Interpretation of ideological time markers through literary images of the kabardian prose writer M. Gubzhev

封面

如何引用文章

全文:

详细

The article is devoted to the study of the ideologically and thematically interconnected novels of the Kabardian writer M. Gubzhev (1913-1997) “The Clever Paves His Milky Way” and “The Two-Legged Wolf” in their national and genre-style specificity. For the first time, as the author’s individual skill is studied, his contribution to the development of the genre of the Kabardian novel is determined. The content and compositional features of the novels dedicated to the dramatic periods of the life of the Circassians in the entire country are determined. The scientific novelty of the proposed work consists in restoring the picture of the development of Kabardian literature, in correlating its most significant facts with the changing historical and cultural context and in particular in identifying the original features of the studied novels by M. Gubzhev. Today's themes of war and revolution are relevant. New accents appeared in the works of famous prose writers of the older generation. Indicative are the novels of M. Gubzhev, which are a highly artistic work of modern national literature. They raise the theme of the recent past, but the works show a novel approach, a view from the standpoint of today. The difficult time of collectivization, the post-war revival - the heroes of M. Gubzhev’s novels withstood all these tests with honor. Revealing in the novels the harsh drama of the path traversed by the heroes, the author embodies the historical experience of their native people in their destinies. The imagery, poetry of the language, colorful descriptions of the life and traditions of the Kabardians attract attention. The practical significance of the article is determined because the materials of this study can be used in the development of lecture courses on the history of Kabardian-Circassian literature, in preparing textbooks on literature, as well as in the writing of fundamental scientific research on individual representatives, specific periods and artistic phenomena of the literatures of peoples in South Russia.

全文:

Къэбэрдей-шэрджэс литературэм ХХ лIэщIыгъуэм и 60 гъэхэм зи тхыгъэ купщIафIэхэмкIэ къыхыхьауэ щытахэм ящыщщ Гъубж Мухьэдин. А лъэхъэнэм къыщыщIэдзауэ дунейм ехыжыху и хъэтI, и дуней къэгъэлъэгъуэкIэ, гупсысэ къэIуэтэкIэ щхьэхуэ иIэу лъэпкъ литературэм жумарту хуэлэжьащ ар.

«ЛIэщIыгъуэ блэкIам и 80 гъэхэм икухэм къыщыщIэдзауэ ди къэралым щекIуэкIа зэхъуэкIыныгъэхэм я фIыгъэкIэ лъэпкъ прозэм къаруущIэ къыхыхьащ, нэхъапэхэм зытепсэлъыхьыну хуитыныгъэ ямыIэу щыта темэхэр къызэIухыныр абы къалэн нэхъыщхьэ щыхъуащ. ТхакIуэхэм тегушхуауэ къаIэту хуежьащ «темэ зэхуэщIахэр» [История адыгской… 2013: 245]. Лъэпкъым и блэкIар художественнэ псалъэкIэ къэIуэтэным ахэр хущIэкъурт. Ар нэхъ нэрылъагъу щохъу роман жанрым. Абы Iэмал зэхуэмыдэхэр тхакIуэм къыхузэIуех и литературэ лIыхъужьхэм я щыIэкIэ-псэукIэмкIэ, я дуней лъагъукIэмкIэ тхыдэ мыхьэнэ зиIэ къэхъукъащIэ инхэр къигъэлъэгъуэжыну, лъэхъэнэм и цIыхухэр зыгъэгуфIэ е зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэр ди нобэм кърипхыжыну. Аращ ди къэхутэныгъэхэм я унэтIыныгъэ нэхъыщхьэр. Тхыгъэм къыщыгъэлъэгъуэжа лъэхъэнэм лъэпкъым къыдекIуэкI лъапIэныгъэ нэхъыщхьэхэм къыщыхъуа зэхъуэкIыныгъэхэми гулъытэ щыхудощI мы лэжьыгъэм, ахэр романхэм хэт образхэм я шыфэлIыфэхэм етпхыурэ.

Адыгэхэм гъуэгуанэ тынш къызэпачакъым, псом хуэмыдэу гугъут иужьрей лIэщIыгъуитIыр. Ар къыбжаIэ совет нэужь лъэхъэнэм къыдэкIа художественнэ тхыгъэхэм я фIэщыгъэцIэхэми. «Адыгэхэр зыхэпсэукI лъэхъэнэ ткIийр, бгырысхэм къалъыкъуэкI шынагъуэр е къапэплъэ Iуэхугъуэ гуэрхэр тхылъеджэм зыхрагъэщIэн папщIэ, тхакIуэхэм зэгъэпщэныгъэ зэхуэмыдэхэр къагъэсэбэп. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, дунейм и къэхъукъащIэ шынагъуэхэр, хьэкIэкхъуэкIэ бзаджэхэм я хьэл-щэн гуэрхэр: «Гъуэжькуий» (Журт Биберд), «МафIэ лыгъей» (БакIуу М.), «Псыдзэ» (Емкъуж М.), «Мыщэ лъэбжьанэ» (МафIэдз Сэрэбий), «ГущIэгъуншэ» (ХьэхъупащIэ Хьэжбэчыр), нэгъуэщIхэри» [Тимижев, Тхагазитов 2009: 150]. Апхуэдэу зэIуха хъуар тхыгъэхэм я цIэхэм я закъуэкъым – зэIуха хъуащ абыхэм я купщIэри, тхакIуэхэм я псалъэри. Абы и щапхъэщ Гъубж М. и «Iущым хешыр и Шыхулъагъуэ» (1990), «Дыгъужь лъакъуитI» (1994) романхэри. Лъэхъэнэ зэблэкIыгъуэм къигъэщIа а тхыгъэхэм наIуэу къытощ тхакIуэхэр гуитIщхьитI хъуауэ зэрыщытари.

«Iущым хешыр и Шыхулъагъуэ» романым лъэхъэнэ кIыхьи Iуэхугъуэ куэ-ди къызэщIеубыдэ, коллективизацэм къыщыщIэдзауэ зауэ нэужь зэман гугъум къэсу. Къурш къуажэкIэ зэджэм щекIуэкIа къэхъукъащIэхэр къигъэлъагъуэкIэрэ, тхакIуэм убгъуауэ нэрылъагъу ещI цIыхубэм я нэгу щIэкIа Iуэхушхуэхэр, бэнэныгъэ гуащIэр, зауэ нэужьым мэкъумэшыщIэхэм я псэукIэр зэрызэрагъэпэщыжар. Къуэпс куэду зэхэухуэна тхыгъэшхуэм къыщыхъу псоми хэпщIащ къуажэ тхьэмадэ Жэмал. Аращ лIыхъужь нэхъыщхьэу хэтыр, къэхъукъащIэ псори зэкIуэлIэжыр, романым фIыуи Iейуи къыщыхъу псори – цIыхум я щхьэ Iуэхум къыщыщIэдзауэ къэрал Iуэхум нэсу – лъэныкъуэ Iэджэ-кIэ абы епхащ. ТхакIуэм занщIэу дыхегъэгъуазэ романым щекIуэкI Iуэху псори зэпхыжа а лIыхъужьым и псэукIэм. Ар гъащIэм ипсыхьа цIыхущ, абы и IэфIри и бэIутIэIури зыхищIауэ. Ар наIуэ къыпщащI абы и унагъуэ, и щхьэ Iуэхухэр къызэрекIуэкIам. А псори зэпызыщIэу, гукъинэж пщызыщI теплъэгъуэхэр, къэхъукъащIэхэр тхакIуэм IэкIуэлъакIуэу, уи фIэщ хъууэ къигъуэтащ.

