Indicative mood in the Kabardino-Circassian Language

Мұқаба

Дәйексөз келтіру

Толық мәтін

Аннотация

The article presents a detailed analysis of the indicative mood in the Kabardino-Circassian language. In the study's course, a comparative-historical method was used with the involvement of the language material of the closely related Adyghe language.The study was carried out based on the author’s monographic work “Semantic and grammatical characteristics of the mood category in the Kabardian-Circassian language”, where the indicative expressing indicative semantics is characterized, considering such universal categories as modality and temporality. In the list of indirect moods, the indicative mood is distinguished by the greatest completeness of the system of word-change forms and expresses the reality of the action in all tense forms.The methods used in the work are based on the tradition of synchronous description, as well as on the theoretical understanding of the category of mood and modality in the works of researchers working in Iberian-Caucasian linguistics.The scientific novelty of the article lies in the study of the indicative in tandem with the category of time with the definition of morphological indicators. It is concluded that besides the main modality inherent in these forms out of context, Kabardian-Circassian verbs in the indicative mood can have various modal shades that characterize the action from the point of view of its relation to reality.An important innovation of the article is the use of a new national linguistic terminology developed by Doctor of Philology B.Ch. Bizhoev.

Толық мәтін

Адыгэбзэ бзэхабзэм нобэр къыздэсым тешэм ехьэлIауэ, ар зэрызэрыIыгъыу зэпкьрихыу, зы епльыкIкIэ щыубзыхуауэ лэжьыгъэ щхьэхуэ иIакьым, Хэжь З.Р. и щIэныгъэ лэжьыгъэм нэмыщI [Хежева 2015]. ЗэрытщIэщи, тешэр гуэх имыIэу епхащ гъэзэщIакIуагъэм, сыту жыпIэмэ сыт хуэдэ псалъэухами и ухуэкIэми и зэхэлъыкIэми емыпхауэ тешэ категорэм гъэзэщIэкIуагъэ мыхьэнэ щиIэщ, абы наIуэу кьыхощ лэжьыгъэр, ар кьызыбгъэдэкIыр, щытыкIэр зыхуэдэн хуейм зэрыхущытыр.

Адыгэбзэм и зэраIуатэ тешэм лэжъыгъэм, щытыкIэм и щыIэныгъэ е и щымыIэныгъэ зэман псоми иту къегъэлъагъуэ.

Контекстым щыхэмытмэ, зэраIуатэ тешэм иIэ хабзэ уасэхуэщI нэхъыщхьэм нэмыщI, мыпхуэдэ гъэпсыкIэ зиIэ лэжъыгъэцIэхэм (зэраIуатэ тешэм итхэм) лэжьыгъэр е щытыкIэр зыхуэдэн хуейм зэрыхущытыр кьэзыгъэлъагъуэ нэгъуэщI уасэхуэщI зэмылIэужьыгъуэхэри яIэнкIи мэхъу.

ЗэраIуатэ тешэм и мыхьэнэ нэхъыщхьэр – Iуэхугъуэр ипэжыпIэкIэ зытетыр, ар зэрекIуэкI дыдэр, зэрекIуэкIар, зэрекIуэкIынур къэгъэлъэгъуэнырщ.

Абхъаз-адыгэбзэхэм зэраIуатэ тешэр (индикативыр) адрей тешэхэм псалъэзыхъуэж системэ убгъуа зэриIэмкэ къащхьэщокI. ЗэраIуатэ тешэр къыхэгъэбелджылыкIыныр, и гъунапкъэхэр убзыхуныр гугъу пщещI мы тешэм и кIуэцIкIэ лъабжьэужь морфемэ хэтхэр адрей тешэхэм ит лэжьыгъэцIэхэм япыувэу зэрыщытым. Мы тешэр щыIэныгъэм и лъабжьэужь –щ, –т, щымыIэныгъэ къэзыгъэлъагъуэ лъабжьэужь –кьым, лъабжьэпэ мы- нэщэнэгъэлъагъуэхэр пыту къокIуэ. Къалэн нэхъыщхьэ дыдэу мы тешэ лIэужьыгъуэм иIэр лэжьыгъэр псалъэр жызыIэм и лъэкIыныгъэм е и фIэфIыныгъэм емылъытауэ, Iуэхугъуэр пэж дыдэу зэрекIуэкIыр, зэрыхъур къэгъэлъагъуэнырщ. Апхуэдэу щытми, субъектыр а къиIуатэм зэрыхущытри контекстым хыболъагъуэ: Къамылым къыхэкIыу утыкум къытехьа шухэр зэрилъагъуххэу, сэлэтым щIидзащ гъущI хъурейм еуэу [Шортэн 2016: 260].

