The historical past of the people in the story «Trace of atalyk» by Mukhamed Anzorov
- Authors: Bozieva N.B.1
-
Affiliations:
- Kabardino-Balkarian State University named after H.M. Berbekov
- Issue: No 2 (2025)
- Pages: 203-213
- Section: Literature of the peoples of the Russian Federation (literature of the peoples of the North Caucasus)
- Submitted: 05.07.2025
- Published: 15.12.2025
- URL: https://journal-vniispk.ru/2542-212X/article/view/299314
- DOI: https://doi.org/10.31143/2542-212X-2025-2-203-213
- EDN: https://elibrary.ru/QJNIPU
- ID: 299314
Cite item
Full Text
Abstract
The article attempts to research the historical past in the story of the Circassian writer M. Anzorov "The Trace of the Atalyk". The work focuses on identifying the peculiarities of the worldview of a modern artist, the connection of his works with life, and an expressed focus on the reliability of the presentation. The relevance of the research topic is determined by the innovative nature associated with the analysis of unstudied works of Kabardino-Circassian literature. Based on the results of the scientific research, the following conclusions are made: a) sensitive perception of the surrounding world allowed M. Anzorov to create a whole gallery of artistic images that are memorable for their spontaneity; b) M. Anzorov's story presents the life, social life, laws, and customs of the Adyghe. The author gives his assessment of all of the above. The introduction of ethnographic digressions into the artistic fabric of the story allows the writer to correspond to the truth of life, emphasize the moral strength of the customs of the people, observance of "Adyghe khabze" (Adyghe) as a way of revealing the national character of the Adyghe, national society. The abundance of ethnographic inserts gives a journalistic coloring to the writer's style. The inclusion of ethnographic essays (about atalychestvo, about kunatskaya, etc.) is artistically conditioned and helps in the movement of the conflict of the story, reveals the national character of the people and time, introduces the worldview, psychology of the Adyghe. These ethnographic sketches correspond to the principle of historicism, act as a link between the past and the present. In the course of the study, a set of scientific methods was used, including comparative, comparative-historical, description and literary analysis, which allow us to determine both the structural models and the substantive-conceptual aspect of the artist's work. The practical significance of the article lies in the fact that the results obtained can become a theoretical support for further research of M. Anzorov's work and for the study of Kabardino-Circassian literature in general. They can also be used in the preparation of undergraduate and graduate students of philological faculties, in lecture courses on national literatures and literature of the peoples of Russia. The article is intended to facilitate the introduction of works of Adyghe (Kabardino-Circassian) literature into the all-Russian cultural context.
Full Text
«Анзор Мухьэмэд (1940–1995) шэрджэс усакIуэщ, тхакIуэщ, журналистщ, СССР-м и Журналистхэм я союзым хэтащ. Ар зэш имыIэу лажьэу, щIэм лъы-хъуэу, зылъыхъуэр къигъуэтыфу псэуа цIыхущ» [Абитов 2008: 257]. Анзор М. и усэхэм, поэмэхэм, рассказхэм, повестхэм я нэхъыбапIэм лъабжьэ яхуэхъуащ езым и гъащIэм щилъэгъуа Iуэхугъуэхэр.
Анзорым нэхъ тхыгъэ пIащэу и Iэдакъэ къыщIэкIахэм ящыщщ «Атэлыкъым и лIэужьыр» повестыр. Ар курыт еджапIэхэм я программэм хэтщ. БакIуу Хъ. къызэрилъытэмкIэ, «тхыгъэм зекIуэ зэманым екIуэкIа Iуэхугъуэ зыбжанэ IупщIу къыщыгъэлъэгъуащ, адыгэ тхыдэр, лъэпкъ хьэлыр, лIыгъэр авторым ди пащхьэ кърелъхьэ. «Атэлыкъым и лIэужьыр» повестыр Мухьэмэд и тхыгъэ нэхъыфIщ» [Баков 2021: 78].
«Атэлыкъым и лIэужьыр» повестым лъабжьэ хуэхъуащ «зекIуэлIымрэ зекIуэшымрэ» лъэпкъым и гъащIэм дежкIэ мыхьэнэ хэха яIэу щыщыта лъэхъэнэ жыжьэм адыгэхэм я псэукIар, лъахэм, унагъуэм илъа хабзэмрэ нэмысымрэ. Гъэсэныгъэ къаруушхуэ зыхэлъ и тхыгъэмкIэ Анзор Мухьэмэд тхылъеджэр къыхуреджэ лъэпкъыр хъума хъун щхьэкIэ, адыгагъэрэ цIыхугъэрэ, губзыгъагъэрэ зышыIэныгъэрэ адыгэу зызылъытэж дэтхэнэми къигъэлъэгъуэн зэрыхуейм. БлэкIам и дерсхэмкIэ щIэгъэбыдэжа а гупсысэр щынэхъыщхьэщ «Атэлыкъым и лIэужьым».
