On the issue of the preservation of the adyghe (kabardino-circassian) language in the diaspora
- Authors: Abazova M.M.1
-
Affiliations:
- The Institute for the Humanities Research – Affiliated Kabardian-Balkarian Sci-entific Center of the Russian Academy of Sciences
- Issue: No 1 (2023)
- Pages: 293-306
- Section: Languages of the peoples of the Russian Federation (languages of the peoples of the North Caucasus)
- Submitted: 11.05.2025
- Published: 15.12.2023
- URL: https://journal-vniispk.ru/2542-212X/article/view/291372
- DOI: https://doi.org/10.31143/2542-212X-2023-1-293-306
- EDN: https://elibrary.ru/IVNWWT
- ID: 291372
Cite item
Full Text
Abstract
Full Text
Хэзыгъэгъуазэ Ноби адыгэхэм я нэхъыбапIэр я хэку исыжкъым: Урысейм щекIуэкIа иужьрей къыхэтхыкIыныгъэм къызэригъэлъагъуэмкIэ, къэралым адыгэу исыр мин 700-м зэрыщIигъу щыIэкъым, Тыркум и закъуэ адыгэу щопсэу мелуанищ нэхърэ мынэхъ мащIэ, уеблэмэ ар мелуани 7-м нэсу хуэзыгъэфащэхэри щыIэщ. Ахэр къэралым и щIыналъэ псоми ипхъауэ щопсэу, нэхъыбэу ахэр дэсщ Истам-был, Анкара, Самсун, Чорум, Къайсэр, Дузджэ къалэхэм. Адыгэхэр зэрыIыгъыу щыпсэу районхэм ящыщщ Къайсэр, Адана, Мараш, Анкара, Измир, Дузджэ, Токъат, Самсун, Чорум, нэгъуэщIхэри. Тырку жылагъуэхэм хагъэтIысхьахэм я анэдэлъхубзэр куэдрэ яхуэ-хъумэжакъым, щхьэхуэу тIыса адыгэ къуажэхэм дэсхэр ХХ лIэщIыгъуэм и 60-70 гъэхэм нэсыху я бзэкIэ псалъэу зэхэсащ, ауэ абдеж щыщIэдзауэ я щIалэгъуалэр къалэхэм Iэпхъуэн щIадзэри адыгэ жылэхэр цIыхуншэ хъууэ хуежьащ, абы и зэранкIи адыгэбзэр Тыркум щыкIуэдынымкIэ шынагъуэ щыIэ хъуащ. Адыгэхэр апхуэдэуи щымащIэкъым Сирием, Иорданием. Зи цIэ къитIуа къэралхэм къиIэпхъукIа адыгэхэм я диаспорэ щыIэ хъуащ Германием, США-м, нэгъуэщI къэрал куэдым. Мы лэжьыгъэм къалэн нэхъыщхьэу диIар хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэм я анэдэлъхубзэр яхъумэн папщIэ ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэхэр гъэнахуэн, бзэм тетхыхьа бзэщIэныгъэлIхэм я еплъыкIэ зэхуэмыдэхэмрэ я къэхутэныгъэхэмрэ кърикIуахэр къызэщIэкъуэжын, адэкIэ къыпытщэу нобэ иIэ щытыкIэр къэд-гъэлъагъуэнырщ. Ди статьям къыщыдгъэсэбэпащ БищIо Б.Ч. адыгэбзэкIэ зэрид-зэкIа бзэщIэныгъэм ехьэлIа фIэщыгъэцIэхэр (терминхэр) [Бижоев 2022]. Хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэм (шэрджэсхэм) я анэдэлъхубзэм и Iуэху зытетыр Япэ дыдэу адыгэхэр щыпсэуну ирагъэтIысхьащ иджыпсту Тыркум и район нэхъыщхьэм пэгъунэгъу щIыпIищым: Пинарбаши, Кайнар, Вираншехир [Мух-син Сибаши 1986]. Диаспорэм щыпсэу адыгэхэм я анэдэлъхубзэр яхъумэн щхьэкIэ къызэ-Iуахыу щытащ адыгэбзэм щыхурагъэджэн еджапIэхэр, къыдагъэкIырт газетхэр, журналхэр, тхылъхэр нэхъыбэу хьэрып графикэм тету. Адыгэбзэм тхыпкъылъэ хузэхалъхьэнуи мызэ-мытIэу яужь итахэщ [Абазова 2014]. 1908 гъэм хэхэс адыгэхэм я щхьэ Iуэху нэхъ зрахуэу яублащ. Хасэ зэмылIэужьыгъуэхэр, щIэныгъэм, адыгагъэм, зэлъэпкъэгъухэр зэкъуэгъэувэным хуэлажьэхэр, къэзэIуахащ. Хьэрып тхыпкъылъэр и лъабжьэу адыгэбзэм тхыбзэ хузэхалъхьэу, ар тхылъымпIэ напэм тету къыдагъэкIыу щIадзащ. А гъэ дыдэм Истамбыл щаухуащ «Шэрджэс жылагъуэ зэгухьэныгъэ зэдэIэпыкъуныгъэ хасэ». Абы адыгэбзэкIэ «Гъуазэ» газетыр къыдагъэкIыу щытащ (1911–1914). 1909 гъэм Тыркум «Адыгэ зэшыгъэ хасэ» е «Шэрджэс клубкIэ» еджэу ЦIагъуэ Нурий зи секретару щыта обществэр къызэрагъэпэщ. А гъэ дыдэм ЦIагъуэ Нурийрэ НэгъущI СуIэдрэ зэгъусэу тхыбзэ хьэрып тхыпкъкIэ тедзауэ Истамбыл къыщыдагъэкIащ. 1910 гъэм адыгэ щIалэхэм тхыбзэр етIуанэу тра-дзащ, «Гъуазэ» газетри къыдагъэкIыу къаублащ [ЦIагъуэ 1928: 42]. 1909 гъэм хьэрып графикэм тету адыгэбзэ тхыпкъылъэ Египетым щызэхилъхьэгъащ Хуажэ Мухьэмэд Кемал. А гъэ дыдэм Тыркум щыпсэу, доху-тыру лажьэ адыгэ щIалэ Пчэгъэтлыкъуэ Мухьэмэд хьэрып тхыпкъхэр къигъэсэбэпурэ адыгэ тхыпкъылъэ зэхилъхьащ. 1910 гъэм латин графикэм тету нэгъуэщI зы тхыпкъылъи зэхилъхьэгъащ. А тхыпкъылъэхэмкIэ диным теухуа, нэгъуэщI тхыгъэ мыинхэр къыдигъэкIащ [Рогава, Керашева 1966: 13-14]. 