ЛIыхъужь нэхъыщхьэм и образыр тхылъеджэм и фIэщ хъууэ щытын папщIэ, ар зыхэт Iуэхухэри, зыпыщIа цIыхухэри, абыхэм я IуэхущIафэри пэжу щытын зэрыхуейм шэч хэлъкъым. А къалэнри тхакIуэм тэмэму егъэзащIэ. Абы и фIыгъэкIэ нобэрей тхылъеджэр хэша мэхъу ди блэкIа гъунэгъум къэхъуа тхыдэ Iуэхугъуэшхуэхэм, ди адэ-анэхэм, адэшхуэ-анэшхуэхэм я нэгу щIэкIахэм.

Тхыгъэм хэт персонажхэм, псом япэу Жэмал ущегупсыскIэ, гу лъыботэ езы тхакIуэр фIыуэ зыщыгъуазэ цIыхухэм я гъащIэр, пэжу къэхъуа Iуэхухэр романым лъабжьэ зэрыхуищIам. Романым иджыри зэ дыхешэж зэман бзаджэ блэкIахэм къэхъуа тхыдэ Iуэхугъуэшхуэхэм (граждан зауэ нэужьым, коллективизацэм, Хэку зауэшхуэм, зэфIэгъэувэжыныгъэм и илъэс гугъухэм, нэгъуэщIхэми). А псор ди цIыхухэм я нэгу зэрыщIэкIар тхакIуэм къытхуеIуэтэж и литературэ лIыхъужьхэм я образхэмкIэ.

«Iущым хешыр и Шыхулъагъуэ» романым и ухуэкIэр гъэщIэгъуэнщ. Ар тхылъищу зэхэлъщ. Ахэр зэпыудащ Iыхьэ-Iыхьэу, дэтхэнэми езым псалъащхьэ иIэжу. Япэ тхылъыр IыхьипщI мэхъу. Абы зэманкIэ къызэщIеубыдэ коллективизацэм къыщыщIэдзауэ зауэр къыщыхъея махуэм къэсыху. Романым псэукIэжьымрэ псэукIэщIэмрэ (художественнэ конфликтым и щIэдзапIэм) я зэпылъыпIэ дыдэм деж къыщыщIедзэ. Тхыгъэм и япэ напэхэм щыдолъагъу шыгъажэ екIуэкIыу. Мыбдеж дыщыхуозэ романым и лIыхъужь нэхъыщхьэм – Хъуэж Жэмал. Ар щIалэ цIыкIуу, шыгъажэр здекIуэкIым, КIэщ Хьэбашэ е-псалъэу къыщIедзэ романым: «– Ар уигу темыхуэмэ, уэ IукI, Хьэбашэ! Уи гужьыр илъ хуэди иджыри?! ЩыIэжкъым а япэрей дэгъэуей-къегъэухыр! Иджы, Хьэбашэ, Совет властщ, къыбгурыIуа ар?!» [Губжев 1990: 3].

КIэщ Хьэбашэ лъэкI къигъанэркъым къуажэдэсхэм зэран яхуэхъун щхьэкIэ. Абы и бзэкIэ Жэмал и адэ Мел ягъэкIуэдащ, кIэдетхэм дашри. КIэдет, большевик жаIэу зэрызехьэ къыщыхъуа гъэ дыдэм, Пэхъу и адэ-анэр дашу уэх-бзэхыу зэрыкIуэдари зи Iэужьыр Хьэбашэщ. А персонажыр зыхуэдэр тхакIуэм дегъэлъагъу Бабынэ и псалъэхэмкIэ: «КIэщ Вындыжь зымыцIыху, ди къуажэр щызогъэтри, ди хэкум псэ зыIут ису къыщIэкIынкъым. Ари ар! Кхъуэр блэбгъэжу Вындыжь быукI хъунт! ЦIыху мащIэ Iисраф иригъэщIа уфIэщIрэ, тIыкIуэ, абы!» [Губжев 1990: 10]. Хьэбашэ ягъэтIысыр. Ауэ абы и Iуэху мыхъумыщIэхэм пащэ и къуэш Щэмхьун, абы и щхьэгъусэ Цынэ, Хьэбашэ и щхьэгъусэ Къазынэ, джэршыдз Шэрэдж, фыз Iэзэ Къандыгъэ. Къуажэдэсхэм къехъулIэ псори абыхэм я нэм бжэгъуу къыщIоуэ.

Романым и япэ напэкIуэцIхэр щыхьэт тохъуэ Жэмал зэрысабий Iущым. Ар наIуэ ящI Пэхъу и псалъэхэми: «Уэлэхьэ, сэ Жэмал нэхърэ нэхъ кIэщыIущ сымылъэгъуа икIи зэхэзмыха, абы и ныбжьым иту. Дадэкъуапэщ, а цIыкIур, да-дэкъуапэ, тхьэм гъащIэ кърит! КъурIэнкIэ пхуэсIэнщ, ар мы сабий угъурсыз!» [Губжев 1990: 8]. Жэмал фызабэ Бабынэ зытегужьеикIауэ ипI сабийщ. Ар зы лъэныкъуэкIэ, анэм и къуэ закъуэт, етIуанэу, большевикыу щыта и адэр жылэм щыцIэрыIуэти, абы и ныбжьэгъухэм я нэIэ къытетт. Ауэ езы щIалэр пасэу йосэ нэмысым фIэлIыкIыу, гуауэр къыгурыIуэу, гугъуехьым щымыщтэу, и ныбжьэгъухэм IуэхущIэнкIэ зыкъыкIэримыгъэхуу, еджэнкIи абы зыри къылъэщIыхьэртэкъым. Ар набдзэгубдзаплъэу, гулъытэ иIэу къохъу.