Анзор М. къехъулIащ ХIХ лIэщIыгъуэм адыгэхэм я псэукIар, ахэр зыгъэпIейтей, зыгъэгуфIэ Iуэхугъуэхэр, пэжагъ ин хэлъу, къигъэлъэгъуэжын. Повестым къызэщIеубыдэ XIX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэр, ИстамбылакIуэ щыщыIа, абы и ужь къит зэманыр. Тхыгъэм къыхощыж залымыгъэр зыхуэ-мыхьыж, гъэпщылIэныгъэм и бжьы тIуащIэм щIэт адыгэхэм мызэ-мытIэу зыкъызэраIэтыр, абыхэм я губжьыр къызэрыкъубейр. Социальнэ бэнэныгъэр тхакIуэм лъэпкъ фащэкIэ ихуэпащ. Хабзэжьым и щIэину къэна лъыщIэжыныгъэр пэублэ хуохъу повестым щекIуэкI Iуэхугъуэхэм. Сюжетым зэрызиужьым укIэлъыплъмэ, гу лъытэгъуейкъым социальнэ зэпэщIэувыныгъэм зыщIигъэста мафIэм и хъуаскIэу лъыщIэжыр зэрыщытыр. Анзорыр хуосакъ лъэпкъым хэлъ хьэл-щэным, хабзэм лъабжьэшхуэ зэриIэр къызэригъэлъэгъуэным. МащIэ игъэгуIакъым лъыщIэжыным, лажьэ зимыIэ цIыху хей куэдым я гъащIэр ихьащ. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, Чэрим гъуэнэдэууэ зэраукIар икIи абы илъ щIэжын гъуэгу и къаныр зэрытеувэр.
«Атэлыкъым и лIэужьым» къыхощыж адыгэ лъэпкъым и псэукIар, гу-гъуехь-гуфIэгъуэ зыхэтахэр, хабзэ хьэлэмэт адыгэхэм яхэлъахэр. Повестым и фIэщыгъэцIэмкIэ къэщIэгъуейкъым абы и темэ нэхъыщхьэр. Ар пасэ зэманым адыгэхэм яIа хабзэращ нэхъыбэу зытеухуар: сабийхэр къану ирату зэрыщытарщ. ЛъыщIэжым увыпIэ нэхъыщхьэ щеубыд тхыгъэм сюжет щыпхрышам. Нэхъыбэу ар зэпхар Бланокъуэ Исмел и атэлыкъ Чэрим илъ ищIэжыну гъуэгу зэрытеувэрщ.
«Атэлыкъым и лIэужьыр» повестым ущрохьэлIэ Мысострэ Исмелрэ я образ купщIафIэхэм. ЛIыгъэм щIыгъуу псэ къабзагъэри, адыгэ нэмысри, фIэлIыкIри, цIыхугъэри, гущIэгъури яфIэмыкIуэду, зыхэхуэ зауэ-банэми, гузавэгъуэми, гу-хэщIми, гуауэми ахэр пхокI. Аращ абыхэм я образхэр гукъинэж зыщIыр. ЩIэныгъэлI Гъут I. зэритхымкIэ «атэлыкъ гъащIэм ипсыхьа Мысострэ Исмелрэ персонаж нэхъыщхьэу кIуэцIрокIыр повестым» [Гутов 2013: 197]. Ахэр хуэпэжщ адыгагъэм, лIыгъэм. ЗекIуэ хабзэри цIыхур зэрагъэунэхуу щытащ адыгэ тхыдэм деж. Абы пыщIа Iуэху хьэлэмэт куэд ди пащхьэ кърелъхьэ тхакIуэм.
Тхыгъэм и лIыхъужь нэхъыщхьэ Мэхъэшокъуэ Къамбот и къуэ Мысост зекIуэлIщ. Абы и лIыгъэм, и щыпкъагъэм, и захуагъэм псори щыгъуазэщ. ЛIыхъужь нэхъыщхьэм япэу дыщыIущIэр къуэрылъху къыхуалъхуам иращIэкI тхьэлъэIурщ. Мысост и ныбжьэгъу къызэхуэсахэм я псалъэхэмкIэ ар зэрыцIыху щыпкъэр, зэрызекIуэлI Iэзэр, хабзэм, нэмысым фIыуэ зэрыщыгъуазэр, и лэжьыгъэкIэ хэкум зэрыщыцIэрыIуэр тхакIуэм къыдегъэлъагъу. Ауэ Мысост хужаIэ хъуэхъухэр зэхимых хуэдэщ, ар гупсысэ хьэлъэ гуэрым иIыгъщ. ЗекIуэ щежьа зэман гуэрым абы ныбжьэгъу къыхуэхъуат Бланокъуэ Исмел. А тIум зэгъусэу бей гуэрым ахъшэрэ дыщэрэ къыфIадыгъуащ. Мысост мылъкур къыщидыгъум, Исмел къыхуиIуэтэжа хъыбар гуэр игу къокIыжри, ахъшэм щыщ и жыпым щегъэпщкIу, апхуэдэ хьэл зэи имыIами. Исмел ар къыщищIэм, Мы-состыр егъэукIытэри ахъшэр къызыкъуехыж. ХабзэмыщIэрэ напэ имыIэу къыхужеIэри, къэлътмакъыр къыхуегъанэри йожьэж. Ауэ абы илъым иджыри къэс еIусатэкъым Мысост. Хабзэм, и напэм къемызэгъ зэрыIэщIэщIар ищIэжырти, арат и къуэрылъхур езым ещхь хъуну ар щIыхуэмейр. ХьэщIэ къызэхуэсахэм Исмел яхэсу къыщIокI. ИкIи къотэджри къыжреIэ Мысост, ар игъэунэхуну зэрищIар икIи къэлътмакъым илъым зэрыхэмыIэбэнури абы ищIэрт.