1918 гъэм Бланэкъуэ Бэтокъуэ латин графикэр и лъабжьэу зэхилъхьа ады-гей тхыпкъылъэр Истамбыл щытрадзащ. Абы а тхыпкъылъэмкIэ тхауэ абы 1931 гъэм Сирием къыщыдигъэкIащ «Адыгэ бзэхабзэ» тхылъыр. 1927 гъэм Сирием щызэхалъхьауэ щытащ адыгэ тхыпкъылъэ, латин тхыпкъхэр къагъэсэбэпурэ. ИщхьэкIэ къызэрыдгъэлъэгъуащи, хамэ къэралхэм щыпсэу адыгэхэм тхыпкъылъэ зэхалъхьами, абыхэмкIэ тхылъ цIыкIу закъуэтIакъуэ къы-дагъэкIами, ахэр къызэрагъэсэбэпа щыIэкъым. Диаспорэм щыпсэу адыгэхэм я бзэр, я хабзэр щыпсэу къэралым и бзэм, и хабзэм хуэмурэ ещхь зэрыхъур, зэрыхэшэпсыхьыжым игъэпIейтеящ нэмыцэ бзэщIэныгъэлI Моникэ Хёлиг. А зэхъуэкIыныгъэхэр къызэтригъэувыIэн мурадкIэ латин тхыпкъхэр лъабжьэ ищIри Тыркум щыпсэу адыгейхэм папщIэ тхыпкъылъэм и проект игъэхьэзырауэ щытащ. [КЧЯ. Т. I. 2006: 38]. Иорданием Къандур Мухьэдин и унафэм щIэту тхыпкъылъэм и проект щагъэхьэзырауэ щытащ. Германием Едыдж Батырей тхыпкъылъэм и проект щызэхилъхьауэ щытащ [КЧЯ. Т. I. 2006: 14]. Хъунч Хьэрий Мелэч, адыгэ тхыдэтх цIэрыIуэ НэмытIокъуэ Айтэч и щхьэгъусэм, иублащ а зэманым «Ди анэ» журналым и къыдэгъэкIыныр. Мы журналыр латин тхыпкъкIэ тхауэ адыгэбзэкIэ къыдэкIт. Сирием щыпсэу адыгэхэм «Маржэ» журналыр къыщыдагъэкIыу щIадзэ. Зи цIэ къитIуахэм нэмыщI пщIы бжыгъэкIэ тхылъхэр, брошюрэхэр, хъыбарегъащIэ тхылъ цIыкIухэмрэ журналхэмрэ адыгэбзэкIэ, тыркубзэкIэ, хьэрыпыбзэкIэ къыдагъэкIыу щытащ. А лъэхъэнэм адыгэбзэкIэ щрагъаджэ курыт еджапIэ Истамбыл къыщызэIуахауэ щытащ. Тыркум къыщызэрагъэпэщауэ щытащ 2500-м нэс къызэщIэзыубыдэ организацэхэр, ахэр телажьэрт адыгэр къызэщIэкъуа, гъэгушхуа хъуным, я бзэмрэ я хэкумрэ ягу имыгъэхуным. Абыхэм ящыщщ 1950 гъэм къызэрагъэпэща «Кавказ щэнхабзэ Хасэ»-р («Kafkas Kültür Derneĝi»). Ар зи жэрдэмхэм яхэтт Тыркум цIэрыIуэ щыхъуа юрист, профессор Думэныщ Хъейри. 1952 гъэм «Кавказ» зыфIаща Хасэр яухуащ. 1955 гъэм Истамбыл къыщызэрагъэпэщащ зэгухьэныгъэшхуэ – «Фонд Кавказ» ((«Kafkas Kültür Eğitim ve Sosyal YgrdIm VakfI»), ар адрей Ищхъэрэ-Кавказ зэгухьэныгъэхэм хэт цIыху бжыгъэм и куэдагъымкIэ йофIэкI. Абы и къалэн нэхъыщхьэр зыхуэунэтIауэ щытыр Тыркум щыпсэу Ищхъэрэ Кавказым щыщ хэхэсхэр зы щIыжынырщ. Мы зэгухьэныгъэм сабийхэр адыгэбзэм щыхурагъаджэ. Хэхэс хъуахэм я тхыдэм теухуауэ 1960-1970 гъэхэм «ЩIопщ», «ЩIакIуэ» зи фIэщыгъэцIэ журналхэр къызэрагъэпэщащ, тхылъ зэмылIэужьыгъуэхэр къыдагъэкIащ. 1990 гъэм Узун-Яйлэ райным и шэрджэс къуажэхэм къиIэпхъукIахэм къызэрагъэпэщауэ щытащ «Узун-Яйлэ Кавказ щэнхабзэ зэдэIэпыкъуныгъэ Хасэр» («Uzunyayla Kafkas Kültüк ve YardImlașma Derneği AylIk Bultenidir»); 1993 гъэм апрелым организацэ 12 зэгухьэри «Кавказ жылагъуэ Хасэр» къызэрагъэпэщащ; 2003 гъэм декабрым къызэрагъэпэщащ организацэу 45 зыхыхьэ «Кавказ жылагъуэхэм я Федерацэ» зыфIаща хасэр («Kafkas Dernekleri Federasyonu», гъэкIэщIауэ «Kaf-Fed»). Хасэхэм я федерацэм «Нарт» / «Nart» журналыр мазэ къэс къыдагъэкI. Ищхъэрэ-Кавказ жылагъуэ организацэхэм я къалэн нэхъыщхьэр хэхэсхэр зэлъэгъэIэсыныгъэ, зэкъуэгъэувэжыныгъэрщ. Апхуэдэ центырхэм щызэхуос щIалэгъуалэхэри, зи ныбжь хэкIуэтахэри. ИщхьэкIэ зи гугъу тщIа центырхэрщ диаспорэм щыпсэу адыгэхэр щызэхуэзэну, зэрыцIыхуну, зэпсэлъэну Iэмал щагъуэтыр, хэхэсхэм я дежкIэ абы мыхьэнэшхуэ иIэщ. Зэгухьэныгъэхэм я къалэн нэхъыщхьэр анэдэлъхубзэр цIыхухэм ирагъэщIэнырщ, адыгэ хабзэм, тхыдэм хурагъаджэ, щыгъуазэ ящI, адыгэ къафэкIэми хурагъасэ. Тыркум и Iэтащхьэм 2004 гъэм щегъэжьауэ къэралым щыпсэу лъэпкъ мащIэхэм я бзэр еджапIэхэм щаджыну, радио, телевидениемкIэ я бзэмкIэ щыпсалъэну хуитыныгъэ къаритащ. Тыркум и къэрал каналхэм ящыщ зым тхьэмахуэ къэс махуэку махуэм дакъикъэ 30 къарет адыгэбзэкIэ хъыбарыщIэхэр, къафэхэр, уэрэдхэр, дунейм и къэхъукъащIэхэм ухэзыгъэгъуазэ нэгъуэщI гуэрхэр къагъэлъэгъуэну, тепсэлъыхьыну, тыркубзэкIэ абы субтитр и гъусэщ. Сирием (Щам) щопсэу абазэхэ, бжьэдыгъу, къэбэрдей адыгэхэр. 