Адыгэ литературэбзэм хуэмыдэу, щIыпIэбзэхэм зэраIуатэ тешэм морфологие нэщэнэ щамыIэу урохьэлIэ. Псалъэм папщIэ, беслъэней щIыпIэбзэм зэраIуатэ тешэм лъабжьэужь –щ щыпыувэркъым, абы къыхэкIкIэ псалъэзыхъуэж и лъэныкъуэкIэ лэжьыгъэцIэ хъейхэмрэ мыхъейхэмрэ зэщхьэщыкIыныгъэ ямыIэ мэхъу. Абы къыщхьэщыкIыу, литературэбзэм деж хъей, мыхъей лэжьыгъэцIэхэм я языныкъуэ щытыкIэхэм (блэкIа, блэкIа жыжьэ зэман гъэпсыкIэхэм) зэщхьэщыкIыныгъэ нэIурыту яIэщ лъабжьэужь –щ япыувэныр е япымыувэныр.

Беслъэней щIыпIэбзэм зэраIуатэ тешэм морфологие нэщэнэ пыухыкIа зэрыщимыIэм тешэ языныкъуэхэр зэхэгъэщхьэхукIыныр гугъу къещI, къапщтэмэ, блэкIа зэманым ит зэрыупщIэ тешэмрэ зэраIуатэ тешэмрэ зэщхьэщыкIыныгъэу яIэр макъщIыкIэ къудейрщ: гъа (зэраIуатэ тешэ), гъа? (зэрыупщIэ тешэ), гъат (зэраIуатэ тешэ), гъат? (зэрыупщIэ тешэ). Мыпхуэдэ гъэпсыкIэ зиIэ лэжьыгъэцIэхэм я мыхьэнэр зэрызыхэпхуну щыIэр контекстым щиIэ макъщIыкIэрщ.

КъинэмыщIауэ, зэраIуатэ тешэм морфологие нэщэнэ пыухыкIа зэримыIэм гугъуагъыу къишэхэм ящыщу, мы тешэм ит лэжьыгъэцIэр адрей тешэхэр къызытехъукI (унафэ тешэм нэмыщI) лэжьыгъэцIэхэмрэ зэхэгъэкIыгъуей ещI. Мыпхуэдэ лэжьыгъэцIэхэм щхьэ, бжыгъэ, зэман къэзыгъэлъагъуэ нэщэнэхэр яIэщ, ауэ лэжьыгъэр, щытыкIэр зыхуэдэн хуейм зэрыхущытыр къэзыгъэлъагъуэ нэщэнэ яIэкъым. Абы и лъэныкъуэкIи, беслъэней щIыпIэбзэр кIахэбзэм нэхъ ещхьу жыпIэ хъунущ, сыту жыпIэмэ, а бзэм зэраIуатэ тешэм хухэха, абы егъэщIылIа гъэлъэгъуакIуэ иIэкъым.

Ауэ, жыIапхъэщ, кIахэбзэм зэраIуатэ гъэпсыкIэ зиIэ лэжьыгъэцIэ языныкъуэхэми лъабжьэгъусэ зэмылIэужьыгъуэхэр зэрыпыувэр, мыхьэнэ зэмыщхьхэр къагъэлъагъуэу. Апхуэдэ лъабжьэгъусэхэу къоув: -п, -х, -гу нэгъуэщIхэри: СыкъэкIожы-п-агъ (сыкъэкIуэжыпащ); есIогъа-х (жесIакIэщ); къысажэ-гу (зэкIэ къызэжьэ).

ЛъабжьэужькIэ къэхъу зэраIуатэ тешэ зэрыщыIэм белджылы тщещI уасэхуэщI мыхьэнэр мы категорием Iэмал зэмыщхьхэмкIэ къызэрыхъур. Абы къегъэлъагъуэ лъабжьэгъусэкIэ къэхъу гъэпсыкIэхэмрэ лъабжьэгъусэншэу къэхъухэмрэ зэпэщIэбгъэувэ зэрымыхъунур. ДызэригугъэмкIэ, лэжьыгъэцIэ псори, зэраIуатэ гъэпсыкIэ зиIэхэр, лъабжьэгъэусэкIэ къэхъуами, лъабжьэужькIэ къэхъуами, зэраIуатэ тешэу убж хъунущ, морфологие и лъэныкъуэкIэ зэщхьэщыкIыныгъэ иIэу щытми.

ЗэраIуатэ тешэр уха гъэпсыкIэ зиIэ лэжьыгъэцIэхэм хохьэ. Бзэ куэд дыдэм, адыгэбзэри яхэту, гъэзэщIэкIуагъэ зытещIыхьа ехьэлIа нэхъыщхьэу уасэхуэщIыр зырыщытым ещхьу, уха гъэпсыкIэр Iэмал имыIэу гъэзэщIэкIуагъэм и Iэмэпсымэ нэхъыщхьэу щытщ. БзэщIэныгъэлI Багъы П. зэритхымкIэ, уха гъэпсыкIэр языныкъуэ тешэхэм я пщэрылъ, къалэн къэзыгъэлъагъуэ Iэмэпсымэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ [Багов 1983: 10].

Уха гъэпсыкIэ зиIэ лэжьыгъэцIэхэм Iуэхугъуэ нэхъыщхьэр, зыми емылъытауэ, зыгуэрым емыпхауэ зэрыщытыр къегъэлъагъуэ икIи хъуныгъэ мыхьэнэ щиIэм деж лъабжьэужь -щ поувэ, зэман блэкIам щитым -т поувэ: ар щытщ, абы ар ишащ, цIыхухэр тIысащ; ар тхэрт.