Бланокъуэ Исмел езыр зекIуэлI Iэзэу, хабзэм, нэмысым фIыуэ хэзыщIыкI цIыхуу къыхощыж повестым. Япэу ущрихьэлIэкIэ гу лъыботэ ар зэрыцIыху гъэсам, зэрыгубзыгъэм, и атэлыкъым хуэфащэ къану къызэрыщIэкIам. Исмел сытым дежи игу къегъэкIыж и атэлыкъыу щыта, бзаджащIэхэм гъуанэдэууэ яIэщIэукIа МэшыщIэ Чэрим. Абы и псалъитIым язу щытщ Чэрим и чэнджэщхэр, ар зыхуигъасэу, зыхуиущийуэ щыта псалъэхэр. Сыт хуэдэ Iуэху хэмыхуами, Исмел занщIэу йогупсыс: «Си пIэм итамэ, сыту пIэрэт си атэлыкъым ищIэнур?» – жиIэу. Псалъэм папщIэ, Исмел дыгъуакIуэ гупым щахэхуам, абыхэм я нэхъыжьым езэуэн хуей мэхъу. Къамэ кIэщIыр кърипхъуэтауэ къыбгъэдэлъадэм щеплъым, абы игу къокIыж и атэлыкъым зыхуигъэсар: «...къамэр зэриIыгъ Iэм зэхищIэу лъакъуэкIэ соуэри къамэр IэщIолъэт, мэлъейри, жыр къабзэр псалъэу мывэ къуршхэм хохуэ...» [Анзоров 1995: 21].
ГъуэгурыкIуэм ныбжьэгъу къыхуэхъу щIалэхэр абы еущий, и атэлыкъым и IуэхущIафэхэр яхуеIуатэ, ахэр егъасэ: «...зекIуэ хабзэр пщэдджыжь уэсэпсу кIуэ-дыжынщ зекIуэлI къэс и гъуэгур адэкIэ пызыщэн нэхъыщIэ имыгъэхьэзырмэ, имыпсыхьмэ...» [Анзоров 1995: 36].
ЗылъэмыкIыр хэзыутэхэм, хамэ пщIантIэпскIэ псэухэм япэщIэувэфу, дэ-къузахэм къыщхьэщыжу, захуагъэм папщIэ гугъуехьми шынагъуэхэми ерыщу пэщIэтыфу игъэсащ Исмел и атэлыкъым. Атэлыкъым и лIэужьыр абы пкъырытщ щIэныгъэу, акъылу, къарууэ. ИкIи «лIэужьыр бжьиблкIэ мауэ», жыхуаIэращи, а лIэужьырщ фIымрэ Iеймрэ зэпэщIигъэувэу, зэригъапщэу, абы езым гъащIэ дерс къыхихыфрэ нэгъуэщIхэм чэнджэщ нэс яритыфу Исмел езыгъэсар.
ТхакIуэм убгъуауэ и гугъу ещI Бланокъуэ Исмел и атэлыкъ Чэрим и IуэхущIафэхэм. Исмел сыт хуэдэ Iуэху хэмыхуами занщIэу и гур мажэ и атэлыкъ Iущым и деж. МэшыщIэ Чэрим хэкум щыцIэрыIуэ зекIуэлIу щытащ. Ар къэзымыцIыху адыгэ щIыналъэм исакъым. Исмел куэдым хуигъэсат, абы и чэнджэщхэр, и псалъэ Iущ куэдхэр сытым дежи игу къэкIыж зэпытт. Тхыгъэм уще-джэкIэ хыболъагъуэ Чэрим и IуэхущIафэхэм пызыщэн, абы и лIэужь дахэр зымыгъэкIуэдын щIалэ дунейм къызэрытринар.
Чэрим тхыгъэм и кIыхьагъкIэ и цIэ къраIуэу, абы и чэнджэщхэр, псалъэ Iущхэр ягу къагъэкIыжу щыт щхьэкIэ, езы лIыхъужьым повестым Iуэху щигъэзащIэу къыхэщкъым. Абы и гъащIэр, и IуэхущIафэхэр IуэрыIуатэжу къатщIэу аращ. Чэрим и къан Исмел уэсяту къыхуегъанэ илъ ищIэжыну. А зекIуэлI хахуэр бзаджащIэхэм гъуанэдэууэ яукIат, и Iэщэфащэри и шыри ирахужьэри ежьэжат. ИкIи ахэр къигъуэтыжыну, бзаджащIэ Хьэжбэчыр и мурад фIейхэр зэпиудыну уэсят къыхуищIри дунейм ехыжащ. Абы ехьэлIауэ щытщ повестым и сюжетым къепха адрей Iуэхугъуэхэри. Атэлыкъым и уэсятыр гъэзэщIэным, дунейм Хьэжбэчыр хуэдэ бзаджащIэхэр «тригъэкъэбзыкIыным» и гъащIэр триухуащ Исмел. АбыкIэ дэIэпыкъуэгъу къыхуохъу Мысост, Индрис, Хьэмыщэ, Мышэ, нэгъуэщI куэдхэри.
