Main plots and motives of the cycle about the Eshanoko brothers

Cover Page

Cite item

Full Text

Abstract

Songs and legends dedicated to the Eshanoko brothers are one of the most artistically perfect and popular works of oral folk art among the Circassians. Evidence of this is the high frequency of their recording in records and publications, the wide geography of their existence, the diversity and richness of their plot composition. Researchers of the Adyge folklore focused on individual motifs and plots of the cycle under consideration. However, until now there are no special works devoted to a detailed description of the entire plot-motive fund of the cycle about the Eshanoko, which is the reason for our appeal to the designated topic. This study gives, as far as possible, a complete analytical description of the plot and the main motives of the songs and legends included in the named cycle, in connection with which special attention is paid to determining the main plots and motives according to the international indicators (AT, SUS, etc.), established features of the genesis, evolution and transformation of the main plot-forming elements. Because of the study of materials, it is concluded that, as in the Nart epos, folklore universals stand out in the cycle about the Eshanoko brothers, which are the motives and plots about the marriage of the father of the heroes, about their birth, heroic childhood, obtaining a horse, deeds and death. Many of them are like objectification to the elements of a heroic fairy tale. All this allows us to conclude that the cycle about the Eshanoko brothers was formed in close connection with the more ancient genres of the Adyge folklore, in particular, with the archaic Nart epic and heroic tales.

Full Text

Дызэрыщыгъуазэщи, къыщыунэхуа, щызэтеува лъэхъэнэ елъытауэ адыгэ лIыхъужь эпосыр лIэужьыгъуитIу зэщхьэщокIыр – пасэрей нарт эпосрэ абы къыкIэлъыкIуа тхыдэр зи лъабжьэ лIыхъужь эпосу. Нэщэнэ куэдхэмкIэ (мотивхэмкIэ, сюжет, образ къэгъэщIыкIэкIэ, художественнэ IэмалхэмкIэ, н.) мы-хэр зыкъомкIэ зэпэблагъэ пэтми, дэтхэнэ зыми щхьэхуэныгъэ зыбжанэ ябгъэдэлъщ. Пэжщ, зи гугъу тщIы эпос лIэужьыгъуитIри джыным теухуауэ щIэныгъэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ къэхутэныгъэ купщIафIэ куэд дунейм къытехьауэ щыIэхэщ, икIи, дауикI, щхьэж бгъэдэлъ нэщэнэхэр Iэзагъышхуэ хэлъу абыхэм щызэпкърыхащ. Абы къыхэкIкIэ, а псом иджыри зэ къыщIытедгъэзэжын щхьэусыгъуэ щыIэу къэтлъытэркъым, ауэ дызытепсэлъыхьыну Iуэхугъуэм дежкIэ мыхьэнэ зэриIэм къыхэкIыу, абыхэм ящыщ зым дыблэмыкIмэ нэхъ тфIэкъабылщ. Ар я зекIуэкIэрщ, я зэхэлъыкIэрщ. Мыбдежым зи гугъу тщIыр нарт эпосыр пшыналъэрэ хъыбару зэрызэхэлъырщ, абыхэм лIыхъужь къэс я гъащIэр зэрекIуэкIам теухуа циклхэр къызэрагъэхъурщ, абы щыгъуэми пшыналъэм къыщыIуэтам къемыпха сюжет зиIэ хъыбар зыбжанэ цикл къэскIэ къызэрызэщIиубыдэрщ. А псом къадэкIуэу гу зылъытапхъэращи, нарт пшыналъэхэм сюжет укъуэдия яIэщ, зытепсэлъыхьри, хъыбар ямыгъусэми, гурыIуэгъуэщ. Псалъэм папщIэ, Сосрыкъуэ и циклым нэхъыщхьэу хэтыр лIыхъужьым мафIэ къызэрихьамрэ ар ТIотIрэш зэрезэуамрэщ. ТIури хъыбарым и «дэIэпыкъуныгъэ» хуэмыныкъуэу ипэм къыщыщIэдзауэ иухыху зытепсэлъыхьыр белджылыщ. Абыхэм къепхыжащ Сосрыкъуэ къызэралъхуар, и сабиигъуэр, и джатэмрэ и шымрэ къызэригъуэтар, Уэрсэрыжь фызыжь цIыкIум зэрыхуэзар, Ерыхъшу, Щабэтныкъуэ сымэ гъусэ ищIу нартыпщым и пхъум лъыхъу зэрыхуэкIуар, бгъэм ихьа хъыджэбзыр къызэригъуэтыжар, шу бгъущIрэ бгъур зэриукIар, иныжьхэм зэрезэуар, езыр зэраукIар къэзыIуатэ сюжетхэр, нэгъуэщI куэдхэри [Нарты… 2012: 181-388]. А щытыкIэр ябгъэдэлъщ мыдрей нарт лIыхъужьхэм (Батрэз, Ашэмэз, Бэдынокъуэ, н.) я циклхэми. Абы хуэдэ-къым тхыдэр зи лъабжьэ лIыхъужь эпосыр. Мыри уэрэдрэ хъыбаррэ зэдэщIыгъуу къызэдогъуэгурыкIуэ, ауэ абыхэм нэхъыбэм цикл къагъэщIыркъым, уэрэд къэскIэ щIыгъур зы хъыбарщ (языныкъуэхэм – тIу), абыи къалэн щхьэхуэ егъэзащIэ: уэрэд къудейм уедаIуэкIэ, зытеухуар гурыIуэгъуэкъым, абы щIыгъу хъыбарыращ ар къыбгурызыгъаIуэр. Абы и щапхъэщ, псалъэм папщIэ, Нартыгу ехьэлIа IуэрыIуатэр. Мы лIыхъужьым и уэрэдри и хъыбарри къэIуэтэкIэкIэ зэмылIэужьыгъуэ зыбжанэу зэтепщIыкIауэ лъэпкъым зэрехьэ, ауэ псом дежи зэкIуэлIэжыр зы Iуэхугъуэщ – Нартыгу пщы залымыр зэриукIарщ. Уэрэдым хэт псалъэхэм а къэхъугъэм и лъэужь гуэрым дытрашэ пэтми, ар наIуэ къэзыщIыр хъыбарырщ. Абы къыхощ лIыхъужьыр апхуэдэ гъуэгу техьэныр къэзыша щхьэусыгъуэри, сыт хуэдэ щIыкIэкIэ Iуэхур илэ-жьами, хэт сымэ абы хэтами, н. [АИГИКБНЦРАН: папка № 21-р]. Аращи, тхыдэр зи лъабжьэ эпосыр сюжет и лъэныкъуэкIэ нарт эпосым ебэкI пэтми, нэхъыбэу зэрызекIуэращи, лIыхъужь къэс е къэхъугъэ гуэрым хухэхар зы уэрэдрэ зы хъыбаррэщ. Апхуэдэу щыт пэтми, пасэрей эпосым ихъума цикл къэгъэщIыкIэр тхыдэ эпосыр къызэрыунэхуу «напIэзыпIэм» дэкIуэдауэ пхужыIэнукъым, атIэ абы зэманыфI ихьауэ къыщIэкIынущ.

Япэм зытетауэ щыта цикл къэгъэщIыкIэм адыгэ эпосыр хуэмурэ къызэрыбгъэдэкIыр, нэгъуэщIу жыпIэмэ, зы лIыхъужьым сюжет зэмылIэужьыгъуэ куэд къепхауэ зэрыщымытыжыр хыболъагъуэ нарт эпосым и зыужьыныгъэр щыужьыхыж лъэхъэнэм. Абы и щапхъэ зыкъом хыхьащ «Нартхэр. Адыгэ эпос» тхылъым и еплIанэ Iыхьэм [Нарты… 2020]. Гу зылъытапхъэращи, языныкъуэхэм деж мыбыхэм зы лIыхъужьым тегъэпсыхьар е зы пшыналъэщ, е зы уэрэдщ; цикл щхьэхуэ къыщагъэщIращи, пасэрей циклхэм ябгъэдэлъа нэщэнэхэр нэгъэсауэ ядэплъагъужыркъым, сюжет зыбжанэу зэхыхьэми, нэхъыбэр псысэм зыщызужьахэрщ; мотивхэм, сюжетхэм, образхэм якIэрылъ щытыкIэ и лъэныкъуэкIэ жыпIэми, абыхэми нэхъыбэр нэхъ пасэу зэфIэува циклхэм къыIэпахауэ арщ. Псалъэм папщIэ, ТIотIрэш теухуауэ, Сосрыкъуэ зэрезэуам и гугъу умыщIмэ, ди деж къэсар пшыналъитIщ – «Дзэ гъэшынэ шу закъуэ», «ТIотIэрэш и бжыпэ дыкъуакъуэ» [Нарты… 2020: 60-70], абы щыгъуэми тIум я сюжетри нэхъ пасэу къэунэхуахэм ящыщщ: япэр Бэдынокъуэ и анэр чынтыдзэм зэрезэуам хуэдэ дыдэщ, етIуанэр – благъуэм езэуэнырщ. Ауэ, мы IуэрыIуатэхэкIхэм нэхъыбэр апхуэдэу щытми, мыбдежми ущрохьэлIэр пасэрей эпосым и хабзэм тету зэтеува цикл зыбжанэм. Абыхэм хэбгъэхьэ хъунущ, псалъэм папщIэ, сюжет куэду зэхэлъ Пагуэ и къуэ Тэтэрщауэ ехьэлIа циклыр, нэхъ кIасэу зэрызэфIэувам и нэщэнэ куэд абы дэплъагъуми. Мыбы къызэщIеубыдэ лIыхъужьыр дунейм къызэрытехьар, и сабиигъуэр, балигъыпIэ иувэу лIыгъэщIапIэ зэрихьэр, лIыхъужьыгъэ игъэхъар, дунейм зэрехыжар къэзыIуэтэж сюжетхэр, н. [Нарты… 2020: 127-187]. Мып-хуэдэ щытыкIэм ижь щIихуащ тхыдэр зи лъабжьэ лIыхъужь эпосми, икIи, псом хуэмыдэу, ар ядыдолъагъу нэхъапэу къэунэхуахэм. ЩIэныгъэлI куэдым гу зэрылъатащи, Андемыркъан ехьэлIа уэрэдымрэ хъыбархэмрэ цикл щхьэхуэ къагъэщI, пасэрей эпосым и жыпхъэм иту ухуащ: лIыхъужьым и дуней къытехьэкIэр, и сабиигъуэр зэрекIуэкIар, шыр къызэригъуэтыр, зэрихьа лIыхъужьыгъэр, зэраукIар къэзыIуатэ сюжетхэу зэхохьэ [Адыгские историко-героические… 2019].

