Anatoly Bitsuev’s poetry: main motives, genre system

Capa

Citar

Texto integral

Resumo

The article explores the work of the Kabardian poet Anatoly Muratovich Bitsuev. The main research attention is focused on the dominant motifs and genre characteristics of his poetry. The themes and problems of poems and ballads have been studied. The main lyrics of the poet are revealed, military and love lyrics are thoroughly analyzed. The level of assimilation of the ballad by the author under study is determined by considering the evolution of the genre in national literature. The ballads “The Robber and the Storyteller”, “Love”, “Dzhambolat”, “Duel”, “Junior” are considered, their content and formal (compositional) features are studied for compliance or non-compliance with the canons of the genre. In the study's course, a complex of scientific methods was applied, including a comparative historical method, analysis, and description. The revealed results can be used in the history's study of the Adyghe (Kabardian) poetry and literature in general, the development of special courses and research in national philology.

Texto integral

Иужьрей лъэхъэнэм «Сыт литературэр зэрытщIынур? ЩIэттхынур? ЩIэдджынур?..» жаIэу куэдрэ зэхыбох. Апхуэдэ упщIэхэм жэуап иумытыжми хъунущ, сыту жыпIэмэ литературэм, щэнхабзэм, бзэм зегъэужьыным и мыхьэнэр зыхэзымыщIэм, а гупсысэхэм пасэу щIамыпIыкIам къыгурыбгъэIуэфын щIагъуэ щыIэкъым. ИтIани псоми ящIэну щхьэпэт литературэр дунейр зэтезыIыгъэ, я нэхъ мащIэрауи, лъэпкъыр къэзыхъумэ лъапIагъэхэм зэращыщыр. Бзэр зыгъэлажьэмрэ абы и зыужьыпIэмрэ литературэрщ, апхуэдэу щыщыткIэ, ар щымыIэмэ, бзэри зэрыкIуэдыжынум шэч хэлъкъым. Бзэр зыфIэкIуэда лъэпкъым къэкIуэну зэримыIэри щыхьэт лей хуэныкъуэкъым. И лъэпкъыр щымыIэжрэ и бзэри щыгъупщэжамэ, цIыхур, КIыщокъуэм зэритхыгъауэ, «абгъуэншэ бзууэ» губгъуэм къонэ... Зэрынэрылъагъущи, псори зэпыщIащ. Литературэр дэтхэнэ цIыхуми и гъащIэм гуэхыпIэ имыIэу епхащ, ар езым зыхищIэ е зыхимыщIэ емылъытауэ.

Адыгэ литературэм и тхыдэм лъэхъэнэ зыбжанэ къыхагъэщхьэхукI: зэхэублапIэр (ХХ лIэщIыгъуэм и 20–30 гъэхэр), зауэ зэманыр (1945–1956 гъгъ., 1960 гъэхэм къэсыху щыхрагъэубыди урохьэлIэ), ХХ лIэщIыгъуэм и 60–80 гъэхэр, совет нэужь лъэхъэнэр (1990 гъэхэм къыщыщIэдзауэ нобэ къэсыху). Нэхъ щIэгъэхуэ-бжьауэ зыщиужьар блэкIа лIэщIыгъуэм и 60–80 гъэхэрщ. А пIалъэм къриубыдэу адыгэ (къэбэрдей, шэрджэс, адыгей) литературэм усакIуэ, тхакIуэ гупышхуэм я творчествэр къыщызэщIэрыуауэ щытащ: Гъубжокъуэ Л., Тхьэгъэзит З., Цеикъуэ Ю., Хьэнфэн А., Нало А., Мамий Е., Дудар Хь., Бещтокъуэ Хь., Бемырзэ М., IутIыж Б., Къуиикъуэ Н., Уэрэзей А., Нэхущ М., Дыгъужь Къу., Ацкъан Р., Мыкъуэжь А., н. Мы гупым ящыщщ ноби лъэпкъым жыджэру хуэлажьэ усакIуэ Бицу Анатолэ.

Бицу Анатолэ и тхыгъэхэр блэкIа лIэщIыгъуэм и 60 гъэхэм я пэщIэдзэхэм дунейм къытехьэу хуежьащ. 1968 гъэм и усэ зыбжанэ Москва къыщыдэкI «Дружба народов» журналым къытехуащ. Абы и пэублэ псалъэм КIыщокъуэ Алим щитхыгъат: «Бицум и усэхэм фIагъыу яхэлъщ ахэр къуэпсыбэкIэ лъахэм зэрапыщIар, апхуэдэуи усакIуэм акъыл жанкIэ и лъэхъэнэгъухэм я гурылъ-гупсысэхэр къипхъуатэурэ, гурыщIэ инкIэ зэщIиузэдэжурэ, щIэджыкIакIуэхэм гурыхьу зэрабгъэдилъхьэжыфыр» [Кешоков 1968: 99].

Бицу А. «ГуфIапщIэ» зыфIища и япэ усэ тхылъыр 1969 гъэм дунейм къытехьащ. АдэкIэ, 70 гъэхэм къыщыщIэдзауэ, абы и IэдакъэщIэкIхэр Налшыки Москваи къыщыдэкIащ, газетхэмрэ журналхэмрэ къытехуащ, хамэ лъэпкъыбзэхэмкIэ зэрадзэкIащ, езыми нэгъуэщI лъэпкъхэм я усыгъэхэр къэбэрдей-шэрджэсыбзэм къригъэзэгъащ. КъызэщIэкъуауэ къэбгъэлъагъуэмэ, анэдэлъхубзэкIи урысыбзэкIи тхылъ щхьэхуэу пщIы бжыгъэхэр дунейм къытехьащ: «Зы дакъикъэ» (1971), «Стремление» (1973), «Фэеплъ» (1975), «Псалъэ быдэ» (1977), «Человек и небо» (1979), «Гуэл щхъуантIэ» (1981), «Сквозь сердце» (1983), «Мотив» (1984), «От весны до весны» (1986), «Усыгъэхэр» (1997), «Позывные жизни» (2000), «Псэм и дуней» (2003), «КIуэцIырыкIыбжэ» (2008), «Къосыр уэс…» (2016). УсакIуэм зэридзэкIахэр зэрыт «Балъкъэр пшыналъэ» тхылъыр 1987 гъэм Налшык къыщыдэкIащ.

Бицу Анатолэ жанр зэмылIэужьыгъуэхэм щолажьэ, и усыгъэр темэ куэду зэтопщIыкI, ауэ сыт хуэдэ тхыгъэ къимыгъэщIми, ар лъэпкъымрэ хэкумрэ я тхыдэм, нобэрей гъащIэм къуэпс быдэкIэ пыщIащ.

