныр тыншу зэфIэкIмэ, IуэрыIуатэхэкIыр гъэщIэгъуэн, удэзыхьэх хъуркъым; бийм и зэфIэкIыр нэхъ иныху, ар нэхъ шы-нагъуэу щытыхункIэ, лIыхъужь нэхъыщхьэм и лIыгъэри, и IуэхущIафэри Iэта мэхъу – мопхуэдиз къару, зэфIэкI зиIэм ар полъэщыф. Псысэ куэдым къазэры-хэ-щымкIэ, лъыхъур бий шынагъуэм поуври езым и зэфIэкIкIэ, и къарукIэ полъэщыр. Ауэ къыщыхъу щыIэщ, мы хъыджэбзым и дэIэпыкъуныгъэ, и чэнджэщ хэмылъу ар абы къыщемыхъулIэ. Гъэру яIыгъ пщащэм ещIэр бий шы-нагъуэм и тIасхъапIэр (языныкъуэхэм деж бийм фIы зыхуищIурэ и ажалыр зых-элъыр кърегъэIуатэ), иужькIэ ар лIыхъужьым хуеIуэтэжри трегъакIуэ, ап-хуэдэ щIыкIэкIи щхьэхуит зыкърегъэщIыж. «Къарэлъакъуищ» псысэм иныжьым (Емынэжь) хъыджэбзыр едыгъу. ЛIыхъужьыр йожьэ, ар къытрихыжыну, арщхьэкIэ дыгъум пэлэщыркъым, телъыджагъ зыбгъэдэлъ шы иIэщи. Хъыджэбзым иныжьым апхуэдэш къыздри-хар кърегъэIуатэри, лIыхъужьым жреIыж. КъызэрыщIэкIымкIэ, апхуэдэш зиIэр хитI зэхуаку щыпсэу нэжьгъущIыдзэрщ, жэщищкIэ и шыр мыкIуэдIауэ хуэб-гъэхъуфмэ, къыуитыну арщ. ЛIыхъужьым ар хузэфIокI, шыри къыIэрохьэ. А шым тесу иныжьыр хегъащIэ, хъыджэбзри щхьэхуит къещIыж [Адыгские сказ-ки… 2018: 72-78, 79-89]. Зэрынэрылъагъущи, ищхьэкIэ зэрыжытIауэ, ЕщIэнокъуэ Атэбийм Дэгужьым и ажал зыхэлъыр къыжезыIэр мы иужьрейм къихь хъыджэбзырщ: «Ар иджыри жеипа щIыкIэIым. И пэбзиймкIэ хъуаскIэ кърихыу хуе-мыжьауэ, букIыну утегушхуэ хъунукъым. Ар зы. ЕтIуанэр ару, уи джатэм абы и щхьэр пиупщIынукъым. Абы и щхьэр пызупщIын Iэщэ езым ибг ищIа джатэ закъуэм фIэкIа щыIэкъым. Ар тIу. Ещанэр ару, абы и джатэр къыпIэрыхьа нэужь, къэпIэтурэ гъэунэху: уи натIэпэм нэхърэ нэхъ лъагэIуэу къыумыIэтыфмэ, зыумыпщытыххи нэхъыфIщ, зупщытми – упэлъэщынукъым. А Iуэхугъуищри бгъэзащIэу уеуа нэужькIи, умыбэлэрыгъ: и щхьэр пымытыжуи къозэуэнущ» [Адыгский фольклор 1969: 79]. ЕщIэнокъуэ зэшхэм я анэм бгъэдэлъ нэщэнэхэм нэхъыбэр псысэхэм зыщы-зужьа бзылъхугъэм и образым къыбгъэдихауэ жыпIэ хъунущ. Гу зылъы-тапхъэращи, мыбы зыщIишар хьэл-щэн, шыфэлIыфэ, IуэхущIафэ къудейркъым, атIэ образыр зэпха сюжетыр езыр зэрыщыту циклым къигъэсэбэпащ. Хъыбарым и пкъыгъуэхэмкIэ къызэрыщхьэщыкIышхуэ щымыIэу мыр Антти Аарнерэ Стиф Томпсонрэ я дуней псо сюжет гъэлъагъуэм (адэкIэ АТ) [Thompson 1961] дызыщрихьэлIэ АТ 302 сюжетым тохуэ. Хъыбарми псысэми – тIум дежикI бзылъхугъэр гъэру яхь; бийм и тIасхъапIэр хъыджэбзым къещIэ; ар лIыхъужьым хуеIуатэ; а чэнджэщхэм тету лIыхъужьыр токIуэ; хуит къищIыжа хъыджэбзыр щхьэгъусэ хуохъу. Псысэм, пасэрей эпосым куэдыр къыIэпиха пэтми, ЕщIэнокъуэ зэшхэм я циклым образыр