Цикл щхьэхуэ къагъэхъу ЕщIэнокъуэ зэшхэм ехьэлIа уэрэдымрэ хъыбар-хэмрэ. Нарт эпосым и хабзэм тету, мыбыхэм ятеухуа IуэрыIуатэр сюжет и лъэныкъуэкIэ зэмыфэгъу куэду зэщхьэщокI, дэтхэнэри къэIуэтэкIэ зэмылIэужьыгъуэ куэду зэтепщIыкIыжу. Сюжетхэм къежьапIэ яхуэхъуам я гугъу пщIымэ, я лъабжьэхэр зэкIуэлIэжри зыуэ пхужыIэнукъым: языныкъуэхэр пасэрей эпосым къыбгъэдихащ, мыдрейхэр псысэхэм, псом хуэмыдэу лIыхъужь псысэм, къыIэпихащ, гъащIэм пэжу къыщыхъуа Iуэхугъуэм къигъэщIаи ущрохьэлIэ. А псор щхьэусыгъуэ хуэхъуащ циклыр мотивхэмкIэ, сюжетхэмкIэ къулей хъуныр.

Дызэрыщыгъуазэщи, тхыдэр зи лъабжьэ лIыхъужь эпосым щхьэхуэныгъэ бгъэдэлъхэм ящыщ зыщ гъащIэм пэж дыдэу къыщыхъуа, е къыщыхъункIэ хъунум ещхь Iуэхугъуэр къызэрыщыIуэтар. Абы и лъэныкъуэкIэ мыхьэнэшхуэ иIэу къыдолъытэ циклым увыпIэшхуэ щызыIыгъ «Бэхъшысэрей зекIуэм» («Къэбэрдейм цеипхъэжь джанэр зэрыщахыгъам») [Адыгский фольклор 1969: 108-110] и хъыбарым. Абы къызэриIуэтэжымкIэ, я лIыхъужьыгъэмрэ хахуагъ-кIэ а зекIуэм хэтыну яхуэфащэу къалъытат ЕщIэнокъуэ зэшитIри. Иужьрей зэманхэм къызэрахутамкIэ, Бахъшысэрей зекIуэр къызэзыгъэпэщауэ щытар Тэлъостэныпщырт, ар къыщыхъуари 1535 (1536) гъэм и гъатхэрт (гъэмахуэрт) [Кожев 2018: 52]. Зэрынэрылъагъущи, мис абыкIэ мы лIыхъужьхэм я цIэр гъащIэм и пэжым, тхыдэм епхащ. Ауэ, дызытепсэлъыхь IуэрыIуатэхэкIхэм къызэрагъэлъагъуэщи, мыбдежым щIыпIэшхуэ щаубыд псысэхэм зыужьыныгъэшхуэ щызыгъуэта мотив, сюжет куэдым. Апхуэдэхэщ телъыджагъэ хэлъу лIыхъужьыр дунейм къытехьэныр, занщIэу балигъыпIэ иувэныр, псэр Iэпкълъэпкъ щхьэхуэ гуэрым хэлъыныр е нэмыщI пкъыгъуэхэм – хьэпшып, къэкIыгъэ сыт хуэдэ зыгуэрым – щыгъэпщкIуауэ щытыныр, мэгъу зэфIэкI зиIэ персонаж гущIэгъуншэм пэуву ятекIуэныр, шым, Iэщэ-фащэм телъыджагъэ бгъэдэлъыныр, нэгъуэщI куэдхэри. Ауэ циклым мыхэр «къызэригъэIурыщIэ» щIыкIэм щхьэхуэныгъэ бгъэдэлъщ: гъащIэм и пэжымрэ къэгупсысамрэ зэхэухуэнащ. Абы и фIыщIэу къэплъытэ хъунущ мы лIыхъужьхэм ехьэлIа уэрэдымрэ хъыбархэмрэ ди IуэрыIуатэм и фIыпIэ щIэхъуар, ящымыгъупщэжу лIэщIыгъуэкIэрэ къызэрызекIуахэр. Гъут I.М. гу зэрылъитащи, лIыхъужь пажэр адрейхэм къащхьэщыкIын хуейщ зыми дэдмылъагъу нэщэнэхэмкIэ: къару егъэлея зэрыбгъэдэлъымкIэ, егъэлеяуэ псынщIэу зэрыхэхъуэмкIэ, иджыри сабийуэ (щIалэ дыдэу) адрейхэм зарефIэкI лIыгъэ къызэрылъыкъуэкIымкIэ, икIэм-икIэжращи, телъыджагъэ хэлъу дунейм къызэрытехьэмкIэ [Гутов 2009: 28]. ЩIэныгъэлIым и псалъэхэм къикIращи, мыпхуэдэ мотивхэм IуэрыIуатэм щагъэзащIэ къалэн нэхъыщхьэр лIыхъужьыр къыхэгъэбелджылыкIынырщ. ЕщIэнокъуэ зэшхэр – Уэзырмэсрэ Темыркъанрэ – ящыщщ лIыгъэрэ хахуагъкIэ нэхъ лъэрызехьэ дыдэу лъэпкъым къыхэкIахэм. Апхуэдэу щыщыткIи, зэрыжытIам хуэдэу, ахэри адрейхэм къащхьэщыкIын хуейщ, абы папщIэкIи циклым «зызэхуигъазэр» нэхъ пасэу къэунэхуа жанрхэм щызэтеува мотивхэрщ, сюжетхэрщ. Абы и щапхъэ гъуэзэджэщ, псалъэм папщIэ, бийм – КъуийцIыкIуокъуэ Дэгужь – и образым хэтлъагъуэ нэщэнэхэм лъабжьэ хуэхъуа мотивхэр.

Дызэрыщыгъуазэщи, нарт эпосми лIыхъужь псысэми бийр нэхъ шынагъуэу щытыхункIэ, лIыхъужьым и лIыгъэр, и зэфIэкIыр яIэту арщ: бийр мыхьэнэншэмэ, абы утекIуэным хахуагъэ гуэри хэлъкъым, ауэ ар апхуэдэкъым, атIэ, псалъэм папщIэ, щхьибл зыфIэт иныжь шынагъуэщ, мэгъу зэфIэкIрэ къару егъэлеярэ бгъэдэлъщ, и псэр и Iэпкълъэпкъым хэлъкъыми, текIуэгъуейщ, къызэрыгуэкI IэщэкIи упэлъэщыркъым. КъуийцIыкIуокъуэ Дэгужь къызэры-гуэкI цIыхуу къэгъэлъэгъуами, зи гугъу тщIа нэщэнэхэм хуэдэ куэд абы бгъэдэлъщ: псалъэм папщIэ, миф псэущхьэхэм хуэдэу, жей Iувым хилъэфамэ, и пэм гъуэз кърех, езым и джатэмкIэ фIэкIа, ари къыпхуэIэтмэ, ар зэрыбукIыфын щыIэкъым, н. Абы пэщIэувэу текIуэфырщ лIыгъэ зыхэлъри, апхуэдэращ IуэрыIуатэм игъафIэри.

А псом къикIращи, ЕщIэнокъуэ зэшхэм теухуа циклым пыщIэныгъэ быдэ хуаIэщ нэхъ пасэу зэфIэува жанрхэм. Абы и нэщэнэщ цикл щхьэхуэу зэхыхьэнри, образ къэгъэщIыкIэм и Iэмалхэри, лIыхъужьхэм я шыфIэ-лIыфэри, мотивхэри, сюжетхэри, н.

Циклым дызыщрихьэлIэ хъыбархэм тепщIыхьмэ, мыхэр зэкIэлъыпхь хъунущ, нарт эпосым и хабзэм тету: лIыхъужьхэр дунейм къызэрытехьар, я сабиигъуэр, шыр къызэрагъуэтар, балигъыпIэ иувэу лIыгъэщIапIэ зэрихьар, лIыхъужьыгъэ ягъэхъар, дунейм зэрехыжахэр, н.

ЛIыхъужьхэр дунейм къызэрытехьар къэзыIуэтэж сюжетыр зэхьэлIа елъытауэ лIэужьыгъуитIу зэщхьэщокIыр: 1) ЕщIэнокъуэ зэшхэм я дуней къытехьэкIар къэзыIуатэр; 2) КъуийцIыкIуокъуэ Дэгужь (бийм) и дуней къытехьэкIар къызыхэщыр.

1969 гъ. къыдэкIа «Адыгэ IуэрыIуатэ» тхылъым [Адыгский фольклор 1969] зэритымкIэ, циклыр къыщIедзэ ЕщIэнокъуэ зэшитIыр дунейм къызэрытехьар къызыхэщыж хъыбарымкIэ [Адыгский фольклор 1969: 78-80]. Къапщтэмэ, апхуэдэу зэрыщытым пыплъхьэни пыпхыни хэплъагъуэркъым. IуэрыIуатэр зыдж щIэныгъэм хабзэу зэрыщызэтеуващи, сюжетхэр щызэкIэлъахькIэ, сыт хуэ-дэ циклри къызэрырагъажьэр лIыхъужь нэхъыщхьэр къызэралъухуам ехьэлIа сюжетымкIэщ. Пэжщ, языныкъуэхэм деж я адэхэм ягъэхъамкIэ, ар къэзыIуатэ сюжет щхьэхуэу щыIэмэ, ар япэ ирагъэувэр. Псалъэм папщIэ, Батрэз теухуа хъыбархэр къызэрыщIидзэр и адэ Хъымыщ къызэришам, зэрихьа лIыхъужьыгъэм, зэраукIам теухуа сюжетхэмкIэщ [Нарты… 2017: 144-163]. Ауэ, нэхъыбэрэ узэрырихьэлIэщи, мыхэр псори зы хъыбарым щызэхэухуэнащ, икIи ахэр зэпхауэ къакIуэр лIыхъужь нэхъыщхьэр дунейм къызэрытехьар къэзыIуэтэж хъыбарырщ. Мыпхуэдэ Iыхьэхэм къалэн щхьэхуи ягъэзащIэ: абыхэм щыгъуазэ дащI лIыхъужьым и адэ-анэм, бийм и хьэл щэнхэм, и дуней къытехьэгъуэр сыт хуэдэ къэхъугъэхэм ирихьэлIами, н. КъэIуэтэкIэкIэ зэтемыхуэми, мы пкъыгъуэхэр зы лIэужьыгъуэу цикл куэдым щызэлъыщIэсащ. Мыбдежым нэгъуэщI зы Iуэхугъуэми гу лъытапхъэщ. Нарт хъыбархэми лIыхъужь псысэми къазэрыхэщымкIэ, лIыхъужь нэхъыщхьэр дунейм къызэрытехьэр къэзыIуатэ мотивым нэхъыбэм деж къепхауэ щытщ и адэм щхьэгъусэ къызэригъуэтым щыгъуазэ дыхуэзыщI Iыхьэр. Мы жанр лIэужьыгъуитIри лIыхъужьыгъэкIэ гъэнщIащ, апхуэдэу щыщыткIи, нысащIэ къэлъыхъуэн мотиври ар дыдэщ – абы сыт щыгъуи гугъуехьрэ хьэзабрэ, къарурэ лIыгъэрэ зытекIуадэ Iуэхугъуэхэр е телъыджагъэ гуэр пыщIащ.

Псалъэм папщIэ, нартхэм я дыщэ жыгым къыпыкIэ мыIэрысэ закъуэр зыдыгъуа тхьэрыкъуэхэм я лъэужь яхуурэ, зэшитIым я зыр псы щIагъ дунейм къыщохутэ. КъызэрыщIэкIамкIэ, тхьэрыкъуищыр набдзэ зытелъым я нэхъ дахэ хъыджэбзхэт, псы щIагъым щыпсэу зэшиблым я шыпхъухэт. Нарт щауэр нэхъыщIэм йогуакIуэ, щхьэгъусэу къратри къаутIыпщыж. Нэмысыжхэ щIыкIэу щIалэри абы и къуэшри хокIуадэ, и щхьэгъусэр уэндэгъуу къыщIокIри, нарт лъахэм къокIуэ, абы щIалэ цIыкIуитI – Хъымыщрэ Уэзырмэсрэ (вариантхэм – Орзэмэдж’рэ Имысрэ) – къыщелъху [Нарты… 2017: 23-24]. Батрэз ехьэлIа сюжетхэм дежи аращ: Хъымыщ щакIуэ кIуауэ испыпщым хуозэри я деж ешэ, испыпхъум йогуакIуэри къешэ, иужькIэ зекIуэ кIуауэ къаукI, испыпхъум щIалэ цIыкIур – Батрэз – къелъху [Нарты… 2017: 163-173]. Мыпхуэдэ щапхъэхэр иджыри къыпхуэхьынущ, ауэ нэхъыщхьэу къыжытIэну дызыхуейр мыбыхэм къагъэлъагъуэр. Ар нысащIэ къэшэн мотивыр зэрызэхэт пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэр наIуэ къэщIынырщ. Абы и лъэныкъуэкIэ мыпхуэдэ пкъыгъуэхэр къыхобелджылыкI: 1) лIыхъужьыр щхьэусыгъуэ гуэркIэ дошэсыкIыр. Мы щхьэусыгъуэхэр сыт щыгъуи, дауикI, зэтехуэркъым. Хэти хьэпшып телъыджэ гуэрым и лъыхъуакIуэщ (псалъэм папщIэ, Уэзырмэс и циклым щыщу къэтхьа щапхъэм ар нартхэм я дыщэ жыгым къыпыкIэ мыIэрысэрщ), хэти щакIуэщ (апхуэдэщ Хъымыщ), ещанэращи – зекIуэ ежьэнырщ. ЛIыхъужьыгъэкIэ гъэпса IуэрыIуатэм нэхъыбэу къызэрыхэщымкIэ, ар зекIуэщ (апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, «Мыхьэмэтищ» лIыхъужь псысэр [ФАИГИКБНЦРАН: Инв. № 1037]). 2) къыкIэлъыкIуэ пкъыгъуэр нысащIэм и щIыналъэм (зыщыпсэум) ихьэнырщ. Зы лъэныкъуэкIэ мы пкъыгъуэм мыхьэнэ имыIэу къыпфIэщIынкIэ хъуми, къалэнышхуэ игъэзащIэу жыпIэ хъунущ. Нарт эпосми, лIыхъужь, телъыджей псысэхэми сыт щыгъуи нысащIэр хамэ щIыпIэ жыжьэм е нэгъуэщI дунейм (псалъэм папщIэ, иныжь щIыналъэм, испы хэкум, псым адрыщIкIэ, къуршибл ущхьэдэхмэ, псы щIагъ дунейм, н.) щопсэу. ДахагъкIи, бгъэдэлъ гъэсэныгъэкIи ар псоми йофIэкI. Апхуэдэу щыщыткIи, IуэрыIуатэм абы гу лъыуигъэтэну, къыхигъэщхьэхукIыну хуейщ, абы папщIэкIи къигъэсэбэпыр а Iэмалырщ. 3) адэ-кIэ – нысащIэр зэрызыIэригъыхьэ щIыкIэрщ. Сыт щыгъуи зи гугъу тщIы жанрхэм хъыджэбзыр щIалэм щыдэкIуэр ар игъэунэхуа иужькIэщ. Нэхъыбэм а гъэунэхуныгъэр зэпхар лIыгъэщ, хахуагъэщ, пэжым тетынырщ. Сюжетым зызэриужьым и гугъу пщIымэ, нарт эпосым нэхъ пасэу къыщыунэхуа циклхэм, лIыхъужь псысэ куэдым адэр бийм IэщIокIуадэри, сабийр адэншэу дунейм къытохьэ. Пэжщ адэр псэууэ, унафэри абы IэщIэлъу ущрихьэлIи щыIэщ (еплъ: Щауей ехьэлIа хъыбархэм).

ЕщIэнокъуэ зэшхэм я дуней къытехьэкIар къызыхэщыж хъыбарым и ухуэкIэр зыкъомкIэ мыбы пэблагъэщ. Хъыбарыр Антти Аарнерэ Стиф Томпсонрэ я дуней псо сюжет гъэлъагъуэм (адэкIэ АТ) [Thompson 1961] дызыщрихьэлIэ 650В сюжетым и щIэдзапIэмкIэ кърегъажьэ: КъуийцIыкIуокъуэ Дэгужь (Ахъмэтэч) езым нэхърэ нэхъ лъэщ щымыIэу зыкъелъытэж; абы и псэм техуэркъым лIыгъэкIэ, хахуагъкIэ, цIыхугъэкIэ Атэбийр цIэрыIуэ зэрыхъуар. Ар хуейкъым Атэбийр бэлэрыгъауэ зригъэхьэлIэу иукIыну, атIэ нэхъ къищтэр пэуву и зэфIэкIыр игъэунэхунырщ, апхуэдэ мурад иIэуи къожьэ, ар зэуапIэм къриджэн папщIэкIи и къуэш нэхъыщIэ цIыкIур еукI. Абы илъ ищIэжын мурадкIэ Атэбийр КъуийцIыкIуокъуэ Дэгужь (Ахъмэтэч) и щIыналъэм йохьэр.