ЛъыщIэжыныр Мурид и образымкIи къэгъэлъэгъуэжащ. Ар ныбжьышхуэ зимыIэ щIалэ хахуэщ. Мурид и образым гуэхыпIэ имыIэу епхащ и адэ Емызэгъ Жыраслъэн. Тхыгъэм ар эпизод персонажу къыщыкIуэу къэплъытэ хъунущ, сыту жыпIэмэ абы теухуауэ и къуэм къиIуэтэжым фIэкIа нэгъуэщIкIэ повестым къыхэщыжу щыткъым Жыраслъэн. Хьэжбэчыр ижь Iей зыщIихуахэм ящыщщ ар. ХъунщIакIуэхэм япыщIауэ щытауэ къытралъхьа пцIыр хуэмышэчу ар дунейм ехыжащ. Зи щхьэ пщIэ хуэзыщIыж, зи щIыхьым зы мащIэ дыдэкIи ныбжь тримыгъадзэу псэу, гу хьэлэлрэ псэ къабзэрэ зиIэ, лIыгъэ зыхэлъ зекIуэлIым, а пцIым и гъащIэр зэпиудащ. Жыраслъэн хуэдэ куэд игъэунэхъуащ Хьэжбэчыр.
Уэркъыжь Исхьэкъ и къуэ Хьэжбэчыр гурымыхь образу къыщыгъэлъэ-гъуащ повестым. И IуэхущIафэхэм, дуней тетыкIэм къагъэлъагъуэр ар зэрымыцIыху щIагъуэр. Куэдым лей ирихащ а хъунщIакIуэм. Исмел и атэлыкъ цIэрыIуэ, хэку псом къыщацIыху, пщIэрэ щIыхьрэ зиIэ зекIуэлI хахуэр гъуа-нэдэууэ иукIащ, къуажэ-жылэ куэд ихъунщIащ абы, мылъку зыIэригъэхьэн мурадкIэ, ауэ сыт хуэдэ мылъку зэтримылъхьэми Хьэжбэчыр ирикъужыртэкъым, дуней псор зыIуригъэлъэдэну, лъэгущIэт ищIыну хэтт. ДауикI езым и къару закъуэкIэ а щIапхъэджагъэхэр абы зэхищIыхьакъым. Къуажэ-къуажэкIэрэ абы сабийхэр къригъэдыгъуурэ хамэ къэралхэм, Тыркум ярищэрт. Абы дежкIэ нэхъыщхьэр абыхэм къащIих мылъкурт. Исмел, Мысост, Мурид, Индрис сымэ я гупхэр зэгъусэу тоуэ хъунщIакIуэм зыщигъэпщкIу бгъуэнщIагъым. Хьэжбэчыр занщIэу яукIыркъым. Хуэфащэ тезыр лъагъэсыжащ абы.
Повестым дыщызэхуэзэ лIыхъужьхэм я хьэл-щэнхэр зэтехуэркъым, я теплъэр зырызщ. Дэтхэнэ зыми и псалъэкIэ, и плъэкIэ, и къэкIухьыкIэ, и зыIыгъыкIэ, хабзэ, нэмыс иIэжщ. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, Индрис, Хьэмыщэ, нэгъуэщIхэм я образхэри.
Индрис нэмыс зыхэлъ, зэрыгъэсари, къару ин зэрыкъуэлъри плъагъу зекIуэлI Iэзэщ. Абы хэлъэтышхуэ иIэщ, зэрылъашэм щхьэкIи къэмынэу. «Пабжьэ хъейм дыгъужьищэ къыхэжу зылъэгъуахэм» [Анзоров 1995: 47] зэращымыщыр уолъагъу Индрис.
ТхакIуэм и бзэм и къулеягъым, абы и Iэзагъым и зы нэщэнэу жыпIэ хъунущ дэтхэнэ зы лIыхъужьми и гурыгъу-гурыщIэхэр куууэ къызэриIуэтэфыр, абыхэм я теплъэмкIэ я гум щыщIэхэр къызэрыбгуригъэIуэфыр. Псалъэм папщIэ, Индрис япэу дыщыIущIэкIэ абы тхакIуэм гу лъыдегъатэ: «...лIым и нэ дахэхэм нэщхъеягъуэ гуэр зэрыщIэтым къыбжиIэт и гум имыхуэж гуауэшхуэ зэригъэвыр... Езыр лIы къуэгъущ, лъагэщ, плIабгъуэщ. Ар зэрыныкъуэдыкъуэ-ракъым зекIуэлIхэм я гум къинар, абы и нэ дахэхэм щIалъэгъуа нэщхъеягъуэ-ращ» [Анзоров 1995: 73].
Индрис и цIэ дыдэр Мыхьэмэтт. Езыр щIалэ танэ цIыкIуу Тыркум щащауэ щытащ. И адэ Жылэкъан Хьэлым къуажэпщ Хьэщпакърэ Хьэжбэчыррэ яIэщIэкIуэдащ, и анэри гъэрыпIэм иту псэуащ. Индрис и нэгум илъ нэщхъеягъэр арат къызыхэкIыр.
