Poetic work of Uvzhuk Thagapsov: value orientations, genre paradigm, poetics

Cover Page

Cite item

Full Text

Abstract

The article provides a comprehensive analysis of the poetic work of the Adyghe (Circassian) poet and writer Uvzhuk Askerbievich Tkhagapsov (born in 1961). The relevance and novelty of the study are confirmed by the absence of scientific works on the stated topic in national literary criticism. The material for the study is the poetic works included in the author's collections "The Cradle of Peace" (2001), "Children of God" (2007), "The Earth Spins" (2023) – poems, short poems, satirical and humorous poems, sonnets, poems, fables, ballads, fairy tales. The main motives and value orientations are revealed, the varieties of the poet's lyrics are highlighted – philosophical, patriotic, civic (socio-political, socio-economic motives), love, landscape lyrics. The genre paradigm and poetics of U. Tkhagapsov's works are considered, the correspondence/non-correspondence of some works to the author's definition of the genre is established. Sonnets, plot (fabular) poems, and the poem "Hunting Stories" are highlighted. The obtained results can be used in the educational and research process. 

Full Text

Дызэрыт зэманым адыгэ литературэр, дыхуей-дыхуэмейми, езы лъэпкъми хуэдэу, хэгъуэгу зыбжанэкIэ зэкIэщIэчащ, абы къыхэкIкIэ къэбэрдей, шэрджэс, адыгей, хэхэс адыгэ (е хыщIыб адыгэ) литературэу зэхэгъэщхьэхукIауэ дытепсэлъыхьын хуей мэхъу. Абы къикIыркъым ахэр зэщымыщу, зэхамэу, атIэ зы жыгым къыкъуэжа къудамэ цIыкIухэу е «зылI и быну» къэлъытэн хуейуэ аращ. Апхуэдэу лъэпкъ литературэр гуэшыныр куэд щIауэ къежьа Iуэхущ, абы щхьэусыгъуэ хуэхъуахэри зэмылIэужьыгъуэщ, тхыдэм къыхэщыж жылагъуэ-политикэ Iуэхугъуэ пыухыкIахэм къыщегъэжьарэ адыгэбзэм и къуэпсхэу литературэбзэу тIу (адыгеибзэмрэ къэбэрдей-шэрджэсыбзэмрэ) къэрал унафэкIэ къызэращтам и деж щиухыжу. Зы зэман а бзэхэм я алыфбейхэр зэхагъэхьэжу зы бзэ къыхащIыкIыжыну щIэныгъэлIхэри, тхакIуэ-усакIуэхэри, щэнхабзэ лэжьакIуэхэри, лъэпкъ Iуэху зезыхьэ нэгъуэщI IэщIагъэлI куэди иужь итахэщ, абы щIэныгъэ конференцэхэри къинэмыщI зэхуэс-зэIущIэхэри мызэ-мытIэу иращIэкIащ, ауэ нобэр къыздэсым ар яхузэфIэкIакъым. Абы и щхьэусыгъуэри гурыIуэгъуэщ: псалъэм папщIэ, ди къэралым и кIуэцIкIэ нэхъыбэу адыгэ зыщыпсэу хэгъуэгуищым ящыщу Адыгей Республикэм адыгеибзэр щызокIуэ, абыкIэ я телевиденэр, радиор, еджапIэхэр, сабий гъэсапIэхэр щолажьэ, а бзэмкIэ тхылъхэр щытрадзэ, газетхэмрэ журналхэмрэ къыщыдокI. Апхуэдэ дыдэуи Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ я IуэхущIапIэ псоми зэхуэдэу къэбэрдей-шэрджэсыбзэр къыщагъэсэбэп, абы щыгъуэми къэбэрдейхэмрэ шэрджэсхэмрэ я лексикэм зэщхьэщыкIыныгъэ мащIэхэри иIэу. Бзэхэм нэмыщI, щIыпIэ щхьэхуэхэм диалектхэмрэ говорхэмрэ щызокIуэ. А псор къэплъытэмэ, мызыгъуэгукIэ гурыIуэгъуэращи, адыгэр щIыпIэ-щIыпIэкIэ зэпэIэщIэу щытыхукIэ икIи лъэпкъ литературэр къызэрагъэщI бзитIыр щыIэхукIэ, «къэбэрдей», «шэрджэс», «къэбэрдей-шэрджэс», «адыгей», «хэхэс адыгэ» терминхэмкIэ езы адыгэ литературэри зэхэдгъэщхьэхукIын хуей хъунущ [более подробно об этом см.: Хавжокова 2022: 773-813]. Апхуэдэ гуэшыкIэм упщIэ бжыгъэншэхэри зэдауэ мыухыжхэри кърокIуэ, ауэ щхьэж дызыхуейр жытIэкIэ зэфIэкIыркъым, сыт хуэдэ къэхутэныгъэри, ар тхыдэм, щэнхабзэм, бзэм, IуэрыIуатэм, литературэм е нэгъуэщI унэтIыныгъэхэм ехьэлIауэ ирехъуи, зытещIыхьыпхъэр Iуэхур зэрыщыт дыдэращ.