Уха гъэпсыкIэ зиIэ зэраIуатэ тешэм ит лэжьыгъэцIэхэм я мыхъуныгъэ мыхьэнэр -къым лъабжьэужькIэ къэгъэлъэгъуа мэхъу: ар тхэркъым, щакIуэм щыхьыр иукIакъым, хъыджэбзыр кIуакъым.

ЗэраIуатэ тешэм ит лэжьыгъэцIэхэм зэман гъэпсыкIэ псори, щхьэ гъэпсыкIэ псори яIэщ. ДауикI, зэман гъэпсыкIэ пыухыкIам иIэ мыхьэнэр зэлъытар лэжьыгъэцIэр хъейуэ е мыхъейуэ щытынырщ. Къапщтэмэ, зэман къэгъэхъун и лъэныкъуэкIэ хъей-мыхъей лэжьыгъэцIэхэм я зэфIэкIыр зэтехуэркъым, мыхъей лэжьыгъэцIэхэм зэман къагъэхъур фIыуэ нэхъ мащIэщ. КIэрашэ З. гу зэрылъитащи, мыхъей лэжьыгъэцIэхэм убгъуауэ зэманкIэ хъуэжа зэрымыхъум икIи языныкъуэ тешэхэр, псалъэм папщIэ, унафэ тешэ зэрамыIэм къыхэкIкIэ абыхэм я уасэхуэщI мыхьэнэр къызэрагъэлъагъуэ Iэмалхэр нэхъ мащIэщ [Керашева 1984: 111]. ГъэщIэгъуэныращи, кавказыбзэ псоми я мыхъей лэжьыгъэцIэхэм аорист къагъэхъуркъым.

ЗекIуэхъу У. и псалъэхэмкIэ жыпIэмэ, адыгэхэм я бзэ зэхэщIыкIымкIэ хъей щытыкIэр – зызыхъуэж, зызыужь, зэхъуэкIыныгъэ, екIуэкIыкIэ зиIэщ, мыхъейхэр – зызымыхъуэж, и пIэм имыкIхэщ [Зекох 1980: 240].

Аращи, лэжьыгъэцIэ хъейхэм зэхъуэкIыныгъэ къагъэлъагъуэ: сэ сотхэр, сэ ар сотхыр, сожьэр, сошэр, къэкIуэн, дэпсэун, ефэн; мыхъей лэжьыгъэцIэхэм – лэжьыгъэм кърикIуар, Iэужьыр, кIэ зэригъуэта щIыкIэр: сыщытщ, тетщ н.къ.

Уха гъэпсыкIэ зиIэ хъей лэжьыгъэцIэхэмрэ мыхъей лэжьыгъэцIэхэмрэ зэраIуатэ тешэм и ит зэманым морфологие и лъэныкъуэкIэ зэщхьэщыкIыныгъэ яIэщ. Хъей лэжьыгъэцIэхэм ит зэманым лъабжьэпэ –о (–уэ) яIэщ: сэ соплъыр, сэ сотхэр, сэ сошхэр; мыхъей лэжьыгъэцIэхэм лъабжьэужь –щ поувэ: сэ сыщытщ, сэ ар сиIэщ, къуагъым къуэтщ. БлэкIа зэманхэм хъей лэжьыгъэцIэмрэ мыхъейхэмрэ я зэраIуатэ тешэм зэщхьэщыкIыныгъэ яIэкъым. Зи гугъу тщIы гъэпсыкIэхэр IуэхуцIэм лъабжьэужь –щ е блэкIа зэманым и лъабжьэгъусэ -т япыуэкIэрэ къохъу. Псалъэм папщIэ, блэкIа зэманым ит кIуащ гъэпсыкIэр блэкIа зэманым ит IуэхуцIэ кIуа жыхуиIэм лъабжьэужь –щ пыувэкIэрэ къэхъуащ.

КIуат гъэпсыкIэ зиIэ лэжьыгъэцIэри IуэхуцIэ кIуа-м блэкIа зэманым и лъабжьэужь –т пыувэкIэрэ къэхъуауэ аращ. Мыбы къегъэлъагъуэ лъабжьэужь –щ зыпыт лэжьыгъэцIэу блэкIа е къэкIуэну зэманым итхэр мыхъей лэжьыгъэцIэм къызэрытекIар.

Адыгэбзэм уха хъей лэжьыгъэцIэхэр зэраIуатэ тешэм иту псалъэухам къызэрыкIуэ гъэзэщIэну хоувэ хъуныгъэ гъэпсыкIэми, мыхъуныгъэми: Губжьым зи нэгур зэблиша Мухьэмэд гъуэжькурий фӀыцӀэу лӀакъуэлӀэш лӀыжьым жьэхэлъэдащ [Мэлбахъуэ 1986: 94]; ЗэгурыIуам хуэдэу гупыр я пщым еплъащ, «Мыбы етщIэнур сыт, Елмырзэ?» – жыхуаIэу [Журт 2004: 3]; Дэгъуэр, гуакIуэр, фIыр цIыхум гурыхь щыхъуныр ныбжьым епхакъым – абыкIэ жьыри щIэри зэхуэдэщ [КIэрэф 2009: 83].