Атэбийм фыз къызэришар къэзыIуэтэж Iыхьэр мотив зыбжанэу зэхэухуэнащ – лъы щIэжынри, бийм ирихьэжьа бзылъхугъэр къегъэутIыпщыжынри, хъыджэбзым лIыхъужьыр игъэунэхунри, бийм и псэр, и къарур зыщIыпIэ щыгъэпщкIуауэ щытынри, н. А псор къызэрыIуэтэжари АТ 302 псысэ сюжетым пэблагъэщ. Мыпхуэдэ таурыхъхэм зэрахабзэщи, иныжьым (е нэгъуэщI миф псэущхьэ гуэрым) хъыджэбзыр едыгъу; ар къригъэутIыпщыжыну лIыхъужьыр йожьэ; иныжьым тIасхъапIэ иIэщи, абы текIуэн папщIэ, лIыхъужьым ар (и псэр е и къарур зыхэлъыр) къищIэн хуейщ; къызэрыщIэкIымкIэ, иныжьым къару къезытыр щIым и гъунэм щыIэ тенджыз тIуащIэм щыпсэу нэжьгъущIыдзэм и шы лъэпкъым щыщ зэрытесырщ, хъы-джэбзым а тIасхъапIэр къехутэ, лIыхъужьым жреIэж; лIыхъужьми апхуэдэш зыIэрегъыхьэри, и бийм токIуэр, хъыджэбзыр хуит къещIыжри щхьэгъусэу къешэ (егъапщэ: СУС 3021 Смерть Кащея в яйце [Сравнительный указатель… 1979: 107-108]). Сюжетыр зиIэ адыгэ псысэхэр нэхъыбэу къызэрацIыхур «Къарэлъакъуищ» фIэщыгъэцIэмкIэщ [Адыгские сказки… 2018: 72-78, 79-89]. Таурыхъ куэдым ущрихьэлIэ щыIэщ хъыджэбзыр мэзылIым идыгъуу [Адыгские сказки… 2018: 197-201]. Языныкъуэхэм деж лIыхъужьыр абы пэлъэщын папщIэ, ар жеяуэ щытын хуейщ, ар къызэращIэ хабзи IуэрыIуатэм зэфIигъэуващ – мэзылIыр жей куум хилъэфамэ, и пэм гъуэз (мафIэ бзий) кърех. Абы къыдэкIуэу, ар лIыхъужьым зэрыхуэукIынур езы мэзылIым и сэшхуэ дыдэмкIэщ, абы щыгъуэми и къарур пэлъэщу ар хуэгъэIэрыхуэн хуейщ. Мы мотивым нарт эпосми зыужьныгъэшхуэ щигъуэтащ. Апхуэдэущ Сосрыкъуэ иныжьым зэрытекIуэри, Батрэз Пщы-Марыкъуэ зэрыпэлъэщри, Ашэмэз Лъэбыцэжьей зэрыхигъащIэри.

АТ 302 сюжетыр ЕщIэнокъуэ зэшхэм я циклым къызэригъэсэбэпым и гугъу пщIымэ, къэIуэтэкIэм щхьэхуэныгъэ гуэрхэр бгъэдэлъ пэтми, зи гугъу тщIа псысэ пкъыгъуэ псори абы щыхъумащ. Щхьэхуэныгъэхэм ящыщщ, псалъэм папщIэ, Атэбийм бзылъхугъэр къызэрыригъэл щIыкIэр. ЗэрыжытIащи, тхыдэр зи лъабжьэ лIыхъужь эпосыр зытепсэлъыхьыр гъащIэм и пэжым нэхъ пэгъунэгъущ, апхуэдэу щыщыткIи, IуэрыIуатэр къэзыгъэщIыр, зэрыхъукIэ, абы миф гупсысэкIэхэм къаша Iуэхугъуэхэр нэхъ мащIэ зэрыщищIынми хущIокъу. Мыпхуэдэ гупсысэхэр иджыри щытепщэ жанрхэм бзылъухугъэр иныжьым, мэзылI е нэгъуэщI миф псэущхьэ гуэрым гъэру иIыгъмэ, мыбдежым абыхэм япIэкIэ дызыщрихьэлIэхэр псори къызэрыгуэкI цIыхухэщ, а миф псэущхьэхэм ягъэзащIэ къалэнхэмрэ хьэл щэнхэмрэ къахуэнами.

Атэбийм щхьэгъусэ хуэхъунур лъыкIэ и бий КъуийцIыкIуокъуэ Дэгужь и къэшэнырщ. Хъыджэбзыр хъаныкъуэм иратауэ Дэгужьым къыщищIэкIэ, Атэбийр щIыгъуу якIэлъопхъэрри къатрехыж. Атэбийм Дэгужьым гъусэ зыщIыхуи-щIам и щхьэусыгъуэр ищхьэкIэ къыщыжытIащ. Ар илъ ищIэжынырщ. Ауэ апхуэдэ мурад зэриIэр зыми къригъащIэркъым. Мыбдежым гу зылъытапхъэращи, курыт лIэщIыгъуэм къэунэхуа эпосым иIэтыр лIыгъэмрэ хахуагъэмрэщ. Апхуэдэу щыщыткIи, мыбдежым Атэбийм и бийм, ар зауапIэм къриджэу, пэщIэувапхъэт, арщхьэкIэ апхуэдэу имыщIэу, бзаджагъэ кIэлъызрехьэ. Атэбийр лIыхъусэжь нэсым и щапхъэу къэгъэлъэгъуащ. АтIэ апхуэдэ хьэл-щэныр абы хэлъыныр къызыхэкIар сыт?

Еджагъэшхуэхэм къызэралъытэмкIэ, пасэрей цIыхум и къэухьым къызэритIасэмкIэ, бийм пэщIэувам дежкIэ нэхъыщхьэр абы текIуэнырщ, ар къарурэ лIыгъэкIэ зригъэхъулIэми, бзаджагърэ IэмалкIэ зыIэригъыхьэми. Абы къишащ пасэрей IуэрыIуатэм дызыщрихьэлIэ лIыхъужьхэм бийм щезауэкIэ бзаджагъэри ябгъэдэлъ мэгъу зэфIэкIхэри къагъэсэбэпу щытыныр. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, Сосрыкъуэ: ар лIыхъужьщ, ауэ и мурадыр зыIэригъэхьэн папщIэ, лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ къыдэкIуэу, Iэмалым, бзаджагъэм, мэгъум хуокIуэр. Апхуэдэ Iуэху еплъыкIэр щытепщэ лъэхъэнэр блэкIыу бийм хьилагъэ, хъуэщнэщыгъэ кIэлъызепхьэныр лIыгъэншагъэу къалъытэу хъуами, пасэрей щытыкIэр IуэрыIуатэм занщIэу Iэщыб ищIыркъым, атIэ хуэм-хуэмурэ ар «тригъэкIуэту» арщ. Сосрыкъуэ иужь къэунэхуа лIыхъужьхэм (Батрэз, Ашэмэз) я образхэм лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ нэхъ щобэкIыр, ауэ Iэмалымрэ бзаджагъэмрэ хэмытыжыххэуи пхужыIэнукъым: Пщы-Марыкъуэр зэрыпхуэукIынур езым и джатэ дыдэращи, Батрэз абы еплъын къудей хуэдэу фэ зытрегъауэри ар зыIэрегъыхьэ, йоуэри хегъащIэ; Ашэмэз лIа нэпцI зещIри Лъэбыцэжьей деж зрегъэлъэф, мы иужьрейм и щхьэгъусэм и бахъэр зыщIрегъэху, апхуэдэ щIыкIэкIи и уIэгъэхэр егъэхъуж, жэщым къотэджыжри и бийр хегъащIэ. Бэдынокъуэ и образым апхуэдэ зыгуэри хэплъагъуэжыркъым. Мыбдежым нэгъуэщI зы Iуэхугъуи хэлъщ. Батрэзи Ашэмэзи я бийхэм е мэгъу зэфIэкI ябгъэдэлъщ, е бзаджагъэм езыхэри хуокIуэр: зэрыжытIауэ, Марыкъуэм и псэр зыгъэныфынур езым и джатэрщ; Лъэбыцэжьей и щхьэгъусэм мэгъу нэщэнэ бгъэдэлъщ – и бахъэр зыщIихуа уIэгъэр мэхъуж, ар къигъэсэбэпурэ мыр Ашэмэз щIалэ цIыкIум къозауэ.

А псом къагъэлъагъуэращи, Атэбий и хьэл-щэнхэм зыщIашащ иджыри нарт эпосым щекIуэкIа эпическэ образ зыужьыкIэм и нэщэнэхэр: Батрэз, Ашэ-мэз сымэ хуэдэу ар лIыхъужь нэсщ, ауэ Iэмалым щыхуекIуи щыIэщ. И бий КъуийцIыкIуокъуэ Дэгужьи Марыкъуэ сымэ хуэдэщ – зэрыхэбгъэщIэфынур езы дыдэм и джатэмкIэщ. Абы къикIращи, лIыгъэм лIыгъэ, бзаджагъэм бзаджагъэ пэгъэувауэ щытыныр нарт эпосым къыIэпихауэ жыпIэ хъунущ.

АТ 302 сюжет зиIэ псысэхэм хъыджэбзыр къызытрахыжыр е иныжьщ, е мэзылIщ, языныкъуэхэм – Емынэжьщ. Мыбдежым абыхэм я къалэн зыгъэзащIэу къыхэщыр КъуийцIыкIуокъуэрщ – нысащIэр яфIрехьэжьэ. АдэкIэ сюжетым зэрыщыхабзэщи, бзылъхугъэм Атэбийм и лIыгъэр здынэсыр къыгурыIуа нэужь, сыт и лъэныкъуэкIи абы зэрыдэIэпыкъуным хущIокъу. ЩIалэм илъ ищIэжын мурад зэриIэр къищIащи, бийм зэрытекIуэнумкIэ чэнджэщ ирет:

«Ар иджыри жеипа щIыкIэIым. И пэбзиймкIэ хъуаскIэ кърихыу хуемыжьауэ, букIыну утегушхуэ хъунукъым. Ар зы. ЕтIуанэр ару, уи джатэм абы и щхьэр пиупщIынукъым. Абы и щхьэр пызупщIын Iэщэ езым ибг ищIа джатэ закъуэм фIэкIа щыIэкъым. Ар тIу. Ещанэр ару, абы и джатэр къыпIэрыхьа нэужь, къэпIэтурэ гъэунэху: уи натIэпэм нэхърэ нэхъ лъагэIуэу къыумыIэтыфмэ, зыумыпщытыххи нэхъыфIщ, зупщытми – упэлъэщынукъым. А Iуэхугъуищри бгъэзащIэу уеуа нэужькIи, умыбэлэрыгъ: и щхьэр пымытыжуи къозэуэнущ» [Адыгский фольклор 1969: 79].