УсакIуэм и творчествэм щIыпIэ нэхъ ин щеубыд зауэм теухуа лирикэм. Дызэрыщыгъуазэщи, 1941–1945 гъэхэм дуней псор бэлыхь мыухыж хэзыдза Хэку зауэшхуэм и лъэужьыр игъащIэкIи хэмыгъуэщэжыну цIыху куэдым я гъащIэм къыхэнащ. Ар зэриухрэ илъэс 77-рэ дэкIыжами, зауэм ижь зыщIимыхуа, абы и гуауэр и щхьэкIэ, и бынкIэ, къэзылъхуакIэ е къыдалъхуакIэ зымыгъэунэхуа зы цIыху закъуи ди къэралым ису къыщIэнукъым. Апхуэдэщ абы и фэбжьыр зылъыса е зи сабиигъуэр зауэ нэужь зэман гугъум хиубыда усакIуэ, тхакIуэхэри, абыхэм ящыщу зауэм хэтыну къызыхуимыхуа, ауэ а мафIаем къихьа насыпыншагъэхэр псэкIэ зыхэзыщIэу зи тхыгъэхэм къыщызыгъэлъэгъуэжахэри.

Ди къэралым бийр къыщытеуа япэ махуэхэм щегъэжьауэ къэбэрдей усакIуэхэм, тхакIуэхэм, гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ я лэжьакIуэхэм ящыщ куэдыр Хэкум и щIыхьымрэ щхьэхуитыныгъэмрэ яхъумэжыну зауэ IэнатIэм Iухьауэ щытащ. Абыхэм яхэтащ ЩоджэнцIыкIу А., КIыщокъуэ А., КIуащ Б., ЩоджэнцIыкIу I., Шортэн А., Къардэн Б., Нало А., КъардэнгъущI З., Гъубж М., Тубай М., Тау Б., Шэру Н., ТIажь Ш., Къэжэр И. сымэ, н. Зауэм щызэрахьа лIыхъужьыгъэм къыдэкIуэу, зи цIэ къитIуахэм я къалэмыр фIым, текIуэныгъэм ехьэлIа гупсысэхэмрэ къыхуеджэныгъэхэмрэ хуагъэлажьэкIэрэ, Хэкур хъумэжын Iуэхум я гуащIэ тIууащIэ халъхьащ. Абыхэм ди къэралым и лъэпкъыбэ зэкъуэтым и текIуэныгъэкIэ иуха Хэку зауэшхуэм теухуа тхыгъэ куэд я Iэдакъэ къыщIэкIащ.

КъыщынэмыщIауи, зауэм ехьэлIа лирикэм я зэфIэкI щагъэлъэгъуащ ар зи щхьэкIэ зымыгъэунэхуа, ауэ абы кърикIуахэр къэгъэлъэгъуэжын, лIыхъужьхэр гъэлъэпIэн, хэкур фIыуэ лъагъун икIи хъумэн мотивхэр зи тхыгъэхэм лъабжьэ яхуэхъуа усакIуэхэмрэ тхакIуэхэмрэ: Теунэ Хь., Щомахуэ А., ХьэхъупащIэ А., Къашыргъэ Хь., ЩоджэнцIыкIу Н., ХьэхъупащIэ Хь., Нало З., н. НыбжькIэ абыхэм я лъэмбым къиувахэри зауэм теухуа темэр нэсу, зыубгъуауэ къызэкIуэцIыхыным, мамырыгъэр, цIыхугъэр, зэныбжьэгъугъэр, къуэшыгъэр гъэбыдэным хущIэкъуащ, нобэкIи а Iуэхум псэемыблэжу толажьэ. Апхуэдэщ зи сабиигъуэр зауэ нэужь лъэхъэнэ гугъум хиубыда Бицу Анатолэ.

Хэку зауэшхуэ екIуэкIам Бицур зэрыщыгъуазэр нэхъыжьхэм къаIуэтэжа хъыбархэмрэ зэджа тхыгъэхэмкIэщ, ауэ зауэм и бэлыхьхэмрэ мамырыгъэм и лъапIагъымрэ усакIуэм псэкIэ зыхищIащ, ахэр и тегъэщIапIэуи тхыгъэ куэд и Iэдакъэ къыщIэкIащ: «Ди хадэр къуалэбзухэм къыдоуш…», «Сэлэт», «Зауэ», «Нэф», «Ди гъунэгъуу а лIыжьыр псэуат…», «Абыхэм ящIэрт я псэр щIатыр…», «Сурэт», «Анэм и гур», «Зауэ нэужь», «И махуэт ТекIуэныгъэм – майм и бгъут…», «Ялъэгъуат тIэкIу ефауэ дыгъуасэ…», «Гъунэгъу фыз», «Фызабэм и псалъэ», «Си къуэш» усэхэмрэ «Фэеплъ», «Псалъэ быдэ» поэмэхэмрэ. Мыхэр зэзышалIэу зы щхьэхуэныгъэ яхыболъагъуэ – зауэм и удын зылъэIэса-хэм я щхьэ кърикIуахэр къыщыIуэтэжа сюжет пыухыкIа яIэщ.

«Си къуэш» (1968) усэм деж зауэм зы унагъуэм, нэхъ пэжу жыпIэмэ, зэкъуэшитIым къахуихьа насыпыншагъэр къыщыгъэлъэгъуэжащ. Абыхэм я нэхъыжьыр ныбжькIэ щIалэ дыдэу шэ къэуэжым къигъащтэри дэгу-бзагуэ хъуащ. Ауэ а къэхъугъэм и мыгъуагъэр зыгъэвыр шынэхъыжьым и закъуэкъым, атIэ шынэхъыщIэми и гур хощI – анэкъилъхур ныкъуэдыкъуэ зэрыхъуамкIэ и щхьэ къуаншагъэ хуехьыж, и зэран лъэпкъ абы хэмылъми.

Философие гупсысэ куурэ психологие лъэщкIэ псыхьащ «Сурэт» (1967) усэри. Абы и сюжетыр, зэ еплъыгъуэкIэ, къызэрыгуэкIыу пфIэщIынущ: зауэ гущIэгъуншэм анэ куэд бынкIэ игъэгуIащ. Апхуэдэхэм языхэзщ а мафIэ лыгъейм хэкIуэда къуэм къыщIэна сурэт закъуэр зи гурыфIыгъуэу усэм къыхэщыж анэри: «а сурэтыр нанэм хуехь и Iупэм, и нэм», «и псэм химыхынур щIекъузэ и бгъэгу», «аращ зэплъыр анэр дыгъэр къыщIэкIами», «аращ зэплъыр анэр жэщхэр хэкIуэтам». Сурэт псэншэмрэ анэмрэ я зэхуаку дэлъ гурыгъухэр усакIуэм «фэбжькIэ гъэнщIа» иджырей дунейм и нэщэнэу къегъэлъагъуэ: «Итщ и пащхьэм анэр блыным сурэт фlэлъым – / Сурэтыр нэщхъыфlэщ, анэр гукlэ магъ» [Бицуев 2016: 45].