1927 гъэм Самгугу и гупым Къунейтр (Кунейтр) щаухуащ «Адыгэ гъэсэн зыныгъэ хасэ»; 1948 гъэм Дамаск щаухуащ жылагъуэ организацэ «Адыгэ фIыщIэ хасэ»-р. Ахэм я лэжьыгъэр зытегъэщIауэ щытыр бзэр, хабзэр хъумэнырт. Ахэр яужь итащ лъэпкъ литературэр зэрегъэфIэкIуэным. Абы и фIыгъэкIэ, нобэр къыздэсым Сирием щыпсэу адыгэхэм яхузэфIэкIащ я бзэр яхъумэжыныр [Кушхабиев 2007: 177]. Иорданиеми шэрджэсхэр яхэшыпсыхьыжакъым, нобэ абы щопсэу субэтническэ гупу плIы: къэбэрдей адыгэхэр, бжьэдыгъухэр, абазэхэхэр, шапсыгъхэр. 1932 гъэм Амман къыщызэрагъэпэщащ «Адыгэ фIыщIэ хасэ», 1971 гъэм – «ЦIыхубз хасэ»-р, цIыхубзхэр лэжьапIэ гъэувынымкIэ дэIэпыкъуэгъу яхуэхъут. Амман адыгэбзэмкIэ тхылъ зытIущ къыщыдагъэкIауэ щытащ, хьэрып-шэрджэс псалъэзэблэдз «Япэ адыгэбзэ-хьэрыпыбзэ зэрызэбгъэщIэн псэлъалъэ»-рэ къыщыдагъэкIащ 1988 гъэм [Кушхабиев 2007: 178]. Хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэм, псом хуэмыдэу Израилым и Кфар-Камэрэ Риханиерэ щыпсэухэм я бзэр, я хабзэр, щэнхабзэр яхъумащ. 1976 гъэм щегъэжьауэ Израил еджапIэхэм я программэм хагъэхьащ адыгеибзэр яджыну. Хамэ къэралыбзэу иджылыбзэмрэ хьэрыпыбзэмрэ ядж. 1991 гъэм Кфар-Камэ къыщызэрагъэпэщащ «Нэхунэ» («Нафна») зэгухьэныгъэр, абы къалэн нэхъыщхьэу иIар шэрджэсхэм я тхыдэр, щэнхабзэр хъумэнырщ, щалъхуа лъахэм яку дэлъ зэпыщIэныгъэхэр гъэбыдэнырщ. 1993 гъэм Израилым и правительствэм къищта унафэм ипкъ иту Рихьэние щаухуащ Шэрджэс институт, адыгеибзэмрэ абы и тхыдэмрэ щыхурагъаджэ. Абы адыгеибзэм хуезыгъаджэ егъэджакIуэхэм я щIэныгъэр щрагъэфIакIуэ, бзэм нэхъ куууэ щыгъуазэ зыхуащI. Сирием щыпсэуа адыгэхэм языныкъуэр Иорданием, адрейхэри Америкэм Iэпхъуащ (мину 8 хуэдиз). Ахэр щопсэу: Нью-Джерси, Калифорние, Техас, Вашингтон, Сиэтл, Флоридэ, н. Америкэм щыпсэу адыгэхэр субэтническэ гупу плIы мэхъу: абазэхэ, бжьэдыгъу, къэбэрдей адыгэ, шапсыгъхэр [Кушхабиев 2007: 233]. «Шэрджэс псапащIэ зэгухьэныгъэ (жылагъуэ)»-м сабийхэр илъэситхум щегъэжьауэ илъэс пщыкIуплI хъуху адыгэбзэм, хабзэм, диным щыхурагъаджэ. Европэ къэралхэм Iэпхъуа адыгэхэмрэ Кавказ Ищхъэрэм щыпсэуа нэгъуэщI лъэпкъхэмрэ пщIы бжыгъэкIэ къызэрагъэпэщащ зэгухьэныгъэхэр (организацэхэр). Е ХХ-нэ лIэщIыгъуэм и 20-30 гъэхэм щыIа зэгухьэныгъэхэр: «Кавказ бгырысхэм я зэкъуэтыныгъэ» Чехословакием, Лион – «Кавказыр и щхьэ зэрыхущытыжымкIэ комитет», Париж «Кавказ бгырысхэм я лъэпкъ парт», н. Европэм и КъухьэпIэ, КъуэкIыпIэ къэралхэм Ищхъэрэ-Кавказ хэхэсхэм къыщыдагъэкIыу щытащ пIалъэ-пIалъэкIэрэ журналхэр, газетхэр. Париж щыпсэу хэхэс гупым 1908 гъэм щегъэжьауэ 1911 гъэм нэсыху урысыбзэкIэ къыдагъэкIыу щытащ «Мусульманин» зи фIэщыгъэцIэ журналыр, «Кавказский горец» журналыр урысыбзэкIэ 1924-1925 гъэхэм Прагэм, 1929-1934 гъэхэм Париж къыщыдэкIыу щытащ. «Кавказ Ищхъэрэ» журналыр урысыбзэкIи тыркубзэкIи Варшави Парижи 1934 гъэм щегъэжьауэ 1939 гъэм нэсыху къыщыдэкIащ. ИщхьэкIэ къэдгъэлъэгъуа къэралхэм къыщынэмыщIауэ (я бжыгъэкIэ нэхъ мащIэу) адыгэ хэхэсхэр Голландиеми, Британие Инми, Франциеми, Испаниеми, н. къэралхэми щопсэу. 1980 гъэм Амстердам къыщызэрагъэпэщащ псапащIэ обществэр (зэгухьэ). Абдеж шэрджэсыбзэм здыхурагъаджэ курс къыщызэIуахащ, адыгэ къафэмкIэ ансамбль къызэрагъэпэщащ. Къапщтэмэ, адыгэ хэхэсхэм яхузэфIэкIащ я щэнхабзэм иIэ щытыкIэ хэхар яхъумэжын [Кушхабиев 2007: 229-231]. Хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэм (шэрджэсхэм) я бзэр джа зэрыхъуар Хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэм я бзэм хэкум зэрикIыжрэ блэкIа зэманым и кIуэцIкIэ зэхъуэкIыныгъэшхуэ игъуэтащ. Ди нобэм ирихьэлIэу бзэщIэ-ныгъэлIхэм Тыркум, Сирием, Иорданием щыпсэу адыгэхэм я бзэм иIэ щхьэхуэ-ныгъэхэм теухуауэ лэжьыгъэшхуэ ирагъэкIуэкIащ, абы кърикIуахэр щIэныгъэ лэжьыгъэхэу къыдагъэкIащ. Апхуэдэу щытми, хамэ къэрал щыпсэу ди бзэгъух-эм я бзэр лъэныкъуэ псомкIи иджыри джа хъуакъым, ноби ар адыгэ бзэщIэ-ныгъэм и зы къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ. Диаспорэм