Повестым цIыхубз образу къыхэщыжыр Исмел и щхьэгъусэ Дахэнагъуэщ. Исмел и ныбжьэгъухэм яхуиIуэтэж зы хъыбарым щыщу хыдолъагъуэ ар. Абы илэжьа Iуэхугъуэ тхакIуэм щыгъуазэ дызыхуищIымкIэ бзылъхугъуэм и хьэлщэныр, и акъылыр, нэмыс хэлъыр къэгъэлъэгъуа мэхъур. Исмелрэ Дахэнагъуэрэ джэгум хэту япэу зэрыцIыхуауэ щытащ. Жэщищ-махуищкIэ а тIум я хьэгъуэлIыгъуэр дихащ Чэрим. Хъыджэбз цIыкIу щыздагъуэтым, и атэлыкъым унагъуэ щхьэхуэу игъэтIысыжащ. Ахэр зэдэпсэуащ адыгэ нэмыс я унагъуэм илъу, цIыхугъэмрэ пэжыгъэмрэ щытепщэу. ЗэгурыIуэныгъэ илът я унагъуэм. Чэрим зэрыжиIэти: «...зэгурыIуэ щакIуэхэм щыхьыр я Iэрылъхьэщ, зэгурыIуэ унагъуэм и насыпыр куущ» [Анзоров 1995: 207].
Дахэнагъуэ и образымкIэ Анзорым къигъэлъэгъуэжын хузэфIэкIащ адыгэ бзылъхугъэм и напэмрэ и щIыхьымрэ ихъумэжын папщIэ имыщIэфын зэрыщымыIэр, абы бгъэдэлъ къарур, пэжыгъэр, нэмысыр, хабзэр. «Щауэр зыгъэщауэр гуащэщи, гуащэр зыгъэгуащэр щэнщ», зыхужаIэм хуэдэ бзылъхугъэт Дахэнагъуэ [Анзоров 1995: 77].
Тхыгъэм хэт псори Анзорым зэрепх лъы щIэжынымкIэ. Хэти и адэ-анэм илъ ещIэж, хэт и къуэшым илъ, хэт атэлыкъым, нэгъуэщIхэми. ЛIыхъужьхэр зэхуозэ Чэрим илъ щIэжын гъуэгум Исмелрэ Мысострэ техьа нэужь. Хьэжбэчыр лей зримыха, имыгъэгуIа исыжтэкъым хэкуми, лъы зыщIэжынухэр гупыфI зэрогъэхъу. Повестым щыпхиша гупсысэ нэхъыщхьэу къыдолъытэ адыгэ лъпкъыр ижь-ижьыж лъандэрэ зыдэт дэкъузэныгъэм къыдэзышын гъуэгу захуэ адыгэ лъэпкъым зэрыпхишар. ГъукIэлI Iэзэу тхыгъэм къыхэщыж Хьэмыщэ зэрыжиIащи, «ЗэрыIыгъ джэдухэр зэгурымыIуэ дыгъужьхэм ятокIуэ» [Анзоров 1995: 63].
«Атэлыкъым и лIэужьыр» повестым къыхэщыж образхэмкIэ тхакIуэм дегъэлъагъу пасэ зэманым псэуа цIыхум и теплъэр, и шыфIэлIыфIэр. Абыхэм яхэлъа пщIэр, хабзэр, нэмысыр Анзор М. удихьэхыу къигъэлъэгъуэжыныр хузэфIэкIащ. Адыгэ тхыдэм и гъуджэ пэлъытэщ абы и повестыр. ЛIыгъэмрэ цIыхугъэмрэ зехьэгъуафIэкъым. ЦIыхухэм я губгъэн фIэмылIыкIыр ар цIыхукъым. УлIу пащIэ птетмэ, лъэпкъ Iуэху зепхуэн, зепхьэн хуейщ, я нэхъ шынагъуэ дыдэу уи кIуэдыр къикIынуми укъимыкIуэту. Аращ адыгэ псалъэжьым «Е улIын, е улIэн» щIыжиIэр. «ЛIыгъэншэу лIэщIыгъуищэ къэбгъэщIарэ лъэужьыншэу укIуэ-дыж нэхърэ, мащIэ дыдэ бгъащIэрэ лIэщIыгъуищэкIэ уи лъэужьыр мыкIуэ-дыжым нэхъыфIкъэ!» – жеIэ Сосрыкъуэ. Мис а гупсысэ хьэлэмэтымкIэ псыхьащ Анзор М. и лIыхъужьхэр.
Анзор М. и повестым нэхъ гу зылъозыгъатэу хэлъ хьэлэмэтагъхэм ящыщщ абы и бзэр зэIубзу, IуэрыIуатэм и хабзэм тету зэрыщытыр, бзэм къулеигъэу иIэр къызэригъэIурыщIэфыр, персонажхэм дэтхэнэ зыми псэлъафэ иIэжу зэрыщытыр. Абы къыщынэмыщIауэ, абы и тхыгъэм и кIыхьагъкIэ хэпхъауэ хъыбархэр, уэрэдхэр, таурыхъхэр, гъыбзэхэр, псалъэжьхэр, щIагъыбзэ зыщIэлъ псалъэхэр, хъуэрыбзэхэр хэтщ. Ахэр IэкIуэлъакIуэу авторым къызэригъэсэбэпым къешэ повестыр пкъыфIэу, зэманым декIуу зэрыщытыр.
«Атэлыкъым и лIэужьыр» повестым къыщыгъэлъэгъуащ адыгэм Iэщэу зэрахьэу щытар, я унэхэр, псэуалъэхэр зыхуэдэр, цIыхубэр щызэхуэс пэкухэр, хасэхэр зыхуэдэр. Лъэпкъым и этнографием щытепсэлъыхькIэ нэрылъагъу пщохъу тхакIуэр адыгэ лъэпкъым, Кавказым ис лъэпкъхэм я хабзэм, шыфэлIыфэм, псэукIэм, щыIэкIэм зэрыщыгъуазэр.