къыщыхыхьэкIэ, зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэр имыгъуэту къанэркъым. А псом щыщу нэхъыщхьэу къэтлъытэращи, мы хъыбархэр зыхиубыдэ эпос лIэужьыгъуэм и «хабзэхэм» мыри къигъэтIэсащ: псысэ теплъэ зиIэ пкъыгъуэхэр гъащIэм и пэжым нэхъ пэгъунэгъу ищIащ. Псысэхэм, нарт эпосым деж образыр пасэрей гупсысэкIэм и хуамэбжьымэхэмкIэ гъэнщIащ. Псалъэм папщIэ, еджагъэшхуэхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, пасэрейхэм я гугъэт, щIэплъыпIэм адэкIэ щыIэр нэгъуэщI дунейуэ [Пропп 1986: 83-87]. Апхуэдэт «псым адрыщIри», «къуршиблым адэкIэ» щыIэри, хы щIагъри, щIы щIагъри, н. IуэрыIуатэм зэрихабзэщи, лIыхъужь нэхъыщхьэм хуэдэ дыдэу, и къэшэнри ад-рейхэм къащхьэщегъэкI: апхуэдэ дахагъ зыбгъэдэлъ бзылъхугъэ нэгъуэщI ду-нейм теткъым, ауэ а зыри мы щIыпIэхэм щыIэкъым, атIэ нэгъуэщI дунейщ. Уэзырмэс и анэ хъунур набдзэ зытелъым я нэхъ дахэ хъыджэбзщ, псы щIагъым щыпсэу зэшиблым я шыпхъущ [Нарты… 2017: 23-24]; Батрэз и адэ Хъымыщ и щхьэгъусэр испы щIыналъэм къреш [Нарты… 2017: 163-173], н. ЛIыхъужь псысэхэращи, ахэри апхуэдэщ: Псалъэм папщIэ, «Мыхьэмэтищ» псысэм [ФАИГИКБНЦРАН: Инв. № 1037]) хъыджэбзыр дыгъэ къыщIэкIыпIэм щыIэщ, дунейр къигъэунэхуу апхуэдэщ. А щытыкIэ псор Атэбий и къэшэным бгъэдэлъыжкъым, атIэ къызыхэкIар къызэрыгуэкI унагъуэщ, лIы щраткIи хабзэм тету и нэчыхьыр ятх, щрахьэжьэкIи пхъэр кIэлъаутIыпщ, н. Ауэ мыбдежми нэхъапэм зэфIэува образ къэгъэщIыкIэм, сюжет ухуэкIэм Iуэры-Iуатэр иджыри тетын хуейщи, дызытепсэлъыхьа нэщэнэхэм хуэдэ, ауэ гъащIэм и пэжым пэдж-эжу бгъэделъхьэ. Псалъэм папщIэ, зи «нурымкIэ дунейр къэзыгъэунэху» да-хагъым и пIэкIэ, мыпхуэдэ щапхъэкIэ егъэбелджылы: «Дэгужьейм фызу къишэну мурад хуиIэу зы хъыджэбз щыIэт, «хэкум исым я нэхъ дахэ, я нэхъ дэгъуэ» хужаIэу» [АИГИКБНЦРАН: Ф. 12. Оп. 1. П. 21-м. П. № 18]. «НэгъуэщI дунейм» щыщхэм къащхьэщыкIыу, мыр зыщыпсэур адыгэ хэкурщ. Ауэ, пасэрей IуэрыIуатэм и хабзэмкIэ фыз къэшэным лIыхъужьыгъэ пыщIауэ щытын хуейщи, мыбдежым абы мыпхуэдэ къэIуэтэкIэ иIэщ: хъыджэб-зым хъаныкъуэм нэчыхь хурагъэтх; щашэжкIэ, Дэгужьеймрэ Атэбиймрэ ятоуэ-ри хъаныкъуэ фызышэр зэбграху, пхъэрхэр зэтраукIэри хъыджэбзыр кърахьэжьэ. Атэбийм ар къызэрыIэрыхьэм и гугъу пщIымэ, зэрыжытIауэ, мы хъыджэбзми, псысэхэм къахэщыжхэм хуэдэу, лIыхъужьым и лIыгъэр здынэсыр къыгурыIуа нэужь, бийр зэрыхигъэщIэнумкIэ абы чэнджэщ ирет. Атэбийми абы тету и къуэшым илъри ещIэж, хэку псом нэхъ дахэу ис бзылъхугъэри щхьэгъусэу къешэр. КIэфыщ и къуитIымрэ ЕщIэнокъуэ зэшхэмрэ бий зэрызэхуэхъуам теухуа хъыбарым анэм и образыр къызэрыхэщым тепсэлъыхьынми мыхьэнэшхуэ иIэщ. 1946 гъэм