Жэмал и хьэл зэфIэувэмрэ и гупсысэхэмрэ тхакIуэр зыкIи хэмыхьэ хуэдэу, езым къызэриIуэтэжым нэхъ къабыл ищIыну и къалэнщ абы и нэгу щIэкI псори. Жэмал еджапIэр къеухри тракторым мэшэс. Къуажэ тхьэмадэм и унафэкIэ ар еджакIуэ къалэм макIуэ. Жэмал агроном хъуауэ къегъэзэж. Иджы си къуэр къысIэрыхьэжащ, жиIэу Бабынэ гуфIэныр имыухыурэ дзэм къулыкъу щищIэну ираджэ Жэмал. Ауэрэ зауэр къохъей. Абдеж щеух япэ тхылъыр.

ЕтIуанэ тхылъым къызэщIеубыдэ зауэр къыщыхъея махуэхэм къыщыщIэ-дзауэ ар зэриухам теухуауэ гуфIэгъуэ пэкIу Къурш къуажэм зэращащIам нэсыху. Ар Iыхьийуэ зэхэтщ.

ТхакIуэм нэрылъагъу ещI ди щIыналъэм а лъэхъэнэм щекIуэкIа Iуэхугъуэ-шхуэхэр. Романым гупсэхуу къыщыгъэлъэгъуэжащ колхоз Iэщымрэ техникэмрэ бийхэм Iэрамыгъэхьэн щхьэкIэ зэрагъэIэпхъуар, партизанхэм ди лъахэр хуит къащIыжын папщIэ ирагъэкIуэкIа бэнэныгъэр. Романым и етIуанэ тхылъыр еух зауэр зэриухам щхьэкIэ Къурш къуажэм гуфIэгъуэ пэкIу щекIуэкIыу. Ари тхакIуэм къигъэсэбэпа Iэмалщ – пэкIуитIым я зэхуакум къэхъуа Iуэхугъуэхэрщ а Iыхьэм и сюжетым лъабжьэ хуэхъуар.

Ещанэ тхылъыр теухуащ зауэ нэужь илъэсхэм колхозыр зэфIэгъэувэжыным цIыхубэм зэрызэратам, зауэм щыIа сэлэтхэр къекIуэлIэжу къуажэ лэжьыгъэхэм зэрыIуувэжам. Мы тхылъыр нэхъыбэу зэгъэщIылIауэ щытыр Жэмал и гъащIэмрэ абы и ныбжьэгъухэм я IуэхущIафэхэмрэщ.

Гъубж Мухьэдин и романым и темэкIи зытепсэлъыхь IуэхугъуэкIи ди къэралым и цIыху гуащIафIэхэм къакIуа гъуэгуанэ гугъур къигъэлъэгъуэжын папщIэ къигъэсэбэпа литературэ IэмалхэмкIэ дэбгъуэн щыIэкъым.

Адыгэ хабзэм, Iуэху зехьэкIэм, адыгэ лъэпкъ хьэл-щэнхэм, нэгъуэщIхэм епхауэ псэлъэкIэ шэрыуэу куэди ущрохьэлIэ романым. Къигъэлъагъуэ лъэхъэнэм къезэгъыу тхакIуэм къихь псалъэжьхэм тхыгъэхэм я бзэр къулей ящI. Апхуэдэхэщ: «Уэлбанэ блэкIам щIакIуэ кIэлъомыщтэж» [Губжев 1990: 4], «Къуийм и щIыIу гуэрэф» [Губжев 1990: 4], «Бгым джэдыкIэкIэ еуэ» [Губжев 1990: 7], «ХьэщIэр шхамэ, бжэм йоплъ» [Губжев 1990: 9], «Гъунэгъурэ гъуэншэджрэ» [Губжев 1990: 12], «Шыгъу зышхар – псы ирефэж» [Губжев 1990: 15], «Мащэ къэзытIыр – мащэ йохуэж» [Губжев 1990: 17], «ХъумпIэцIэджым и кIуэдыжыгъуэм дамэ къытокIэ» [Губжев 1990: 17], «Дзы зиIэм и нэIэ тетыжщ» [Губжев 1990: 18], «ПщIэншэ уадэр Iэтыгъуейщ» [Губжев 1990: 45], «Джэд нэхърэ джэдыкIэ нэхъ Iущщ» [Губжев 1990: 45], «Быдэ и анэ гъыркъым» [Губжев 1990: 113], «ЗэкъуэшитIрэ дзитI зыIут къамэрэ» [Губжев 1990: 113], «Щхьэр псэумэ, пыIэ щыщIэркъым» [Губжев 1990: 114], нэгъуэщIхэри.

Гъубжым и роман ухуэкIэм хьэл нэхъыщхьэу хэлъыр къэIуэтэкIэр хъыбар щхьэхуэ зырызурэ зэрыгъэпсарщ, хъыбар къэс езым и «жылапхъэ» иIэжщ, апхуэдэ «жылапхъэм» къыкIэлъыкIуэ хъыбархэм зыщаужь, икIэм-икIэжым абыхэм къызэрагъэпэщ лIыхъужьхэм я хьэл-щэн зэмыщхьхэр.

Я дуней тетыкIэкIи IуэхущIафэкIи, акъылкIи гупсысэкIи, хьэл-щэнкIи зэрызэхуэмыдэм хуэдэу, я теплъэкIи, щытыкIэ-зыIыгъыкIэкIи зэхуэмыдэ     цIыхущ «Iущым хешыр и Шыхулъагъуэ» романым хэтхэр. Гъубж Мухьэдин зэрытхакIуэ Iэзэм, гъащIэм зэрыхуэнэбдзэгубдзаплъэм и щыхьэтщ абы и романым хэт дэтхэнэ персонажми нэгъуэщIхэм къызэрыхэщхьэхукI теплъи плъыфи зэраIэр. ТхакIуэм еубыдылIауэ зы цIыхум и теплъэр (портретыр) зы щIыпIэм деж хэчыхьауэ щищIи къохъу, ауэ я нэхъыбэм, зэрихабзэщи, Iуэху къекIуэкIхэм хэту, персонажхэр зэрыт щытыкIэм, абыхэм я гукъыдэжым, гухэщIым, губжьым, гурыщхъуэм, шынагъуэм, нэгъуэщI-къинэмыщIхэм япыщIауэщ зэриубзыхур. Абы дежым тхакIуэм цIыхум и теплъэр, и сурэтыр IупщI ищIурэ, а цIыхур зищIысми, абы и хьэл-щэнми, и гурыщIэми ухегъэгъуазэ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ къэгъэлъэгъуащ Жэмал. Деплъынти персонажхэм ящыщ зы-тIум я шыфIэлIыфэр тхакIуэм къызэригъэлъагъуэ щIыкIэм.