ТхакIуэм зэманым и нэщэнэхэр зэригъэмыкIуэдыным хущIокъу икIи ар зэрыхузэфIэкIкIэ иужь итщ адыгэ лъэпкъым и гъащIэм щыщ дэтхэнэ зы мэс-къалри IупщIу ди нэгу къыщIигъэувэным. ИкIи ар абы къехъулIауэ къэплъытэ хъунущ. Псалъэм папщIэ, адыгэ хьэщIэщым щIэлъ хьэпшыпхэм я гугъу щищIкIэ, ахэр къызэригъэлъагъуэм ущыкIэлъыплъкIэ, IупщIу уи нэгу къыщIоувэ зи гугъу ищI лъэхъэнэр. Повестым тхакIуэм нэхъ зи гугъу щищIыр цIыхухъу хьэщIэщырщ: абы щIэтщ цIыхухъур зыхуейну Iэмэпсымэхэр, и Iэщэ-фащэр зыфIидзэнур, тас-къубгъаныр, гъуэлъыпIэр, Iэнэ лъакъуищыр; пщIантIэм щхьэхуэу иIэщ хьэщIэм и шы фIэдзапIэр, абы и шым сытым дежи шхын щигъуэтынущ здекIуэлIа бысымым деж.
Анзор М. гъащIэ блэкIам епхауэ къэхъуа Iуэхугъуэхэм езым и Iуэху еплъыкIэхэр иретыж. Псалъэм папщIэ, лъыщIэж Iуэхум и гугъу щищIкIэ гу лъыботэ тхакIуэм ар цIыхухэм зэрадиIыгъым. Ар зэхуагъэм, лIыгъэм и нэщэнэу къелъытэ абы. Хьэжбэчыр трилъхьэ тезырымкIэ къыбгуроIуэ Мурид, Исмел, Мысост сымэ ялъ зэращIэжыр зэрадиIыгъыр, сыт хуэдизу ар гущIэгъуншэIуэу щымытми. Ауэ уегупсысмэ, Хьэжбэчыр зэрихьа лейхэм къапэкIуа тезырыр езым къилэжьыжащ.
Удихьэхыу, зэман блэкIар уи нэгу къыщIигъэувэжу къигъэлъэгъуэжащ тхакIуэм лIыхъужьхэм я теплъэр, пасэрей зекIуэлIым и фащэр, и зыIыгъыкIэр. Псалъэм папщIэ, «...пащIапцIэр ныкъуэтхъущ, и пэр бгъэпэщ, набдзапцIэщ. Хъурыфэ пыIэри, цейри, лъейхэри зы плъыфэщ – фIыцIэщ» [Анзоров 1995: 14]; «...дыгъэмрэ жьыбгъэмрэ къамылыфэ-морафэ зытрагъэуа нэкIум узыIэпашэрт,... шхуэмылакIэмрэ уанэ къуапэмрэ зыIыгъ и Iэ щэджащэхэм, пащIапцIэм лIы пхъашафэ къытрагъауэрт» [Анзоров 1995: 44].
Зэман блэкIам и шыфIэлIыфэхэр гукъинэж зыщIхэм ящыщщ повестым хэт цIыху зэмылIэужьыгъуэхэм, нэхъыжьхэми нэхъыщIэхэми я хьэлщэным, ахэр зэрыт щытыкIэм екIуу, я псэлъэкIэхэри зэрызэхэщхьэхукIар. Гу лъомытэу къанэркъым, щIалэщIэ цIыкIухэм зэпадзыжу зэIэпах хъуэрыбзэхэм; Iэнэм щыбгъэдэсми, гупым щахэтми, уелъэпэуэнкIэ Iэмал имыIэу яхэлъа хабзэ дахэхэм, хъуэхъу телъыджэхэм. Ахэр телъыджэм къыщымынэу, тхыгъэм «хэгъэпщIауэ» щымыту, повестыр зытещIыхьа Iуэхухэм быдэу епхащ.
А зэманым адыгэхэм яIа псэукIэм хуэщIауэ пщIантIэхэр, унэ кIуэцIхэр зэрыщытам, ахэр къэзыухъурейхь дунейр зыхуэдэм нэIуасэ ухуохъу. Уеблэмэ, ахэм я шхыныгъуэу щытахэм тхакIуэр щытепсэлъыхькIэ пхулъэмыкIыу уи гурыIупсыр къегъажэ: «... шыуан цIыкIумкIэ лы гъэгъуар тIэкIу щIагъэжьыхьыжу къыщIэкIынщ, итIанэ шей ягъэвэнщ..., мэжаджэ щыIэщ, матэкхъуей гъэгъуа хъурейшхуэхэр апхуэдэщ» [Анзоров 1995: 191].
Телъыджэу къэгъэлъэгъуэжащ адыгэлIымрэ адыгэшымрэ зэтауэ я гъащIэр зэрахьым, щысабийм щыщIэдзауэ ныбжьыщIэхэр лIыгъэшыгъэм хуагъэсауэ зэрыщытым теухуауэ тхакIуэм щыгъуазэ дызыхуищIхэр. АдыгэлIым уанэгур игъуэтамэ, дуней псор езым ейщ. ШыфI зиIэ адыгэр ежьэнущ, зекIуэ кIуэнущ, и лIыгъэр игъэунэхунущ.
