BALLAD GENRE IN KABARDIAN LITERATURE: GENESIS AND EVOLUTION

Cover Page

Cite item

Full Text

Abstract

The article is devoted to the study of the ballad genre in Kabardian literature: the features of its genesis and evolution are considered in the context of the general Adyge literary process. For the first time, the issues of the origin of the genre in national poetry are studied, the entire evolutionary path is traced, from the origins to the present. The specificity of mastering the genre by Kabardian authors is investigated, specific works are analyzed for compliance / non-compliance with its canons. The ballads of Z. Naloev, B. Utizhev, A. Orazaev, Kh. Kazharov, A. Bitsuev are subjected to a comprehensive, complex analysis, their content and structural-compositional features are revealed. The article uses a number of scientific methods, including the main ones - analysis, description, as well as comparative-historical and hermeneutic methods. The results obtained can be helpful in studying the history of the ballad genre in the Adyghe literature, more generally in the North Caucasian literature, as well as in compiling special courses and writing qualification and other types of research papers.

Full Text

Къэбэрдей усыгъэм и тхыдэ гъуэгуанэм уриплъэжмэ, лирикэри лиро-эпикэри зы лъэхъэнэм – ХХ лIэщIыгъуэм и 20–30 гъэхэм – къызэдэунэхуащ, зэгъусэуи къызэдэгъуэгурыкIуащ. Абы и щыхьэтщ ПащIэ Бэчмырзэрэ ЩоджэнцIыкIу Алийрэ я творчествэр. Усэхэм нэмыщI, абыхэм япэ поэмэхэр я Iэдакъэ къыщIэкIащ. Иужьрейхэм (поэмэхэм) я фIыгъэкIэ лиро-эпикэм и зыужьыныгъэр ешэжьа хъуащ, ауэ абыхэм балладэр гуэгъу щахуэхъуар нэхъ иужьыIуэкIэщ. Япэ адыгэ (къэбэрдей) балладэр дунейм къыщытехьар нобэкIэ зэхэгъэкIыжыгъуейми, шэч зыхэмылъыр зыщ – жанрым япэ лъэбакъуэхэр щичар Хэку зауэшхуэм иужь лъэхъэнэрщ. Иджырей зэманым ар здынэсар, и къэгъуэгурыкIуэкIэ хъуар къэтхутэн ипэкIэ, абы и тхыдэм хэплъэжыпхъэщ, и хабзэ нэхъыщхьэхэмрэ нэщэнэхэмрэ («признак», «свойство» къидгъэкIыу) убзыхупхъэщ.

Балладэм и тхыдэр жыжьэ къыщожьэ. Ар ХV лIэщIыгъуэм роман къэралыгъуэхэм (романыбзэр щызекIуэхэм – Франджы, Италие, Испание, н.) щызэфIэувауэ щытащ: ballade псалъэм «къызэрыфэ (е къызыдэфэ) уэрэд» къикIыу аращ, и IукIэкIи купщIэкIи абы пэгъунэгъу ballet, ballar псалъэхэм «къафэ», «къэфэн/уджын» («плясть») мыхьэнэ яIэщ. Зэрынэрылъагъущи, къыщыунэхуа лъэхъэнэм балладэр «ежьу зыщIэт къызэрыфэ уэрэду» [Давыдова, Пронин 2003: 102] ялъытэу щытащ. Лирикэмрэ лиро-эпикэмрэ ящыщу жанрыр зыхуахьынур щIэныгъэлIхэми балладэр зи Iэдакъэ къыщIэкI езы усакIуэ дыдэхэми пIалъэ кIыхькIэ яхузэхэгъэкIакъым. Гегель зэритхыгъамкIэ, «эпикэм и нэщэнэ гуэрхэр хэплъагъуэми, ар нэхъыбэу лирикэ тхыгъэу гъэпсащ» [Гегель 1958: 273].

ХV лIэщIыгъуэм балладэм и ухуэкIэр хабзэ ткIийхэм тетащ. Ар рифмэ зэщхь зиIэ строфаищу зэхэлъын хуейт. Строфар сатырийуэ зэхэтынкIэ хъунут, апхуэдэм деж сатыр къэскIэ пычыгъуий хъурт, рифмэр ababbcbc ухуэкIэм тетыпхъэт. Строфар сатырипщIу щызэхэти къэхъурт, абы щыгъуэм сатырхэр пычыгъуипщI хъу хабзэт, рифмэр ababbccdcd ухуэкIэм тетт. ЦIыхухъу рифмэмрэ цIыхубз рифмэмрэ зэблэдзауэ, зыр адрейм ихъуэжу зэкIэлъыхьыпхъэт. Апхуэдэ гъэпсыкIэ фащэ иIэу балладэр япэ дыдэу франджы усакIуэ Вийон Франсуа и творчествэм щызэфIэувауэ щытащ [Давыдова, Пронин 2003: 102].

КъыкIэлъыкIуэ лъэхъэнэхэм жанрым и ухуэкIэ хабзэхэр нэхъ къэтIэсхъащ икIи ХХ лIэщIыгъуэм ирихьэлIэу нобэкIэ иIэ нэщэнэхэр зэтеува хъуащ. Иджырей литературэ щIэныгъэмрэ теориемрэ зэрыщыубзыхуамкIэ, балладэм и нэщэнэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ усэу зэрыгъэпсар, сюжет зэриIэмрэ конфликт зэрыхэлъымрэ. Апхуэдэуи тхыгъэр драматизмэкIэ гъэнщIа къэхъугъэ гуэркIэ, нэхъыбэрэ – лIыхъужь нэхъыщхьэм и лIэныгъэкIэ иухын хуейщ. Абы щыгъуэми лIыхъужьым и иужьрей гъуэгуанэр пщIэрэ щIыхькIэ гъэнщIауэ, абы и лIэныгъэм лIыгъэ хэлъу, гъэсэныгъэ-ущииныгъэ мыхьэнэ щIэлърэ щапхъэгъэлъагъуэу щытыпхъэщ. КъыщынэмыщIауэ, балладэм уэрэдымрэ макъамэмрэ я нэщэнэхэр е и купщIэкIэ, е и фащэкIэ (нэхъыбэрэ – етIуанэмкIэ) къыпкърыщыпхъэщ.

Къэдгъэлъэгъуахэр жанрым и хабзэ, нэщэнэ нэхъыщхьэхэр аркъудейщ, ауэ абыхэм нэмыщI, къэзыгъэщI лъэпкъ (лъэпкъ гупсысэкIэ), усакIуэ (щхьэзакъуэ дуней лъагъукIэ), къызэрагъэщI бзэм и зэхэлъыкIэ-ухуэкIэ, н. елытакIэ балладэм щхьэхуэныгъэ зэхуэмыдэхэр иIэнкIэ хъунущ. Ахэр наIуэ щыхъур зы тхыгъэ хэха е зы усакIуэм и IэдакъэщIэкI зыбжанэ куууэ щызэпкърах, сюжетымрэ поэтикэмрэ къызэщIэкъуауэ щадж къэхутэныгъэ щхьэхуэхэрщ.