А чэнджэщхэм Атэбийр йодаIуэри КъуийцIыкIуокъуэ Дэгужьыр хегъащIэ, апхуэдэ щIыкIэкIи илъ ещIэж, а псор къыжезыIа хъыджэбз дахэри щхьэгъусэу къешэ, ЕщIэнокъуэ Уэзырмэсрэ Темыркъанрэ къызэдалъху.

Зи гугъу тщIы хъыбарыр къэIуэтэкIэкIэ зэхуэмыдэу (вариант) зыбжанэу зэтепщIыкIауэ щыIэхэщ. Псоми я гугъу дымыщIми, зыр гулъытэншэу къэмыгъэнэн хуейуэ къыдолъытэ, дызытепсэлъыхь циклыр мотиврэ сюжеткIэ къигъэбатэу къытщохъури. Ар «Адыгэ IуэрыIуатэхэр» (1969) тхылъым и етIуа-нэ Iыхьэм къытрадзауэ щыта «КъуийцIыкIуокъуэ Дэгужьрэ ЕщIэнокъуэ Атэбийрэ» хъыбарырщ [Адыгский фольклор 1969: 82-86]. ЩIэдзапIэр япэрей хъыбарым хуэдэщ: Атэбийм и шынэхъыщIэр Дэгужьым еукI, илъ ищIэжынуи модрейр йожьэ. АдэкIэ мыбы къыкIэлъокIуэ АТ 516 сюжетым и пкъыгъуэхэр. Мы сюжетыр зиIэ псысэхэм зэрыщыхабзэщи, пщым и къуэр нысащIэ лъыхъуэ йожьэ, и пщафIэр (ныбжьэгъур) щIыгъуу; гъуэгуанэ жыжьэм зэхиукIауэ ар мэлыхъуэ (Iэхъуэ, шыхъуэ) пщыIэм нос; лэгъупэжьым и фIыщIэкIэ къару егъуэтыж; къыщIежьар лэгъупэжьым щыжриIэкIэ, чэнджэщ кърет, мыкIуэну, хъыджэбзыр ябгащэу лъыхъу бгъущIрэ бгъум я щхьэ пиупщIауэ зэрыщытым къыхэкIкIэ; хъыджэбзым и лъыхъухэм къапигъэтIылът, къыдэжэн, нэщанэкIэ къыпеуэн, къебэнын хуейуэ, къытекIуэмэ, дэкIуэну; лэгъупэжьым и чэн-джэщхэмкIэ лIыхъужьыр хъыджэбзым токIуэ, къешэри тхъэрэ псэууэ къонэж [Сравнительный указатель… 2018: 576].

Хъыбарым деж а щытыкIэхэм щыщ зыкъомым захъуэж. ЗэрыжытIауэ, Атэбийр щIежьэр илъ ищIэжынырщ, здэкIуэри и бийм и щIыналъэрщ. Псысэм дызыщрихьэлIэу нысащIэм лIыхъужьым пигъэув «къалэн гугъухэм» (трудные задачи) мыбдежым зэхъуэкIыныгъэ ягъуэтащ: Дэгужьым ишхэм Атэбийр хегъадэ, зыгуэр къыхихмэ иукIынущи (апхуэдэу шу бгъущIрэ бгъум я щхьэр фIихащ). Ауэ псысэм хуэдэу гъуэгум ар шыбзыхъуэ, мэлыхъуэ, бжьахъуэ пщыIэхэм щахуозэ, игъэзэжыну къолъэIухэр, Дэгужьыр егъэлеяуэ лIы ябгэщи. АрщхьэкIэ щимыдэм, бжьахъуэ тхьэмадэм чэнджэщ кърет, къелын папщIэ ищIэнухэмкIэ – шы къыхихын хуейкъым. Мыбдежым дыщрохьэлIэ нарт эпосым, лIыхъужь псысэм щызэтеува мотивхэм ящыщ зыи – шыр гъэунэхуныр. Мы жанрхэм зэрыщыхабзэщи, япэ щIыкIэ шыр фэншэу, зы къару гуэри къылъыкъуэкIыну ущымыгугъыу къэгъэлъэгъуащ, ауэ, сюжетым зиужьыхукIэ, абы бгъэдэлъ зэфIэкIри наIуэ къохъу: абы тесущ лIыхъужьыр зрихьэлIэ лъэпо-щхьэпо псори къызэрызринэкIыфыр. Мыр хуэдэщ, псалъэм папщIэ, Щауей и шы Джэмыдэжьым – алащэ фэншэщ. АрщхьэкIэ Джэмыдэжь хуэдэу зыкъызэкъуехри къызэрыгуэкI шым хузэфIэмыкIын къару бгъэдэлъу къыщIокI: абы тесущ, Щауей ещхьу, Атэбийм илъ зэрищIэжри. Нэхъ пасэу зэтеува жанр-хэм къыбгъэдихауэ жыпIэ хъунущ зэман пыухыкIа гуэрым къриубыдэу лIыхъужьым фэншафэ зэрызытригъауэри. Нарт эпосми, лIыхъужь псысэми лIыхъужь нэхъыщхьэм бгъэдэлъ къарумрэ лIыгъэмрэ щибзыщI щыIэщ. ПэщIэ-дзэм ар къэгъэлъэгъуащ псоми я щIэнакIэну, фэншэу, тхьэмыщкIэу, къулейсызу. Ауэ апхуэдэм, узэрыщымыгугъауэ, зыкъызэкъуехри лIыхъужьыгъэ къылъыкъуокI. Мотивыр къыздикIам, абы IуэрыIуатэм щигъэзащIэ къалэным щIэныгъэлIхэр куэдрэ тетхыхьащ, икIи, ахэр зыхуэкIуа гупсысэм тепщIыхьмэ, ар лIыхъужь нэхъыщхьэм гу лъозыгъатэ художественнэ Iэмалхэм ящыщ зыуэ арщ. Абы и щапхъэ гъуэзэджэщ, псалъэм папщIэ, Щауей и хьэщIэр. Мыр фейцейуэ хуэпащ, лIыгъэ гуэр къуэлъуи пщIэнукъым, ишри апхуэдэщ, ауэ аращ зыкъызэкъуихыу Щауей и дзэм хэт нэхъ лъэрызехьэу зыкъэзылъытэж шууейхэр Iэпхлъэпх зыщIри, иныжьхэм пэщIэувэу текIуэныгъэр зыIэрызыгъэхьэфри. Атэбий и образми а щытыкIэр хэпща хъуащ: ар КъуийцIыкIуокъуэм и щIыналъэ щихьэкIэ, лIыхъусэжь и хабзэу «щIакIуэ кIапэ» дытемыувэу, фэншафэ зытрегъауэ, Дэгужьым гъусэ ищIу зекIуэхэм здишэну щIолъэIу. АрщхьэкIэ, щIежьа Iуэхур арати, илъ ещIэж: зи псэр зи джатэм хэлъ, мэгъу зэфIэкI зиIэ КъуийцIыкIуокъуэр хегъащIэ. Пасэрейщ Атэбийм и лъы щIэжыкIэри: бийр иукIыж къудейкIэ зэфIэкIыркъым, атIэ и лъым щыщ иреф; итIанэщ и гур щыпсэхужри. А псор циклым зыщIишэныр къыхэкIауэ жыпIэ хъунущ мыбы ныбжьышхуэ зэриIэм, пасэрей эпосым, лIыхъужь псысэм иджыри пыщIэныгъэ быдэ хуиIэу зэрызэтеувам.

АдэкIэ хъыбарыр АТ 302 сюжетым хуокIуэж: КъуийцIыкIуокъуэм и тIасхъапIэр хъыджэбзым ещIэри, ар Атэбийм къыжреIэ, мыдрейри и бийм токIуэ; япэу зи гугъу тщIа хъыбарым хуэдэу хъыджэбзыр къешэри, Уэзырмэсрэ Темыркъанрэ дунейм къытохьэ. Ауэ хъыбарыр апхуэдэ щIыкIэкIэ иухыркъым, атIэ мыбы къыпещэр ЕщIэнокъуитIым я адэ Атэбийр дунейм зэрехыжа щIыкIэр къэзыIуатэ Iыхьэм: абы къызэмылын узыр къоуалIэ; джэгуакIуэхэр тIэкIу бгъэдэсыжыну щыкIуэкIэ, и щIалэгъуэм игъэхъахэр къахуеIуэтэж, иджыри къэс щIибзыщIар щхьэщытхъу къызэрыфIащынум зэрыфIэлIыкIар къарегъащIэ. Мы мотиври ди лъэпкъ IуэрыIуатэм щызэлъыщIэсахэм ящыщ зыщ (егъапщэ: Нартыгу ехьэлIа уэрэдымрэ хъыбарымрэ). Мы Iыхьэм Атэбийр дунейм зэрехыжам щыгъуазэ дыхуищI къудейкъым, атIэ хъыбар сюжетым адэкIэ зиужьынымкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ.

Атэбийм и хъыбарыр зэхахыу абы ипкъ иткIэ джэгуакIуэхэм уэрэд яусыжа нэужь, КъуийцIыкIуокъуэхэ къагуроIуэ, Дэгужьыр хэт иукIами. Ялъ ящIэжыну къежьа щхьэкIэ, ЕщIэнокъуэ зэшитIым я лIыгъэр зэхаха нэужь, пэувынхэу дзыхь ящIыжыркъым, атIэ бзаджагъэм хуокIуэр. Андемыркъан и циклым къызэрыхэщым хуэдэу, ЕщIэнокъуэхэ быдзышэкIэ япIа гуэр къагъэдаIуэ; абы и чэнджэщкIэ ЕщIэнокъуэхэ я мэлыхъуэр ирахьэжьэ, кIэлъыпхъэрхэмэ, къаукIын мурад яIэу къапотIыс. Чэнджэщ къезытар еуэн хуейуэ аргуэру къыщыхагъэзыхькIэ, якIэлъыпхъэра Уэзырмэсым къытримыгъапсэу и шыр щIеукIыкI, апхуэдэ щIыэкIэ бийм я лъэныкъуэ зэрыувар игъэтэмэмыжу. Хъыбарыр зэриух-ращи, ЕщIэнокъуэ зэшхэм ныбжькIэрэ я бий КъуийцIыкIуокъуэхэ зэтраукIэ.