Партым и райкомым и секретарь Дмитрий Яковлевич Филиппенкэ и теплъэр: «Ар щIалэ зыIэщIэлъ гуэрт. И щхьэц сырыхур кIэщIу щIэщат, и жьакIи и пащIи къабзэу упсат. Джэдгыныфэ джанэ-гъуэншэдж зэщыщ щыгът, и бгыр фэ гъуэжь бгырыпх бгъуфIэкIэ щIэкъузэжауэ. ЩыпсалъэкIэ, ар мыпIащIэу, хуэм дыдэу ирокIукI-кърокIукI» [Губжев 1990: 112].

ЦIыхум и теплъэм тэмэму нэIуасэ узэрыхуищIым нэмыщIкIэ, тхакIуэм хьэкъ къыпщещI апхуэдэ теплъэ зиIэ цIыхум властри унафэри зэрыIэщIэлъри, абы игурэ и щхьэрэ зэтелъу, унафэ ищIари пхигъэкIыфу, ткIийуэ, цIыху зэпIэзэрыту зэрыщытри. КIэщIу жыпIэмэ, Филиппенкэ и теплъэм абы и хьэл-щэным щыщ гуэрхэри къегъэнаIуэ.

НэгъуэщI зы портрети къэдгъэлъэгъуэнщ: «Хьэрун ТIалиб райисполкомым и унафIэщIт. Ар къызэрыгуэкI цIыхутэкъым. Щыгъыу къалъхуам ещхьт пщампIэ теублэрэкIа зытет и къэптал щIыху-фIыцIафэр. Абы щыщыпс кIартIузи щхьэрыгъыжт. И щхьэц хъурыфэ мэракIуапцIэр кIэщIу щIэщат, и нэкIури упсат – мыл гъурыджейуэ, и набдзэ фIыцIэхэри къурашэт – лэгъупыкъуу. Зэ IуплъэгъуэкIэ жьажьэу йоплъ, жьэмейуэ къыпфIощI. Ауэ жыжьэуи Iуэхур абы теттэкъым. ТIалиб сыт щыгъуи хьэлкIи щэнкIи зэпIэзэрытщ, кIий-гуохэм ящыщкъым, гушыIэ дахэ хэлъщ, хабзэ зыхэлъщ, цIыхуитI щызэпсалъэм деж япэрыуэныр и хьэлкъым, щэхууи псалъэхэм ящыщкъым» [Губжев 1990: 113].

Хьэпэхъу и портретыр мыпхуэдэу къыщыгъэлъэгъуащ романым: «Хьэпэхъу щыгъыныджэти арат бжьыгуэ зыщIыр армыхъумэ, ар сытым хуэдэу щIалэ зэкIужт. И нитIыр пIащэрэ пыжь хъупам ещхьу фIыцIэу, щхьэц фIыцIэ хъурыфэу, езыр къарууфIэ зыIэщIэлъу» [Губжев 1990: 11].

 ГъэщIэгъуэнщ романым и ухуэкIэр. Абы кIэщI-кIэщIурэ езы тхакIуэри къыхуохьэ, Iуэхугъуэ къэкIуэнухэм пожажьэри къытхуеIуатэ, е езы Жэмал йоуэршэрылIэ. Апхуэдэ едзыгъуэу романым хэтщ хы: «Пэжыр пэжу жытIэжынщ», «ЕтIуанэ гукъэкIыжхэр», «Тхыгъэр зейм и псалъэ», «Аргуэру зэ тхыгъэр зейм къыбгъэдэкIыу», «Тхыгъэр зейр щыхьэт тохъуэ», «Тхыгъэр зейм и иужьрей псалъэ».

Художественнэ Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэр къигъэсэбэпурэ, Гъубж М. Iэзэу къигъэлъэгъуэфащ и лъэхъэнэгъу цIыху зэхуэмыдэхэм я дуней тетыкIэр, я хьэл-щэн нэхъыщхьэхэр, я IуэхущIафэхэр, я зэхущытыкIэхэм фIыуи Iейуи хэлъыр. Езыр фIыуэ зыщыгъуазэ, и нэкIэ илъэгъуа, игукIэ зыхищIа, и псэкIэ игъэва Iуэхугъуэхэрщ тхакIуэм и тхыгъэхэм лъабжьэ яхуищIыр, зи гъащIэр дигъэлъагъу литературэ лIыхъужьхэри и нэIуасэ, набдзэгубдзаплъэу зыкIэлъыплъа, зыхуэныкъуэмрэ зыхущIэкъухэмрэ ищIэ цIыхухэрщ. УхуэкIэ екIуи, къэIуэтэкIэ дахи къызыхуигъуэтыф и тхыгъэ нэхъ цIыкIухэри нэхъ инхэри Гъубжым къытрегъэпщIыкI захуагъэмрэ къуаншагъэмрэ, фIымрэ Iеймрэ зэпэщIэувауэ щызэпэщIэт гъащIэм бжыгъэншэу къигъэщI зэпэщIэсэныгъэхэм. Ахэр гупсэхуу зэпкърихкIэрэ, ди нобэрей гъащIэм къигъэув упщIэхэм жэуап пыухыкIа яритыну хущIэкъуащ тхакIуэр.

Гъубж М. и «Дыгъужь лъакъуитI» (1994) романыр къыщыIэта IуэхугъуэкIэ егъэщIылIащ «Iущым хешыр и Шыхулъагъуэм». Абы къыщхьэщыкIыу тхакIуэм нэхъыбэу ди нэIэ зытригъэтыр коллективизацэм ди цIыхухэр иужьгъэу къызэрыщIигъэкIыжарщ, гъащIэм ахэр зыIуигъэщIа лъэпощхьэпохэрщ, гугъуехь псэукIэ хьэлъэр къызэринэкIыу гъуэгуанэ убзыхуа ди цIыхухэр теува зэрыхъуарщ.

Романым лъабжьэ хуэхъуар, ар зытепсэлъыхьыр коллективизацэрщ, Хэку зауэшхуэм и ужькIэ Къэзымыгъэш адыгэ къуажэм дэс мэкъумэшыщIэхэм я псэукIэрщ, я IуэхущIафэхэрщ, я хьэл-щэн нэхъыщхьэхэрщ.

Тхыгъэм къытхуеIуэтэж Гъубжым Къэзымыгъэш зыфIища къуажэм и Iуэху зыIутыр, мыбы щыпсэу цIыхухэм я цIыхугъэкIэ, я хьэл-щэнкIэ, я псэ къабзагъкIэ, я дуней тетыкIэкIэ зэрызэхуэмыдэр. «Дыгъужь лъакъуитI» романым колхозым и япэ лъэбакъуэхэр щича лъэхъэнэм щыщIидзэри тхакIуэм къыдигъэлъэгъуащ абы и Iуэхур къызэрекIуэкIар, колхозыр ефIэкIуэным хэлэжьыхьахэр, зэран хуэхъуахэр, зауэр къэхъейуэ зэтраубла колхозыр зэрызэтещэхэжыр.