щыпсэу къэбэрдей адыгэхэм я бзэр къэбэрдей-шэрджэс литера-турэбзэм фIыуэ къыщхьэщокI фонетикэ и лъэныкъуэкIэ. Нэхъыбэу ар наIуэ щохъу фонетикэ зэхъуэкIыныгъэхэм (макъ зэгъусэхэмрэ макъзешэ зэблэхъуныгъэхэмрэ) дакIэлъыплъмэ. Грамматикэ и лъэныкъуэкIи хэхэсхэм я бзэр литературэбзэм техуэркъым, псом хуэмыдэу зэмыщхьыныгъэр къыхощ лексикэм: псалъэ куэдым нэгъуэщI мыхьэнэ яIэ хъуащ, е къарыкI мыхьэнэкIэ зэщхьэщокI. Тыркум, Сирием, Иорданием, н. къэралхэм щыпсэу адыгэхэм я бзэм къыщокIуэ псалъэ, жыIэгъуэ куэд хэкурысхэм къамыгъэсэбэпыххэу е щIыпIэбзэ, псэлъэкIэ гуэрым зэзэмызэ фIэкIа дыщримыхьэлIэу. Жорж Дюмезилрэ Катрин Парирэ щIыпIэбзэхэр зэрадж материал зэхуа-хьэсахэр лъабжьэ хуэхъуащ адыгэбзэхэм я фонетикэм иIэ щхьэхуэныгъэхэр зэзыгъапщэ тхыдэ Iэмалхэр къэгъэсэбэпурэ къэхутэнымкIэ. Хэхэсым щыпсэу адыгэхэм я бзэр джынымкIэ щIыпIэ хэха щаубыд нобэкIэ кIуэдыжа убыхыбзэр Тырку щIыналъэм къызэрыщызэтенам тетхыхьа, абы елэжьа Дюмезиль Ж. и лэжьыгъэхэм. Абы адыгеибзэми къэбэрдеибзэми къыхегъэкI макъзешэ зэпышахэм я пIэкIэ макъзешитI зэхэлъхэр е макъзешэ кIэщIхэр: зэгъапщэ уеzэrэу (йэзырый), аdreyhem (аdрэйhэм), zэrэу (зырый) [Dumézil 1965]. Дюмезиль къухьэпIэ-кавказыбзэхэм я щхьэхуэныгъэхэр иригъэпщащ адрей къухьэпIэ-кавказыбзэхэми. Псалъэм папщIэ, убых. гьа лъабжьэм хуокIуэ приватив лъаб-жьэужь убыхыбзэм хэта шьагьа-р «акъылъыншэ, делэ», адыгей (шапс.), къэб. бзагьэ/бзаджэ, абхаз. хъага, абаз. къага «зи акъыл имытыж» [Dumézil 1975: 34]. Катрин Пари бзэщIэныгъэм теухуауэ иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм фоне-тикэм ехьэлIа упщIэхэм, адыгэбзэхэмрэ абыхэм я щIыпIэбзэхэмрэ зэрызэпэщIэтыр къэхутэным нэгъуэщIынэкIэ урегъэплъ. Зеннун (Тыркум хыхьэ къалэ) и беслъэней псэлъэкIэм макъзешэ зэпышахэм я пIэкIэ текъузэ техуэми темы хуэми къыхигъэкIыр макъзешитI зэхэлъщ е къызытекIа макъзешэ кIэщIхэрщ. Псалъэм папщIэ, yen (йэн) – (ин), teyλhan (тэилъхьан) [Paris 1974: 64]. Анатолэ щIыпIэм щыпсэу адыгэхэм я бзэр щиджым, Катрин Пари гулъытэ лей хуищIащ фонетикэ и лъэныкъуэкIэ абы иIэ щхьэхуэныгъэхэм. Абы зэригъэпщащ адыгэбзэр, убыхыбзэр, абхъазыбзэр икIи къыхигъэщащ а бзэхэм къыщыкIуэ фонемэхэр зэрызэтехуэр, ауэ къарыкI мыхьэнэкIэрэ, ягъэзащIэ къалэнхэмкIэ ахэр щIыпIэбзэхэм зэрыщызэтемыхуэр. Катрин Пари зэригъапщэ бзэхэм фонетикэ и лъэныкъуэкIэ яIэ зэщхьэщыкIыныгъэхэр лъырым къыщехь: нэщэнэ бзэ Лъылъылъ ныкъуэхэр бзэгубгъу-дзэбгъу укъуэдияхэр IупщIэIуш макъхэр Тэмакъыщхьэ макъзешэхэр Адыгэбзэ Убыхыбзэ Абхъазыбзэ х х - Х х - - х х - х х Лъырым ипкъ иткIэ, убыхыбзэр и щытыкIэкIэ, къыщыкIуэ макъхэмкIэ ады-гэбзэмрэ абхъазыбзэмрэ я зэхуакум дэтщ [Paris 1974: 42–43]. Катрин Пари анатолэ псэлъэкIэм тэмакъыщхьэ преруптивхэр къыхигъэкIыркъым. Абы къызэрилъытэмкIэ, шапсыгъ щIыпIэбзэм къыщыкIуэ тэмакъыщхьэ макъ зэхуэщIахэр беслъэней щIыпIэбзэми къэбэрдей-шэрджэс ли-тературэбзэми хэтщ [Кумахов 1981: 111]. Зеннун къуажэм щыпсэухэм я бзэм хэт лъылъылъ макъ дэкIуашэ зэхэтхэр щабэрэ пхъашэу игуэшыркъым, къыхигъэкIыр макъ дэкIуашэ зэхэт щабэ дж-м и закъуэщ (джэн –жэн, джэйын – жеин, бджэ – бжэ, джый – жыг). Зи гугъу тщIы псэлъэкIэм адыгэзэдаибзэм къыщыкIуэ ж>жь хуокIуэ: йыўыжькIьэ – иужькIэ, губжь; ш>шь хуокIуэ: Iуышь – Iущ, ауэ шъэ – щэ [Paris 1974]. Диаспорэм щыпсэу адыгэхэм я бзэр джынымкIэ лэжьыгъэшхуэ иригъэкIуэкIащ Къумахуэ Мухьэдин. Абы къызэрилъытэмкIэ, бзэм иIэ щытыкIэр къызэрыпхутэфыну Iэмал нэхъыщхьэр – ар псэлъэкIэ, щIыпIэбзэ щыIэхэм я тхыдэм уриплъэжкIэрэщ [Кумахов 1981: 30]. Зеннун къуажэм и аннатолэ псэлъэкIэм Къумахуэм къыхегъэкI адыгеибзэм зэзэмызэ фIэкIа къыщымыхъу зэхъуэкIыныгъэр – ар бзэгуку IупщIэIуш макъ дэкIуашэ укъуэдия ху-р тэмакъыщIэ IупщIэIуш макъ дэкIуашэ укъуэдия hy-м хуэкIуэнырщ. Щапхъэхэр, hyын (<хуын), нэhу (<нэху), hуы (<хуы), маhуэ (<ма-хуэ), hуэкIуа – (<хуэкIуа-), шъхьhуапсалъэ (<шъхьахуэпсалъэ), hуэдэ (<хуэдэ), йэцIыhу (<йэцIыху). Зеннун псэлъэкIэм IупщIэIумыш