Циклым щхьэхуэу хоувэ бийм (КъуийцIыкIуокъуэ Дэгужь) и дуней къытехьэкIар, и сабиигъуэр зэрекIуэкIар, шыр къызэрыIэрыхьа щIыкIэр къэзыIуэтэж мотивхэр щызэхэухуэна хъыбарыр [Адыгский фольклор 1969: 115-116]. Ар къэIуэтащ АТ –655* псысэ сюжетымкIэ. Сюжетым нэхъыбэу дыщрохьэлIэ лIыхъужь, телъыджей псысэхэм, цIэрыIуэ зэрыхъуари «Уэ алъпым урищхьэт…» фIэщыгъэцIэмкIэщ [Адыгские сказки… 2018: 519-521, 521-522, 522-524]. Зи гугъу тщIы хъыбарыр зыхуэчэм щымыIэу а псысэм и сюжет къэIуэтэкIэм тохуэр: адэншэу къэхъу щIалэ цIыкIур зэгуэр мэз кIуауэ, зекIуэлI шу гуп къытоуэри ирахьэжьэ; бын имыIэу зылI яхэтти, щIолъэIури яIех, ипIынуи и унагъуэ ехь (егъапщэ: Андемыркъан къызэрагъуэта хъыбарым [Адыгские историко-героические… 2019: 138-146]). Мыбдежым хъыбарым къыхохьэ нэгъуэщI зы псысэ сюжети – АТ 4001: щIалэ цIыкIур щихькIэ, мылъхуадэм псалъэ быдэ ет, игъащIэкIэ «кIуэж» жримыIэну, арщхьэкIэ, таурыхъхэми нарт эпосми зэрыщыхабзэщи, и псалъэм йопцIыж; щIалэм ар игу щIохьэри щIопхъуэж (егъапщэ: Хъымыщ зеи «мыгъуэ цIыкIукIэ» емыджэну къигъэгугъэу испы пщащэр къызэришам, абы щепцIыжым, нысащIэ цIыкIур зэрикIыжам [Нарты… 2017: 168-173]). Сюжетыр лъэпкъ куэдым я IуэрыIуатэм зыщызужьахэм ящыщ зыщ (егъапщэ: СУС 4001=АА 400А=К 400А, В, С, D Муж ищет исчезнувшую или похищенную жену (жена ищет мужа) [Сравнительный указатель… 1979: 127]. АдэкIэ АТ –655* сюжетым къыпещэ: зыпI и адэм къыжриIам и щхьэр щIригъэхьауэ чыцэм здыпхыкIым, КъуийцIыкIуокъуэр шы щхьэ къупщхьэ ирохьэлIэ, и теплъэмкIэ ар алъпым ейуэ зэрыщытар къещIэр; апхуэдэ зэфIэкI и мылъхукъуэм зэриIэр (нэгъуэщIхэм шым хамылъагъуэм гу зэрылъитэр) къызыгурыIуа лIым ар къегъэсэбэпри алъпищ зыIэрегъыхьэ; КъуийцIыкIуокъуэм ещIэр дэтхэнэ алъпми бгъэдэлъ тIасхъапIэр: зым и щхьэ натIэр пIaщIэщи, дыгъэм хуэгъэзауэ куэдрэ жэмэ, мэхынущ, адрейр лъэгу щабэщи, мывэм хыхьауэ къыпхуищIэн щыIэкъым (егъапщэ: Сосрыкъуэ и шым); КъуийцIыкIуокъуэр ещанэ алъпымкIэ и мылъхуадэм IэщIокIри я деж мэкIуэж (егъапщэ: АТ –655* псысэ сюжетым и къэIуэтэкIэм [Сравнительный указатель… 2018: 586]).

Аращи, иджыри къэс дызриплъа хъыбархэм дащрохьэлIэ ЕщIэнокъуэ зэшитIым я адэ-анэхэр дэзыгъэцIыху, Атэбийм фыз къызэришам, игъэхъа лIыхъужьыгъэм, дунейм зэрехыжам, лIыхъужьхэр дунейм къызэрытехьам, я сабиигъуэм, япэ лIыгъэхэр зэрызрахьам теухуа мотивхэмрэ сюжетхэмрэ. Апхуэдэ дыдэу щыгъуазэ дащI абыхэм лъыкIэ я бий КъуийцIыкIуокъуэ Дэгужь и гъащIэр къызэрекIуэкIами. АдэкIэ, пасэрей эпосым и хабзэм тету, циклым къыпещэ зэшитIым я IуэхущIафэхэм тепсэлъыхьыж хъыбархэмкIэ. Мыхэр, нэхъыбэр, лIыхъужьыгъэкIэ гъэпсащ.

СюжеткIэ Атэбий илъ зэрищIэжам зыкъомкIэ зэрещхьым къыхэкIыу, япэу и гугъу щIыпхъэу къыдолъытэ «КъуийцIыкIуокъуэ Ахъмэтэч и таурыхъым» [Адыгский фольклор 1969: 80-82]. Къэхъуну-къэщIэнур фызыжь цIыкIу гуэрым ещIэри, ЕщIэнокъуэ зэшхэм КъуийцIыкIуокъуэ Ахъмэтэч зэрытекIуэдэжынур къыжреIэ, мыдрейри абыхэм я лъыхъуакIуэ йожьэ, езыхэр зекIуэ кIуауэ, я шы нэхъыщIэр унэм дэсу ирохьэлIэ. АдэкIэ Атэбий ехьэлIа сюжетым ещхьщ: щIалэ цIыкIур КъуийцIыкIуокъуэм еукI; абы илъ ищIэжыну Уэзырмэс йожьэ. ХъыбаритIыр къыкIэлъыкIуэ IыхьэхэмкIэ зэщхьэщокI. Атэбий теухуа хъыбарым мыхьэнэ нэхъыщхьэр зритхэм ящыщщ, щIалэм фыз къызэришамрэ абыхэм сабий зэрызэдагъуэтамрэ (лIыхъужьхэр дунейм къызэрытехьамрэ). Апхуэдэу щыщыткIи, мыбыдежым абы и къэшэным и образым зыщиужьащ, абы щыгъуэми къалэнышхуэ игъэзащIэу – аращ бийм и тIасхъапIэр Атэбийм къыжезыIэу ар тезыгъакIуэр. Мыдрей хъыбарым лIыхъужьым и мурад нэхъыщхьэр илъ ищIэжынырщи, а хъыджэбзым и къалэныр «и пщэ дэлъу» фызыжь цIыкIу къыхохьэ. ЗыкъомкIэ мыбы и образыр ещхьщ псысэм, нарт эпосым дызыщрихьэлIэ нэжьгъущIыдзэм (уд фызыжь цIыкIум): лIыхъужьыр абы и бгъэм IупэкIэ лъэIэса нэужь, къуэ хуохъу, мыдрейми сыт и лъэныкъуэкIэ зыкъыщIегъакъуэ – бийм зэрыпэлъэщынумкIэ, и мурадыр къызэрехъулIэнумкIэ чэнджэщ кърет. Зи гугъу тщIы хъыбарым къуэ щIын мотивыр дэгъэхуащ, ауэ дызытепсэлъыхьа миф персонажхэм я къалэныр мы фызыжь цIыкIум къыхуэнащ. Аращ КъуийцIыкIуокъуэр жея нэужь и пэм мафIэ бзий кърихыу зэрыхъури, абы ирихьэлIэу езы Дэгужьым и джатэмкIэ еуэмэ зэрыхуэукIынури къыжезыIэр. НэгъуэщIу жыпIэмэ, абы и чэнджэщым тетущ Уэзырмэс илъ зэрищIэжыфыр. Хъыбарыр еух ЕщIэнокъуэхэрэ КъуийцIыкIуокъуэхэрэ бий зэхуэхъуауэ.

Мыбдежым гу лъытапхъэщ адэми къуэми зы сюжет ехьэлIауэ зэрыщытым. Мыпхуэдэ щытыкIэр дыдолъагъу нэхъ пасэу зэтеува нарт эпосми. Псалъэм папщIэ, Батрэз дунейм зэрехыжам теухуауэ хъыбар зыбжанэ щыIэщ. Абыхэм ящыщ зым къызэриIуатэмкIэ, мы лIыхъужьым шабзэшэр и Iэпкълъэпкъым пхыкIынукъым, зыпIыжа Жъокъоянэ абы и еплъыгъуэр темыхуэмэ. Ар къэзыщIа нартхэм жеяуэ щылъ Батрэз Iэпх-лъэпх ящI, зэрызехьэ макъышхуэ къаIэт, шабзэшэр нартым тракIутэу щIадзэ. А зэрызехьэм игъэгужьеяуэ къыщIэжа Жъокъоянэ и нэплъэгъуэм ирихьэлIэу техуа шабзэшэм Батрэз хегъащIэ [Нарты… 2017: 277-279]. Апхуэдэ дыдэущ, зы хъыбарым къызэрыхэщымкIэ, абы и адэ Хъымыщи зэраукIар [Нарты… 2017: 144-150].