Гъубж Мухьэдин и творчествэм щыгъуазэ зыхуэпщIауэ и романым укъеджэм нэрылъагъу пщохъу езы авторым и нэгу щIэкIа куэд и тхыгъэм къызэрыщыгъэлъэгъуари. Апхуэдэщ Гъубжыр езыр колхоз тхьэмадэу зэрыщытар, къуажэдэсхэм я псэукIэр зэтеублэжыным лэжьыгъэ куэд зэрыхищIыхьар, Хэку зауэшхуэр къэхъея нэужь зауэм зэрыкIуар, абы щекIуэкI псори и нэгум щIэкIауэ зэрыщытар. ГъэщIэгъуэну къыхихащ тхакIуэм Iуэхугъуэ псори щекIуэкI къуажэм и цIэр – Къэзымыгъэш. МыбыкIэ занщIэу гурыIуэгъуэ пщохъу къуажэдэсхэм я хьэл-щэныр. Мыбы щыпсэухэр сыт хуэдэ гугъуехьми ерыщу зэрыпэщIэувэр абы къегъэлъагъуэ. Гу лъумытэу къанэркъым тхакIуэм и лIыхъужьхэм яфIища цIэ-унэцIэхэри езыхэм я хьэл-щэнхэм ещхьу къызэрыхихар, псалъэм папщIэ, Езауэ Мэзан, Ямыдэ, Хъуп, нэгъуэщIхэри.

Тхыгъэр зытеухуамрэ абы щIэлъ гупсысэ нэхъыщхьэмрэ къигъэлъэгъуэн папщIэ Гъубж Мухьэдин къегъэсэбэп литературэ Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэр. Абыхэм ящыщщ, псалъэм папщIэ, романым и ухуэкIэм хуищI гулъытэр, и лIыхъужьхэм я IуэхущIафэхэмрэ я зэфIэкIымрэ къызэригъэлъагъуэ щIыкIэр, бзэр зэригъэшэрыуэр икIи нэгъуэщI Iуэхухэри.

Романыр, зэрыщыту къапщтэмэ, зытепсэлъыхьыр къуажэ псэукIэрщ, мэкъумэшым нэхъри зегъэужьыным хуэунэтIауэ Къэзымыгъэш къуажэм щекIуэкIа лэжьыгъэшхуэрщ. ИкъукIэ зэман гугъут. ТхакIуэр зытепсэлъыхь къуажэм лэжьыгъэр щызэкIэлъымыкIуэт. Апхуэдэ щытыкIэ гугъухэр къагъэсэбэпурэ, языныкъуэ цIыху щхьэхуещэхэм лэжьыгъэр нэхъри къызэIащIэрт.

Романым хэт персонажхэщ Хъуп Мэжид, Емызэгъ Хьэжмэт, КIыкъуэ Хьэмырзэ, Ямыдэ, Езауэ Мэжид, Жангулэз, Андрей Иванович Колесниковыр, Мыкъуэ ПIатIыш, Хьэмидбий, Мэржан, Нажмудин, Мысхьуд, Сэрэбий, Лыхъэ, НарткIэ зэджэ щIалэ цIыкIур, нэгъуэщIхэри. Мыбыхэм щыщу гурымыхь образхэу я щIэпхъаджагъэхэмкIэ, я IуэхущIафэ фIейхэмкIэ, я губыдагъэхэмкIэ тхылъеджхэм я гум имыкIыжу къонэр Езауэ Мэзан, Мэжид, Сэрэбий. Мыхэр зы жыпхъэм къикIа хуэдэу зэщхьщ, цIыхугъэншэхэщ, Хэкум епцIыжа цIыхухэщ, нэмыцэхэм якъуэуващ, абыхэм фIыкIэ ящыгугъыу. Мыбыхэм псоми я щхьэм илъыр зыщ – къуажэм зэраныгъэ щащIэнырщ, колхоз зэтраублам кIэ иратын папщIэ сытри ящIэнущ. Апхуэдэ цIыху щхьэхуещэхэр зауэ зэманым мащIэт, ялэжь зэраныгъэр куэдми, цIыхубэр щхьэмыгъазэу бийм пэщIэувэри езэуащ псэемыблэжу, текIуэныгъэр къихьыху. Апхуэдэ ди сэлэт хахуэхэм ящыщщ Хэку зауэшхуэм лIыхъужьыгъэ къыщызыгъэлъэгъуа Къэзымыгъэш къуажэм щыщхэу Хьэмидбий, Емызэгъхэ Мыхьэмэтрэ Наждуминрэ. Псом хуэмыдэу гукъинэжу, пэжагъ хэлъу тхакIуэм къегъэлъагъуэ цIыхум я гум, я псэм дыхьэу, зэфIэкI иIэу, жэрдэмщIакIуэу къэува Емызэгъ Мыхьэмэт и образыр. Абы щIэгъэкъуэн пэжу иIэщ я IэнатIэхэм хьэлэлу бгъэдэт лэжьакIуэхэр.

 Романым къыщIедзэ етIощIанэ гъэхэм я кIэух зэманым. Революцэмрэ зауэмрэ пыщIа хьэлэбэлыкъхэр ужьыхащ, гъащIэр гугъусыгъуурэ, хуэмурэ, къикIуэт-никIуэтурэ революцэм хухиша ухуэныгъэ гъуэгуанэм тохьэ.

Романым икъукIэ IупщIу къыхощ «Большевик» колхозыр зэфIэувэн папщIэ зыIута IэнатIэр. Ди нэгу щIокI колхозу зэхыхьа цIыхухэм я япэ лъэбакъуэхэр, нэмыцэхэм зэхакъута колхозым и махуэ хьэлъэхэр. Ар гугъуурэ къызэфIоувэж. Псори тыншу къехъулIэу жыпIэ хъунукъым «Большевик» колхозым. Абы зэран къыхуэхъухэр иджыри мащIэкъым.