Джаурджий Шамысэ къиIуэтэжауэ щыта «ЕщIэнокъуитIымрэ КIэфыщ и къуитIымрэ бий зэрызэхуэхъуа щIыкIэр» [АИГИКБНЦРАН: Ф. 12. Оп. 1. П. 21-м. П. № 6] хъыбарым и вариантым къызэрыхэщымкIэ, ЕщIэно-къуитIыр Джылахъстэней щыпсэурт, КIэфыщ и къуитIыр Къэбэрдеишхуэрт. Я цIэхэмкIэ, я лIыгъэ теIукIа хъыбархэмкIэ зэрыщIэ мыхъумэ, ахэр IуэхукIэ зэрихьэлIэу зэрыгъэунэхуатэкъым. Зэгуэрым ЕщIэнокъуэ зэшхэм я анэр и дэлъхум фыз къишауэ нысаплъэ кIуэрт. Гъуэгум абы КIэфыщ и къуитIыр къыщрихьэлIащ. Гуащэр еджэри ахэр зыбгъэдишащ, шхын, махъсымэ иIыгъти, иригъэфахэщ, иригъэдзэкъахэщ. Ауэрэ, фызыжьыр ЕщIэнокъуитIым я анэу зэ-шитIым къыщащIэм, «ЕщIэнокъуэхэ леикI ягъэгъуркъым, леикI яхыркъым», – жаIэри, фызыжьым и напэм джатэкIэ еуэри ираупщIащ, езыхэри я гъуэгу те-увэжащ. Апхуэдэ лейр дауикI ЕщIэнокъуитIым ягъэгъунутэкъым, ялъ ящIэжы-ну КIэфыщ и къуитIыр къалъыхъуэу щIадзащ. Зэрынэрылъагъущи, КIэфыщ зэшитIым емыкIушхуэ цIыхубзым кIэлъызрахьащ. Мы Iуэхугъуэм и пэжагъым теухуауэ тегъэщIапIэ пщIы хъун ди лъэхъэнэхэм къэсакъым. Апхуэдэу щыщыткIи, илъэс щэ бжыгъэ ипэ екIуэкIам щхьэкIэ «пэжщ» е «пцIыщ» хужыпIэныр къезэгъыу къыщIэкIынкъым, ауэ бзылъхугъэм, псом хуэмыдэжу анэм, зи ныбжь хэкIуэтам, лъэпкъым кIэлъызрихьэу щыта пщIэ-нэмысым, хабзэм тепщIыхьмэ, апхуэдэр пэж дыдэу къэхъуар фIэщ щIыгъуейщ. Псалъэм папщIэ, адыгэ хабзэр зыджа Бгъэжьнокъуэ Б.Хь. и къэхутэныгъэхэм къазэрыхэщымкIэ, дэтхэнэ зы цIыхухъуми и къалэнт бзылъхугъэр ихъумэн хуейуэ; лэжьыгъэ хьэлъэ игъэзащIэу ирихьэлIамэ, дэIэпыкъун хуейт; цIыхубз щыту хьэлыншэу зыпщIыныр, псалъэ гуемыIу жыпIэныр нэхъ емыкIушхуэу къалъытэхэм ящыщт; ар блэкIмэ, къэтэджхэрт; гъуэгум щрихьэлIамэ, и гъуэгу зэпаупщIыртэкъым, Iэмалыншэмэ, дэкIуэтэнхи хуейт; сыт хуэдэ Iуэхури зэтриуIэфIэжыфырт, уеблэмэ, абы и хьэтыркIэ зэзэуэну зэпэуваитIыр увыIэжхэрт; ар жьэгу пащхьэм и хъумакIуэт, бын-унагъуэм я гъэсакIуэт, чэнджэщэгъут, н. [Бгажноков 1978: 51-59]. Ауэ, апхуэдэ хабзэ ткIийхэм тетыным ипIэкIэ, КIэфыщ и къуитIым фызыжьым и нэкIум уIэгъэ традзэ. Абы щыгъуэми апхуэдэ щIэпхъэджагъэр зезыхьэу хъыбарым къыхэщыр хэт? Ар курыт лIэщIыгъуэм щыIа лIыхъусэжьым и дамыгъэу, адыгэ хабзэм и зехьакIуэу, лIыхъужьыгъэм, хахуагъэм и щапхъэу щытын хуейр арщ. «Къэбэрдейм цеипхъэжь джанэр зэрыщаха щIыкIэр» [АИГИКБНЦРАН: Ф. 12. Оп. 1. П. 21-н. П. № 11] хъыбарым къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, адыгэхэм зекIуэ ежьэну дзэ щызэхуашэсым, нэхъ лIыгъэ, зэфIэкI зиIэу къыхащыпыкIа лIыхъужьхэм КIэфыщ и къуитIри хагъэхьат, зэрыщыгугъахэуи къыщIэкIат. Ва-риант зыбжанэм къазэрыхэщыжымкIэ, кърымыдзэм