Хэку зауэшхуэр къызыхэщыж тхыгъэ куэдым къащхьэщыкIыу, Бицу Анатолэ и лирикэм зы щхьэхуэныгъэм, бгъэдыхьэкIэ щIэщыгъуэм ущрохьэлIэ: зауэм къиша гузэвэгъуэм усакIуэр цIыху зэхуэмыдэхэм я нэкIэ хоплъэ. Зи гугъу тщIыр ищхьэкIэ къэтхьа уситIым деж зи шынэхъыжьыр зауэм ныкъуэдыкъуэ ищIа щIалэмрэ зи быныр зыгъеиж анэмрэ я образхэмкIэ къыщыгъэлъэгъуащ. «Ди гъунэгъуу а лIыжьыр псэуат…» (1967) усэм къыхэщ персонаж нэхъыщхьэри абыхэм зыкъомкIэ яподжэж. А образым нэIуасэ дыщыхуищIкIэ япэ сатырхэм деж усакIуэм щетх: «Къикlыжат ар зауэм ныкъуэдыкъуэу – / Абы и щхьэм игъуэтат сэкъат» [Бицуев 1997: 107]. Ауэ а фэбжьымкIэ зэфIэкIакъым лIыжьым зауэм къыхуихьа насыпыншагъэр: абы «и къуэ закъуэри Iихат». Апхуэдэ гуауэшхуэр зи натIэ хъуам игъэвахэр Бицум гущIыхьэу икIи художественнэ Iэзагъ ин хэлъу къигъэлъэгъуэжащ: «… Арат дадэм, и щхьэм къищхьэрыуэу, / Къыщlикlухьыр унащхьэчэзууэ / Къуажэр, лъаlуэу: / «Си къуэр къызэфтыж», / «Итт ар куэдрэ кlуэрти ди къуажэкхъэм, / Къыщилъыхъуэу ар сынхэм я къуагъ…» [Бицуев 1997: 107]. Усэм и сюжетым зиужьыхукIэ и психологие лъэщагъми хохъуэ, кIэух сатырхэм деж щыщIохуабжьэ:

 

…Ехыжащ дунейм ар и гур ныкъуэу.

Сэ а лlыжьым нобэми сопщlыхь:

Щlы щIагъ кlыфlым къыщилъыхъуэу и къуэр

Сфlощl иджыри хэту ар бэлыхь [Бицуев 1997: 107].

 

«Нэф» (1967) усэм дежи зауэм и мыгъуагъэхэр гъэщIэгъуэну, куууэ икIи щIэщыгъуэу къыщыгъэлъэгъуащ. Мыбы и лирикэ лIыхъужьым зауэм фэбжь хихащ – и нитIыр нэфу къигъэзэжащ. «Нэфу а зауэм сэлэт къикIыжам» къытепсыха кIыфIыгъэ мыухыжымрэ, «бийр хисхьэжу езым зэщIищIа мафIэм, щIэрыщIэу ди щIым дыгъэ къипсэжамрэ» усэм щызэпэщIоувэ икIи абыхэм я зэхуаку къыдокI иужьрей сатырхэм дызыщрихьэлIэ зэгъэпщэныгъэ гъэщIэгъуэныр:

 

О, сыту гуфlэу

Iуплъэжынт ар нобэ

Зэгуэр мафlэсым

Щихъума дунейм!

…КъекIухьыр нэфым

Башкlэ lэбэрабэу,

Фlэкlуэда нитlыр

Къилъыхъуэж нэхъей [Бицуев 2016: 46].

«Зауэм и кIэр хьэдагъэщ» щIыжаIэр «Ди хадэр къуалэбзухэм къыдоуш…» (1965) усэми IупщIу къыхэщащ. Абы и пэщIэдзэ сатырхэм гъатхэ пщэдджыжьым и теплъэр, хадэм къыщыIу бзухэм я пшынэбзэ дахэр, дунейм и щIэращIэгъуэр бзэм и Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ къыщыгъэлъэгъуащ. Усэм и лирикэ лIыхъужьыр хадэм здилэжьыхьым, лъэмыкIыу и гур фIобзэрабзэ, бзухэм ядежьууэ игукIэ уэрэд къреш. ГъащIэр къэувыIакъым… Дыгъэр къопс, псыр йожэх, уэшх къошх, жыгхэр мэгъагъэ, ауэ а псори зыхэзымыщIэ щыIэщ – гъунэгъу фызабэр гухэщIышхуэм ехь, «щIозэшыхь и унэ цIыкIу лъэбышэм». Абы гу лъызыта лирикэ лIыхъужьым фызабэр фIэпсэкIуэдщ, и гуауэр псэкIэ дегъэв, ар илъагъухукIи игукIэ жеIэ: «Сфlэдийуэ си пкъыр занщlэу сохъур бзэншэ, / Зауэ, уи фэбжьыр сэ щыслъагъум дей…» [Бицуев 1997: 103].

МафIаем хэту хэкур зыхъумэжахэм, текIуэныгъэр лъыкIэ къэзызэуахэм я лIыгъэр Бицу А. «Абыхэм ящIэрт я псэр щIатыр…» (1974) зыфIища усэм щеIэт икIи щегъэлъапIэ. ЗауэлIхэм я хахуагъэм, бэшэчыгъэм, лъэпкъымрэ хэкумрэ хуалэжьа къалэнышхуэм я гугъу щищIкIэ усакIуэм етх: «Абыхэм ящlэрт я псэр щlатыр, / Абыхэм я щхьэр ямыгъейт…»; «Ящlами шэм кхъузанэ я бгъэр, / Пэщlэтхэт хъыжьэу бий ерум…»; «Тетахэу блыну бийм и гъуэгум, / Къэкlуэнум хуагъэжауэ ялъ…» [Бицуев 1997: 104].

ИщхьэкIэ дызыхэплъахэр зэрыщыхьэтщи, «зауэм теухуауэ Бицу Анатолэ и Iэдакъэ къыщIэкIа тхыгъэхэм къэбэрдей усыгъэм щIыпIэ ин щаубыд, а Iуэхугъуэшхуэр къызэригъэлъэгъуэжа кууагъкIи, темэм зэрызригъэубгъуа мардэкIи зыпэбгъэув хъуну щыIэри КIыщокъуэ Алим и зауэ лирикэр аркъудейщ» [Хавжокова 2015: 203].