ЕщIэнокъуэхэм ягъэхъа лIыхъужьыгъэр къэзыIуатэ хъыбар зыбжанэм я щIэдзапIэм къыщыгъэсэбэпащ АТ 650В сюжетым и пкъыгъуэхэр. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, Жанкъет теухуахэри. Мыр ящыщщ езым нэхърэ нэхъ лъэщ щымыIэу зыкъэзылъытэж лIыхъужь лIэужьыгъуэхэм. Жанкъетым Талъостэнхэ япхъу и щхьэгъусэт. ЗекIуэ къикIыжауэ унэм щыщIыхьэжым, абы зэхех, щIалэгъуалэр нысащIэм еупщIу, хэт нэхъ лIыгъэ иIэми кърагъэIуэтэну. НысащIэм жеIэ, ЕщIэнокъуэ зэшитIым нэхъ лIыгъэ зиIэ дунейм зэрытемытыр. Ар зэхэзыха Жанкъет йожьэ, зэшитIыр игъэунэхуну: зекIуэ зэдожьэхэри Тенджыз тIуащIэм зэпрокI, шы гуартэ къраху; Талъостэнхэ я бжэныхъуэр (вариантхэм: къаша нысащIэр) фIрахьэжьэ, н. [Адыгский фольклор 1969: 90-91, 102-105, 116-120].

УщрихьэлIэ щыIэщ Елъыхъу и къуэ Лыкъуэ (Елъыхъу) теухуа хъыбархэм ЕщIэнокъуэ зэшхэр къыхэщыжуи. Мис абыхэм ящыщ зым и сюжетыр: Елъыхъу и къуэм и шым нэхъ лъэрызехьэ хэку псом иткъым; Алъхъо и къуэм ар кърехужьэ; Елъыхъу и къуэр шым и лъыхъуакIуэ йожьэри, шыри къехуж, ар зыдыгъуа Алъхъо и къуэри къехь, хьэпсми иредзэ; Алъхъо лIыжьым и лъэIукIэ ЕщIэнокъуэ зэшитIым щIалэр Елъыхъу и къуэм къраIыхыж [Адыгский фольклор 1969: 91-94].

ЕщIэнокъуэ зэшитIым зрахьа лIыхъужьыгъэр IупщIу къыхощыж ХьэтIохъущокъуэхэ я шыбзыхъуэмрэ шы гуартэмрэ къызэрырагъэла щIыкIэр къэзыIуэтэж сюжетми [Адыгский фольклор 1969: 94-96, 99-100]. ЕщIэнокъуитIыр ХьэтIохъущокъуэпщым и деж макIуэ, зэщхьу вы джэмыдий къраIыхыну. КъызэрыщIэкIамкIэ, пщым нэгъуэщI хьэщIэ гупи иIэт. ЗэшитIым я Iэщэ-фащэр егъэлеяуэ зэкIэлъыкIуэт, зыми хуэмыдэт. Ар щызэхахым, мыдрей гупым мурад ящI, ахэр зыIэрагъэхьэну. Езы ХьэтIохъущокъуэм жраIэ, кIуэуэ ЕщIэнокъуитIым къариIыхын хуейуэ. АрщхьэкIэ лIыхъусэжь хабзэм щIапIыкIа щIалитIым жэуап кърат, Iэщэ-фащэм хуейхэр, лIыгъэ яхэлъмэ, гъуэгум къащежьэнухэу, къытрахыфмэ, иратыну. АрщхьэкIэ гупым нэху ямыгъэщу докIуэсыкIыж, пщым и шы гуартэр ирахужьэ, шыбзыхъуэри уIэгъэ хьэлъэ къащI. ЗэшитIыр шыр зыху гупышхуэм якIэлъопхъэр, зауэр яублэри зы цIыху къамыгъанэу хагъащIэ, шыри къахуж.

Циклым увыпIэ щхьэхуэ щаубыд ЕщIэнокъуэ зэшхэмрэ КIэфыщ и къуитIымрэ ятеухуа сюжетхэм. Мыбыхэм яхэтщ «Нартхэм яшэ нысащIэр Лъэпщ зэрырихьэжьам» [Нарты… 2012: 112-113] къэIуэтэкIэкIэ техуэ хъыбар [Адыгский фольклор 1969: 121-122]: Мэртазэхэ я пхъум Жамырзэпщыр йохъуапсэ, нысэ ищIыну; къратыну Мэртазэхэ арэзы мэхъури, нэчыхьыр ятх, фызышэшхуэуи кърашажьэри къожьэж; фызышэм загъэпсэхуну епсыхри ефэ-ешхэ къызэIуахауэ зэхэсу, КIэфыщ и къуэжьыр блэкIыу щалъагъум ирагъэблагъэ; гупым КIэфыщыр ауан ящIу щIадзэ, модрейри къогубжьри зы шу къимыгъанэу зэтреуд, нысащIэр яфIрехьэжьэри йожьэж; Жамырзэпщыр щIолъэIури, нысащIэр къаретыж.

Псом хуэмыдэжу циклым зыщызужьахэм ящыщ зыщ ЕщIэнокъуэ зэшитIымрэ КIэфыщ и къуитIымрэ яку къыдэхъуа зэныкъуэкъум теухуа сюжетыр. ИщхьэкIэ дызриплъа хъыбархэмкIэ дгъэзэжынщи, лIыхъужьхэр бий щIызэхуэхъум и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр нэхъ лIыгъэ зыхэлъыр зэхэгъэкIынырщ. Мыбдежми аращи, хъыбаркIэ зэрыщIэ мыхъумэ, лIыгъэ щIапIэ зэдихьэу ЕщIэнокъуэ зэшитIымрэ КIэфыщ и къуитIымрэ зэрыгъэунэхуауэ щыткъым, ауэ апхуэдэу хъуми нэхъ къащтэр. «ЕщIэнокъуитIымрэ КIэфыщ и къуитIымрэ бий зэрызэхуэхъуа щIыкIэр» [Адыгский фольклор 1969: 100-101] хъыбарым къызэриIуэтэжымкIэ, ЕщIэнокъуэ зэшитIым я анэр и дыщым кIуэжырт, и дэлъхум фыз къишауэ. Гъуэгум КIэфыщ и къуитIыр къыщрохьэлIэ. Фызыжьыр ЕщIэнокъуэхэм я анэр арауэ къыщащIэм, и нэкIум джатэпэкIэ дыркъуэ традзэ, «ЛIыгъэ яIэмэ, уи къуитIым къытхуагъэгъункъым», – жаIэри. Абдеж къыщыщIидзащ абыхэм я зэбииныгъэр. Ауэ, хъыбархэм къазэрыхэщымкIэ, ЕщIэнокъуэ зэшитIми КIэфыщ и къуитIми нэхъ лIыгъэ зыхэлъ хэкум истэкъым, абы къыхэкIкIи зэрызэбийр куэдым ягу къеуэрт, зрагъэкIужынуи яужь ихьахэщ. Ахэр зэхуэзамэ зэрызэрыукIынур ящIэхэрти, ЕщIэнокъуэ зэшитIыр дэмысу КIэфыщ и къуитIыр къашэри, ЕщIэнокъуэхэ я анэм и бгъэм IупэкIэ ирагъэIусащ – къуэ хуэхъуахэщ [Адыгский фольклор 1969: 101]. Абы иужькIи зэгъусэу зекIуэхэм зэдыхэту хъуахэщ. Апхуэдэ зекIуэхэм ящыщ зыт къэбэрдейхэр Кърымым щыкIуар. «Къэбэрдейм цеипхъэжь джанэр зэрыщаха щIыкIэр» [Адыгский фольклор 1969: 108-110] хъыбарым щыгъуазэ дызэрищIымкIэ, цIыхухэм щэкIыр ямыцIыхуу, ящыгъыу хъуар Iэщыфэм, Iэщыцым къыхэщIыкIауэ арт. А зекIуэм хэтыну дзэр щаугъуейм япэ дыдэ зи цIэ къраIуауэ щытар мыхэрщ. ЗекIуэми хэтахэщ, лIыхъужьыгъэ къагъэлъагъуэу я къалэнхэр ягъэзащIэу къагъэзэжауи щытахэщ.

Циклыр еух ЕщIэнокъуэ зэшхэм я дуней ехыжыкIар къыджезыIэж хъыбарымкIэ. ЗэхъуэкIыныгъэ гуэрхэр игъуэтами, мыбыи и къэIуэтэкIэр хуэдэщ АТ 650В сюжетым. Жанкъетым и нысащIэр бжэ къуагъым къуегъэувэ, дыщэ пыIэр зэрыщхьэрыгъыу. Езыр гъуэлъыпIэм йотIысхьэжри, и сагъындакъымкIэ нэщанэ йоуэри и пыIэр щхьэреуд. ЦIыхубзым хуэмышэчыжу и лIым жреIэ, ЕщIэнокъуэ зэшитIым я лIыгъэр ищIатэмэ, апхуэдэ лей Жанкъетым зэрызэримыхьэнур. Абы къигъэгубжьа Жанкъет ЕщIэнокъуэхэм я лъыхъуакIуэ йожьэ, я лIыгъэр здынэсыр игъэунэхуну. Псысэхэм «лIы щыкIам» нэхъ лъэщыж къыхуэзэу абы и щхьэ кърикIуам щыгъуазэ зищIа нэужь, бзылъхугъэм щхьэрыгъ дыщэ пыIэм нэщанэ еуэныр зыхен. Ауэ мыбдежым апхуэдэкъым, атIэ Жанкъетымрэ ЕщIэнокъуэ зэшитIымрэ лIыгъэкIэ зэрогъэнэху. Жабо Хьэмырзэ къиIуэтэжа хъыбарым [ФАИГИКБНЦРАН: Инв. № 528/ф-28] зэрыжиIэмкIэ, зэгъусэу ахэр пащтыхьым иригъэкIуэкI тхьэлъэIум макIуэ, хьэлэбэлыкъ къыщыхъейкIэ, лIыхъужьыгъэ къагъэлъагъуэ, шыхэр къаху. АдэкIэ къыкIэлъокIуэ зэшитIымрэ Жанкъетымрэ зэраукIа щIыкIэр къызыхэщ Iыхьэр: ефэ-ешхэ хуащI хуэдэу защIри, бийхэм ЕщIэнокъуитIыр, Жанкъети я гъусэу ирагъэблагъэ; зыщIаша унэм щIэс хэгъэрейхэр хуэм-хуэмурэ щIэкIуэсыкIыурэ, мо щыр къыщIанэ; унэр къаухъуреихьри зауэр яублэ; сыт хуэдэ лIыгъэ яхэмылъами, ЕщIэнокъуитIри Жанкъетри а зауэм хокIуадэ.