шхынкIэ ахэр ягъэбэлэ-рыгъыу яукIын мурад щащIам, къызэрелам абыхэм я фIыгъэ хэлът; зекIуэ щыкIуэкIэ, ахэр шуупэщ, бийм хуэзэмэ, я псэ емыблэжу пэщIэувэн хьэзыру, апхуэдэ дыдэуи къыщыкIуэжкIэ шуукIэщ, къакIэлъыпхъэрхэм зыхуагъэзэну; лъыщIэж къапэщылъ пэтми, хабзэм тету зызэтрауIэфIэхэр, зекIуэ щIежьар лъэпкъ Iуэхущи. АтIэ, сыту пIэрэ апхуэдэ хабзэншагъэ зрахьауэ хъыбарым мы лIыхъужьхэм щIакIэрилъхьэр? ДызэригугъэмкIэ, абы и жэуапыр къыщылъыхъуэн хуейр IуэрыIуатэм и образ къэгъэщIыкIэм, а IуэрыIуатэр езыр удэзыхьэх зэрищI художественнэ Iэмалхэм я дежщ. Пасэ дыдэу къэунэхуа жанрхэр тегъэщIапIэ пщIымэ, ижь-ижьыж лъандэрэ зэтригъэувауэ IуэрыIуатэм къыдогъуэгурыкIуэ образ гъэгъэщIыкIэ щхьэхуэ, дэтхэнэ зы псалъэжьри, къуажыхьри, псысэри, уэрэдри, хъыбарри удэзыхьэх зэрищI Iэмалхэр. Мы иужьрейхэм хуэдэу щытыфынущ сыт хуэдэ Iуэхугъуэри – пасэрей гупсысэкIэжьхэм къашауэ къэунэхуа мотивхэри гъащIэм пэжу къыщыхъуахэри. Дызэрыщыгъуазэщи, IуэрыIуатэм деж гъащIэм и пэжымрэ къэгупсысамрэ зэрызэхущытыр къэхутэным еджагъэшхуэхэр яужь зэрихьэрэ куэд щIащ. В.Я. Пропп зыхуэкIуа гупсысэхэм тепщIыхьмэ, гъащIэм и пэжым зыгуэркIэ емыпхауэ, щхьэусыгъуэншэу зы Iуэхугъуи IуэрыIуатэм къыхыхьэркъым. КъэхутакIуэм къыжиIахэм дригъуазэмэ, къызэрыгупсысам зы шэчи къызыту-мыхьэ куэдым я лъабжьэр пэжым зыгуэркIэ йокIуалIэ. Псалъэм папщIэ, псысэ куэдым къазэрыхэщымкIэ, мыIэрысэ (е нэгъуэщI къэкIыгъэ гуэр) цIыхубзым ишха нэужь, уэндэгъу мэхъури, лIыхъужь нэхъыщхьэр дунейм къытохьэр. ДауикI мыр зэрыпцIым зыми зы шэчи къытрихьэркъым, ауэ ар къызгурыIуэр зи къэухьым, зи зэхэщIыкIым зиужьа, дунейм щекIуэкIым щыгъуазэ хъуа цIы-хурщ; пасэрейхэм ар яфIэщ хъурт, а мыIэрысэхэр зыпыт жыгым ахэр сабийуи къалъытэрт [Штернберг 1936: 440], В.Я. Пропп зэритхымкIи, а пхъэщхьэмыщхьэм бгъэдэлъ мэгъу къарум и фIыщIэкIэ, ар ишхмэ, быныфIэ хъуну цIыхум и гугъэт [Пропп 1976: 210]. Аращи, зэгуэр пэжу щыIа фIэщхъуныгъэр лъабжьэ хуэхъуащ щапхъэу къэтхьа дуней къытехьэкIэм. Ауэ иужькIэ апхуэдэ фIэщхъуныгъэхэр цIыхум бгъэдэмылъыж пэтми, IуэрыIуатэм ар ихъумащ, хиIэтыкIыну зыхуей лIыхъужь нэхъыщхьэм гу лъуигъатэу – ар къызэрыгуэкIкъым, дуней къытехьэкIэкIэ адрейхэм къащхьэщокIри. А къалэн дыдэр ягъэзащIэу мыхэр псысэм икIри тхыдэр зи лъабжьэ эпосым хыхьащ, уеблэмэ, пэж дыдэу дунейм тета цIыхум и образыр зэрыхаIэтыкI художественнэ Iэмалу къагъэсэбэп хъуащ. Псалъэм папщIэ, тхыдэм зи цIэр къыхэна Къэза-нокъуэ Жэбагъы IуэрыIуатэм мыр кIэрелъхьэ, адрейхэм къахигъэбелджылыкIын папщIэ: «Къэзанокъуэ Жэбагъы лIыжь-фызыжь быныншэм къалъхуащ, блэ къешэкIауэ» [Сказания