ЗэрытщIэщи, зэманкIи тешэкIи мыхъей лэжьыгъэцIэхэм зэхъуэкIыныгъэ и лъэныкъуэкIэ я зэфIэкIыр нэхъ мащIэщ, икIи, абы къыхэкIкIэ, я къалэнри нэхъ мащIэ мэхъу. Апхуэдэу щытми, уасэхуэщIым хъей лэжьыгъэцIэхэми мыхъей лэжьыгъэцIэхэми я къэгъэлъэгъуэкIэр щызэхуэдабзэщ. Хъей лэжьыгъэцIэхэм я ит зэман зиIэ гъэпсыкIэхэр адрей зэманхэм ит лэжьыгъэцIэхэм япэщIоувэ, щхьэ парадигмэ сатырхэм я псалъэпкъ зэхэлъыкIэкIэ щызэщхьэщокI: сошхэ, сышхащ, машхэ, шхащ. ЛэжьыгъэцIэ лъэмыIэс мыхъейхэм, лэжьыгъэцIэ лъэмыIэс хъейхэм хуэмыдэу, я лъабжьэ ухуэкIэм емылъытауэ, я ещанэ щхьэр сыт щыгъуи зэраIуатэ тешэм итщ, лъабжьэгъусэ имыIэу: макIуэ, матхэ.

ЗэраIуатэ тешэм и ит зэман гъэпсыкIэхэм хъей лэжьыгъэцIэхэм лъабжьэгъусэ пыухыкIа щаIэкъым, ахэр къызэрыхъур лъабжьэм щхьэ къэзыгъэлъагъуэ пыувэкIэрэщ. Мыпхуэдэ гъэпсыкIэ зиIэхэм къаIуатэ асыхьэтым, псалъэр къызыбгъэдэкIыр Iуэхугъуэм щытепсэлъыхьым екIуэкI, къэхъу щытыкIэ, Iуэхугъуэ гуэр: Пщэдджыжьым си фызым и дэлъхум къызитауэ щыта сэр си жыпым изолъхьэ, фызыр къызоупщӀ: – Уи гъащӀэм зомыхьа сэр сыт зэрыпщӀынур? [ШэджыхьэщIэ 1989: 167]; Долэт и нэр тенауэ абы йоплъ, и гур къолъэт, и Iэпкълъэпкъыр шарыр здэжэмкIэ дегъэш, и бэуэныр щыгъупщэжауэ [КIэрэф 2009: 78]. Мыпхуэдэ зэраIуатэ мыхьэнэ зиIэ псалъэухахэм уха хъей лэжьыгъэцIэм мыувыIэу, зэпыу имыIэу екIуэкI Iуэхугъуэ мыхьэнэ щи1эщ, а гъэпсыкIэхэм зэраIуатэ тешэм а дакъикъэм, асыхьэтым екIуэкI лэжьыгъэм и щыIэныгъэ е и щымыIэныгъэ кьигъэлъагъуэу щытщ.

АдэкIэ, зэраIуатэ тешэм ит мыхъей лэжьыгъэцIэхэм, хъей лэжьыгъэцIэхэм къащхьэщыкIыу, ит зэманым лъабжьэужь –щ яIэщ, лэжьыгъэм и щыIэныгъэ е щымыIэныгъэ къагъэлъагъуэ: Цехым и кӀэм сынэсауэ, цӀыхухъу гуп сыӀуоуэ, тхылъымпӀэ ягъэтӀылъауэ шагъыр птулъкӀэ зыхыблым бгъэдэсхэщ, щӀакхъуэ Ӏыхьэрэ кхъуей бзыгъэфӀри «тхьэрыкъуэф Ӏэнэм» телъщ [ШэджыхьэщIэ 1989: 117].

ЗэраIуатэ тешэм ит къэкIуэну гъэкIэщIа зэманым и нэщэнэ нэхъыщхьэр хъей лэжьыгъэцIэм и лъабжьэгъусэ н-мрэ арэзы хъуныгъэ гъэпсыкIэр къэзыгъэлъагъуэ лъабжьэужь –щ-мрэщ: [Ленэ:] Псори гурыIуэгъуэщ, си дахэ цIыкIу, Пщэдей нэзмыгъэсу, ухуеймэ, ныжэби сынэкIуэнщ [Къэрмокъуэ 1998: 8]. Япэ щхьэм ит закъуэ бжыгъэми куэд бжыгъэми субъектым игу илъ мурадыр къегъэлъагъуэ, икIи занщIэу, асыхьэту къэхъу лэжьыгъэу щытщ: [Алъхъо:] СыкIуэнщ, иджы псы щIыIэм зэ-тIэу зыхэздзэнщ [КIыщокъуэ 2007: 61]. ЯзыныкъуэкIэрэ зэраIуатэ тешэм ит лэжьыгъэцIэхэр унафэ тешэм и мыхьэнэм щыхуэкIуэ щыIэщ. Апхуэдэхэм деж къызэрымыкIуэу мыхьэнэшхуэ яIэщ контекстымрэ макъщIыкIэмрэ, къинэмыщIауэ, жьабзэм и щытыкIэмрэ. Къапщтэмэ, зэраIуатэ тешэм хуеджэныгъэ, хуэгъэушыныгъэ мыхьэнэ иIэу етIуанэ щхьэм и закъуэ бжыгъэми куэд бжыгъэми хъей лэжьыгъэцIэхэм я къэкIуэну гъэкIэщIа зэманым иту ущрихьэлIэ щыIэщ: укIуэнщ, фыкIуэнщ. Мыбдеж къэкIуэну зэман мыхьэнэр хуэгъэуш мыхьэнэм хуокIуэ.