Романым щекIуэкI Iуэхугъуэхэм нэхъ къыхэжэныкIхэм ящыщщ Хьэмидбий и образыр. Ар тхакIуэм дегъэлъагъу лэжьыгъэр псэкIэ зыхэзыщIэ, абы пщIэшхуэ хуэзыщI цIыхуу. Абы коллективизацэр егъэкIуэкIыным лэжьыгъэшхуэ хещIыхь. Ар зи псалъэм тебгъуэтэж цIыхущ, гу къабзэщ, цIыхугъэ лъагэ иIэщ. Мис а хьэл-щэнхэрщ Хьэмидбий цIыхухэм фIыуэ къезыгъэлъагъур. Образыр гукъинэж ящI къэзыухъуреихь цIыхухэм абы къыхуаIэ щытыкIэм. Хьэмидбий къуажэдэсхэм къыхуащI пщIэм, къыхуаIэ лъагъуныгъэм и щыхьэтщ сыт хуэдэ зэIущIэми нэжэгужэу цIыхухэр къызэрыпежьэр.

А образым ещхьыркъабзэу Емызэгъ Нажмудин – Iэщ дохутыр щIалэм – и образми къалэнышхуэ щегъэзащIэ романым и гупсысэ нэхъыщхьэр гъэбелджылынымкIэ, ар нэхъ гурыIуэгъуафIэ щIынымкIэ. Мыри лэжьакIуэ пэрытщ, зи IэщIагъэм фIыуэ хэзыщIыкI, пэжу ирилажьэ щIалэщ. Нэжмудин ирихьэжьэ Iуэхур и кIэм нэзыгъэсыф щIалэщ. Мыбыхэм ирагъэкIуэкI бэнэныгъэр, зыIущIэ лъэпощхьэпохэр хьэлэмэту дегъэлъагъу тхакIуэм.

«Дыгъужь лъакъуитI» романым хэлъ гуауэри гуфIэгъуэри гъащIэм къыхэкIащ. Аращ Гъубжым и романхэр бэнэныгъэрэ щхьэхуитыныгъэрэ гупсысэкIэ, гъащIэр фIыуэ лъагъункIэ щIэгъэнщIар. ТхакIуэм и Iэзагъыр нэхъ иныху абы гъащIэм къыхэтэджыкI и образхэри нэхъ щIэщыгъуэщ, нэхъ гукъинэжщ. Ап-хуэдэщ Гъубж Мухьэдин къигъэщIа образхэри. Мыбыхэм ягъэбелджылы тхакIуэм и гупсысэм и кууагъыр, ар гъащIэм зэрыщыгъуазэ щIыкIэр, абы и гупсысэкIэр.

Романыр зэрыщыту къапщтэмэ, гъэсэныгъэ, ущииныгъэ мыхьэнэшхуэ иIэщ. Мыбы IупщIу къыщыгъэлъэгъуащ мурад Iей зиIэхэм я гъуэгуанэр здынэсымрэ гъащIэм хуэпабгъэ цIыху щыпкъэхэм я гъащIэр къызэрыщIэращIэмрэ. Ди щIэблэр гъащIэм тэмэму хуэгъэхьэзырынымкIэ, ар патриот нэсу гъэсэнымкIэ романыр дэIэпыкъуэгъу хъунущ фIымрэ Iеймрэ зрагъапщэкIэрэ, образ зэхуэмыдэхэм щыгъуазэ защIкIэрэ.

Романым зэман блэкIар ауэ сытми ди нэгу къыщIигъэхьэж къудейкъым, атIэ гурыIуэгъуэ тщещI гъащIэр цIыху пэжу ехьэкIын зэрыхуейр, цIыхур цIыху зыщIыжыр и IуэхущIафэхэр, и хьэл-щэнхэр ару зэрыщытыр. Хэкур фIыуэ лъагъун, егъэфIэкIуэн, мамырыгъэр сакъыу хъумэн зэрыхуейр зыми зыщыдгъэгъупщэ зэрымыхъунур, абы щхьэкIэ дэтхэнэми хузэфIэкI псори хьэ-лэлу илэжьын зэрыхуейр къыджеIэ тхакIуэм.

«Дыгъужь лъакъуитI» романыр тхылъитIу зэхэтщ. Iуэхугъуэ щхьэхуэ къэс псалъащхьэхэр иIэжщ. Япэ тхылъыр теухуащ цIыхухэр колхозу щызэгуагъэхьа лъэхъэнэм, етIуанэр – Хэку зауэшхуэм и зэманым.

Япэ тхылъыр къыщIедзэ тхакIуэм «Iэмалшы» псалъащхьэ зыхуищIа IыхьэмкIэ. Романым и япэ напэкIуэцIхэм щыщIидзэри цIыхур гъащIэщIэ зыхуэкIуэр, цIыху гъащIэр ефIэкIуэн папщIэ коллективизацэ зэтраублэм хэти ерыщу зэрыхэлэжьыхьыр, хэти абы зэрыхузэфIэкIкIэ зэран зэрыхуэхъухэр образ щхьэхуэхэм ирипхыурэ тхакIуэм дигъэлъэгъуащ. Тхыгъэм ди нэгу щыщIокI колхозу зэгуагъэхьэ щыхъуам гъащIэм къыщыхъу, щекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэм куууэ хэзымыщIыкI цIыхухэр абы къызэрызэщигъэур, хуэпабгъэ зэрыхъур.

Гъубж Мухьэдин и романым еджэн зэрыщIидзэу тхылъеджэр занщIэу хуозэ Къэзымыгъэш къуажэм и псэукIэр егъэфIэкIуэным зэран хуэхъу гурымыхь образхэу Мэзанрэ Мэжидрэ. Зым нэхърэ адрейр нэхъ Iеижу уи нэгум щIегъэкI тхакуэм «дыгъужь» хьэл зыхэлъхэу цIыху псэ хьэрэмхэр. Мэзан и образым Гъубжым кIэрелъхьэ а лъэхъэнэм мыхъумыщIагъэу къалъытэу щыта псори.

Романым щIыпIэшхуэ щримыгъэубыдами, Ямыдэ цIыхубзым и образымкIэ тхакIуэм къыдигъэлъэгъуащ, хузэфIэкIышхуэ щымыIэми, ар фIым, пэжым, дахагъэм и телъхьэу зэрыщытыр. Къуажэм щекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэр нэсу къыгурымыIуэ пэтми, Ямыдэ и щхьэгъусэ Мэзан IуэхущIафэ фIейхэр зэри-лэжьыр елъагъу. Ар и щхьэгъусэм хуигъэдахэркъым, уеблэмэ Мэзан пэщIоувэ.

Ямыдэ и лIым зэрыпэщIэувар кIуэдыпIэ хуохъу. А тхьэмыщкIэр зытекIуэда «дыгъужьыр» сэтей къащIыну яхузэфIокI Нэжмудин, Жангулэз сымэ. ТхакIуэм егупсысауэ къыхихащ «Ямыдэ» цIэр. Ямыдэ идэркъым и щхьэгъусэм и мурад бзаджэхэр, икIи и щхьэгъусэм пэщIоувэр, зэрыпэмылъэщынур ищIэ пэтми. Ямыдэ и псэм ищIа хуэдэт и щхьэгъусэм зэрыIэщIэкIуэдэжынур.