Бицу А. и творчествэм зыужьыныгъэ нэхъ ин щызыгъуэтахэм ящыщщ лъагъуныгъэ, пейзаж лирикэ лIэужьыгъуэхэри. Языныкъуэхэм деж ахэр зы тхыгъэм и кIуэцIкIэ щызэхэухуэнауэ къокIуэ. Псом хуэмыдэу цIэрыIуэ хъуащ «Къосыр уэс…» усэр. Ар, щIэджыкIакIуэхэм я мызакъуэу, уэрэдусхэми ягу дыхьащ икIи зэтемыхуэу макъамищ хуатхащ. Къардэн Хьэсэнрэ ХьэIупэ ДжэбрэIилрэ урысыбзэкIэ зэдзэкIа текстым макъамэ щIалъхьамэ, Жырыкъ Заур зыгъэусар анэдэлъхубзэ вариантырщ [Хавжокова 2017: 44].

Усэм лъабжьэ хуэхъуар уэсым хуэдэу ткIужа гухэлъ жэуапыншэрщ. Абы щытепщэ образыр – уэсыр – лъагъуныгъэ къабзэм и фэеплъуи, лирикэ лIыхъужьым и гухэщIым и инагъыр къэзыгъэлъагъуэ пщалъэуи, гъащIэр зэрыкIэншэм, блэкIам къэгъазэ зэримыIэм и щыхьэтуи къокIуэ. Иужьрей едзыгъуэм дыкъыщоджэ:

 

Къосыр уэс…

Уэ си гум укъэкlауэ

Гурыгъу мафlэ щэхум

Си бгъэр ес.

Сэ уизгъэхужынут сигу

Куэд щlауэ,

Сэ уизгъэхужынут си гум,

Ауэ,

Къосыр уэс…

Къос пlащэу, щабэу уэс… [Бицуев 2016: 131]

Дызэрыщыгъуазэщи, лъагъуныгъэм фащэ куэд иIэщ: абы хеубыдэ цIыхухъумрэ бзылъхугъэмрэ я зэхуаку къыдэхъуэ гурыщIэ дахэри, адэ-анэмрэ бынымрэ я гухэлъ къабзэри, хэкур, укъызыхэкIа лъэпкъыр, гъащIэр, зэрыдунейуэ фIыуэ лъагъунри. УсакIуэ нэсым и гур сыт щыгъуи лъагъуныгъэм и хэщIапIэщ, аращ ар зыгъэусэри.

Бицу А. и усыгъэм ищхьэкIэ къыщыдгъэлъэгъуа лъагъуныгъэ лIэужьыгъуэ псори щызэхэгъэшыпсыхьащ. Псом хуэмыдэжу усакIуэм къехъулIащ икIи адыгэ лирикэм и фIыпIэ хъуащ анэм теухуа усэхэр. Хэпхыни хэплъхьэни щымыIэу, и бзэкIи, образ ухуэкIэкIэкIи къызыхуэтыншэу гъэпсащ «Зэгуэр уи анэм и джэ макъ зэхэпхмэ…» усэ цIэрыIуэр. Анэм нэхъ лъапIэ зэрыщымыIэр усакIуэ, тхакIуэ куэдым я IэдакъэщIэкIхэм къыхэщащ, абыхэм анэм и образыр щаIэтащ, щагъэлъэпIащ, ауэ Бицум нэхърэ нэхъ лъэщу анэм хуиIэ лъагъуныгъэр къэзыIуэтэфа дэ дрихьэлIакъым. Абы и щыхьэтщ, псалъэм папщIэ, мыпхуэдэ сатырхэр:

 

Зэгуэр уи анэм и джэ макъ зэхэпхмэ,

Ухэтми дэпым –

Уэ зэщlэувыlыкl.

Зэгуэр уи анэм и джэ макъ зэхэпхмэ,

Ажалу щытми къожьэр –

Къызэплъэкl.

 

Зэгуэр уи анэм и джэ макъ зэхэпхмэ,

Сэр ныкъуэкъихмэ сампlэм –

Ар илъхьэж.

Зэгуэр уи анэм и джэ макъ зэхэпхмэ,

Шэ бутlыпщар,

Лъэщlыхьи, къэубыдыж… [Бицуев 2016: 65]

 

Апхуэдэ гурыщIэ къабзэхэмкIэ псыхьащ Бицу А. анэм хуиуса дэтхэнэ зы тхыгъэри: «Мамэ», «Телеграммэ», «Анэм и гур», н.

Бицу Анатолэ и творчествэм щIыпIэ щхьэхуэ щаубыд хэкупсэ мотивкIэ зэщIэузэда усэхэми (псом япэу къыхэгъэщыпхъэщ «Тырку щIыналъэ» циклым хыхьэхэр: «Истамбыл», «Хасэ», «КъэфакIуэ», «Кхъухь тедзапIэ», «Уэрам», «Мыл кIанэ», «Хэкум», «Мэшаллыхь», «Ежьэжыгъуэ», «Уэрэд», «Псалъэ закъуэт…»), философие гупсысэ куу зыщIэлъхэми («Сэ къэзгъэкIыркъым мэш…», «КIуэцIрыкIыбжэ», «ЩIичащ фоч кIакхъур…», «Хъунущ упсэу гу лъумытэу…», «ЩызэгурыIуэтэм цIыхухэр…», «Хуэчэмщ ди гъащIэр куэдым нобэ…», н.). Зэрынэрылъагъущи, усакIуэм и IэдакъэщIэкIхэм лирикэ лIэужыгъуэ псоми зыужьыныгъэ щагъуэтащ.

ИщхьэкIи къызэрыхэдгъэщащи, Бицу А. жанр зэмылIэужьыгъуэхэм щолажьэ. Гу лъытапхъэщ абы нэхъ гугъусыгъуурэ зызыужь балладэм и тхыдэм хуищIа хэлъхьэныгъэм. Ар къэтхутэн ипэ къихуэу, адыгэ литературэм а жанрыр зэрыщызэфIэувам, и щхьэхуэныгъэхэм кIэщIу къытеувыIэн хуейщ.