КъэкIуэну щыз зэманым зэраIуатэ тешэм деж лъабжьэужь –ну+щ иIэщ, икIи хъей лэжьыгъэцIэхэм къэхъуну иуха Iуэхугъуэ, мыхъей лэжьыгъэцIэхэм щытыкIэм и щыIэныгъэ къэкIуэну зэманым къыщагъэлъагъуэ: Дадий къущхьэхъу мывэ тIэкIу къызитыну жиIащи, иджы абы сеплъынущ, фIарий тхьэмпэр щымыхъукIэ, – жиIащ анэм, уIэгъэпх хъыданхэр зэрихъуэкIыурэ [КIэрэф 2009: 447].

КъэкIуэну гъэкIэщIа зэманым ит етIуанэ щхьэ зиIэ закъуэ бжыгъэми куэд бжыгъэми яхуэдэу, къэкIуэну щыз зэманым и етIуанэ щхьэми хуэзыгъэуш мыхьэнэ иIэщ. Мыпхуэдэм деж уасэхуэщIым и мыхьэнэр наIуэ зыщIыр контекстымрэ псалъэухам и макъщIыкIэмрэщ. ЗэраIуатэ тешэм ит лэжьыгъэцIэр мыпхуэдэм деж хъейщ: ЦIыхум щIэныгъэр пхуетынущ, икIи ират, щIэныгъэщ цIыхур хьэршым зыхьар, IэкIуэлъакIуагъэр пхуетынущ, хьэл-щэн дахэр пхуетынущ, дэнэ дежи утыкум укъыщимыгъэукIытэну [КIэрэф 2009: 193].

Япэ блэкIа зэманым ит зэраIуатэ тешэм кIыхьу екIуэкI блэкIа щытыкIэ е Iуэхугъуэ псалъэр щыжаIэм деж иухыу къегъэлъагъуэ. Ар лэжьыгъэцIэм лъабжьэужь –а пыувэкIэрэ къохъу: Щамел хьэщIэщ джабэм кIэщIэгъэукIурия ентIырыжьым тетIысхьащ, нэху къызыдидз щхьэгъубжэхэмкIэ плъэуэ [Шортэн 2016: 324]. Мы лъабжьэужьыр хъей лэжьыгъэцIэхэми мыхъей лэжьыгъэцIэхэми я псалъэпкъым зэхуэдэу пыувэнкIэ мэхъу, икIи, зэрыжытIащи, псалъэр щыжаIэм ирихьэлIэу иух мыхьэнэ иIэщ: ГъуэгулI шыуаным илъым емыIэбу, мафIэшхуэ ищIри езым иIыгъ лы гъэгъуам щыщ IыхьитI игъэжьащ, зыр езым, адрейр и хьэм щхьэкIэ [Журт 2004: 84]; Сэ бжэ Iух макъ зыхэсхыным сыпэплъэу куэдрэ сыщысащ, щымыхъум кIэлындорым сыщIэкIыжри тэлайфIкIэ щхьэгъубжэм сыIутащ, цIыхубзыр къыщIэкIыным сыпэплъэу [ХьэхъупащIэ 1961: 13]. Мыпхуэдэ уасэхуэщI зиIэ псалъэухахэм, зэрытлъагъущи, щытыкIэр е Iуэхугъуэр икIэм нэсу зэфIэкIыпауэ, иухауэ щыщытщ.

ЗэраIуатэ тешэм и гъэпсыкIэхэр зэхэщхьэхукIыныр къыхэкIагъэнщ хъуныгъэ гъэпсыкIэ зиIэ зэраIуатэ тешэм и зэман щхьэхуэхэм дапщэщи лъабжьэгъусэ –щ япыту зэрыщымытым. Псом япэ ар ехьэлIащ блэкIа зэман етIуанэм мыр япэ блэкIам лъабжьэгъусэ –т пыувэкIэрэ къохъу икIи Iуэхугъуэр зэман пыухыкIа гуэрым зэрыщекIуэкIар къегъэлъагъуэ: сыкIуащ – сыкIуат (а зэманым).