бзэгуку макъ дэкIуашэ укъуэдияр тэмакъыщIэ макъ дэкIуашэ h-м щыхуокIуэ: ўынэhэр < ўынэхэр; ху > hу – ўынэшhуэ < ўынэшхуэ [Кумахов 1981: 206–207]. Тау Хьэзешэ и лэжьыгъэхэм щытетхыхьащ Тыркум, Сирием, Иорданием, Америкэм щыпсэу адыгэхэм я бзэм иIэ щхьэхуэныгъэхэм икIи къыхигъэщащ а проблемэр икIэм нэсу джа зэрымыхъуар. ЩIэныгъэлIым етх, хамэ къэрыл щып-сэу адыгэхэм я бзэм щыпсэу къэралыбзэм имызакъуэу адыгэбзэ щIыпIэбзэхэмрэ псэлъэкIэхэмри яжь къызэрыщIихур. Аращ къызыхэкIар хэхэс адыгэхэм я бзэмрэ литературэбзэмрэ фонетикэ, лексикэ, грамматикэ и лъэныкъуэкIэ зэщхьэщыкIыныгъэшхуэ яIэнри. ЩIэныгъэлIым диаспорэм щыпсэу адыгэхэм, адыгэзэдаибзэм къыща-гъэсэбэпу щытахэу, я бзэм жьы хъуа псалъэ куэд къыхегъэкI, абы къыдэкIуэуи псалъэщIэ куэди я бзэм къызэрыщыкIуэр къыжеIэ. Хамэ къэрал щыпсэу ады-гэхэм я бзэм къыщокIуэ зи мыхьэнэм зихъуэжа псалъэ щхьэхуэхэр. Псалъэм папщIэ, гу «машинэ» мыхьэнэ иIэу: гузехуэ «шофер», гум исын «машинэм исын». Щапхъэхэр: диаспорэм щхьэ Iыгъыжын – къэб.-шэрдж. щхьэ иIыжын; телефон Iухын – телефон еуэн; нэщI убыдын – нэщI Iыгъын, лагъэ – тепщэч, н. [Таов 1997: 88–87]. Хэхэс адыгэхэм я бзэм и гъэщIэгъуэнагъхэм Темыр Р.Хь. щытетхыхьащ и щIэныгъэ лэжьыгъэхэм. Абы къыхегъэкI мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр: – хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэм я бзэм къыхэнащ бзэгу лъэдакъэ макъ дэк-Iуашэ щабэ гь, кь, кIь. НобэкIэ а макъ дэкIуашэхэр хэкурысхэм я бзэм лъылъылъ макъ дэкIуашэ дж, ч, чI (кI)-м щыхуэкIуащ. Псалъэм папщIэ, шэгьагъуэ – шэджагъуэ, зекIьэ – зечIэ/зэкIэ. Бзэгу лъэдакъэ макъ дэкIуашэ щабэ гь, кь, кIь-хэр адыгэ нэхъыжьхэм я бзэми къыхэнащ; – тэмакъыщIэ макъ дэкIуашэ укъуэдия h-р макъ дэкIуашэ дэгу укъуэдия х-м и пIэкIэ къэгъэсэбэпыныр. h//х хуокIуэ цIэхэмрэ лэжьыгъэцIэхэмрэ куэд бжыгъэ къэзыгъэлъагъуэ лъабжьэужьу къыщыкIуэм деж: адыгэhэр – адыгэхэр, бейhэс – бейхэщ; – макъ дэкIуашэ дэгу укъуэдия х-м и пIэкIэ цIэхэмрэ лэжьыгъэцIэхэмрэ я лъабжьэм макъ дэкIуашэ укъуэдия щабэ х’ къапсэлъ хэхэс адыгэхэм: шх’ын – шхын; – тэмакъыщIэ макъ дэкIуашэ I-р тэмакъыщхьэ макъ дэкIуашэ къ-м и пIэкIэ къапсэлъ щымыIэныгъэ къызэрыкI лъабжьэужь –къым е зэрыщIэупщIэ лъаб-жьэгъусэ къэ-м и къалэныр игъэзащIэу къыщыкIуэм деж. Щапхъэхэр, сиIэIым – сиIэкъым, пцIыхуIэ – пцIыхукъэ? – хэхэс адыгэхэм я бзэм нэхъыбэм щIэфие макъ дэкIуашэ –с-р щIэфие-лъылъылъ макъ дэкIуашэ щ-м и пIэкIэ къыщапсэлъ лэжьыгъэцIэр арэзыныгъэ щытыкIэм щитым деж: арас – аращ, лъапIэс – лъапIэщ [Темирова 1993: 370]. Моникэ Хёлиг Тыркум щыпсэу адыгэ диаспорэм и абазэхэ щIыпIэбзэр иджащ. Ар и лэжьыгъэхэм щытотхыхь Гёксун къалэм и хъуреягъкIэ къетIысэкIауэ псо абазэхэ къуажищым я бзэмрэ Урысей Федерацэм и Адыгей Республикэм хыхьэ Хьэкурынэхьэблэ къуажэм щыпсэу абазэхэхэм я бзэмрэ зэрызэщхьэщыкIым [Хёлиг 1993]. Хёлиг къыхегъэщ фонетикэ, морфологие и лъэныкъуэкIэ зэтемыхуэ-ныгъэхэр. Псалъэм папщIэ, фонетикэ и лъэныкъуэкIэ, япэрауэ, фонемэ кI-р ш-м е с-м и ужькIэ къэпсэлъыныгъэ: «шкIэ, зыгъэпскIын. ЕтIуанэу, макъ дэкIуашэ зэхэтхэм я системэмкIэ зэщхьэщокI: а) лъэгуанджъ – лъэгунж, мачъэ – машэ (мажэ), пчъэ – пшэ (бжэ); б) дж <жь: Баджэ – бажьэ (бажэ), лъэмыдж – лъэмыжь (лъэмыж); в) ч < шь: чыжьэ – шьыжьэ (жыжьэ), пчыхьэ – пшьыхьэ (пщыхьэщхьэ); г) лъылъылъ макъ дэкIуашэ зэхэт чIь («кI»)-р лъылъылъ макъ дэкIуашэ щабэ пIытIа укъуэдия шIь-м, е Iь, чIь, шIь-хэм: чIьымаф – шIьымаф (щIымахуэ), чIьалэ – Iьялэ (щIалэ). Диаспорэм щыпсэу абазэхэм я бзэм макъзешэ кIэщIу 3 къыхегъэкI: э, ы, а. Ахэр псалъэм къыщыкIуэ щIыпIэ елъытауэ литературэбзэм щытемыхуэхэм ща-пхъэхэмкIэ нэрылъагъу ищIащ. Псалъэм папщIэ, ы < э: лит. егъэхьэзырые – абаз. щIыпI. гъэхьэзэры; макъзешэ кIэщI э-р макъзешэ зэпыша а-кIэ хъуэжа мэхъу: адыг. лит. Iэхъуамб – абазэб. щIыпI. Iахъуамб, хьэ – хьа; тэмакъыщIэ макъ дэкIуашэ щабэм я пэкIэ къыщыкIуэм деж э < е, ы < и хуэкIуэныгъэ. Псалъэм папщIэ, зэгъапщэ адыг. лит. хьачIьэ – абазэх. щIыпI. хьаIье (хьэщIэ), мачIьэ – маIье (мащIэ), тIочIьы – тIоIьи (тIощI), лъэчIьын – лъэIьин (лъэкIын) [Хелиг 1993: 360]. Моникэ Хёлиг абазэхэ щIыпIэбзэр щиджам къыхигъэкIащ морфологие щхьэхуэныгъэхэри. Псалъэм папщIэ, зэгъапщэ литературэбзэм зыхъуэж псалъэзешэр къыщохъу зыгъэлъагъуэ цIэпапщIэ а, мы, мо-хэм лъабжьэгъусэ –шь япыувэкIэрэ: ашь, мышь, мошь-хэр къэхъуныгъэ. Абазэхэ щIыпIэбзэм пыувэр лъабжьэгъусэ –й-щ: ай, мый, мой. Литературэбзэм е 3-нэ щхьэм и щхьэ лъабжьэгъусэ «ы», «а» -хэм я пIэкIэ тыркум щыпсэу абазэхэ щIыпIэбзэм къыщапсэлъ «йа», «йы»: йы –шагъ, йа- Iуагъ. Тыркум щыпсэу абазэхэхэм я бзэм еигъэ лъабжьэпэхэр къыгуэхыпIэ зи-мыIэрэ къыгуэпх хъууэ щызэхэгъэкIакъым. Псалъэм папщIэ, си-шхьа, уи-гу, и-Iа. Тыркум щыпсэу абазэхэхэм я жьабзэм къыщагъэсэбэп псалъэухахэр, Хьэкурынэхьэблэ щыпсэу абазэхэхэм къамыпсэлъу. Щапхъэхэр: хьэку. абаззэх. Сщья пцIэр? – тырку абазэх. УицIэ сыд?; Сыдэ ушьта? – Сыдэ ушьыт? [Хёлиг 1993: 363] Чемсо Г.К. и статья «Некоторые этнокультурные особенности адыгов, проживающих в Израиле» [Чемсо 1993] жыхуиIэм зэпэзыгъэув анализ ирегъэкIуэкI хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэмрэ хэкум щыпсэухэмрэ я бзэм ехьэлIауэ. Абы и къэхутэныгъэм къызэрыхэщымкIэ, Кфар-Камэ щыпсэу ады-гэхэм я нэхъыбэм бзищ ящIэ: адыгей, хьэрып, журт, языныкъуэхэр инджы-лыбзэкIи мэпсэлъэф. Кфар-Камэ щыпсэухэм я нэхъыбэр адыгеибзэм хуэIэкIуэлъакIуэу ироп-салъэ. Я ныбжьым емылъытауэ фIэхъус-сэламыр зэрызэрахыр хьэрып псалъэ «мэрхьэбэ»-щ, «сэлам алейкум» жызыIэ закъуэтIакъуи яхэтщ. Нэхъыжьхэм хьэрып бжыгъэхэр къагъэсэбэп, щIалэгъуалэр зэрыбжэр европэм къыща-гъэсэбэп бжыгъэхэрщ. Кфар-Камэ щыпсэухэр шапсыгъ щIыпIэбзэрщ зэрып-салъэр, ауэ езым и щхьэхуэныгъэхэр иIэжщ, абы ипкъ иткIэ псэлъэкIэ щхьэхуэу къыхагъэкI. Фонетикэ щхьэхуэныгъэхэм щыщу къегъэлъагъуэ жьыпэу зэхуэщIа макъ дэкIуашэ nh, th, цh-хэр, бзэгу лъэдакъэ макъ дэкIуашэ kh’, kh’y, хчh, хъhу-хэр; щырыщу гъусэ зэхуэхъу макъ дэкIуашэ укъуэдияхэм я системэ – з, с, сI макъ зэгъусэ «псчъ», «пскъ» -хэм я пIэкIэ «nkh’», «nkI’»-хэр къапсэлъ. ГъэщIэгъуэнщ, Кфар-Камэ щыпсэухэм я бзэми, адрей диаспорэ адыгэхэми къы-тезыгъэзэж мыхъуныгъэ псалъэкIапэ нэ(и) – нэ(и) я бзэм къызэрыщыкIуэр. Ады-гэ литературэбзэхэми, псэлъэкIэхэми, щIыпIэбзэхэми зи гугъу тщIа къыте-зыгъэзэж мыхъуныгъэ псалъэкIапэр хэткъым. Псалъэм папщIэ, «Нэ(и) рэчыерэ, нэ(и) цIыфхэр ыгъэчыерэ» (Е езыр мыжей, е адрейхэри имыгъэжей). Кфар-Камэ щыпсэухэм, псом хуэмыдэу щIалэгъуалэм, я бзэм къыщокIуэ псалъэпэ «ма(мэ)-»-р, ар адыгэ щIыпIэбзэ псоми ит зэманым ит лэжьыгъэцIэхэм щаIэ лъабжьэгъусэрщ. Шапсыгъ щIыпIэбзэм фIэкIа къыщымыкIуэ псалъэпэ «рэ-»-мрэ Кфар-Камэ псэлъэкIэм къыщыкIуэ лъабжьэпэ «ма(мэ)-»-рэ лъабжьэпэ-зэмыхьэнэгъу зэхуохъу, нэгъуэщIу жыпIэмэ, къарыкI мыхьэнэкIэ зэхуэдэ дыдэщ. Псалъэм папщIэ, рэкIуагъэ – мэкIуагъэ, рэеIэт – мэкIот. Кфар-Камэ псалъэкIэм къагъэсэбэпыр тIощIырыбжэщ: «тIокIырэ пщIырэ», «тIокIитIурэ пщIырэ». Израилым щыпсэу адыгэхэмрэ кавказым щыпсэу адыгэхэмрэ щыпсалъэкIэ къагъэсэбэп лексикэм зэтехуэу куэд хэтщ. Адыгей литературэбзэми кавказ-шапсыгъ щIыпIэбзэми къыщымыкIуэу Израилым щыпсэухэм я бзэм къыхэнащ езы адыгэбзэм и псалъэ гуп, макъ зэгъусэхэмкIэ къэIуэтауэ. Псалъэм папщIэ: адыгэзэдаибзэ «псын» (къепсын) къапсэлъ «цIэтхэн», «пкIау» (пкIауэ) – «цIы-рау». Тыркум щыпсэухэм я бзэм щыпIэшхуэ щеубыд КъуэкIыпIэ Гъунэгъум Iэпхъуэжа нэужь къащта псалъэхэм. Нэхъыбэу ар благъагъэм ехьэлIахэрщ: амти (адэшыпхъу), хъалти (анэшыпхъу), ами (адэкъуэш), хъали (анэм и дэлъху), баб (адэ), бэбаб (дадэ). Языныкъуэ псалъэ къыхыхьахэм адыгеибзэм и псалъэ къызэрыхъу лъабжьэужьхэр пагъэувэурэ къэхъуащ. Псалъэм папщIэ, «бэбэ, бэбэ-жь» – анэм и адэ (хэкурысхэм «тэтэжь» е «тат» къапсэлъ) [Чем-со 1993: 289–291]. 1994 гъэм Тыркум, Сирием, Иорданием экспедицэ щыIа БищIо Б.