Дэтхэнэ лъэпкъ литературэри здынэса лъагапIэхэмрэ зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэмрэ къызэрапщ пщалъэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ жанр и лъэныкъуэкIэ абы зэрызиужьар. Зы лIэщIыгъуэм къриубыдэу адыгэ литературэм жанр псори къигъэIэрыхуэн лъэкIащ, миниатюрэмрэ усэмрэ я деж къыщыщIэдзарэ жыпхъэ пIащэхэу повестымрэ романымрэ, апхуэдэуи нэхъ гугъу дыдэу зэхэлъ сонетымрэ сонет Iэрамэмрэ я деж щиухыжу. Абы щыгъуэми жанр къэскIэ езым и зыужьыныгъэ гъэщIэгъуэн игъуэтащ. Роман къудейр къэтщтэнщи, нобэ диIэщ абы и лIэужьыгъуэ куэд: усэу тха роман (ЩоджэнцIыкIу А. и «Къамботрэ Лацэрэ»), роман-миф (Бещтокъуэ Хь. и «Мывэ лъэхъэнэ»), лирикэу гъэпса роман-дневник (Бещтокъуэ Хь. и «Дыщэхурэ фIамыщIрэ»), роман-поэмэ (Бэлагъы Л. и «Гуащэнэ»), роман-арабескэ (Бещтокъуэ Хь. и «МэзылIымрэ мацIэмрэ»), роман-дилогие, роман-трилогие (КIыщокъуэ А. и «Хъуэпсэгъуэ нур», «Мазэ ныкъуэ щхъуантIэ»; «Щынэхужьыкъуэ», «Нал къута», «Кхъужьыфэ»), роман-тетралогие (Нало А. и «Нэхущ шу», Шортэн А. и «Бгырысхэр»), новеллэу зэхэт роман (Къуиикъуэ Н. и «Мыпсэужхэм я шагъыр»), тхыдэ роман (ищхьэкIэ къэдгъэлъэгъуахэм я нэхъыбэр, апхуэдэуи Мэлбахъуэ Е. и «Iуащхьэмахуэ кIуэ гъуэгур шынагъуэт», Адыгэ Т. и «Тибард и мэIуху», МэшбащIэ И. и «Щэрэ езанэ щхьэдэхыпIэ», Адзын М. и «Си псэ нэщхъейм и Iуфэм»), н.ку. Романым хуэдэу, дэтхэнэ жанрыри ди лъэпкъ литературэм щыкъуэпсыбэщ.

Адыгэ (къэбэрдей) усыгъэм лирикэри лиро-эпикэри зы лъэхъэнэм – ХХ лIэщIыгъуэм и 20–30 гъэхэм – къыщызэдэунэхуащ, зэгъусэуи къызэдэгъуэгурыкIуащ. Абы и щыхьэт наIуэщ ПащIэ Бэчмырзэрэ ЩоджэнцIыкIу Алийрэ я творчествэр. Усэхэм нэмыщI, абыхэм япэ поэмэхэри я Iэдакъэ къыщIэкIащ. Иужьрейхэм (поэмэхэм) я фIыгъэкIэ лиро-эпикэм и зыужьыныгъэр ешэжьа хъуащ, ауэ абыхэм балладэр гуэгъу щахуэхъуар нэхъ иужьыIуэкIэщ. Япэ адыгэ (къэбэрдей) балладэр дунейм къыщытехьар нобэкIэ зэхэгъэкIыжыгъуейми, шэч зыхэмылъыр зыщ – жанрым пэублэ лъэбакъуэхэр ичын щыщIидзар Хэку зауэшхуэм иужь лъэхъэнэрщ.

ХV лIэщIыгъуэм балладэм и ухуэкIэр хабзэ ткIийхэм тетащ. Ар рифмэ зэщхь зиIэ строфаищу зэхэлъын хуейт. Строфар сатырийуэ зэхэтынкIэ хъунут, апхуэдэм деж сатыр къэскIэ пычыгъуий хъурт, рифмэр ababbcbc ухуэкIэм тетыпхъэт. Строфар сатырипщIу щызэхэти къэхъурт, абы щыгъуэм сатырхэр пычыгъуипщI хъу хабзэт, рифмэр ababbccdcd ухуэкIэм тетт. ЦIыхухъу рифмэмрэ цIыхубз рифмэмрэ зэблэдзауэ, зыр адрейм ихъуэжу зэкIэлъыхьыпхъэт. Апхуэдэ гъэпсыкIэ фащэ иIэу балладэр япэ дыдэу франджы усакIуэ Вийон Франсуа и твочрествэм щызэфIэувауэ щытащ [Давыдова, Пронин 2003: 102].

КъыкIэлъыкIуэ лъэхъэнэхэм жанрым и ухуэкIэ хабзэхэр нэхъ къэтIэсхъащ икIи ХХ лIэщIыгъуэм ирихьэлIэу нобэкIэ иIэ нэщэнэхэр зэтеува хъуащ. Иджырей литературэ щIэныгъэмрэ теориемрэ зэрыщыубзыхуамкIэ, балладэм и нэщэнэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ усэу зэрыгъэпсар, сюжет зэриIэмрэ конфликт зэрыхэлъымрэ. Апхуэдэуи тхыгъэр драматизмкIэ гъэнщIа къэхъугъэ гуэркIэ, нэхъыбэрэ – лIыхъужь нэхъыщхьэм и лIэныгъэкIэ иухын хуейщ. Абы щыгъуэми лIыхъужьым и иужьрей гъуэгуанэр пщIэрэ щIыхькIэ гъэнщIауэ, абы и лIэныгъэм лIыгъэ хэлъу, гъэсэныгъэ-ущииныгъэ мыхьэнэ щIэлъу, щапхъэгъэлъагъуэу щытыпхъэщ. КъыщынэмыщIауэ, балладэм уэрэдымрэ макъамэмрэ я нэщэнэхэр е и купщIэкIэ, е и фащэкIэ (нэхъыбэрэ – етIуанэмкIэ) къыпкърыщыпхъэщ.

Къэдгъэлъэгъуахэр жанрым и хабзэ, нэщэнэ нэхъыщхьэхэр аркъудейщ, ауэ абыхэм нэмыщI, къэзыгъэщI лъэпкъ (лъэпкъ гупсысэкIэ), усакIуэ (щхьэзакъуэ дуней лъагъукIэ), къызэрагъэщI бзэм и зэхэлъыкIэ-ухуэкIэ, н. елъытакIэ балладэм щхьэхуэныгъэ зэхуэмыдэхэр иIэнкIэ хъунущ. Ахэр наIуэ щыхъур зы тхыгъэ хэха е зы усакIуэм и IэдакъэщIэкI зыбжанэ куууэ щызэпкърах, сюжетымрэ поэтикэмрэ къызэщIэкъуауэ щадж къэхутэныгъэ щхьэхуэхэрщ.

Иджырей балладэр, поэмэм хуэдэу, лиро-эпикэм и зы жанр лIэужьыгъуэщ. Ар поэмэм къызэрыщхьэщыкIыр абы нэхърэ «нэхъ цIыкIуу зэрыщытырщ» [Квятковский 1966: 59], лирикэ уэрэдым къыщхьэщызыгъэкIыр – сюжет зэриIэрщ. Абы щыгъуэми балладэр сюжет зиIэ усэм хэгъэгъуэщэн хуейкъым. Иджыри зэ къытедгъэзэжынщи, ар лиро-эпикэ жанрщ, абы и ухуэным ищхьэкIэ зи гугъу щытщIа хабзэ псори, нэщэнэхэри щызэдэлэжьапхъэщ.