БлэкIа зэман етIуанэм пыувэ –т лъабжьэужьым лэжьыгъэцIэ хъейми мыхъейми мыхьэнэ яритыр зэхуэдэщ: Гуащэм и бостеижьым къыхащIыкIыжа бостей нэхъ дахэ дыдэу иIэр хъыджэбз цIыкIум зыщитIэгъат, къабзабзэу зитхьэщIри и щхьэцым лентI хужь хищIащ [КIыщокъуэ 2005а: 523]; Нанэ жэмыр IуэмкIэ ихужыныр и щхьэусыгъуэу щIэкIат, сыту жыпIэмэ, абы дзэ Iутыжтэкъыми, цIыху щысу яхуэшхэртэкъым [КIыщокъуэ 2005: 136].

Елъыта блэкIа зэманым ит зэраIуатэ тешэр къохъу –т (р+т) лъабжьэужькIэ: сыкIуэрт. Мы зэманым ит хъей лэжьыгъэцIэхэм екIуэкI Iуэхугъуэ е предметым куэдрэ къэхъуа и щытыкIэ гуэр блэкIа зэман пыухыкIаам ехьэлIауэ къегъэлъагъуэ икIи ит зэман гъэпсыкIэхэм –р (р+т) лъабжьэужь япыувэкIэрэ къохъу: Мэжджыт пщIантIэм щIалэ зэрызехьэу щыджэгурт, къажыхьырт, зэбэнхэрт [КIыщокъуэ 2005: 152]. Ипхъур Рахьим къыбгъэдинэрти езым щхьэусыгъуэ гуэр къигъуэтауэ унэм щIэкIырт [Дисэ] [КIыщокъуэ 2005: 76].

Къыхэгъэщыпхъэщ, елъыта блэкIа зэманым ит хъей лэжьыгъэцIэ зэраIуатэ тешэм итхэм, мыхъейхэм къащхьэщыкIыу, факультатив лъабжьэужь –р зэрахэтыр. Хъей лэжьыгъэцIэ елъыта блэкIа зэманым ит сыкIуэт жыхуиIэм гуэгъуу иIэщ лъабжьэужь –р зыпыт гъэпсыкIэр: сыкIуэрт:. Лу тхылъым итыр гукIэ ищIэрти, тхылъым еплъыным и пIэкIэ Чачэ дежкIэ еплъэкIыурэ къеджэрт [КIыщокъуэ 2005а: 512]; Лу жиIэнур имыщIэу Саримэ дежкIэ плъэрт, аргуэру Елдар еплъыжырт [КIыщокъуэ 2005: 133].

Мыхъей лэжьыгъэцIэхэм я зэраIуатэ тешэм и елъыта блэкIа зэман гъэпсыкIэм –р лъабжьэужь хэткъым: сэ сыщытт. Жыраслъэнхэ я куэбжэ лъэныкъуабэм къыкъуэплъу Тинэ щытт [КIыщокъуэ 2005а: 523]. Хуэгъэуш мыхьэнэ яIэнкIэ мэхъу елъыта блэкIа зэманым и етIуанэ щхьэм и куэд бжыгъэ гъэпсыкIэхэм ит хъей лэжьыгъэцIэхэм: фыкIуэт. Мыпхуэдэхэм деж, зэраIуатэ тешэм и категорэ мыхьэнэри, блэкIа зэманым и мыхьэнэри наIуэу къыхыбогъэкIыф, Iуэхугъуэр къэхъуакIэу зэрыщытри нэрылъагъущ: фылажьэт (абы щыгъуэ); фытIэт (абы щыгъуэ).

Языныкъуэхэми, контекстым пэж дыдэу къэхъуа Iуэхугъуэ къыщигъэлъагъуэм деж, блэкIа зэманым ит уха гъэпсыкIэ зэраIуатэ тешэр хъей лэжьыгъэцIэхэр хэкIыпIэ тешэм и уасэхуэщI мыхьэнэм пэгъунэгъу мэхъу: мэзым дыкIуат (зэраIуатэ тешэ) – къыджефIатэмэ дыкIуат (хэкIыпIэ тешэ).

Япэ блэкIа жыжьэ зэман зэраIуатэ тешэ гъэпсыкIэм ит хъей лэжьыгъэцIэхэри мыхъей лэжьыгъэцIэхэри –гъа лъабжьэужькIэ къохъу икIи щыжаIэм ехьэлIауэ Iуэхугъуэр е щытыкIэр зэрыщыIар, зэман кIыхь зэрыдэкIар къегъэлъагъуэ: сыкIуэгъащ. А махуэм мафIэгу япэ дыдэу слъагъугъащ; Ахэр псори Босфор пащтыхьыгъуэм хэтыгъащ, ТIэмтIэракъ я щыхьэр къалэу, езыхэри щIытIрэ мывэ сэрейкIэ къэщIыхьауэ [КIыщокъуэ 2006: 5].

ЕтIуанэ блэкIа жыжьэ зэманым ит зэраIуатэ тешэр япэ блэкIа жыжьэ зэманым и псалъэпкъым къытохъукI –т лъабжьэужь пыувэкIэрэ икIи зытепсэлъыхь Iуэхугъуэр е щытыкIэр щыщыIар лъэхъэнэ жыжьэу зэрыщытыр къегъэлъагъуэ: сыкIуэгъат. Астемыр къыхуэкIуа урыс хьэщIэм и тIасхъэ гуэрхэми Долэт щыгъуазэнкIэ хъунут, сыту жыпIэмэ, фокIэщI ихьу Долэт Степан Ильич деж кIуауэ щытыгъат [КIыщокъуэ 2005: 201].