о Жабаги… 2001: 53]. Нэхъыбэу лъэпкъым щызэщIэлъыса вариантхэм ипкъ иткIэ жыпIэмэ, Жэбагъы нэчыхьыншэу къалъху, ар щIахъумэн папщIи пщыIэм бацэм кIуэцIылъу яхьри мэлыхъуэхэм кIэщIадзэ, щIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, уэркъ унагъуэм къыхэкIауэ щыт пэтми. А псом къикIращи, IуэрыIуатэр зыхущIэкъур зэгуэр цIыхум хэлъа фIэщхъуныгъэр къэIуэтэжын къудейркъым, атIэ ар къигъэсэбэпурэ и къэгъэщIыгъэр «зэригъэщIэрэщIэнырщ». Апхуэдэхэщ цIыхухэм ирагъэкIуэкIыу щыта дауэдапщэхэри, зэрахьэу щыта хабзэхэри. Мыхэр псысэм «къызэригъэIэрыхуэри» В.Я. Пропп къипщытауэ щытащ [Пропп 1986: 4-21]. ЩIэныгъэлIым а зэхущытыкIэхэр лIэужьыгъуищу зэщхьэщегъэкIыр: 1) дауэда-пщэр е хабзэр зэрыщыта дыдэу псысэм къигъэсэбэпу; 2) зэрыщыт дыдэу, ауэ и зы пкъыгъуэ гуэрым зригъэхъуэжу; 3) зэрыщытын хуейм пэгъэувауэ. Нарт Щауей шу гъусэ иIэу гъуэгу тету, зы шу къахуозэ. КъызэрыщIэкIым-кIэ, ар езы Щауей деж щыхьэщIэну къакIуэу арт. ХьэщIэм кIэлъызрахьэ хабзэр арати, сыт и лъэныкъуэкIи абы пщIэ хуэщIыпхъэ Щауей къигъанэркъым: и щхьэ Iуэху къегъанэ, егъэзэжри и хьэщIэр сыт и лъэныкъуэкIи (и шхынкIи, зыщIэсынкIи, н.) зыхуей хуэзэу егъэхьэщIэ, зекIуэм къыщриджэкIи, здишэмкIэ щIэмыупщIэу дошэс, псэзэпылъхьэпIэм хьэщIэр щихуэкIэ, езым и гъащIэм щымысхьу, хьэщIэм и дэIэпыкъуэгъу мэхъу, гъуэ-гуанэм хьэщIэм и унафэм, чэнджэщым тетщ, н. Арат хабзэм къигъэувыр. Ауэ а хабзэм и зы Iыхьэ зэрыщытын хуэмейм хуэдэу мыбыхэм я IуэхущIафэм хыдолъагъуэ. Ар я шхэкIэрщ. ХьэщIэм жэщ къэс зы мэл псо, и шым Iус къэпрэ мэкъу Iэтэрэ иш-хынущ, апхуэдэ дыдэу абыхэм апхуэдиз яшхыу шхэгъу яIэн хуе-йщ. Дызэрыщыгъуазэщи, лъэпкъым нэхъ емыкIуу къилъытэхэм ящыщт цIыхур ны-баблэу щытыныр: сыт хуэдизкIэ мымэжэлIами, абы шыIэныгъэ хэлъын хуейт – гужьеяуэ е нэхъыжьыр япэу ерыскъым щыхэIэбэнум емыжьэу шхыным епхъуэ-ныр хабзэншагъэт. Ауэ IуэрыIуатэм абы и мыхьэнэр ехъуэж, и лIыхъужьыр кърихигъэщхьэхукIыну – егъэлеяуэ шхын куэд шхыныр батырагъым и нэщэнэщ. Апхуэдэ дыдэ мыхьэнэ иIэщ жеинми. Жейнэдыр игъащIэми цIыхум я фIэауанщ. Ауэ Щауей и хьэщIэр мэгъуэлъри зимыгъазэу мазэкIэ мэжей, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ батырщи. А псор зыхузыфIэкIыр езыр цIыхубзу къыщIокI, и шымрэ езымрэ я шхэгъухэр езы Щауейрэ и шы Джэмыдэжьымрэщ. Мыбдежым образ къэгъэщIыкIэращи, ипэм деж лIыхъужьыр фейцейуэ хуэпащ, и шыр уэдыкъуащ, егъэлеяуэ ерыскъышхуэ яшх, ауэ икIэм деж зыкъызэкъуахри нэгъуэщI зыгуэрми дэдмылъагъу лыхъужьыгъэрэ хахуагърэ къалъыкъуокI [Нарты… 2020: 465-481]. Нарт эпосым нэхъыбэ дыдэу зыщызужьахэм ящыщ зыщ Бэдынокъуэ нартхэм къахилъхьа