ТхакIуэм Мэзан и образымкIэ дегъэлъагъу цIыху нэхъ икIэ дыдэу щыIэр. Ауэ сытми фIищакъым абы и унэцIэр Гъубжым. И щхьэгъусэ къудейркъым абы и Iэр къыщIиIэтыр, атIэ къуажэ псор игъэбийуэ и гъащIэр ирехьэкI. Зы мыхъумыщIэм адрейр трилъхьэурэ, абы и гъащIэм щызэхуэхьэса щохъу «дыгъужьым» и образыр.

Нажмудин и образыр Гъубжым къыщигъэлъагъуэр, нэгъэсауэ щызэпкърихыр колхозым къигъэзэжу, и IэнатIэм пэрыува нэужьщ. Iэщ дохутыр щIалэр псэкIэ хьэлэлщ, нэмыс хэлъщ. Нэжмудин сыт щыгъуи лэжьыгъэм хьэ-лэлу бгъэдэтщ. Абы щхьэгъусэ ещI Мэзан ипхъу Жангулэз. И IэщIагъэкIэ Жангулэз дохутырщ. Жангулэзи Нажмудин ещхьу гу къабзэрэ псэ хьэлэлрэ иIэщ. ЗэщхьэгъуситIым яхузэфIэкI псори ялэжь къуажэдэсхэм я псэукIэр ефIэкIуэн папщIэ.

Сыт хуэдэ лъэпэщхьэпо хуэмызами, «Большевик» колхозым зеужьыр. Мэжидрэ Мэзанрэ я пIэскIуэнымрэ я лъэпIэстхъэнымрэ зыпамыгъэуами, ахэр кIуэ пэтми бэнэныгъэм къыпощэт, «елыркъэшым ещхьу зепщыпщэу къонэхэр». Ауэ, дауэ щымытми, дауэрэ къемыкIуэкIми, а тIум я гужьгъэжьыр иджыри иухкъым псэуху, ар я гум ихуфынуи къыщIэкIынкъым: «ЖыпIэнур аракъэ, мис а Езауэ Мэзанрэ Хъуп Мэжидрэ нэсри къэсыжау «Дыгъужь лъакъуитIщ, дыгъужь лъакъуитI», икIи ар абыхэм яхуэмыфащэу фIащакъым Мыхьэмэтрэ ПIатIышрэ» [Губжев 1994: 92], – жеIэ тхакIуэм, икIи мы псалъэхэмкIэ романым «Дыгъужь лъакъуитI» щыфIищар егъэбелджылы. КIэ имыIэу абыхэм мащэ къыхуатI я къуажэгъухэм. Хъуп Мэжиди Езауэ Мэзани зэщхьэркъабзэу щхьэхуещэхэщ. Ауэ «дыгъужьитIым» сыт ямылэжьми, цIыхубэм я къарур токIуэр, къуажэм зеужь, зеубгъу, бей мэхъу. ТхакIуэм къуажэм Къэзымыгъэш щIыфIищам и щхьэусыгъуэу къытщохъу зыIущIэ лъэпощхьэпо псоми къуажэдэсхэр ерыщу, «къамыгъэшу», къызэрызэранэкIыр. Ауэрэ Хэку зауэшхуэр къохъей.

Абы теухуащ «Дыгъужь лъакъуитI» романым и етIуанэ тхылъыр. Тхылъыр зытепсэлъыхь лъэхъэнэм къызэщIиубыдэ Iуэхухэр щекIуэкIри Къэзымыгъэш къуажэрщ, абы и Iэхэлъахэрщ.

Гъубжым и романым къыщиIуэтэж Iуэхугъуэхэр, зэманыр зэрыгуащIэм хуэдэу, зэщIэплъэурэ йокIуэкI. ТхакIуэм дегъэлъэгъужыр Къэзымыгъэш къуажэдэсхэр зэманым и «ужьгъэм» зэрыщIэкIыр, хэт сыт хуэдэми абы наIуэ къызэрищIыр. Гъубжым хузэфIэкIащ Мыхьэмэт, Хьэмидбий, Нажмудин сымэ я образхэмкIэ лъэхъэнэ гугъур ди нэгум щIигъэкIын. КъехъулIащ тхакIуэм МатIурэ Жангулэзрэ, къуажэм къыданахэм я образхэри. Мыхэр цIыху пэжхэщ, ялъагъу мыхъумыщIагъэхэм блэкIхэркъым. Абыхэм я фIэщ мэхъу гува-щIэхами «я анэ-Хэкум и щIыгум къигъуэлъхьа, я уэгу къащхъуэм къытегъуэлъхьа гуIэгъуэ пшагъуэ гъуэз фIыцIэр ярыбзэхыкIыжу, абыхэм щхьэхуитыныгъэм и дыгъэр къызэрыщепсыжынур» [Губжев 1994: 118].

«Дыгъужь лъакъуитI» романыр къарууфIэ зыщI Iуэхугъуэхэм ящыщщ абы къыщыгъэлъэгъуа хуэIухуэщIэхэр гъащIэм щыщ Iыхьэу зэман хьэлъэ, зэман бзаджэ екIуэкIам теухуауэ зэрыщытыр. Абыхэм псэкIи IэпкълъэпкъкIи япсыхьауэ къыхокI тхакIуэм художественнэ Iэзагъышхуэ хэлъу зэфIигъэува персонаж щыпкъэхэр. Ахэращ романым и пщIэр къэзыIэтыр, ар тхылъеджэ минхэм фIыуэ езыгъэлъэгъуар. Ауэ ди къэхутэныгъэхэр зыхуэунэтIауэ щытаращи, Гъубжым и романхэм щызэфIэгъэува образхэмкIэ къигъэлъэгъуэн хузэфIэкIащ тхыгъэм къиIуэтэж лъэхъэнэм, цIыхухэр зыхэпсэукI гъащIэм я сурэтыр. Тхыгъэхэр щитхар ди къэралым, зэрыщыту дуней псом зэхъуэкIыныгъэ инхэр къыщыхъуа илъэсхэрауэ (80 гъэхэр) щытами, тхакIуэм зыдригъэхьэхакъым абы щыгъуэ къежьа Iуэху еплъыкIэ зэхуэмыдэхэм. Абы и дежкIэ нэхъыщхьэр езым къикIуа, зи пIалъэм, екIуэкIыкIэм фIыуэ щыгъуазэ гъащIэ гъуэгурщ. Iуэху еплъыкIэщIэхэм тету блэкIам хуэпсэлъэныр, иубыныр тхакIуэм дежкIэ къемызэгът. Абы къызэрилъытэмкIэ, блэкIар лъапIэщ ди нэхъыжьхэм я дежкIэ – фIыми Iейми я нэгу щIэкIа псори абыхэм ейщи, ахэр гукъэкIыжу къахуренэж. БлэкIам и пэжыр щIэблэм бгъэдэлъхьэжын хуейщ ар зи нэгу щIэкIам зэрилъэгъуам, зэрызыхищIам хуэдэу, абы зэрыбгъэдыхьэну щIыкIэр езы ныбжьыщIэм къыхихыжын хуэдэу. Апхуэдэущ тхакIуэр Iуэхум зэрыбгъэдыхьэр. Аращ абы и персонажхэр игъэщIэрэщIэну щIыхэмытыр. ГъащIэм къыхиха персонажхэр и тхыгъэхэм къыхигъэхьащ зэрыщыт дыдэм хуэдэу, зыхэпсэукI гъащIэм и нэщэнэ псори япкърылъу.