Балладэр сюжет зиIэ усэм хэгъэгъуэщэн хуейкъым. Иджыри зэ къытедгъэзэжынщи, ар лиро-эпикэ жанрщ, абы и ухуэным ищхьэкIэ зи гугъу щытщIа хабзэ псори, нэщэнэхэри щызэдэлэжьапхъэщ.

Адыгэ литературэм и деж балладэр щызэфIэувэ лъэхъэнэм абы тегъэщIапIэу тIу иIащ: япэр – балладэ ухуэкIэ зиIэу лъэпкъ IуэрыIуатэм къыхэщыж уэрэд гупырщ, етIуанэр – урыс балладэм и щапхъэхэрщ. Ди лъэпкъ балладэм а тIум я нэщэнэхэри зыщIишащ, ауэ щыхъукIи езым и зыужьыныгъэ лъагъуэ хишыжащ.

ИщхьэкIэ зэрыщыжытIащи, зи гугъу тщIы жанрым и пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ уэрэдыр, макъамэр. Адыгэ балладэм ахэр пкъырышыпсыхьыныр, «къыдалъхуа хьэл» хуэхъуныр куэдкIэ зи фIыгъэр ищхьэкIэ къыхэдгъэща IуэрыIуатэ уэрэд гупырщ. ЩIэныгъэлI Гъут Iэдэм зэритхымкIэ, «балладэ ухуэкIэ яIэу адыгэ IуэрыIуатэм жанр зэхуэмыдэхэм иту гъэпса уэрэдхэм уащрохьэлIэ – тхыдэ-лIыхъужь уэрэдхэр (псалъэм папщIэ, «Борэжь и тхьэусыхэ», «Хьэтхым и КъуэкIасэм и уэрэд», н.), лIыхъужь уэрэдхэмрэ гухэлъ уэрэдхэмрэ я зэхуаку дэт уэрэд лIэужьыгъуэхэр («Жамботрэ Екъубрэ я уэрэд», «Къэнэмэтрэ Къасболэтрэ я уэрэд», «Шэджэмокъуэ Хьэсанш»), лъагъуныгъэ уэрэдхэр («Iэдииху»), аллегорие уэрэдхэр («Дзыгъуищ», «Шынджийхэ я вым и тхьэусыхэ»)» [Гутов 2019: 39].

Иджырей балладэр, поэмэм хуэдэу, лиро-эпикэм и зы жанр лIэужьыгъуэщ. Ар поэмэм къызэрыщхьэщыкIыр абы нэхърэ «нэхъ цIыкIуу зэрыщытырщ» [Квятковский 1966: 59], лирикэ уэрэдым къыщхьэщызыгъэкIыр – сюжет зэриIэрщ.

Къэбэрдей литературэм щхьэхуэу и гугъу пщIымэ, нэхъ пасэу ятхахэм икIи балладэм и къупхъэм «хуэфIыпсу» изэгъахэм ящыщщ Нало Заур и «ЦIыху напэр» (1957–1980) – къэбэрдей литературэм и лъабжьэгъэтIылъ икIи и классик ЩоджэнцIыкIу Алий фэеплъ хуищIар. И купщIэрэ и фащэкIэ мыр, и пIэ нэхъыфI къимыувэн хуэдизу, балладэ нэгъэсащ.

Балладэм зэрыщыхабзэу, «ЦIыху напэм» драматизм куукIэ гъэнщIа конфликт щIэлъщ, гуащIэу екIуэкI сюжет хыболъагъуэ, персонаж нэхъыщхьэм и лIэныгъэкIэ еух. Тхыгъэм мифологие лъабжьэ иIэщ (мыри жанрым и зы нэщэнэщ): ажалымрэ гъащIэмрэ, емрэ фIымрэ, кIыфIыгъэмрэ нэхугъэмрэ я зэпэщIэтыныгъэ мыухыжыр дунейм и хабзэ ткIийуэ зэрыщытыр удымрэ балладэм и лIыхъужь нэхъыщхьэ цIэимыIуэ «лIымрэ» я образхэмкIэ къэгъэлъэгъуащ.

Сюжетым къыщыхъу-къыщыщIэм куэдыр щыгъуазэщ, сыту жыпIэмэ «ЦIыху напэ» балладэр ебланэ классым и хрестоматием иту курыт еджапIэхэм щрагъэдж.

«ЦIыху напэм» и поэтикэри, зыхуэбгъадэ хъун щымыIэу, гъэщIэгъуэнщ, екIущ, шэрыуэщ. ИщхьэкIэ къызэрыхэдгъэщащи, уэрэдымрэ макъамэмрэ я пкъыгъуэ гуэрхэр, я хьэл хэплъагъуэныр балладэм и нэщэнэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ. Нало З., и тхыгъэм зы бэуэгъуэкIи къызэтеувыIэн хуэмейуэ, тыншу укъоджэ, и ритмикэр макъамэм хуэдэу шэщIащ, рифмэхэр къулейщ, сатыр 204-рэ зи кIыхьагъ тхыгъэшхуэр зэрыщыту, жыпхъэм зы мащIэкIи темыкIыу, хорейкIэ тхащ. Уэрэдым и гъэпсыкIэм пэгъунэгъу ищIу, балладэм зы едзыгъуэм куэдрэ къыщытрегъэзэж («припев-рефрену» къокIуэ): удыр лIым и пащхьэ къиувэхукIэ, тхыгъэм хэлъ драматизмэр щIигъэхуабжьэу, абы и теплъэр усакIуэм дигу къегъэкIыж:

 

Цы Iуданэ плъыжькIэ и нэр

Хуэдэщ къэдыхьам,

Псалъэу жиIэм гур еIулIэр,

Ещхьу хуэш хыхьам [Нало 2013: 122, 123, 124–125].

 

Балладэм и хьэл-щэну литературэджхэм къыхагъэщхьэхукIхэм ящыщщ абы IуэрыIуатэ, мифологие, таурыхъ мотивхэр лъабжьэ хуэхъунри. IуэрыIуатэ тхыгъэхэм я гъэпсыкIэмрэ таурыхъхэм я ухуэкIэмрэ пэгъунэгъуу тхащ Налом и балладэри. Гъут Iэдэм пэжу гу зэрылъитащи, «мыбы лъабжьэу авторым хуищIа къэхъугъэр ущие псысэм и сюжетым ещхьщ» [Гъут 2013: 65], нэгъуэщIу жыпIэмэ дидактикэ хэлъщ. Таурыхъхэр «щыIащ-псэуащ…» жиIэу къызэрызэIуах щIыкIэм тету ухуауэ, ауэ нэхъ зыубгъуауэ «ЦIыху напэм» хэзышэ Iыхьэ иIэщ. Тхыгъэм и конфликтым и ублапIэм кIэщIу щигъэгъуэза нэужь, усакIуэм тхылъеджэм зыхуегъазэ:

 

Ер вы бжакъуэм къызэрикIыр

ТщIамэ, Iуэху къэхъунт?