ЛIыгъэм, цIыхугъэм щIапIыкIа пасэрейхэр арщ ди щIэблэр къызытехъукIар жыуигъэIэу гушхуагъэ къыпхелъхьэ Анзорым и повестым. Зэманым куэдкIэ зихъуэжами, ди щIэблэм дежкIэ гъэсэныгъэ тэмэмхэм, адыгэ хабзэм, цIыхугъэм и щапхъэ дахэ куэд повестым нэрылъагъу къытщещI. Ар и щыхьэтщ Анзорым и тхыгъэм иIэ художественнэ къарум. «Атэлыкъым и лIэужьыр», шэч хэмылъу, езы тхакIуэм и творчествэм и мызакъуэу, шэрджэс литературэм и хэлъхьэныгъэхэм ящыщ зыщ.
Повестыр бзэ дахэ, шэрыуэкIэ тхащ. Абы псалъэжь, псалъэ шэрыуэ, жыIэгъуэ, псалъэ Iущ, купщIэ зиIэ псалъэ куэд къыщыхьащ. Псалъэжьхэр къыщигъэсэбэп зэманым къекIуу къихьащ тхакIуэм. АбыхэмкIэ Анзорым и лIыхъужьхэм я гурылъ-гурыщIэхэр, гупсысэхэр къаригъэIуэтащ. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ: «ЛIэужьыр бжьиблкIэ мауэ», «Бэгу зиIэ тIэхъуалэщи, гукъеуэ зиIэ псалъалэщ», «Уи кIэм къеIусэмэ, пыупщI», «Акъылым и анэр гупсысэщ», «Джанэ мылажьэрэ лажьэ мыIуэтэжрэ щыIэкъым», «Бгъэплъыщэмэ, мывэри зэгуоуд», «Блэр бэгмэ, и гъуэм ихуэжкъым», «Жьэ лIыкIуэ нэхърэ хьэ лIыкIуэ», «Дыгъэр пшэр щIилъафэкIэ ункIыфIыркъым», «Хейм и мэжаджэ Iыхьэ гъуэгум телъщ», «ПащIэ гъэлыгъуэ джэгу хэлъкъым», «Гур мыплъэмэ, нэри плъэркъым», «Узэщэ нэхърэ узэтэ», «НыбжьэгъуфIыр тхъущIэж зыщIэлъ мэрамысэм хуэ-дэщ», «Ныбжьэгъур къэгъуэтыгъуейкъым, ар Iыгъынращ гугъур», «Ныбжьэгъу зи куэдыр губгъуэшхуэу фабгъуэщи, ныбжьэгъу зи мащIэр Iэгуфэ щызу Iузэщ», «Ныбжьэгъур бий умыщI», «Зэныбжьэгъугъэ щыпкъэрэ псына-щхьэ къабзэрэ», «Ныбжьэгъугъэм и лъабжьэр дзыхьщи, дзыхьыр зыгъэщы-пкъэр къуэшым хуэ-дэщ», «Къэпым и щхьэр умытIатэу хьэ илърэ ху илърэ къыпхуэщIэнукъым», «ЗэрыIыгъ джэдухэр зэгурымыIуэ дыгъужьхэми ятокIуэ», «Фочым зы цIыху иукIащ, бзэм – нэрыбгэ мин», «Щхьэлым щыIам нэхъыбэ жиIащ зауэм щыIам нэхърэ», «ЩыхупIэм гур щыхуа нэужь гъуэгур зыгъэлъэгъуэн куэд къыкъуокIыр», «Iей пщIауэ фIым ущымыгугъ», «Хьэр хахуэм йобэн, къэрабгъэм йодзакъэ», «Мэзым мыщэ щIэмысмэ тхьэкIумэкIыхьыр къыщофэ», «ЛIэным лIыгъэ хэлъу жаIэр», «ЗэкъуэшитIрэ дзитI зыIутрэ», «И пщIантIэжь хьэри щылъэрыхьщ», «Хамэ жьантIэ нэхърэ си бжэкъуагъ», «Iуэхум и пэублэр банэщ, ауэ и щIагъыр тхъущ», «Сабий зэрымыс унагъуэрэ псы зэмыкIуалIэ щхьэлрэ», «И куэбжэпэм Iутыжмэ адакъэри хахуэщ», «Уемыгупсысу жомыIэ, жыпIамэ утемыкIыж», «ПцIым икIуфыр зы бжьизщ», «Ныбжьэгъуищэр мащIэщи, зы бийри куэдщ», «Былым мин зиIэр хокIуадэри, ныбжьэгъу мин зиIэр къол».
Псалъэжь, псалъэ шэрыуэ, хъуэрыбзэ дахэхэр IэкIуэлъакIуэу къызэрыщыхьам и закъуэкъым гу зылъытапхъэр. Повестым адыгэбзэм къыщамыгъэсэбэпыж псалъэ куэди ущыхуозэ. Псалъэм папщIэ: куэншыбэ, гуэзнэч, бэтэгъэ, къурамбей, хьэмшэс, н.