«Адыгэ литературэм и деж балладэр щызэфIэувэ лъэхъэнэм абы тегъэщIапIэу тIу иIащ: япэр – балладэ ухуэкIэ зиIэу лъэпкъ IуэрыIуатэм къыхэщыж уэрэд гупырщ, етIуанэр – урыс балладэм и щапхъэхэрщ. Ди лъэпкъ балладэм а тIум я нэщэнэхэри зыщIишащ, ауэ щыхъукIи езым и зыужьыныгъэ лъагъуэ хишыжащ» [Хавжокова, Атласкирова 2021: 248].

Балладэ жанрым и зыужьыныгъэм зи гуащIэ ин езыхьэлIахэм ящыщщ Бицу Анатолэ. УсакIуэм «къэбэрдей поэзием хуищIа хэлъхьэныгъэр нэхъ щызу къэбгъэлъэгъуэн щхьэкIэ лиро-эпикэ жанрхэм я гугъу щIыпхъэщ», – етх щIэныгъэлI Гъут Iэдэм [Гутов 2019: 99]. Поэмэхэри хъарзынэу къехъулIами, Бицум и балладэхэр жанрыр зэрыгъэлэжьэн хуейм и щапхъэ нэсщ. Ахэр илъэс зэхуэмыдэхэм дунейм къытехьащ, иужькIэ, псори къызэщIэкъуэжауэ, 2016 гъэм къыдэкIа «Къосыр уэс» тхылъым хыхьащ. Апхуэдэхэщ: «Бгырысыр къызэралъхуар», «ЩIакIуэ кIапэ», «Жамболэт», «НэхъыщIэ», «Лъагъуныгъэ», «ХъунщIакIуэмрэ джэгуакIуэмрэ». Ахэр псори къызэщIикъуэрэ адрейхэм я тхыгъэхэм къащхьэщагъэкIыу зы щIэщыгъуагъ яхэлъщ – лъэпкъ тхыдэмрэ хабзэмрэ я нэпкъыжьэ ятелъщ, бгырысым и дуней лъагъукIэкIэ, щыIэкIэ-псэукIэкIэ, жыпIэнурамэ, адыгэ хьэлкIэ псыхьахэщ. Щхьэтечэуэ я гугъу дымыщIурэ дриплъэмэ, балладэ псоми адыгэ лIыгъэр, бэшэчыгъэр, ижь-ижьыж лъандэрэ лъэпкъым къыдекIуэкI щэнхабзэ екIур, цIыхугъэ лъагэр къапкърыщащ. Иджыри зы щхьэхуэныгъэм гу лъытапхъэщ: тхыгъэхэр романтизмэм и нэщэнэхэмрэ мотивхэмкIэ гъэнщIащ, абыхэм зи пIалъэ имыкIыж лъапIагъэхэр – напэр, щIыхьыр, пэжыгъэр, лъагъуныгъэр – щытепщэщ.

Бицум и балладэхэр я купщIэкIи фащэкIи апхуэдизкIэ зэгъэпэща-зэщIэузэдащи, языхэзми къэхутэныгъэ щхьэхуэ хуэфащэщ; щIэныгъэ и лъэныкъуэкIэ абыхэм къапкърыпхыныр куэдщ, тхылъеджэр дэзыхьэх сюжеткIи къулей защIэхэщ. Зи гугъу тщIыхэр нэрылъагъу хъун папщIэ, «ХъунщIакIуэмрэ джэгуакIуэмрэ» балладэм нэхъ куууэ дыхэплъэнщ.

Тхыгъэм хэлъ конфликтыр и фIэщыгъэм деж къыщожьэ: зэрыгурыIуэгъуэщи, хъунщIакIуэр – гурымыхь персонажу щыт хабзэщ, джэгуакIуэр – фIым и джакIуэщ, лъэпкъым и набдзэщ. А тIур зэрызэпэщIэувэр фIэщыгъэм къыбжеIэ, ауэ щIызэпэщIэувэ щхьэусыгъуэр гурыIуэгъуэ щыхъур сюжетырщ.

Залымхъан «хъунщIакIуэ» цIэр теIукIами, ар захуагъэм и телъхьэщ, лIыгъэ зыхэлъщ, цIыху пэжщ. Апхуэдэ цIэр къыщIилэжьари, абрэджу ежьэжын хуей щIэхъуари мырат: лей зытехьа лIыщIэм къыщхьэщыжу къуажэпщым и лъапсэр игъэсри, абы мылъкуу къиугъуеяр лъэщыгъэкIэ къызытрихахэм яхуигуэшыжауэ щытат. Абы лъандэрэ ар мэз гуэрэнхэмрэ бгъуэнщIагъхэмрэ щопсэу, бейхэр къихъунщIэурэ я мылъкухэр тхьэмыщкIэхэм яхуегуэш. Залымхъан и образым романтизмэм и пкъыгъуэхэр хэлъщ: зэрыхахуэм, жыру псыхьа хьэл-щэн зэтеубыда зэриIэм къыдэкIуэуи, IэпэIэсэщ – пхъэм сурэт зэмылIэужьыгъуэ-хэр къыхебзыкI, мывэм хьэпшыпхэр къыхеIущIыкI, нэгъуэщIу жыпIэмэ и пхъашагъэм пэшачэ псэ къабзагъи, дахагъи пкърылъщ.

Iыхьитхуу зэхэлъ балладэм и япэ Iыхьэр хъунщIакIуэм и образым теухуамэ, етIуанэм джэгуакIуэхэр – Къамботрэ Агънокъуэ Лашэрэ къыхохьэ. Япэрейм и унагъуэцIэр тхыгъэм къыхэщыркъым, ауэ щыпсэуа лъэхъэнэ (Агънокъуэ Лашэ и лъэхъэнэгъущ), щIыпIэ (Джылахъстэнейм щыщщ), иуса гуэрхэм я кIапэлъапэхэр къызэрыгъэлъэгъуамкIэ, ар зэры-Абазэ Къамботыр гурыIуэгъуэ мэхъу. Мыбдежым къыщегъэжьауэ, усакIуэм балладэм и пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэм языхэзу уэрэдымрэ макъамэмрэ тхыгъэм къыхешэ, лъэпкъ Iэмэпсымэхэм (шыкIэпшынэ, бжьамий), уэрэд-гъыбзэхэм я гугъу ещI, иужьрейхэм щыщ пычыгъуэхэр хеухуанэ.

Ещанэ Iыхьэм деж Лашэ и фитон гъэщIэрэщIам ису Къамбот Джылахъстэ-нейм здэкIуэжым, Залымхъан и гупыр къытоуэри гъэр ящI, апхуэдэ щIыкIэкIэ дахагъэмрэ (джэгуакIуэм и образыр, абы къыпкърыкI эстетикэр) лIыгъэмрэ (хъунщIакIуэм и образыр) зэпэщIоувэ, икIи япэрейм и къарур нэхъ лъэщу къыщIокI, фIыр, дахагъэр токIуэ. ДжэгуакIуэм и уэрэдым зэфIэкIышхуэ бгъэдэлъщ, ар захуагъэм и телъхьэщ, джатэми полъэщ, Залымхъан хуэдэ я нэхъ лIы пхъашэми и гур къегъэтIасхъэ. Ар къыхэщу тхыгъэм дыкъыщоджэ:

 

Шыкlэпшынэр мэбзэрабзэ,

Абы хэлъщ джэгуакlуэм и псэр…

Залымхъан умэзэхащ,

И напlитlыр ехуэхащ [Бицуев 2016: 242].