Ер псы фалъэм зэрыхэлъыр

ИщIам, лIыр ефэнт?

 

А псы фалъэм къикIа Iуэхур

КъэтIуэтэнщ иджы.

Ар къэфщIэну фэ фыхуеймэ,

Мы тхыдэжьыр вджы [Нало 2013: 122–123].

 

«Ер вы бжакъуэм къокI» жыхуиIэ адыгэ псалъэжьыр тхыгъэм и бзэм IэкIуэлъакIуэу зэрыхэухуэнами гу лъытапхъэщ.

Жанрым нэгъуэщI и зы щхьэхуэныгъи Налом и IэдакъэщIэкIым къыпкърыщащ: тхыгъэм гъищ и пIалъэ къызэщIиубыдэми, илъэсхэр усакIуэм псынщIэ-псынщIэурэ зэкIэлъехь, нэгъуэщIу жыпIэмэ къетхэкI лейрэ къыщымыщ Iуэхурэ хэмыту ешэжьа хъуа сюжетыр еукъуэдий, конфликтым и лъэужьи кIэщIу дрегъаплъэ. Iуэхур щекIуэкI щIыпIэри убгъуауэ къэгъэлъэгъуакъым, сыту жыпIэмэ балладэм щынэхъыщхьэр конфликтымрэ абы и зэфIэхынымрэщ, ар къэзыухъуреихь псори абы ефэгъуэкIыу гъэпсыпхъэщ: апхуэдэ ухуэкIэм тхыгъэм щIэлъ драматизмэр, психологизмэр щIегъэхуабжьэ.

Дызыхэплъа псори кIэщIу къызэщIэткъуэжмэ, жыпIэ хъунущ Нало З. и «ЦIыху напэр» лъэпкъ балладэм и лъагапIэу, жанрым и фIыпIэу, абы и къупхъэм къызыхуэтыншэу изагъэу).

ХХ лIэщIыгъуэм и 60 гъэхэм я кIэуххэм – 70 гъэхэм я пэщIэдзэм балладэм къэбэрдей литературэм нэхъ щIэгъэхуэбжьауэ зыщиужьу щIидзащ. А лъэхъэнэм къыщегъэжьауэ дунейм къытехьа тхыгъэхэм я бжыгъэр куэд дыдэ мыхъуми, я фIагъкIэ жанрым и классикэу къэлъытапхъэхэр яхэтщ. Абыхэм языхэзщ, псалъэм папщIэ, IутIыж Борис и «Уэрэд» (1975) балладэр. Налом и «ЦIыху напэм» хуэдэу, мы тхыгъэри ЩоджэнцIыкIу Алий и фэеплъу гъэпсащ.

И фIэщыгъэм и деж къыщегъэжьауэ, IутIыжым и балладэм жанрым и хьэл-щэнхэр хыболъагъуэ. Тхыгъэм и поэтикэ и лъэныкъуэкIэ уэрэдым и нэщэнэ хэлъкъым (ежьу, рефрен сыт хуэдэхэм ущрихьэлIэркъым), ауэ абы и сюжетым уэрэдым щIыпIэ хэха щеубыд, къалэн пыухыкIа щегъэзащIэ – усакIуэм (ЩоджэнцIыкIу Алий) и псэр уэрэд мэхъури псэхэхым IэщIолъэт. А теплъэгъуэр психологизм куу хэлъу балладэм и кIэух сатырхэм къыщыгъэлъэгъуащ:

 

Псэхэх губжьауэ гущIэгъуншэр

ЦIыху лIэм хуеIэбыхащ.

Псэр зэуэ хъущ уэрэд уахътынши,

Абы IэщIэлъэтащ [IутIыж 1987: 25].

 

Дызэрыщыгъуазэщи, мыпхуэдэу драматизмэкIэ гъэнщIа кIэух иIэныр жанрым и хабзэхэм языхэзщ. Тхыгъэм щIэлъ гупсысэ нэхъыщхьэр мыбдежым къыщыхэкъузыкIыжащ: ЩоджэнцIыкIу Алий хуэдэ псэ нэхухэр зэрыуахътыншэр, апхуэдэ цIыхушхуэхэм я уэрэдыр зэрыкIэншэр усакIуэм щIагъыбзэ дахэкIэ къиIуэтащ. ЩIэныгъэлI БакIуу Хъанджэрий пэжу къызэрыхигъэщащи, «кIэух гъуэзэджэщ: ЩоджэнцIыкIу Алий и гъащIэр уэрэдым пещэ, гъащIэр уэрэдым хуокIуэ, ар лъэужьыншэу хэкIуэдэжыркъым» [Баков 2010: 86].

Дэтхэнэ балладэ нэсми хуэдэу, IутIыжым и тхыгъэм сюжетрэ конфликтрэ хэлъщ. Сюжетыр кIэщIщ: зи псэ еджэу телъ усакIуэм псэхэхыр къыхуокIуэри дунейр къибгынэну къыжреIэ, жэнэтым ишэнуи къегъэгугъэ. АрщхьэкIэ усакIуэм зы лъэIу иIэщ:

 

Адыгэ лъахэу хэку щIэращIэм

Си нитIыр Iугъэплъэж.

Насып уэрэдкIэ си лъэпкъ мащIэм

Гур зэ хуэгъэупсэж [IутIыж 1987: 25].

 

А лъэIур къыхуищIэмэ, жыхьэрмэм кIуэнуи арэзы мэхъу. Ар имыдэу, псэхэхыр мэгубжьри усакIуэм и псэр зыIэщIилъхьэну мэIэбэ, а напIэзыпIэм усакIуэпсэр «уэрэд уахътыншэ» мэхъури абы IэщIолъэт.

Зэрынэрылъагъущи, дызыхэплъэ тхыгъэм мифологие мотивымрэ хэкур фIыуэ лъагъун мотивымрэ щызэхэухуэнащ, ауэ абы къыщыхъухэр егъэлеякъым, фIэщ щIыгъуейкъым, усакIуэ нэсым и псэр и хэкум, лъэпкъым папщIэ зэритыфынур гурыIуэгъуэщи.

Тхыгъэм и конфликтыр гуащIэщ, псом хуэмыдэжу псэхэхыр усакIуэм къыщыхуепсых напIэзыпIэр IутIыжым гущIыхьэу, зыхыумыщIэнкIэ Iэмал имыIэу, къигъэлъэгъуащ:

 

Iуплъащи нэхэр ажал къакIуэм,

Псалъэншэхэу мэкIий.