хабзэфIым теухуа хъыбарыр. Абы къызэрыхэщыжымкIэ, нартхэм хабзэу яхэлът, жьы хъуар Жьыгъеибг яхьрэ щадзыжу. Еджагъэшхуэ-хэм я къэхутэныгъэхэм тепщIыхьмэ, пэж дыдэу мыпхуэдэ хабзэ гуэр пасэ зэман жыжьэм лъэпкъ куэдым зрахьэу щытащ. Ауэ ди IуэрыIуатэм ар къызэрыхэ-щыжым къикIыркъым, апхуэдэ хабзэ адыгэхэми яхэлъауэ: нобэкIэ абы и тегъэщIапIэ гуэри щыIэкъым. Пэжщ, зэ еплъыгъуэкIэ а хабзэр зэрекIуэкIыу щы-тар ди нэгу къыщIигъэувэжыну хъыбарыр пылъу къыпщохъу, абы щыгъуэми Жьыгъеибг фIэщыгъэцIэр зэрихьэу ди Къэбэрдей щIыналъэми, КIахэми бгы итщ. Ауэ, ищхьэкIэ къэтхьа щапхъэхэм хуэдэуи, мы мотивым и къалэн нэхъыщхьэр а хабзэжьыр къэIуэтэжыныркъым, атIэ ар лъабжьэ ищIкIэрэ Кавка-зым ис лъэпкъхэм апхуэдизу ягъэлъапIэ нэхъыжьым пщIэ хуэщIыныр къыхигъэбелджылыкIыну, абы гу лъуигъэтэну арщ [Гутов 2009: 47]. Абы къы-дэкIуэу, хъыбарым зэрыжиIэмкIэ, хабзэжьыр япэу нартхэм захезыгъанэр Бэды-нокъуэщ, апхуэдэу щыщыткIи, мы лIыхъужьым и цIэри абыкIэ Iэта мэхъу. Сю-жетыр лъэпкъ куэдым зэIэпахыу яхэлъхэм щыщщ. Абы и щыхьэтщ Антти Аар-нерэ Стиф Томпсонрэ псысэ сюжетхэм хузэхалъхьа дуней псо сю-жетгъэлъагъуэр. Абы мыр АТ 981 бжыгъэмкIэ къыщыгъэлъэгъуащ. Дызэрыщыгъуазэщи, мыпхуэдэ сюжетхэм я лъапсэм къыщыщIидзэр къэхутэжыгъуейщ: зы щIыпIэ гуэрым къыщежьэу, зэIэпахыурэ псом я дежи щызэлъэщIыса, хьэмэрэ лъэпкъхэм къакIуа гъуэгуанэр зэрызэщхьым къыхэ-кIыу, зэхуэдэу псом я дежи къыщыунэхуа – зэхэгъэкIыгъуейщ. Ауэ, дауэ щы-мытами, ди IуэрыIуатэм хэтщ, нэхъыбэ дыдэу зыщызужьахэми ящыщ зыщ – эпосым и мызакъуэу, псысэхэми куэду ущрохьэлIэ. Дызытепсэлъыхь Iуэ-хугъуэм тIэкIу дыкъытекIами, мы щапхъэхэм белджылы къащI, пасэрей хабзэр адыгэ IуэрыIуатэм къызэригъэсэбэп щIыкIэр, арщ В.Я. Пропп къыхилъхьа гупсысэм къызэритIасэр. ЕщIэнокъуэ зэшхэм я анэм и нэкIур зэрауIэ мотивми и къалэныр арщ. Iуэ-рыIуатэр къэзыгъэщIа лъэпкъым къыгуроIуэ апхуэдэ щIэпхъэджагъэ блэжьмэ кърикIуэнкIэ хъунур, ауэ ар хъыбарым хелъхьэ, КIэфыщ и къуитIым яIэщIэщIауэ. Мыр хуэбгъадэ хъунущ В.Я Пропп зи гугъу ищIа ещанэу къыхигъэкIауэ IуэрыIуатэм хабзэр къызэригъэсэбэп щIыкIэм – хабзэр зэрыщытын хуейм мыр пэгъэуващ. Къэхъун хуэмей, щыIэн хуэмей къэхъуащ. Хъыбарым щIэдэIум абы занщIэу гу лъетэ, егъэпIейтей, адэкIэ къэхъунур зригъэщIэнуи хуопабгъэ. Мис апхуэдэ художественнэ къалэн и пщэ къыдохуэ зи гугъу тщIы Iуэхугъуэм. Абы къыдэкIуэу, КIэфыщ зэшитIым я IуэхущIафэм мыхьэнэшхуэ иIэщ, сюжетым адэкIэ зиужьынымкIи. ЕщIэнокъуитIри КIэфыщ и къуитIри Кърымым щэкIышэ кIуа шуудзэм зэдыхэтщ, лъыщIэжыныр къапэщылъ пэтми, ахэр зэбий пэтми, пщIэ нэмыс я зэхуаку дэлъщ, зыр