Циклым дызыщрихьэлIэ уэрэдхэр а Iуэхугъуэхэм теухуащ: лIыхъужьхэм я лIыгъэр яIэт, ягъафIэ; езыхэр яхэтыжкъыми, гущIыхьэщ, а къатепсыха гуауэшхуэр къахощ. Апхуэдэхэщ «ЕщIэнокъуэм я къебжэкI», «ЕщIэнокъуэ», «ЕщIэнокъуитIым я уэрэд» [Адыгский фольклор 1969: 96-99], «ЕщIэнокъуэмэ я пшыналъэ» [Адыгский фольклор 1969: 105-108], «Жанкъет» [Адыгский фольклор 1969: 120-121], н.

Аращи, наIуэ къызэрыхъуащи, ЕщIэнокъуэ зэшхэм я циклым къызэщIеубыдэ лIыхъужьхэм я гъащIэр зэрекIуэкIар къэзыIуэтэж сюжетхэр. Апхуэдэхэщ абыхэм я адэ-анэм я дуней тетыкIам, езыхэр къызэралъхуам, я сабиигъуэ-щIалэгъуэр зэрекIуэкIам, ягъэхъа лIыхъужьыгъэхэмрэ я IуэхущIафэхэмрэ, дунейм зэрехыжам теухуахэр. Тхыдэр зи лъабжьэ эпос лIэужьыгъуэм зэрихабзэу, мыри зыхуэунэтIар лъэпкъым и гъащIэм къыщыхъуа къэхъугъэр художественнэу къэгъэлъэгъуэнырщ. Апхуэдэу щыщыткIи, зэрынэрылъагъущи, мы циклым щызэхыхьащ пэж дыдэу тхыдэм къыщыхъуа Iуэхугъуэхэм къаша мотивхэмрэ пасэрей миф гупсысэкIэхэр зи лъабжьэу къэунэхуахэмрэ. Мы иужьрейм и щап-хъэу хъыбархэм яхыдолъагъуэ нэхъапэу къызэпэща нарт эпосым, лIыхъужь псысэм, н. къыIэпиха пкъыгъуэ куэд. А псом къагъэлъагъуэращи, ЕщIэнокъуэ зэшхэм я циклыр зэтеуващ зи гугъу тщIы пасэрей жанрхэм пыщIэныгъэ быдэ хуаIэу, апхуэдэу зэрыщытми къишащ мыр мотивхэмкIэ, сюжетхэмкIэ, образхэмрэ абыхэм якIэрилъхьа хэл-щэнхэмкIэ, художественнэ IэмалхэмкIэ къулей хъу зэпытурэ зиузэщIыныр.

×

About the authors

Mukhamed F. Bukhurov

The Institute for the Humanities Research – Affiliated Kabardian-Balkarian Sci-entific Center of the Russian Academy of Sciences

Author for correspondence.
Email: mbf72@mail.ru
ORCID iD: 0000-0002-6253-4097

References

  1. Адыгские историко-героические песни и предания. Т. 1. Андемиркан / Гл. ред. А.М. Гутов. – Нальчик: Ред.-изд. отдел ИГИ КБНЦ РАН, 2019. – 430 с.
  2. Адыгские сказки. В 2-х т. Т. 2: Волшебные сказки/ Сост. Ж.Г. Тхамокова (Браева). – Нальчик: Ред.-изд. отдел ИГИ КБНЦ РАН, 2018. – 592 с.
  3. Адыгский фольклор. В 2-х т. Т. 2 / Сост. З.П. Кардангушев. – Нальчик: Эльбрус, 1969. – 285 с.
  4. Архив Института гуманитарных исследований Кабардино-Балкарского научного центра Российской академии наук.
  5. Гутов А.М. Народный эпос: Традиция и современность. – Нальчик: Изд-во КБИГИ, 2009. – 228 с.
  6. Кожев З.А. Бахчисарайский поход (Бахъшысэрей зекIуэ): проблема датировки // Вестник КБИГИ. – 2018. – № 4 (39). – С. 45-54. – doi: 10.31007/2306-5826-2018-4-39-45-54.
  7. Нарты. Адыгский эпос. В 4-х т. Т. 1: Ранние циклы эпоса. Сосруко / Гл. ред. А.М. Гутов. – Нальчик: ООО «Тетраграф», 2012. – 424 с.
  8. Нарты. Адыгский эпос. В 4-х т. Т. 2: Озырмес. Батраз. Ашамез / Гл. ред. А.М. Гутов. – Нальчик: ИГИ КБНЦ РАН, 2017. – 468 с.
  9. Нарты. Адыгский эпос. В 4-х т. Т. 4: Малые эпические циклы. Разрозненные сказания / Гл. ред. А.М. Гутов. – Нальчик: Ред.-изд. отдел ИГИ КБНЦ РАН, 2020. – 420 с.
  10. Сравнительный указатель сюжетов адыгских (ка-бардинских, черкесских, адыгейских) волшебных сказок по системе Аарне-Томпсона / Сост. Ж.Г. Тхамокова (Браева) // Адыгские сказки. В 2-х т. Т. 2: Волшебные сказки/ Сост. Ж.Г. Тхамокова (Брае-ва). – Нальчик: Ред.-изд. отдел ИГИ КБНЦ РАН, 2018. – С. 553-588.
  11. Сравнительный указатель сюжетов. Восточнославянская сказка / отв. ред. К.В. Чистов. – Л.: Наука, 1979. – 438 с.
  12. Фоноархив Института гуманитарных исследований Кабардино-Балкарского научного центра Российской академии наук.
  13. Thompson S. The types of the folktale. А classification and bibliography. Antti Aaarne’s «Verzeichnis der Märchentypen» (FFC № 3) translated and enlarged. Second revi-sion (FFC 184). – Helsinki: Suomalainen Tiedeakatemia, 1961. – 588 p.

Supplementary files

Supplementary Files
Action
1. JATS XML

Copyright (c) 2022 Бухуров М.F.

Creative Commons License
This work is licensed under a Creative Commons Attribution-NonCommercial 4.0 International License.

Согласие на обработку персональных данных с помощью сервиса «Яндекс.Метрика»

1. Я (далее – «Пользователь» или «Субъект персональных данных»), осуществляя использование сайта https://journals.rcsi.science/ (далее – «Сайт»), подтверждая свою полную дееспособность даю согласие на обработку персональных данных с использованием средств автоматизации Оператору - федеральному государственному бюджетному учреждению «Российский центр научной информации» (РЦНИ), далее – «Оператор», расположенному по адресу: 119991, г. Москва, Ленинский просп., д.32А, со следующими условиями.

2. Категории обрабатываемых данных: файлы «cookies» (куки-файлы). Файлы «cookie» – это небольшой текстовый файл, который веб-сервер может хранить в браузере Пользователя. Данные файлы веб-сервер загружает на устройство Пользователя при посещении им Сайта. При каждом следующем посещении Пользователем Сайта «cookie» файлы отправляются на Сайт Оператора. Данные файлы позволяют Сайту распознавать устройство Пользователя. Содержимое такого файла может как относиться, так и не относиться к персональным данным, в зависимости от того, содержит ли такой файл персональные данные или содержит обезличенные технические данные.

3. Цель обработки персональных данных: анализ пользовательской активности с помощью сервиса «Яндекс.Метрика».

4. Категории субъектов персональных данных: все Пользователи Сайта, которые дали согласие на обработку файлов «cookie».

5. Способы обработки: сбор, запись, систематизация, накопление, хранение, уточнение (обновление, изменение), извлечение, использование, передача (доступ, предоставление), блокирование, удаление, уничтожение персональных данных.

6. Срок обработки и хранения: до получения от Субъекта персональных данных требования о прекращении обработки/отзыва согласия.

7. Способ отзыва: заявление об отзыве в письменном виде путём его направления на адрес электронной почты Оператора: info@rcsi.science или путем письменного обращения по юридическому адресу: 119991, г. Москва, Ленинский просп., д.32А

8. Субъект персональных данных вправе запретить своему оборудованию прием этих данных или ограничить прием этих данных. При отказе от получения таких данных или при ограничении приема данных некоторые функции Сайта могут работать некорректно. Субъект персональных данных обязуется сам настроить свое оборудование таким способом, чтобы оно обеспечивало адекватный его желаниям режим работы и уровень защиты данных файлов «cookie», Оператор не предоставляет технологических и правовых консультаций на темы подобного характера.

9. Порядок уничтожения персональных данных при достижении цели их обработки или при наступлении иных законных оснований определяется Оператором в соответствии с законодательством Российской Федерации.

10. Я согласен/согласна квалифицировать в качестве своей простой электронной подписи под настоящим Согласием и под Политикой обработки персональных данных выполнение мною следующего действия на сайте: https://journals.rcsi.science/ нажатие мною на интерфейсе с текстом: «Сайт использует сервис «Яндекс.Метрика» (который использует файлы «cookie») на элемент с текстом «Принять и продолжить».