Ар къокIуэ!.. Мис!.. Къэсащ!.. Шынагъуэм

Гуузу хесхьэ гур!.. [IутIыж 1987: 24]

 

Балладэм зэрихьэлу, зи гугъу тщIы тхыгъэм ущие, философие куу хэлъщ. ПэщIэдзэ сатырхэм деж гъащIэр зищIысымрэ абы и мыхьэнэмрэ ехьэлIа гупсысэхэм дыщрохьэлIэ:

 

Илъэсхэр блокIри, гъэдэщIыдэ

Пшагъуэбэм хогъуэщэж.

ЦIыху гъащIэр щIыгум къытолындэ,

А щIыгуми хокIуэдэж.

Аращ игъащIэми: ажалыр

Дэтхэнэми и кIэсщ.

Зы напIэзыпIэщи псэ пIалъэр,

ПхъэласкIэ гъуру мэс… [IутIыж 1987: 24]

 

«Уэрэд» балладэм и гъэпсыкIэри гъэщIэгъуэнщ, жанрым и къежьапIэ дыдэм къагъэщIа тхыгъэхэм поджэж. Сатыр 44-рэ зи кIыхьагъ тхыгъэр едзыгъуэкIэ зэпыудакъым, цIыхубз рифмэхэмрэ цIыхухъу рифмэхэмрэ зэблэдзауэрэ щызэкIэлъокIуэ, сатырхэр ямб жыпхъэм итщ. Псалъэм папщIэ, зы едзыгъуэм и ухуэкIэм дыхэплъэнщ:

 

Мис иджыпстуи щылъщ усакIуэр.

Псэ хэкIым зыкъеший.

Iуплъащи нэхэр ажал къакIуэм,

Псалъэншэхэу мэкIий [IутIыж 1987: 24].

 

U U / U – / U – / U – / U                        пир. 2 пыч.[1]

U – / U U / U –                                       пир. 4 пыч.

U – / U – / U U / U – / U                        пир. 6 пыч.

U – / U U / U –                                       пир. 4 пыч.

 

Къэтхутахэр къызэщIэткъуэжмэ, IутIыж Б. и «Уэрэд» тхыгъэри балладэ жанрым и зы фIыпIэу лъэпкъ литературэм зэрыхэувам щыхьэт тохъуэ.

Адрей жанрхэм (псалъэм папщIэ, усэм, сонетым е поэмэм) еплъытмэ, балладэм адыгэ литературэм нэхъ мащIэу зыщиужьащ, апхуэдэу щытми, нобэкIэ абы и щапхъэ пщIы бжыгъэхэр диIэщ. ИщхьэкIэ зи гугъу щытщIахэм нэмыщI, къыхэгъэщыпхъэщ КIыщокъуэ Алим и «Бжей жыгым и балладэ», Бещтокъуэ Хьэбас и «Мкртыч Даштоян папщIэ балладэ», Бицу Анатолэ и «Бгырысыр къызэралъхуар», «ЩIакIуэ кIапэ», «Жамболэт», Къэжэр Хьэмид и «Данко жэкъуа», «Уэредадэ», «Дахагъым и сурэт», Къагъырмэс Борис и «Паганини», «Кърум папщIэ балладэ», Уэрэзей Афлик и «СурэтыщIым теухуа балладэ», Хьэвжокъуэ Людмилэ и «Псалъэ жагъуэ» жыхуиIэхэр, н.

Уэрэзей А. и «СурэтыщIым теухуа балладэ» тхыгъэм и жанрыр, и фIэщыгъэми къызэригъэлъагъуэщи, езы усакIуэм иубзыхужащ икIи абы арэзы утехъуэ хъунущ. Балладэр инкъым, и сюжетри псалъэуха зытIущкIэ къыпхуэIуэтэнущ. УсакIуэм зи цIэ иримыIуэ сурэтыщIыр бгыщхьэм дэкIуеяуэ уафэм и сурэт ещI. Пшэ фIыцIэ къытохьэри щыблэрэ уафэгъуагъуэрэ зыщIэту уэшхышхуэ къошх, ауэ сурэтыщIым и IэдакъэщIэкIым зытреубгъуэри ар зыри къыщымыщIу къызэтонэ, езыр щыблэм еукI. Апхуэдэу, балладэм и кIэухыр, зэ еплъыгъуэкIэ, гущIыхьэщ, ауэ гъуазджэм и хъугъуэфIыгъуэр – сурэтыр – къызэрызэтенар гурыфIыгъуэу, гуфIэгъуэ макъамэ щабэу тхыгъэм щIэтщ.

«СурэтыщIым теухуа балладэм» и кIуэцIкIэ усакIуэм бзэм и изобразительно-выразительнэ Iэмал зэхуэмыдэхэр (метафорэ, эпитет, зэгъэпщэныгъэ, къэгъэпсэуныгъэ) къыщигъэсэбэпащ. Абыхэм я фIыгъэкIэ тхыгъэр зэрытха бзэр къулей икIи шэрыуэ хъуащ:

 

 

 

Уафэ къащхъуэм щосыр пшэ хужь Iэтэ,

Iум йоткIухьыр уэгум ит хьэуар.

Гукъыдэжыр къыхузэщIэтэу,

Къуршри джэрпэджэжк къэгуоуащ [Уэрэзей 2004: 12].

 

СурэтыщIым и псэм къылъэIэса гузэвэгъуэр психологизм лъэщ хэлъу тхыгъэм къыщыIуэтащ:

 

Батэурэ пшэ фIыцIэр къыхуоIэгъуэ,

КъызэщIигъэуфIыцIэу дуней псор.

Уэгур макъ шынагъуэк къогъуагъуэ,

Игъэдийрэ игъэгызу псэр [Уэрэзей 2004: 12].

 

ГъэщIэгъуэнщ уафэгъуагъуэм и псалъэ шынагъуэхэри тхыгъэм къызэрыхыхьэр:

 

Уафэгъуагъуэр гъуагъуэу къокIиехыр:

«Сэ къыспэхъуфыну цIыху IэрыкI?» [Уэрэзей 2004: 13]

 

«СурэтыщIым теухуа балладэр» и пэм къыщыщIэдзауэ и кIэм нэс зы жыпхъэм – стопаитхуу зэхэт хорейм – итщ. Тхыгъэр сатырыплIу е тхууэ зэхэт строфакIэ тхащ:

 

И къарур еухри йокIуэтыжыр,

Уафэ адрыщ щхьэдохыж.

Дыгъэри щэху дыдэу къыкъуокIыжри,

УкIытэхыу уэгум къоувэж[Уэрэзей 2004: 13]

 

U U / – U / – U / U U / – U                    пир. 1, 7 пыч.