зым и щIэгъэкъуэнщ. А щIыкIэмкIэ Iу-эрыIуатэм аргуэру еIэт лъэпкъым хэлъа нэгъуэщI зы зэхущытыкIэ хабзи: бгъэгъу мыхъун Iуэхугъуэ лъэпкъитIым къалъыкъуэкIами, шыIэныгъэр псом я щIыIу къакIуэрт; нэхъ емыкIу дыдэхэм ящыщт зыгуэрым, ар лъыкIэ бийр ара-ми, щэхуу, бэлэрыгъауэ утеуэу, хуэтыкъуауэ гъэпцIагъэкIэ утыку ипшэу хэбгъэщIэныр. Адэ-кIэ мы Iуэхугъуэм теухуауэ циклым дызыщрихьэлIэращи, жылэм я фIэпсэкIуэдщ апхуэдиз лIыхъужьыгъэрэ хахуагърэ зыбгъэдэлъ лIыхъусэжьхэр лъы щIэжыным зэрытекIуэдэнур. ХэкIыпIэу къалъытэу аргуэру зызыхуагъазэр адыгэ хабзэрщ – къуэ щIыным пыщIауэ щыIарщ. Нэхъыжьхэм я унафэкIэ, ЕщIэнокъуэ зэшхэр дэмысу, КIэфыщ и къуитIыр яшэри фызыжьым йолъэIу, ящIа мыхъумыщIагъэр мы иужьрейхэм къахуигъэгъуну, Iэмал иIэмэ, бын къищIыну. Фызыжьми къы-гуроIуэ лIыхъужьыгъэкIэ псыхьа лIыхъусэжьхэр зэIущIэмэ, лъы гъажэ гуащIэ къызэрыхъунур, абы папщIэкIи арэзы мэхъу. Зэрыхабзэти, КIэфыщ и къуитIыр ЕщIэнокъуитIым я анэм и бгъэм IупэкIэ лъагъэIэс, а щIыкIэмкIи ар къэзылъхуа анэм пэлъыта мэхъу. А псом къагъэлъагъуэ анэм, анэ быдзышэм нэхърэ нэхъ лъапIэ, абы епцIыжыным нэхъ икIагъэ лъэпкъым дежкIэ зэрыщымыIэр. (Къаниболэт и цIэр IейкIэ уэрэдым къыхэнащ, илэжьа мыхъумыщIагъэр, быдзышэ зыдефа Андемыркъан Iэщэ-фащэншэу гъэпцIагъэкIэ бий утыку иришэу зэрыригъэукIар, зэрылъэпкъыу ягу щIыхьати). Пэжщ, хъыбархэм къазэрыхэщымкIэ, ЕщIэнокъуитIыр я анэм егъасэ, псэм япэ напэр ирагъэщын хуейуэ, лIыгъэм, хахуагъэм, лIыхъужьыгъэм къахьыну псор кърагъэхьыну, абы щыгъуэми, анэщи гумащIагъри къылъыкъуокI: КIэфыщ зэшитIым къращIар гъэгъугъуейми, абы ирегъэхри къуэ къещI, апхуэдэ щIыкIэкIи ахэри езым и къуитIри лъы гъэжэным пэIэщIэ ещI. ЖытIа псом къарыкIращи, IуэрыIуатэр псалъэ гъуазджэм и зы лIэужьыгъуэу щыщыткIэ, и къэгъэщIыгъэхэр гум дыхьэу, псэр дихьэхыу щытын хуейщ. Абы тетщ ЕщIэнокъуэ зэшхэм ехьэлIа хъыбархэри, икIи а мура-дыр «къехъулIэн» папщIэ, абыхэм «зыхуагъазэр» ижь-ижьыж лъандэрэ лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэ образ къэгъэщIыкIэм, сюжет ухуэкIэм. Апхуэдэ щIыкIэкIэ анэм и образри циклым щызэтеувауэ жыпIэ хъунущ.About the authors
Mukhamed Fuadovich Bukhurov
The Institute for the Humanities Research – Affiliated Federal State Budgetary Scientific Establishment «Federal Scientific Center «Kabardian-Balkarian Scientific Center of the Russian Academy of Sciences»
Email: mbf72@mail.ru
ORCID iD: 0000-0002-6253-4097
References
- Адыгские сказки… 2018 – Адыгские сказки. В 2-х т. Т. 2: Волшебные сказки/ Сост. Ж.Г. Тхамокова (Бра-ева). – Нальчик: Ред.-изд. отдел ИГИ КБНЦ РАН, 2018. – 592 с.