Къыхэгъэщыпхъэщ япэ блэкIа жыжьэ зэман гъэпсыкIэми, етIуанэ блэкIа жыжьэ зэман гъэпсыкIэми нэхъыбэу уащрихьэлIэр иджырей бзэр мыхъуу IуэрыIуатэр зэрыарар. Мы зэманитIым я мыхьэнэр къэзыгъэлъагъуэ зэхэлъыкIэу иджырей адыгэбзэм инэхъыбэм къыщагъэсэбэп зэхэлъ гъэпсыкIэхэр: сыкIуэгъащ – сыкIуауэ щытащ; сыкIуэгъат – сыкIуауэ щытат.

ЗэраIуатэ тешэ гъэпсыкIэу къакIуэ аористым хъуныгъэ гъэпсыкIи мыхъуныгъэ гъэпсыкIи иIэщ. Мыбы къигъэлъагъуэр блэкIа зэману щыт пэтми, Iуэхугъуэм и екIуэкIыкIэр адрей блэкIа зэманхэм емыщхьу щытщи ит зэманым и плъыфэр къещтэ.

Аористым арэзыгъэ лъабжьэужь -щ пыту, ауэ блэкIа зэманыр къэзыгъэлъагъуэ –а хэмыту нэхъыбэрэ урохьэлIэ: Кулисум тIэкIу къэпIэщIауэ къакIуати, уэсыр зэлъыIуихащ, псы къихьащ, пхъэи икъутащ, жьэгум мафIэ ирищIыхьщ, псы игъэхуабэри, жьыщIэн сыт щыIэт гъунэжуи, ижьыщIащ [КIыщокъуэ 2005: 35]. Думэсари жэмыш зэрыщIэкIыу, Лу къыщылъэтщ, псы тIэкIуи и нэкIум щIикIэщ, зихуапэри, бгъуэтмэ къащтэ, хадэмкIэ илъадэри бзэхащ [КIыщокъуэ 2005: 554]; Хамэхьэ къихьэри унэхьэ ирихущ (Пс.).

КъекIуэкI жьабзэм аористыр мащIэ дыдэрэщ къызэрыхэхуэр. Нэхъыбэрэ мыпхуэдэ гъэпсыкIэ зиIэхэм пасэрей уэрэдыжьхэм, IуэрыIуатэм уащрохьэлIэ икIи абыхэм бзэр хуабжьу къулей ящI.

 

Къэдгъэсэбэпа фIэщыгъэцIэхэр [Бижоев 2022]:

 

Грамматикэ категорэ – грамматическая категория

ГъэзэщIакIуэ – подлежащее

ГъэзэщIэн – сказуемое

Жьабзэ – речь

ЗэраIуатэ тешэ – изъявительное наклонение

ЗэрыупщIэ тешэ – вопросительное наклонение

КIахэбзэ – адыгейский язык

ЛэжьыгъэцIэ – глагол

Лъабжьэгъусэ – аффикс

Лъабжьэпэ – префикс

Лъабжьэужь – суффикс

Мыхъей лэжьыгъэцIэхэр – статические глаголы

Плъыфэ – оттенок

УасэхуэщI – модальность

 

×

Авторлар туралы

Zalina Khezheva

The Institute for the Humanities Research – Affiliated Kabardian-Balkarian Sci-entific Center of the Russian Academy of Sciences

Хат алмасуға жауапты Автор.
Email: zalinathamadokova9@gmail.com
ORCID iD: 0000-0001-6384-4647