– U / U U / – U / U U / –                        пир. 3, 7 пыч.

– U / U U / – U / U U / – U                    пир. 3, 7 пыч.

U U / – U / – U / U U / –                        пир. 1, 7 пыч.

 

Балладэм и Iыхьэ нэхъыбэр кIэух рифмэ зэблэдзак тхащ:

 

И IэрыкIым и гур къригъэблу,

ЕщIри ещIыр уафэм и сурэт.

И сурэтым дыгъэр къыщегъаблэ,

ЩIэлъу дуней кIэншэм и къэуат! [Уэрэзей 2004: 12]

 

Къэдгъэлъэгъуам къыдэкIуэу, зи гугъу тщIы тхыгъэм нэгъуэщI рифмэ лIэужьыгъуэхэми уащрохьэлIэ. Псалъэм папщIэ:

 

 

 

СурэтыщIыр теубгъуащ мольбертым,

И IэщхьитIым къыпожыж уэшхыпс:

Мы дунейр уэлбанэм къыщикъутэм,

Зытриубгъуэжри и сурэтым,

Къытригъэшхакъым зы уэшх ткIуэпс [Уэрэзей 2004: 13].

 

Мы щапхъэм деж кIэух рифмэкIэ япэ, ещанэ, еплIанэ сатырхэр, апхуэдэуи – етIуанэмрэ етхуанэ сатырымрэ зэпхащ. Япэ сатырымрэ ещанэмрэ кIэух рифмэ зэблэдзак, етIуанэмрэ еплIанэмрэ къызэщIэзубыдэ (къызэщIэзыкъуэ) кIэух рифмэкIэ, ещанэ сатырымрэ еплIанэмрэ кIэух рифмэ зэгуэгъукзэпхахэщ.

Уэрэзей А. и IэдакъэщIэкI «СурэтыщIым теухуа балладэр» усакIуэм и художественнэ Iэзагъыр, и зэчиймрэ усыгъэ хъэтIымрэ адрей усакIуэхэм ейм къазэрыщхьэщыкIыр наIуэ къэзыщI тхыгъэщ. Ар сыт и лъэныкъуэкIи – къыщыIэта IуэхугъуэкIи зэрыухуа щIыкIэкIи – къызыхуагъэщIа жанрым йозагъэ.

БжыгъэкIэ къэбгъэлъагъуэмэ, къэбэрдей усакIуэхэм ящыщу балладэ нэхъыбэ дыдэ зи Iэдакъэ къыщIэкIар Къэжэр Хьэмидщ. 1998 гъэм къыдэкIа «Усыгъэхэр» тхылъым илъэс зэхуэмыдэхэм итха балладэ 13 хыхьащ: «Мывэ щIым телъыхукIэ» (1975), «Лъэпкъ мылъку» (1977), «Гъуэгуанэ гугъу» (1986), «Лъэтэжа» (1992), «Блок зэрыкIуэдыкIар» (1992), «Уэредадэ» (1993), «Данко жэкъуа» (1993), «Псалъэ зеиншэхэр» (1993), «Тенджызым нэсыфынур» (1993), «Дахагъым и сурэт» (1995), «Дахэлинэ» (1996), «Налкъут щхъуантIафэ» (1997), «Пехьэжьэ» (1997).

Балладэм и нэщэнэхэр нэхъыбэу зыхэлъу усакIуэм нэхъ къехъулIахэм ящыщщ «Уэредадэр». Сюжетым лъабжьэ хуэхъуар Мстиславрэ Редадэрэ зэрызэбэна IуэрыIуатэ хъыбар цIэрыIуэрщ. Адрей балладэхэм къащхьэщыкIыу, мыбы зы щхьэхуэныгъэ хэлъщ: конфликтыр къызыхэкIыр зэдауэ е хьэл-щэнкIэ, дуней еплъыкIэкIэ зэпэщIэувэ къудейкъым, атIэ Iэпщэрыбанэщ, персонажхэр къарукIэ зэпошачэ. Бэнэныгъэр Редадэ и лIэныгъэкIэ еух: бийр лIыгъэкIэ къыщыпэмылъэщым, гъэпцIагъэкIэ къеукI. Балладэм абдежым кIэух щиIами, жанрым и хабзэхэр гъэзэщIа хъуат, ауэ Iыхьихыу зэхэлъ тхыгъэм конфликтым и зыужьынымрэ зэфIэхынымрэ щиубыдыр IыхьитIщ, абы щыгъуэми адрей плIыри лейкъым.

Ещанэ Iыхьэр, зы усэ жыпхъи имызагъэ япэ, етIуанэ Iыхьэхэм я ухуэкIэ гугъусыгъум икIи кIыхьлIыхьым къытокIри, ритмикэ псынщIэ щIэлъу гъэпса мэхъу, уэрэдым хуэдэу макъамэ къыщIохьэ:

 

Мыр сыт лъэхъэнэ,

мыр сыт дуней:

лIыгъэм хуэхамэр

Iуащхьэм докIуей!

 

Напэ зимыIэм

бжьыпэр еубыд.

Пхэлъмэ зышыIэ,

Уохъури нэхъ пуд! [Къэжэр 1998: 151–152]

 

Укъыщеджэ къудейкIи зэрызэхэпхщи, мыбдежым тхыгъэм макъамэпсэ къыIуокIэ. Ар зи фIыгъэр сатырхэм къабзэ дыдэу къыщыгъэсэбэпа стопаитIу зэхэт дактилым и жыпхъэмрэ рифмэ гъэщIэгъуэнхэмрэ екIуу зэрызэдэлажьэрщ. Графикэ гъэпсыкIэм ухэплъэмэ, къэтхьа щапхъэри, ар къызыхэтха Iыхьэри зы мащIэкIи къэдгъэлъэгъуа жыпхъэм икIыркъым. Мис абы и ухуэкIэр:

 

– U U / – U

– U U / –

– U U / – U

– U U / –

 

– U U / – U

– U U / –

– U U / – U

– U U / –

 

Къэжэрым и балладэм уэрэдымрэ макъамэмрэ, фащэ къудейкIэ мыхъуу, купщIэкIи пкъырыгъэшыпсыхьащ: тхыгъэм джэгуакIуэм и образым щIыпIэ хэха щеубыд, къалэн пыухыкIахэр щегъэзащIэ: бэр къызэщIеIэтэ, зылI и быну зэкъуэувэу къахуепсыха бийр хагъэщIэну къыхуреджэ, езыми Редадэ лIыхъужь уэрэд хуиусыжыну лъэныкъуэ зрегъэз. Жэщ гупсысэм здыхэтым, Редадэ зыхуигъэдэнур, и лIыгъэр зригъэпщэнур къыхуэмыгъуэту уэрэдусыр гугъу йохь: жырым, дыгъэм, махуэм, мазэм… – псоми зы дагъуэ гуэр яIэщ, языхэзми къыпэлъэщын къару щыIэщ. Нэхущ хъуауэ и щхьэм къохьэ: «“Редадэ” жаIэм “лIыгъэ” къикIыу / къренэ, лъэпкъым игу имыкIыу!» [Къэжэр 1998: 153]

Тхыгъэм и кIэух Iыхьэм гупсысэ гъэщIэгъуэн щIэлъщ:

 

Абдеж къыщожьэ: «Уэ Редадэ!»