- Адыгский фольклор 1969 – Адыгский фольклор. В 2-х т. Т. 2 / Сост. З.П. Кардангушев. – Нальчик: Эльбрус, 1969. – 285 с.
- АИГИКБНЦРАН – Архив Института гуманитарных исследований Кабардино-Балкарского научного центра Российской академии наук.
- Бгажноков 1978 – Бгажноков Б.Х. Адыгский этикет. – Нальчик: Книжное изд-во. «Эль-брус», 1978. – 160 с.
- Бухуров 2015 – Бухуров М.Ф. Адыгская богатырская сказка. – Нальчик: Издательский отдел КБИГИ, 2015. – 160 с.
- Гутов 2009 – Гутов А.М. Народный эпос: Традиция и современность. – Нальчик: Изд-во КБИГИ, 2009. – 228 с.
- Гутов 2018 – Гутов А.М. Проблемы адыгского (черкесского) нартского эпоса. – Наль-чик: Принт Центр, 2018. – 264 с.
- Нарты… 2017 – Нарты. Адыгский эпос. В 4-х т. Т. 2: Озырмес. Батраз. Ашамез / Гл. ред. А.М. Гутов. – Нальчик: ИГИ КБНЦ РАН, 2017. – 468 с. URL: http://www.kbigi.ru/fmedia/2.%D0%9D%D0%90%D0%A0%D0%A2%D0%AB.%D0%A2%D0%BE%D0%BC-2.pdf (дата обращения: 15.11.2023).
- Нарты… 2020 – Нарты. Адыгский эпос. В 4-х т. Т. 3: Бадиноко. Шауей / гл. ред. А.М. Гутов. – Нальчик: Ред.-изд. отдел ИГИ КБНЦ РАН, 2020. – 582 с. URL: http://www.kbigi.ru/fmedia/%D0%9D%D0%90%D0%A0%D0%A2%D0%AB-2020 %D0%91%D0%AD%D0%94%D0%AB%D0%9D%D0%9E%D0%9A%D0%AA%D0%A3%D0%AD-%D0%94%D0%9B%D0%AF-%D1%80%D0%B0%D0%B7%D0%BC%D0%B5%D1%89%D0%B5%D0%BD%D0%B8%D1%8F.pdf (дата обращения 15.11.2023).
- Пропп 1986 – Пропп В.Я. Исторические корни волшебной сказки. – Л.: Издательство Ле-нинградского университета, 1986. – 366 с.
- Пропп 1976 – Пропп В.Я. Фольклор и действительность. – М.: Наука, 1976. – 326 с.
- Сказания о Жабаги… 2001 – Сказания о Жабаги Казаноко / Сост., подг. к печ., коммент. и прилож. З.М. Налоева и А.М. Гутова. – Нальчик: Эль-Фа, 2001. – 332 с.
- ФАИГИКБНЦРАН – Фоноархив Института гуманитарных исследований Кабардино-Балкарского научного центра Российской академии наук.
- Фольклор адыгов…1979 – Фольклор адыгов в записях и публикациях XIX – начала XX века / общ. ред. А.М. Гутова. – Нальчик, 1979. – 404 с.
- Штернберг 1936 – Штернберг А.Я. Первобытная религия в свете этнографии. – Л.: Из-дательство Института народов Севера ЦИК СССР им. П.Г. Смидовича. 1936. – 572 с.
- Thompson 1961 – Thompson S. The types of the folktale. А classification and bibliography. Antti Aaarne’s «Verzeichnis der Märchentypen» (FFC № 3) translated and enlarged. Second revision (FFC 184). – Helsinki: Suomalainen Tiedeakatemia, 1961. – 588 p.
Supplementary files