 

Балладэм къызэрыхэщымкIэ, уэрэдымрэ макъамэмрэ Залымхъан гъуэгу захуэ трашэж, хъунщIакIуэнымрэ абрэджынымрэ IэщIыб ещIри, скульптор Iэзэ къыхэкIауэ, Къуэжьыкъуей Ищхъэрэ къуажэм щопсэу, кIэщIу жыпIэмэ, къызэрыгуэкI мамыр псэукIэм хуокIуэж.

Тхыгъэм и кIэух Iыхьэм уэрэдым и мыхьэнэмрэ джэгуакIуэм и лIыгъэ-лъэкIыныгъэмрэ иджыри зэ дигу къегъэкIыж, усакIуэм и IэдакъэщIэкIым хуиубзыхуа жанрыр къыщIыхихам и щхьэусыгъуэми щхьэтечауэ дыщегъэ-гъуазэ:

 

Мы хъыбарым щlыфlэсщар

Сыт-тlэ нобэ сэ балладэ? –

Зэрытеухуарщ уэрэдым,

Уэрэд нэсым иlэ пщlэм.

Ар щреlу мычэму щlылъэм,

Щреlу уафэм, – къигъэпсалъэу,

Абы щlэлъ макъамэм, псалъэм

Ялъэкlынум щlэткъым щlэ [Бицуев 2016: 244].

 

Тхыгъэр зыхуихьа жанрым ехьэлIа гупсысэхэмкIэ усакIуэр къызэрыддэгуа-шэри лейкъым, уеблэмэ гъэщIэгъуэнщ, ауэ мыпхуэдэу зэIухауэ къыджимыIэми, «ХъунщIакIуэмрэ джэгуакIуэмрэ» зэрыбалладэр абы и ухуэкIэми, лъабжьэ хуэхъуа сюжетымрэ мотивхэмкIи гурыIуэгъуэщ.

Балладэм лъагъуныгъэ мотивыр лъабжьэ щыхуэхъур зэзэмызэххэщ. Абы и лъэныкъуэкIэ Бицум и «Лъагъуныгъэ» балладэм щIэщыгъуагъ хэлъщ. Тхыгъэм къиIуэтэж хъыбарым «гъэ мин» бжыгъэхэр и ныбжьщ. Зэ еплъыгъуэкIэ, сюжетыр къызэрыгуэкIщ: фIыуэ зэрылъэгъуа ныбжьыщIэхэр – Къетыкъуэрэ Сулимэрэ – фIэкIыпIэ зимыIэ лъэпощхьэпохэм зэпэIэщIэ ящI, ахэр зэхуозэш, псэм и бэлыхь ягъэв, ауэ зэщIэбэгыу ирахьэкI гъащIэм и гъуэгуанэхэр зэикI зэхуэзэжыркъым. Идее нэхъыщхьэм лейуэ егупсысын хуэмейуэ, балладэм и кIэм деж усакIуэм къыхегъэщ:

 

…И кlэухыр мыращ хъыбар щыпкъэм:

Жьы къепщэхукlэ ди къуршхэр мэдым.

Жаlэр ар Сулимэ и гыз макъыу…

Аращ лъагъуныгъэм и къарур [Бицуев 2016: 236].

 

Жанрым зэрихабзэу, тхыгъэм мифологие мотив хэухуэнащ: Псыхъуэгуащэ, и анэ къызэрилъхуауэ, псыхъуэм дэлъ мывэшхуэм тесу зыIэщIэлъэгъуа Къетыкъуэ, «Уи нитlыр иугъукl!» [Бицуев 2016: 233] жиIэу къриутIыпща гыбзэр къытохуэри нэф мэхъу, абы къыхэкIкIи я къуажэ игъэзэжыну, фIыуэ илъагъу Сулимэ дахэм хуэзэжыну дзыхь ищIыжыркъым, гъадэщIыдэм хохьэж.

Бицу А. и балладэхэм я фIагъыр зыщылъагъупхъэр жанрыр Iэзэу къызэригъэIэрыхуэфам и закъуэкъым, атIэ абыхэм адыгэм и дунейр къызэрыщигъэлъэгъуарщ, адыгэ хабзэм и дахагъыр психологизм куу, драматизм лъэщ хэлъу и тхыгъэхэм зэрыхиухуэнарщ.

«Жамболэт» балладэм лъабжьэ хуэхъуар «Адыгэм и хьэщIэр быдапIэ исщ» псалъэжьым щIэлъ философиерщ. Абрэджу, зекIуэлI хахуэу зи гъащIэр езыхьэкIа Жамбот дадэ зэрымыщIэкIэ бэлыхь хэхуа щIалэщIэр къыщыхуепсыхым, ар егъэхьэщIэ, пщIэ хуещI, къыкIэлъыпхъэра бийхэм щихъумэн папщIи езым и псэр ет. Адыгэм хьэщIэм пщIэшхуэ хуищIу зэрыщытар усакIуэм и тхыгъэм щхьэтечауэ щыжеIэ:

 

Зи напэр изыгъэщт

Псэм япэ а лlыжь хахуэр.

И напэр ихъумащ –

И хьэщlэр ихъумащ.

Бгырысым хьэщlэм пищl

Дунейм темыт. Ар нахуэщ.

А хабзэм щытекlа

Ди лъэпкъыр къэмыхъуа [Бицуев 2016: 227–228].

 

Бицум и IэдакъэщIэкI нэгъуэщI балладэ зыбжанэми – «ЩIакIуэ кIапэ», «НэхъыщIэ» – лъабжьэ яхуэхъуар адыгэм и дуней тетыкIэ екIурщ, аращ а тхыгъэхэр лъэпкъ тхыдэм и гъуджэу къыщIэлъытапхъэри.

Дызыхэплъахэр къызэщIэткъуэжмэ, Бицу Анатолэ адыгэ балладэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа усакIуэу зэрыщытыр наIуэ къэхъуащ. УсакIуэм жанрым и хабзэ гугъухэр къигъэIэрыхуэн лъэкIащ, абы щыгъуэми и тхыгъэхэр псоми къызэдащта къупхъэм ихузакъым, атIэ езым и щхьэзакъуэ хъэтIрэ художественнэ Iэзагърэ къапкърыщащ.