Ар мэхъу иужькIэ – уэредадэ.

Абы и пIалъэр, и жыIэгъуэр

лъэпкъыр щыгушхуэ дэрэжэгъуэрщ [Къэжэр 1998: 153].

 

Мыбдежым зэ еплъыгъуэкIэ зэхэщIыкIыгъуей щIагъыбзэ щIэгъэпщкIуащ, ауэ куууэ упкърыплъмэ, гурыIуэгъуэ мэхъу: лIыхъужьым и лIэныгъэр усакIуэм фIым, «дэрэжэгъуэм» хуешэ – ар, дызэрыщыгъуазэщи, балладэм и зы хьэлщ.

Псоми щхьэхуэу дакъытемыувыIэфми, зи гугъу тщIа тхыгъэм нэмыщI, балладэм и къупхъэм изэгъауэ Къэжэр Хь. и IэдакъэщIэкI нэхъыфIхэу «Дахагъым и сурэт», «Мывэ щIым телъыхукIэ», «Псалъэ зеиншэхэр» жыхуиIэхэри къыхэгъэщыпхъэщ.

Дызыхэплъэ жанрым хэлъхьэныгъэ нэхъ ин хуэзыщIахэм ящыщщ Бицу Анатолэ. А усакIуэм «къэбэрдей поэзием хуищIа хэлъхьэныгъэр нэхъ щызу къэбгъэлъэгъуэн щхьэкIэ лиро-эпикэ жанрхэм я гугъу щIыпхъэщ», – етх Гъут Iэдэм [Гъут 2013: 99]. Поэмэхэри хъарзынэу къехъулIами, Бицум и балладэхэр жанрыр зэрыгъэлэжьэн хуейм и щапхъэ нэсщ. Ахэр илъэс зэхуэмыдэхэм дунейм къытехьащ, иужькIэ, псори къызэщIэкъуэжауэ, 2016 гъэм къыдэкIа «Къосыр уэс» тхылъым хыхьащ. Апхуэдэхэщ: «Бгырысыр къызэралъхуар», «ЩIакIуэ кIапэ», «Жамболэт», «НэхъыщIэ», «Лъагъуныгъэ», «ХъунщIакIуэмрэ джэгуакIуэмрэ». Ахэр псори къызэщIикъуэрэ адрейхэм я тхыгъэхэм къыщхьэщагъэкIыу зы щIэщыгъуагъ яхэлъщ – лъэпкъ тхыдэмрэ хабзэмрэ я нэпкъыжьэ ятелъщ, бгырысым и дуней лъагъукIэкIэ, щыIэкIэ-псэукIэкIэ, жыпIэнурамэ, адыгэ хьэлкIэ псыхьахэщ. Щхьэтечэуэ я гугъу дымыщIурэ дриплъэмэ, балладэ псоми адыгэ лIыгъэр, бэшэчыгъэр, ижь-ижьыж лъандэрэ лъэпкъым къыдекIуэкI щэнхабзэ екIур, цIыхугъэ лъагэр къапкърыщащ. Иджыри зы щхьэхуэныгъэм гу лъытапхъэщ: тхыгъэр романтизмэм и нэщэнэхэмрэ мотивхэмкIэ гъэнщIащ, абыхэм зи пIалъэ имыкIыж лъапIагъэхэр – напэр, щIыхьыр, пэжыгъэр, лъагъуныгъэр – щытепщэщ.

Бицум и балладэхэр я купщIэкIи фащэкIи апхуэдизкIэ зэгъэпэща-зэщIэузэдащи, языхэзми къэхутэныгъэ щхьэхуэ хуэфащэщ; щIэныгъэ и лъэныкъуэкIэ абыхэм къапкърыпхыныр куэдщ, тхылъеджэр дэзыхьэх сюжеткIи къулей защIэхэщ. Зи гугъу тщIыхэр нэрылъагъу хъун папщIэ, «ХъунщIакIуэмрэ джэгуакIуэмрэ» балладэм нэхъ куууэ дыхэплъэнщ.

Тхыгъэм хэлъ конфликтыр и фIэщыгъэм деж къыщожьэ: зэрыгурыIуэгъуэщи, хъунщIакIуэр – гурымыхь персонажу щыт хабзэщ, джэгуакIуэр – фIым и джакIуэщ, лъэпкъым и набдзэщ. А тIур зэрызэпэщIэувэр фIэщыгъэм къыбжеIэ, ауэ щIызэпэщIэувэ щхьэусыгъуэр гурыIуэгъуэ щыхъур сюжетырщ.

Залымхъан «хъунщIакIуэ» цIэр теIукIами, ар захуагъэм и телъхьэщ, лIыгъэ зыхэлъщ, цIыху пэжщ. Апхуэдэ цIэр къыщIилэжьари, абрэджу ежьэжын хуей щIэхъуари мырат: лей зытехьа лIыщIэм къыщхьэщыжу къуажэпщым и лъапсэр игъэсат, абы мылъкуу къиугъуеяри лъэщыгъэкIэ къызытрихахэм яхуигуэшыжауэ щытат. Абы лъандэрэ ар мэз гуэрэнхэмрэ бгъуэнщIагъхэмрэ щопсэу, бейхэр къихъунщIэурэ я мылъкухэр тхьэмыщкIэхэм яхуегуэш. Залымхъан и образым романтикэ хэлъщ: зэрыхахуэм, жыру гъэжа хьэл-щэн зэтеубыда зэриIэм къыдэкIуэу, IэпэIэсэщ – пхъэм сурэт зэмылIэужьыгъуэр къыхебзыкI, мывэм хьэпшыпхэр къыхеIущIыкI, нэгъуэщIу жыпIэмэ и пхъашагъэм пэшачэ псэ къабзагъи пкърылъщ.