Ч. и ста-тья «Сирием, Иорданием, Тыркум щыпсэу къэбэрдей-шэрджэсхэм я бзэр» зыфIищам щетхыж зэман кIыхькIэ хамэ къэрал щызэрахьа къэбэрдей-шэрджэсыбзэм зэхъуэкIыныгъэшхуэ зэригъуэтар. Абы къызэрилъытэмкIэ, псэупIэ яхуэхъуа щIыпIэм исхэм я бзэм ижь къыщIихуныгъэм, адыгэбзэхэм я щIыпIэбзэхэмрэ псэлъэкIэхэмрэ яIэ щхьэхуэныгъэхэр зэхыхьэным къыхэкIащ хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэм я бзэм игъуэта зэхъуэкIыныгъэхэр. Псом хуэмыдэу щхьэхуэныгъэхэр къыздыхигъэкIыр фонетикэмрэ лексикэмрэщ [Бижоев 2000]. Фонетикэ и лъэныкъуэкIэ щIэныгъэлIым къыхегъэкI макъзешэ, макъ дэ-кIуашэ макъхъуэжхэр: э:ы: диIыр – диIэр, а:э: Iуоху – Iуэху; а:я: апэм – япэм; с:щ: щытас – щытащ, н. Фонетикэ зэхъуэкIыныгъэ зэхуэмыдэхэри къыхегъэщ щIэныгъэлIым и лэжьыгъэм. Псалъэм папщIэ: макъхъуэж «субституцэ»: р:з: зэрар – зэран; зэблэувыкIыныгъэ (метатезэ): гув – выгу; пыхъуэ (наращение): бжьантIэ – жьантIэ; ассимиляцэ, н.ж. ещхь хъуныгъэ зысIас – жысIащ; макъ гупыр гъэкIэщIын: иукIэ – иужькIэ. БищIо Борис хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэм я лексикэр щиджым, псом япэ къыхигъэщащ хьэрыпыбзэм, тыркубзэм къыхэкIа лексикэ къатышхуэ абы зэры-хэтыр. Щапхъэхэр: зейтун «оливки, ахъуэ», шэхьрие «тхьэв зэпыгъэлъэлъа», сэмэн – хьэуазэ; чеудар – хьэпцIий; н. Хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэм я бзэм морфологие и лъэныкъуэкIи щхьэхуэныгъэхэр къыхегъэкI. Псом хуэмыдэу ар къыщыхощ цIэпапщIэхэм, бжыгъэцIэхэм, лэжьыгъэцIэхэм, Iэдэж псалъэхэм: Хэтыр гъуэгум щаусауэ, е хэтыри мыбы къитIысхьэжа иужь мыбы щаусауэ, апхуэдэ уэрэд зытIущи. Куэдрэ диаспорэм я бзэм лэжьыгъэцIэм блэкIа гъэкIэщIа зэман гъэпсыкIэр мыпхуэдэу къапсэлъ: къутэр абыми – къутэщ абыми, дэувхэр абыми – дэувхэщ абыми. Мыхьэнэ хэха иIэу куэдрэ хэхэс адыгэхэм къэбэрдей-шэрджэс литера-турэбзэм къыщагъэсэбэп превербхэм я пIэкIэ нэгъуэщI превербхэр къыщапсэлъ: МахуитI-щы тегъэкIын (тегъэкIын – дэгъэкIын); зыфIэигъуэр – щIыфIэигъуэр. Хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэм езы бзэм и псалъэ ауэ-м и пIэкIэ хьэры-пыбзэм къыхэкIа псалъэзэпыщIэ Iэмэ къапсэлъ: Уэлэхьи, псори псос, Iэмэ, ады-гэхьэр мыпхуэдэу имыкъухьауэ зэхэсыжам, нэхъыфIтэм. Бэлыхь хэту псэуа адыгэр, Iэмэ я щхьэ яхъумэжыфас. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, тыркубзэм къыхэкIа псалъэзэпыщIэ къытезыгъэзэж не…не псалъэухам щигъэзащIэ къалэнкIи и мыхьэнэкIи урысыбзэм хэт псалъэзэпыщIэ ни…ни-м похъур: Нэ гъэпщкIуауэ, нэ щэхуу, нэ и шыпхъуу, нэ и къуэшу, нэ я хьэблэу джэгум [зыри] къакIуэркъым. КъызэщIэткъуэжмэ, бзэм и зыужьыныгъэм лъэпощхьэпо къыхуэхъу куэд щыIами, Хэкум пэжыжьэми, хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэр хущIэкъуащ я бзэр, я хабзэр яхъумэн, абы ипкъ иткIэ къызэрагъэпэщащ зэгухьэныгъэхэр, организа-цэхэр. НобэкIэ нэхъыбэу бзэр зыщIэжыр зи ныбжь хэкIуэтахэрщ, щIалэгъуалэхэм бзэр зыщIэр, шэрыуэу къэзыгъэсэбэпыр мащIэ дадэщ. Къыхэгъэщыпхъэщ, нобэрей зэманым бзэр зэрыпхуэхъумэн, щыгъуазэ зэрызыхуэпщIын, зэрызэбгъэщIэн IэмалыщIэхэр диIэ зэрыхъуар. Дыкъэзыухъурейхь дунейм зэрызиужьам, цIыхубэ информацэм и Iэмалхэр нэхъыбэ зэрыхъуам, интернетым и зэфIэкIым бзэм и щыIэныгъэр, хъумэныр нэхъ тынш зэрищIам я фIыгъэкIэ дуней псом щикъухьа адыгэхэр зэрогъуэтыф, зэрощIэф. Абы къыщынэмыщIауэ, адыгэбзэм хуезыгъаджэ курсхэр (псалъэм папщIэ, «ТелеStudio», адыгэбзэмрэ балъкъэрыбзэмрэ хуезыгъаджэ урокхэр) ин-тернетым щагъуэт хъуащ. Апхуэдэ проектхэр сэбэп яхуохъу адыгэбзэм щы-гъуазэ зызыщIыну е и бзэр езыгъэфIэкIуэну хуейхэм. Адыгэхэр щыпсэу хамэ къэралхэм имызакъуэу, хэкужьми, адыгэбзэр хъума зэрыхъуну бзэщIыб Iуэхугъуэ (экстралингвистический фактор) нэхъыщхьэ дыдэу щытыр унагъуэрщ, сабий садырщ, еджапIэхэрщ – ахэм псоми къалэн хэха ягъэзащIэ, бзэр хъумэнымкIэ, щIэблэщIэ къыдэкIуэтейм анэдэлъхубзэр яIурылъу къэгъэхъунымкIэ. Къэдгъэсэбэпа фIэщыгъэцIэхэр IупщIэIумыш – нелабиализованный; IупщIэIуш макъхэр – лабиализованные; Iэдэж псалъэ – служебные слова; бзэщIыб Iуэхугъуэхэр – экстралингвистические факторы; жьыпэу зэхуэщIа макъ дэкIуашэ – придыхательные согласные; лъабжьэгъусэ – аффикс; лъабжьэпэ – префикс; лъабжьэужь – суффикс; лъылъылъ макъ дэкIуашэ зэхэтхэр – шипящие аффрикаты; лъылъылъ ныкъуэхэр – полушипящие; лъыр – таблица; лэжьыгъэцIэ – глагол; макъзешэ зэпыша – долгие гласные; макъхъуэж – субституция; псалъэзэпыщIэ къытезыгъэзэж – повторяющиеся союзы; псэлъэкIэ – говор; текъузэ – ударение; тхыпкъ – буква; тхыпкъылъэ – алфавит; фIэщыгъэцIэ – термин; щIыпIэбзэ – диалект; щIэфие макъ дэкIуашэ – свистящие согласные [Бижоев 2022].About the authors