Бицу А. и усыгъэр нэхъыбэрэ къызэпкърыпхыхукIэ нэхъ ину къызэкIуэцIыкIыурэ макIуэ. Абы и IэдакъэщIэкIхэм фащэ и лъэныкъуэкIи я купщIэ теухуауи яхужыпIэныр куэдщ, зы статьям и кIуэцIкIи къыщыпхузэщIэкъуэнукъым. Аращ абы кандидат диссертацэ псо щIытрагъэпсыхьари: Багъ Иринэ итха «Бицу Анатолэ и усыгъэр: мотив нэхъыщхьэхэмрэ жанрхэмрэ» лэжьыгъэр 2005 гъэм пхигъэкIауэ щытащ. Ауэ абы лъандэрэ илъэс 17 дэкIыжащ, а пIалъэм къриубыдэу Бицум и творчествэм зыужьыныгъэ икIи зэхъуэкIыныгъэ пыухыкIахэр игъуэтащ, тхылъ зыбжанэ къыдэкIащ. Абы къыхэкIкIэ, нобэкIэ усакIуэм и тхыгъэхэр къызэщIэзыкъуэн диссертацэ е монографие къэхутэныгъэ щхьэхуэ хуэфащэщ.

 

×

Sobre autores

Ludmila Khavzhokova

The Institute for the Humanities Research – Affiliated Kabardian-Balkarian Scientific Center of the Russian Academy of Sciences

Autor responsável pela correspondência
Email: lyudmila-havzhokova.86@mail.ru
ORCID ID: 0000-0001-9931-7726

Bibliografia

  1. Бицуев 1997 – Бицуев А.М. Избранное: Стихи, поэмы, баллады.. – Нальчик: Эльбрус, 1997. – 288 с.
  2. Бицуев 2016 – Бицуев А.М. Снег идет…: Стихотворения. Баллады. Переводы.. – Нальчик: Эльбрус, 2016. – 320 с.
  3. Гутов 2019 – Гутов А.М. Адыгский фольклор // История адыгской (кабардино-черкесской) литературы. Том I. – Нальчик: Принт-Центр, 2019. – С. 58–109.
  4. Давыдова, Пронин 2003 – Давыдова Т.Т., Пронин В.А. Теория литературы: Учебное пособие. – М.: Логос, 2003. – 232 с.
  5. Квятковский 1966 – Квятковский А.П. Поэтический словарь / Науч. ред. И. Роднянская. – М.: Советская энциклопедия, 1966. – 375 с.
  6. Кешоков 1968 – Кешоков А. Сабля Андемиркана (Вступительная заметка к публикации стихотворений Анатолия Бицуева) // Дружба народов. – 1968. – № 10. – С. 99.
  7. Хавжокова 2015 – Хавжокова Л.Б. Тема войны и мира в поэзии Анатолия Бицуева и Анатолия Мукожева.// Единство народов Советского Союза – важнейший фактор победы в Великой Отечественной войне 1941–1945 гг. (к 70-летию Великой победы). Сборник статей. – Нальчик: Издательский отдел КБИГИ, 2015. – С. 199–206.
  8. Хавжокова 2017 – Хавжокова Л.Б. Песенное творчество кабардинских поэтов (на примере текста песни «Падает снег…» А. Бицуева) // Филологические науки. Вопросы теории и практики. – 2017. – № 8–1 (74). – Ч. 1. – С. 43–46.
  9. Хавжокова, Атласкирова 2021 – Хавжокова Л.Б., Атласкирова Р.С. Жанр баллады в кабардинской литературе: генезис и эволюция.// Электронный журнал «Кавказология». – 2021. – № 4. – С. 246–259.

Arquivos suplementares

Arquivos suplementares
Ação
1. JATS XML

Declaração de direitos autorais © Хавжокова Л.B., 2022

Creative Commons License
Este artigo é disponível sob a Licença Creative Commons Atribuição–NãoComercial 4.0 Internacional.

Согласие на обработку персональных данных с помощью сервиса «Яндекс.Метрика»

1. Я (далее – «Пользователь» или «Субъект персональных данных»), осуществляя использование сайта https://journals.rcsi.science/ (далее – «Сайт»), подтверждая свою полную дееспособность даю согласие на обработку персональных данных с использованием средств автоматизации Оператору - федеральному государственному бюджетному учреждению «Российский центр научной информации» (РЦНИ), далее – «Оператор», расположенному по адресу: 119991, г. Москва, Ленинский просп., д.32А, со следующими условиями.

2. Категории обрабатываемых данных: файлы «cookies» (куки-файлы). Файлы «cookie» – это небольшой текстовый файл, который веб-сервер может хранить в браузере Пользователя. Данные файлы веб-сервер загружает на устройство Пользователя при посещении им Сайта. При каждом следующем посещении Пользователем Сайта «cookie» файлы отправляются на Сайт Оператора. Данные файлы позволяют Сайту распознавать устройство Пользователя. Содержимое такого файла может как относиться, так и не относиться к персональным данным, в зависимости от того, содержит ли такой файл персональные данные или содержит обезличенные технические данные.

3. Цель обработки персональных данных: анализ пользовательской активности с помощью сервиса «Яндекс.Метрика».

4. Категории субъектов персональных данных: все Пользователи Сайта, которые дали согласие на обработку файлов «cookie».

5. Способы обработки: сбор, запись, систематизация, накопление, хранение, уточнение (обновление, изменение), извлечение, использование, передача (доступ, предоставление), блокирование, удаление, уничтожение персональных данных.

6. Срок обработки и хранения: до получения от Субъекта персональных данных требования о прекращении обработки/отзыва согласия.

7. Способ отзыва: заявление об отзыве в письменном виде путём его направления на адрес электронной почты Оператора: info@rcsi.science или путем письменного обращения по юридическому адресу: 119991, г. Москва, Ленинский просп., д.32А

8. Субъект персональных данных вправе запретить своему оборудованию прием этих данных или ограничить прием этих данных. При отказе от получения таких данных или при ограничении приема данных некоторые функции Сайта могут работать некорректно. Субъект персональных данных обязуется сам настроить свое оборудование таким способом, чтобы оно обеспечивало адекватный его желаниям режим работы и уровень защиты данных файлов «cookie», Оператор не предоставляет технологических и правовых консультаций на темы подобного характера.

9. Порядок уничтожения персональных данных при достижении цели их обработки или при наступлении иных законных оснований определяется Оператором в соответствии с законодательством Российской Федерации.

10. Я согласен/согласна квалифицировать в качестве своей простой электронной подписи под настоящим Согласием и под Политикой обработки персональных данных выполнение мною следующего действия на сайте: https://journals.rcsi.science/ нажатие мною на интерфейсе с текстом: «Сайт использует сервис «Яндекс.Метрика» (который использует файлы «cookie») на элемент с текстом «Принять и продолжить».