Әдебиет тізімі

  1. Багов П.М. Наклонение и время в адыгских языках // Проблемы грамматики и лексики адыгских языков. – Нальчик: Б.и., 1983. – С. 5-14.
  2. Бижоев Б.Ч. Русско-кабардино-черкесский и кабардино-черкесско-русский словари лингвистических терминов. – Нальчик: Издательская типография «Принт-Центр», 2022. – 172 с.
  3. Зекох У.С. Об оппозиции «динамичность-статичность», ее сущности и специфика в адыгских языках // Материалы региональной научной сессии по историко-сравнительному изучению иберийско-кавказских языков. – Майкоп: АНИИЭЯЛИ, 1980. – С. 238-244.
  4. Журт Б. Къу. Унагъуэ. Роман. – Налшык: Эльбрус, 2004. – 200 н.
  5. Керашева З.И. Предложения с финитными и инфинитными глаголами в адыгских языках. – Тбилиси: Мецниереба, 1984. – 302 с.
  6. КIэрэф М.Ж. Лъэужь е лIэужь. Повестхэр. – Налшык: Эльбрус, 2009. – 572 н.
  7. КIыщокъуэ А.П. Хъуэпсэгъуэ нур. Роман. Тхыгъэхэр томихым щы-зэхуэхьэсауэ. – II том. – Налшык: Эльбрус, 2005. – 488 н.
  8. КIыщокъуэ А.П. Эмирым и сэшхуэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантIэ. Ро-манхэр. Тхыгъэхэр томихым щызэхуэхьэсауэ. – III том. – Налшык: Эльбрус, 2005. – 752 н.
  9. КIыщокъуэ А.П. Лъапсэ. Роман. Рассказхэр. Тхыгъэхэр томихым щызэхуэхьэсауэ. – V том. – Налшык: Эльбрус, 2006. – 552 н.
  10. КIыщокъуэ 2007 – КIыщокъуэ А.П. Рассказ. Повесть. Пьесэхэр. Тхыгъэхэр томихым щызэхуэхьэсауэ. – VI том. – Налшык: Эльбрус, 2007. – 541 н.
  11. Къэрмокъуэ М.М. Къоджэм уигъэжеиркъым. Роман. – Налшык: Эльбрус, 1998. – 460 н.
  12. Мэлбахъуэ Е.Т. Iуащхьэмахуэ кIуэ гъуэгур шынагъуэт. Роман. – Налшык: Эльбрус, 1986. – 383 н.
  13. Хежева З.Р. Семантико-грамматическая характеристика категории наклонения в кабардино-черкесском языке. – Нальчик: Издательский отдел КБИГИ, 2015. – 135 с.
  14. ХьэхъупащIэ Хь.Хь. НысащIэ. Рассказ. – Налшык: Къабэрдей-Балъкъэр тхылъ тедзапIэ, 1961. – 161 н.
  15. ШэджыхьэщIэ Хь.ТI. Мазизэ. Повесть, рассказхэр. – Налшык: Эльбрус, 1989. – 292 н.
  16. Шортэн А.ТI. Бгырысхэр. Роман-эпопее. – Налшык: Эльбрус, 2016. – 1224 н.

Қосымша файлдар

Қосымша файлдар
Әрекет
1. JATS XML

© Хежева З.R., 2022

Creative Commons License
Бұл мақала лицензия бойынша қол жетімді Creative Commons Attribution-NonCommercial 4.0 International License.

Согласие на обработку персональных данных с помощью сервиса «Яндекс.Метрика»

1. Я (далее – «Пользователь» или «Субъект персональных данных»), осуществляя использование сайта https://journals.rcsi.science/ (далее – «Сайт»), подтверждая свою полную дееспособность даю согласие на обработку персональных данных с использованием средств автоматизации Оператору - федеральному государственному бюджетному учреждению «Российский центр научной информации» (РЦНИ), далее – «Оператор», расположенному по адресу: 119991, г. Москва, Ленинский просп., д.32А, со следующими условиями.

2. Категории обрабатываемых данных: файлы «cookies» (куки-файлы). Файлы «cookie» – это небольшой текстовый файл, который веб-сервер может хранить в браузере Пользователя. Данные файлы веб-сервер загружает на устройство Пользователя при посещении им Сайта. При каждом следующем посещении Пользователем Сайта «cookie» файлы отправляются на Сайт Оператора. Данные файлы позволяют Сайту распознавать устройство Пользователя. Содержимое такого файла может как относиться, так и не относиться к персональным данным, в зависимости от того, содержит ли такой файл персональные данные или содержит обезличенные технические данные.

3. Цель обработки персональных данных: анализ пользовательской активности с помощью сервиса «Яндекс.Метрика».

4. Категории субъектов персональных данных: все Пользователи Сайта, которые дали согласие на обработку файлов «cookie».

5. Способы обработки: сбор, запись, систематизация, накопление, хранение, уточнение (обновление, изменение), извлечение, использование, передача (доступ, предоставление), блокирование, удаление, уничтожение персональных данных.

6. Срок обработки и хранения: до получения от Субъекта персональных данных требования о прекращении обработки/отзыва согласия.

7. Способ отзыва: заявление об отзыве в письменном виде путём его направления на адрес электронной почты Оператора: info@rcsi.science или путем письменного обращения по юридическому адресу: 119991, г. Москва, Ленинский просп., д.32А

8. Субъект персональных данных вправе запретить своему оборудованию прием этих данных или ограничить прием этих данных. При отказе от получения таких данных или при ограничении приема данных некоторые функции Сайта могут работать некорректно. Субъект персональных данных обязуется сам настроить свое оборудование таким способом, чтобы оно обеспечивало адекватный его желаниям режим работы и уровень защиты данных файлов «cookie», Оператор не предоставляет технологических и правовых консультаций на темы подобного характера.

9. Порядок уничтожения персональных данных при достижении цели их обработки или при наступлении иных законных оснований определяется Оператором в соответствии с законодательством Российской Федерации.

10. Я согласен/согласна квалифицировать в качестве своей простой электронной подписи под настоящим Согласием и под Политикой обработки персональных данных выполнение мною следующего действия на сайте: https://journals.rcsi.science/ нажатие мною на интерфейсе с текстом: «Сайт использует сервис «Яндекс.Метрика» (который использует файлы «cookie») на элемент с текстом «Принять и продолжить».