Природэм, пейзажым къалэнышхуэ щагъэзащIэ повестым. ИкIи ар епхащ лIыхъужьым игу щыщIэхэм. Тхыгъэм къыщокIуэ щIагъыбзэ зыщIэлъ псалъэхэри: «уи шыр къызэрыпхуэпэжыр уи фIэщ щIы, ауэ щэлъахъэ теплъхьэну зыщомыгъэгъупщэ».
Повестыр гъэщIэгъуэн къыпщызыщIхэм ящыщщ тхакIуэм къиIуатэ Iуэхугъуэхэм ядэкIуэу адыгэхэм яIа хабзэ щхьэхуэхэм я гугъу къызэрытхуищIыр. ЛъыщIэж, зекIуэ, атэлыкъ яIэу зэрыщытахэм нэмыщI, бгырыс лъэпкъхэр, псом хуэмыдэу шэрджэсхэр, адрейхэм къащхьэщыкIт хьэщIэм хуащI пщIэхэмкIэ, гъуэгум щызэрахьэ хабзэхэмкIэ, нэхъыжьым пщIэ зэрыхуащIымкIэ, нэгъуэщIхэмкIи.
ЩIыпIэшхуэ щеубыд Анзор М. и повестым адыгэ хабзэм, абы къызэщIиубыдэ псоми. ТхакIуэм дэ къехъулIауэ къыдолъытэ адыгэ лъэпкъым и гъащIэ блэкIар дахэу, зэгъэкIуауэ ди пащхьэм кърилъхьэжыныр. ГъащIэ гъуэ-гум и зэхэгъэкIыкIэм хэхуа цIыхухэм я гупсысэ щэхухэр, гурыгъу-гурыщIэхэр къыщыгъэлъэгъуэжащ мыбы. ПовестымкIэ Анзорым дегъэлъагъу зауэ-банэм щыхэтым деж, адыгэ лъэпкъым къызэкъуих лIыгъэ мыухыжыр – хэкум и къуэ пажэхэр хьэзырщ я лъахэм папщIэ я псэр ятыну. Дунейр щымамырым деж абыхэм къадекIуэкIыу щыта гуфIэгъуэхэр, хьэгъуэлIыгъуэхэм щызэрахьэ хабзэхэр, зекIуэ ежьамэ, яхэлъ нэмысыр, лIыгъэр нэгъуэщI куэдри абы хыболъагъуэ. Псом хуэмыдэу Анзорым пэжу, куууэ зэпкърихащ лъыщIэж хабзэм и Iуэхур, атэлыкъымрэ къанымрэ я зэхущытыкIэу щытахэр, хабзэ ткIий щыIахэр.
Повестым хыболъагъуэ адыгэлIым ныбжьэгъугъэр, лъагъуныгъэр, напэр, нэмысыр, укIытэр зыпищIын, ар зэрищэфыни къызэрищэхуфыни дунейм зэрытемытыр, ахэр адыгэ гъащIэм и Iыхьэ нэхъыщхьэу зэрыщытыр. Ауэ ахэр мылъкукIэ зыхъуэжыф куэди адыгэхэм зэрахэтари зыщигъэгъупщэкъым тхакIуэм. Ар, дауикI, ди лъэпкъым и напэр тезых Iуэхугъуэщ, ауэ апхуэдэхэри къехьэкI-нехьэкI хэмылъу къыщигъэлъэгъуэжащ тхакIуэм и повестым.
Лъэпкъ гъащIэ блэкIар щызэфIигъэвэжкIэ, тхакIуэм гулъытэ лей хуищIащ а лъэхъэнэм цIыхухэм я зэхущытыкIэмрэ я Iуэху еплъыкIэмрэ къызэтегъэнэным, лъэпкъ гъащIэм IуэрыIуатэм щиубыд щIыпIэр тэмэму къэгъэлъэгъуэжыным. Ар икIи гурыIуэгъуэщ: пасэрей бгырыс гъащIэр къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ лIыгъэкIэ гъэнщIа лъэпкъ эпосым, лIыхъужьыгъэ уэрэдхэмрэ хъыбархэмрэ.
Апхуэдэ щIыкIэкIэ, ди гупсысэхэр къризэщIэткъуэжу, жыпIэ хъунущ Анзор Мухьэмэд и «Атэлыкъым и лIэужьыр» повестыр къэбэрдей-шэрджэс литературэм и хэлъхьэныгъэ гъэщIэгъуэну.
About the authors
Naima B. Bozieva
Kabardino-Balkarian State University named after H.M. Berbekov
Author for correspondence.
Email: naimabozieva@mail.ru
References
- Абитов В.К. Адыгские писатели: жизнь и творчество. – Черкесск: Карачаево-Черкесское книжное издательство, 2008. – 340 с.
- Анзоров М.А. Наследие. – Нальчик: Эль-Фа, 1995. – 302 с.
- Баков Х.И. Анзоров Мухамед Айсович// Адыгские (адыгейские, кабардинские, черкесские, черкесского зарубежья) писатели ХIХ-ХХI вв. Биобиблиографический словарь. В 3-х тт. Т. I: А–И. – Нальчик: Издательская типография «Принт Центр», 2021. – С. 77–78.
- Гутов А.М. Зарождение и развитие повести// История адыгской (кабардино-черкесской) литературы. Т. 2. – Нальчик: ООО «Тетраграф», 2013. – 480 с.
Supplementary files