Iыхьитхуу зэхэлъ балладэм и япэ Iыхьэр хъунщIакIуэм и образым теухуамэ, етIуанэм джэгуакIуэхэр – Къамботрэ Агънокъуэ Лашэрэ къыхохьэ. Япэрейм и унагъуэцIэр тхыгъэм къыхэщыркъым, ауэ щыпсэуа лъэхъэнэ (Агънокъуэ Лашэ и лъэхъэнэгъущ), щIыпIэ (Джылахъстэнейм щыщщ), иуса гуэрхэм я кIапэлъапэхэр къызэрыгъэлъэгъуамкIэ, ар зэры-Абазэ Къамботыр гурыIуэгъуэщ. Мыбдежым къыщегъэжьауэ, усакIуэм балладэм и пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэм языхэзу уэрэдымрэ макъамэмрэ тхыгъэм къыхешэ, лъэпкъ Iэмэпсымэхэм (шыкIэпшынэ, бжьамий), уэрэд-гъыбзэхэм я гугъу ещI, иужьрейхэм щыщ пычыгъуэхэр хеухуанэ.

Ещанэ Iыхьэм деж Лашэ и фитон гъэщIэрэщIам ису Къамбот Джылахъстэнейм здэкIуэжым, Залымхъан и гупыр къытоуэри гъэр ящI, апхуэдэ щIыкIэкIэ дахагъэмрэ (джэгуакIуэм и образыр, абы къыпкърыкI эстетикэр) лIыгъэмрэ (хъунщIакIуэм и образыр) зэпэщIоувэ, икIи япэрейм и къарур нэхъ лъэщу къыщIокI, фIыр, дахагъэр токIуэ. ДжэгуакIуэм и уэрэдым зэфIэкIышхуэ бгъэдэлъщ, ар джатэми полъэщ, Залымхъан хуэдэ я нэхъ лIы пхъашэми и гур къегъэтIасхъэ. Ар къыхэщу тхыгъэм дыкъыщоджэ:

 

ШыкIэпшынэр мэбзэрабзэ,

Абы хэлъщ джэгуакIуэм и псэр…

Залымхъан умэзэхащ,

И напIитIыр ехуэхащ [Бицу 2016: 242].

 

Балладэм къызэрыхэщымкIэ, уэрэдымрэ макъамэмрэ Залымхъан гъуэгу захуэ трашэж, хъунщIакIуэнымрэ абрэджынымрэ IэщIыб ещIри, скульптор Iэзэ къыхэкIауэ, Къуэжьыкъуей Ищхъэрэ къуажэм щопсэу, кIэщIу жыпIэмэ, къызэрыгуэкI мамыр псэукIэм хуокIуэж.

Тхыгъэм и кIэух Iыхьэм уэрэдым и мыхьэнэмрэ джэгуакIуэм и лъэкIыныгъэмрэ иджыри зэ дигу къегъэкIыж, усакIуэм и IэдакъэщIэкIым хуиубзыхуа жанрыр къыщIыхихам и щхьэусыгъуэми щхьэтечауэ щыгъуазэ дещI:

 

Мы хъыбарым щIыфIэсщар

Сыт-тIэ нобэ сэ балладэ? –

Зэрытеухуарщ уэрэдым,

Уэрэд нэсым иIэ пщIэм.

Ар щреIу мычэму щIылъэм,

ЩреIу уафэм, – къигъэпсалъэу,

Абы щIэлъ макъамэм, псалъэм

ЯлъэкIынум щIэткъым щIэ [Бицу 2016: 244].

 

Тхыгъэр зыхуихьа жанрым ехьэлIа гупсысэхэмкIэ усакIуэр къызэрыддэгуашэри лейкъым, уеблэмэ гъэщIэгъуэнщ, ауэ мыпхуэдэу зэIухауэ къыджимыIэми, «ХъунщIакIуэмрэ джэгуакIуэмрэ» зэрыбалладэр абы и ухуэкIэми, лъабжьэ хуэхъуа сюжетымрэ мотивхэмкIи гурыIуэгъуэт.

ИщхьэкIэ дызыхэплъа тхыгъэ псори, зи гугъу тщIыну дызыхунэмысахэри зэрыщыхьэтщи, балладэм лъагъуныгъэ мотивыр лъабжьэ щыхуэхъур зэзэмызэххэщ. Абы и лъэныкъуэкIэ Бицум и «Лъагъуныгъэ» балладэм щIэщыгъуагъ хэлъщ. Тхыгъэм къиIуэтэж хъыбарым «гъэ мин» бжыгъэхэр и ныбжьщ. Зэ еплъыгъуэкIэ, сюжетыр къызэрыгуэкIщ: фIыуэ зэрылъэгъуа ныбжьыщIэхэр – Къетыкъуэрэ Сулимэрэ – фIэкIыпIэ зимыIэ лъэпощхьэпохэм зэпэIэщIэ ящI, ахэр зэхуозэш, псэм и бэлыхь ягъэв, ауэ зэщIэбэгыу ирахьэкI гъащIэм и гъуэгуанэхэр зэикI зэхуэзэжыркъым. Идее нэхъыщхьэм егупсысын хуэмейуэ, балладэм и кIэм деж усакIуэм къыхегъэщ:

 

…И кIэухыр мыращ хъыбар щыпкъэм:

Жьы къепщэхукIэ ди къуршхэр мэдым.

ЖаIэр ар Сулимэ и гыз макъыу…

Аращ лъагъуныгъэм и къарур [Бицу 2016: 236].

 

Тхыгъэм мифологие мотив хэухуэнащ: Псыхъуэгуащэ, и анэ къызэрилъхуауэ, псыхъуэм дэлъ мывэшхуэм тесу зыIэлъэгъуа Къетыкъуэ, «Уи нитIыр иугъукI!» [Бицу 2016: 233] жиIэу къриутIыпща гыбзэр къытохуэри нэф мэхъу, абы къыхэкIкIи я къуажэ игъэзэжыну, Сулимэ дахэм хуэзэжыну дзыхь ищIыжыркъым.

Балладэ жанрым иту къэбэрдей литературэм хэт тхыгъэ псори зы къэхутэныгъэм и кIуэцIкIэ куууэ щызэпкърыпхыфынукъым, мы тхыгъэми апхуэдэ къалэн зыщыхуэдгъэувыжакъым, сыту жыпIэмэ мыбы къыщытIэта Iуэхугъуэм диссертацэ лэжьыгъэ псо и пщалъэщ. Апхуэдэу щытми, жанрым и къежьапIэ хъуамрэ абы къикIуа гъуэгуанэмрэ дриплъащ, абы ипкъ иткIэ нэхъыщхьэу дыкъызыхуэкIуар аращи – адыгэ балладэм и зыужьыныгъэр адрей лъэпкъ литературэхэм къакIэрыхуркъым, жанрым и ухуэкIэ хабзэ псори ди усакIуэхэм къагъэIэрыхуэн яхузэфIэкIащ.

 

1 Пиррихиер етIуанэ пычыгъуэм щытщ.