Marita M. Abazova
The Institute for the Humanities Research – Affiliated Kabardian-Balkarian Sci-entific Center of the Russian Academy of Sciences
Email: marita.abazova@yandex.ru
ORCID iD: 0000-0002-7701-1133
References
- Dumézil 1965 – Dume՛zil G. Documents anatoliens sur les langues les du Caucase III. PARIS INSTUT D’ETHNOLOGIE muse′e de l’homme, pa lais de chaillot, PLACE DU TROCADE′RO. – Paris: Librairie A. Maisonneuve, 1965. – 269 p.
- Dumézil 1975 – Dume՛zil G. Le verbe oubykh: etudes descriptives et comparatives. – Paris: Imprimerie Nationale et Librairie C. Klincksieck, 1975. – 215 р.
- Paris 1974 – Paris C. Systeme phonologique et phonomenes phonétiques dans le parler Besney de Zennun kőyu (Tcherkesse oriental). Collection linguis-tique publie par la socie te de Linguistique de Paris LXIX. – Paris: Société d’Études Linguistiques et Anthropologiques de France, 1974. – 248 p.
- Абазова 2014 – Абазова М.М. Речь кабардино-черкесской диаспоры в Турции. – Наль-чик: Издательский отдел КБИГИ, 2014. – 160 с.
- Бижоев 2000 – Бижоев Б.Ч. Речь кабардино-черкесской диаспоры в Сирии, Иордании, Турции // Адыгская и карачаево-балкарская зарубежная диаспора: история и культура. – Нальчик: Эль-фа, 2000. – 272 с.
- Бижоев 2022 – Бижоев Б.Ч. Русско-кабардино-черкесский и кабардино-черкесско-русский словари лингвистических терминов. – Нальчик: Принт-Центр, 2022. – 172 с.
- КЧЯ. Т. I. 2006 – Кабардино-черкесский язык. Создание письменности, фонетика и фо-нология, морфология, синтаксис. – Т. I. – Нальчик: Эль-фа, 2006. – 547 с.
- Кумахов 1981 – Кумахов М.А. Сравнительно-историческая фонетика адыгских (черкес-ских) языков. – М.: Наука, 1981. – 288 с.
- Кушхабиев 2007 – Кушхабиев А.В. Очерки истории зарубежной черкесской диаспоры. – Нальчик: Эль-фа, 2007. – 318 с.
- Мухсин Сибаши 1986 – Мухсин Субаши. Прошлое и настоящее Кайсери. – Кайсери: изд-во «ОрнекКитабеви», 1986. – 250 с.
- Рогава, Керашева 1966 – Рогава Г.В., Керашева З.И. Грамматика адыгейского языка. – Майкоп: Красн. кн. изд-во, 1966. – 463 с.
- Таов 1997 – Таов Х.Т. Проблемы кабардино-черкесской диалектологии. – Нальчик: Ро-тапринт КБГУ, 1997. – 132 с.
- Темирова 1993 – Темирова Р.Х. Язык черкесов (адыгов) Карачаево-Черкесии в контек-сте языка этноса // Культурная диаспора народов Кавказа: генезис, проблемы изучения (по материалам международной научной конференции. 14-19 окт. 1991г., Черкесск). – Чер-кесск: Карачаево-Черкесский НИИ истории, филологии и экономики, 1993. – С. 367-373.
- Хёлиг 1993 – Хелиг М. Абадзехский диалект черкесской диаспоры в Турции // Куль-турная диаспора народов Кавказа: генезис, проблемы изучения (по материалам междуна-родной научной конференции. 14-19 окт. 1991г., Черкесск). – Черкесск: Карачаево-Черкесский НИИ истории, филологии и экономики, 1993. – С. 358-366.
- ЦIагъуэ 1928 – ЦIагъуэ Н. Адыгэ тхыбзэм и тхыдэ // Опыт работы культурно-просветительских учреждений КБАО, сб. №2, Нальчик, 1928, стр. 41.
- Чемсо 1993 – Чемсо Г.К. Некоторые этнокультурные особенности адыгов, проживаю-щих в Израиле // Культурная диаспора народов Кавказа: генезис, проблемы изучения (по ма-териалам международной научной конференции. 14-19 окт. 1991 г., Черкесск). – Черкесск: Карачаево-Черкесский НИИ истории, филологии и экономики, 1993. – С. 280-292.
Supplementary files