Къызэрыхэдгъэщащи, «Iущым хешыр и Шыхулъагъуэ», «Дыгъужь лъакъуитI» романхэр къэзыгъэщIар блэка лIэщыгъуэм и 80–90 гъэхэм ди къэралымрэ жылагъуэмрэ къыщыхъуа зэхъуэкIыныгъэхэрщ. А зэманым дунейм къытехьащ тхыдэ къэхъукъащIэ зэмыщхьхэр, япэм зэратхыу щытам хуэмыдэу, къыщыгъэлъэгъуэжа художественнэ, документальнэ тхыгъэ куэд. Абыхэм ящыщщ дызытепсэлъыхьа романхэри.

Романхэм къыщыIэтар блэкIа лIэщIыгъуэм екIуэкIа Iуэхугъуэхэрами, ди нобэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ яIэщ. Япэрауэ, блэкIа жыжьэкъым, етIуанэрауэ, а Iуэхугъуэхэр хуит хъуауэ нобэ къатIэщIыж, и пэжыпIэхэр зэхагъэкIыж. Иджы хэт лейзехьэу щытами къыщIагъэщ, хуэмыфащэу лей зылъагъэсахэри сэтей къохъуж. Тхыгъэхэр зытеухуа Iуэхугъуэхэр цIыхум зэращымыгъупщам, нобэ зэращIэм абыхэм я мыхьэнэр нэхъ лъагэ ящI.

 

×

作者简介

Khamisha Timizhev

Kabardino-Balkarian State University named after H.M. Berbekov

编辑信件的主要联系方式.
Email: timigev.ha@mail.ru
ORCID iD: 0000-0001-6776-8004

Naima Bozieva

Kabardino-Balkarian State University named after H.M. Berbekov

Email: naimabozieva@mail.ru
ORCID iD: 0000-0002-0767-2825

参考

  1. Губжев 1990 – Губжев М.М. Умный выбирает свой Млечный путь. – Нальчик: Эльбрус, 1990. – 292 с.
  2. Губжев 1994 – Губжев М.М. Двуногий волк. – Нальчик: Эльбрус, 1994. – 198 с.
  3. История адыгской… 2013 – История адыгской (кабардино-черкесской) литературы: в 2-х т. Т. 2. – Нальчик: ООО «Тетраграф», 2013. – 480 с.
  4. Тимижев, Тхагазитов 2009 – Тимижев Х.Т., Тхагазитов Ю.М. Адыгский роман: эволюция жанра и художественно-эстетические особенности. – Нальчик: КБИГИ, 2009. – 168 с.

补充文件

附件文件
动作
1. JATS XML

版权所有 © Тимижев Х.T., Бозиева Н.B., 2022

Creative Commons License
此作品已接受知识共享署名-非商业性使用 4.0国际许可协议的许可。

Согласие на обработку персональных данных с помощью сервиса «Яндекс.Метрика»

1. Я (далее – «Пользователь» или «Субъект персональных данных»), осуществляя использование сайта https://journals.rcsi.science/ (далее – «Сайт»), подтверждая свою полную дееспособность даю согласие на обработку персональных данных с использованием средств автоматизации Оператору - федеральному государственному бюджетному учреждению «Российский центр научной информации» (РЦНИ), далее – «Оператор», расположенному по адресу: 119991, г. Москва, Ленинский просп., д.32А, со следующими условиями.

2. Категории обрабатываемых данных: файлы «cookies» (куки-файлы). Файлы «cookie» – это небольшой текстовый файл, который веб-сервер может хранить в браузере Пользователя. Данные файлы веб-сервер загружает на устройство Пользователя при посещении им Сайта. При каждом следующем посещении Пользователем Сайта «cookie» файлы отправляются на Сайт Оператора. Данные файлы позволяют Сайту распознавать устройство Пользователя. Содержимое такого файла может как относиться, так и не относиться к персональным данным, в зависимости от того, содержит ли такой файл персональные данные или содержит обезличенные технические данные.

3. Цель обработки персональных данных: анализ пользовательской активности с помощью сервиса «Яндекс.Метрика».

4. Категории субъектов персональных данных: все Пользователи Сайта, которые дали согласие на обработку файлов «cookie».

5. Способы обработки: сбор, запись, систематизация, накопление, хранение, уточнение (обновление, изменение), извлечение, использование, передача (доступ, предоставление), блокирование, удаление, уничтожение персональных данных.

6. Срок обработки и хранения: до получения от Субъекта персональных данных требования о прекращении обработки/отзыва согласия.

7. Способ отзыва: заявление об отзыве в письменном виде путём его направления на адрес электронной почты Оператора: info@rcsi.science или путем письменного обращения по юридическому адресу: 119991, г. Москва, Ленинский просп., д.32А

8. Субъект персональных данных вправе запретить своему оборудованию прием этих данных или ограничить прием этих данных. При отказе от получения таких данных или при ограничении приема данных некоторые функции Сайта могут работать некорректно. Субъект персональных данных обязуется сам настроить свое оборудование таким способом, чтобы оно обеспечивало адекватный его желаниям режим работы и уровень защиты данных файлов «cookie», Оператор не предоставляет технологических и правовых консультаций на темы подобного характера.

9. Порядок уничтожения персональных данных при достижении цели их обработки или при наступлении иных законных оснований определяется Оператором в соответствии с законодательством Российской Федерации.

10. Я согласен/согласна квалифицировать в качестве своей простой электронной подписи под настоящим Согласием и под Политикой обработки персональных данных выполнение мною следующего действия на сайте: https://journals.rcsi.science/ нажатие мною на интерфейсе с текстом: «Сайт использует сервис «Яндекс.Метрика» (который использует файлы «cookie») на элемент с текстом «Принять и продолжить».