×

About the authors

L. B. KHAVZHOKOVA

Institute for the Humanities Research – Affiliated Federal State Budget Scientific Establishment «Federal Scientific Center ‘Kabardino-Balkarian Scientific Center of the Russian Academy of Sciences’»

Author for correspondence.
Email: lyudmila-havzhokova.86@mail.ru

R. S. ATLASKIROVA

Institute for the Humanities Research – Affiliated Federal State Budget Scientific Establishment «Federal Scientific Center ‘Kabardino-Balkarian Scientific Center of the Russian Academy of Sciences’»

Email: atlaskirovaradima@yandex.ru

References

  1. Баков 2010 – Баков Х.И. Борис Утижев: поэт, писатель, драматург. – Нальчик: Издательский отдел КБИГИ, 2010. – 344 с.
  2. Бицу 2016 – Бицу А.М. Къосыр уэс… : Усэхэр. Балладэхэр. ЗэдзэкIахэр (Бицуев А.М. Снег идет… : Стихотворения. Баллады. Переводы). – Налшык: Эльбрус, 2016. – 320 н. (на каб.-черк. яз.)
  3. Гегель 1958 – Гегель Г.В.Ф. Лекции по эстетике. Книга третья: Сочинения, том ХIV / Пер. П.С. Попова. – М.: Государственное социально-экономическое издательство, «Полиграфкнига», 1958. – 440 с.
  4. Гутов 2019 – Гутов А.М. Адыгский фольклор // История адыгской (кабардино-черкесской) литературы. Том I. – Нальчик: Издательская типография «Принт Центр», 2019. – С. 58–109.
  5. Гъут 2013 – Гъут I. Лъэпкъ усыгъэр ХХ лIэщIыгъуэм и 60–90 гъэхэм // Адыгэ (къэбэрдей-шэрджэс) литературэм и тхыдэ (Гутов А. Национальная поэзия в 60–90-е гг. ХХ в. // История адыгской (кабардино-черкесской) литературы). – Налшык: Тетраграф, 2013. – Н. 58–109. (на каб.-черк. яз.)
  6. Давыдова, Пронин 2003 – Давыдова Т.Т., Пронин В.А. Теория литературы: Учебное пособие. – М.: Логос, 2003. – 232 с.
  7. Квятковский 1966 – Квятковский А.П. Поэтический словарь / Науч. ред. И. Роднянская. – М.: Советская энциклопедия, 1966. – 375 с.
  8. Къэжэр 1998 – Къэжэр Хь.Хь. Усыгъэхэр (Кажаров Х.Х. Избранное). – Налшык: Эльбрус, 1998. – 320 н. (на каб.-черк. яз.)
  9. Нало 2013 – Нало З. ЦIыху напэ: Балладэ (Налоев З. Совесть) // Адыгэ (къэбэрдей-шэрджэс) литературэ: 7 классым и учебник-хрестоматие. 2-нэ къыдэкIыгъуэ / Зэхэзылъхьахэр ТIымыжь Хь.Т., Балэ Л.Ф. (Адыгская (кабардино-черкесская) литература: Учебник-хрестоматия для 7 класса. 2 изд. / Сост. Х.Т. Тимижев, Л.Ф. Балова). – Налшык: Эльбрус, 2013. – Н. 121–127. (на каб.-черк. яз.)
  10. Уэрэзей 2004 – Уэрэзей А.П. Кхъужьей къудамэ: Усэхэр. (Оразаев А.П. Грушевая ветка: Стихи). – Налшык: Эльбрус, 2004. – 136 н. (на каб.-черк. яз.)
  11. IутIыж 1987 – IутIыж Б.Къу. Си Дахэнагъуэ: Усэхэмрэ поэмэрэ (Утижев Б.К. Моя Даханаго: Стихи и поэма). – Налшык: Эльбрус, 1987. – 108 н. (на каб.-черк. яз.)

Supplementary files

Supplementary Files
Action
1. JATS XML

Copyright (c) 2021 ХАВЖОКОВА Л.B., АТЛАСКИРОВА Р.S.

Creative Commons License
This work is licensed under a Creative Commons Attribution-NonCommercial 4.0 International License.

Согласие на обработку персональных данных с помощью сервиса «Яндекс.Метрика»

1. Я (далее – «Пользователь» или «Субъект персональных данных»), осуществляя использование сайта https://journals.rcsi.science/ (далее – «Сайт»), подтверждая свою полную дееспособность даю согласие на обработку персональных данных с использованием средств автоматизации Оператору - федеральному государственному бюджетному учреждению «Российский центр научной информации» (РЦНИ), далее – «Оператор», расположенному по адресу: 119991, г. Москва, Ленинский просп., д.32А, со следующими условиями.

2. Категории обрабатываемых данных: файлы «cookies» (куки-файлы). Файлы «cookie» – это небольшой текстовый файл, который веб-сервер может хранить в браузере Пользователя. Данные файлы веб-сервер загружает на устройство Пользователя при посещении им Сайта. При каждом следующем посещении Пользователем Сайта «cookie» файлы отправляются на Сайт Оператора. Данные файлы позволяют Сайту распознавать устройство Пользователя. Содержимое такого файла может как относиться, так и не относиться к персональным данным, в зависимости от того, содержит ли такой файл персональные данные или содержит обезличенные технические данные.

3. Цель обработки персональных данных: анализ пользовательской активности с помощью сервиса «Яндекс.Метрика».

4. Категории субъектов персональных данных: все Пользователи Сайта, которые дали согласие на обработку файлов «cookie».

5. Способы обработки: сбор, запись, систематизация, накопление, хранение, уточнение (обновление, изменение), извлечение, использование, передача (доступ, предоставление), блокирование, удаление, уничтожение персональных данных.

6. Срок обработки и хранения: до получения от Субъекта персональных данных требования о прекращении обработки/отзыва согласия.

7. Способ отзыва: заявление об отзыве в письменном виде путём его направления на адрес электронной почты Оператора: info@rcsi.science или путем письменного обращения по юридическому адресу: 119991, г. Москва, Ленинский просп., д.32А

8. Субъект персональных данных вправе запретить своему оборудованию прием этих данных или ограничить прием этих данных. При отказе от получения таких данных или при ограничении приема данных некоторые функции Сайта могут работать некорректно. Субъект персональных данных обязуется сам настроить свое оборудование таким способом, чтобы оно обеспечивало адекватный его желаниям режим работы и уровень защиты данных файлов «cookie», Оператор не предоставляет технологических и правовых консультаций на темы подобного характера.

9. Порядок уничтожения персональных данных при достижении цели их обработки или при наступлении иных законных оснований определяется Оператором в соответствии с законодательством Российской Федерации.

10. Я согласен/согласна квалифицировать в качестве своей простой электронной подписи под настоящим Согласием и под Политикой обработки персональных данных выполнение мною следующего действия на сайте: https://journals.rcsi.science/ нажатие мною на интерфейсе с текстом: «Сайт использует сервис «Яндекс.Метрика» (который использует файлы «cookie») на элемент с текстом «Принять и продолжить».