Адыгэ литературэм и Iуэхур зэрыщытыращи, ХХ лIэщIыгъуэм и 20-30 гъэхэм абы и къуэпс щхьэхуэхэу Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым къыщежьа-щызэфIэувахэм я зыужьыныгъэр, куэдми-мащIэми, зыгуэрхэмкIэ зэщхьэщыкIыурэ къогъуэгурыкIуэ – псалъэм папщIэ, жанр зэхэтыкIэкIэ, зытеухуа-зэрыухуа и лъэныкъуэкIэ (усэ гъэпсыкIэри хиубыдэу), уеблэмэ тхыгъэхэм тегъэщIапIэ яхуэхъу лъапIагъэхэмкIэ, нэгъуэщIхэмкIи. Ауэ щыхъукIи, зы лъэпкъ литературэм и къуэпсу щыткIэрэ, ахэр куэдкIэ зэтохуэ, зэподжэж – къапщтэмэ, адыгэм и зэхэщIыкIыр, щыIэкIэ-псэукIэр, IуэрыIуатэр, мифологиер, хабзэр, диныр, тхыдэр къызэщIэзыкъуэ образхэмрэ абыхэм ехьэлIа гупсысэхэмкIэ («национальное своеобразие» жыхуэтIэмкIэ) зэрыпсыхьамкIэ. Ахэращ лъэпкъым псэемыблэжу хуэлажьэ тхакIуэ-усакIуэ нэсхэм я тхыгъэхэм нэхъыбэрэ лъабжьэ яхуэхъур. АрщхьэкIэ къедбжэкIа лъапIагъэхэр куэдым я IэдакъэщIэкIхэм мащIэ-мащIэурэ хэухуэнауэ яхэплагъуэми, зи творчествэ псор адыгагъэмрэ адыгэм и дуней лъагъукIэмрэ я гъуджэу гъэпсахэр закъуэтIакъуэххэщ – КIэрашэ Тембот, МэшбащIэ Исхьэкъ, Гъубжокъуэ Лиуан, IутIыж Борис, Уэрэзей Афлик, Бещтокъуэ Хьэбас, Бемырзэ Мухьэдин, Бицу Анатолэ, Тхьэгъэпсэу Увжыкъуэ, ныбжькIэ нэхъ щIалэхэм ящыщу Бемырзэ Зураб, Чэнджэщауэ Артур сымэ хуэдэхэращ, зи цIэ къитIуэну къытщыгъупщэнкIэ хъун нэгъуэщI зыбжани яхэту. Мы гупым адыгэ литературэм и адыгей, къэбэрдей, шэрджэс къуэпс нэхъыщхьищри къызэщIеубыдэ. Мыбы хыхьэ дэтхэнэ тхакIуэ-усакIуэми гулъытэ лей хуэфащэщ икIи я нэхъыбэми датетхыхьащ, ауэ нобэр къыздэсым зи творчествэм дыхунэмысахэри яхэтщи, а щыщIэныгъэхэр зэрыдгъэзэкIуэжыным иужь дитщ. Апхуэдэщ шэрджэс усакIуэ, тхакIуэ, журналист, Урысейм и Журналистхэми и ТхакIуэхэми я зэгухьэныгъэхэм икIи ТворчествэмкIэ Дунейпсо Академием хэт, Къэрэшей-Шэрджэсымрэ Адыгей Республикэмрэ щIыхь зиIэ я журналист Тхьэгъэпсэу Увжыкъуэ Асчэрбий и къуэр (1961 гъ.къ.) [см.: Адыгские писатели… 2023: 122-126].

Тхьэгъэпсэу Увжыкъуэ тхакIуэ, усакIуэ, щэнхабзэ лэжьакIуэ, щIэныгъэлI цIэрыIуэ куэд зи куэщI ирапIыкIа Инжыдж псыхъуэм, къуажэкIэ Али-Бэрдыкъуэ (Хьэгъундыкъуей) къыщыхъуащ. Ар дыдэм къыщыхъуа Бемырзэ Мухьэдин лIэщIыгъуэ плIанэкIэ узэIэбэкIыжмэ пэжу гу лъитэгъат «цIыхубэ усакIуэ къудейуэ плIы (езы Бемырзэри яхэту. – Хь.Л.) къызыдэкIа а къуажэм ижь угъурлыр Увжыкъуи къызэрыщIихуам» [Бемурзов 2001: 5].

Тхьэгъэпсэур лъэпкъ литературэм усыгъэкIэ къыхыхьами, иужьрей лъэхъэнэм прозэ тхыгъэхэри и къалэмыпэ къыпокI. Абы и IэдакъэщIэкIхэр щызэхуэхьэсауэ щхьэхуэу тхылъищ къыдэкIащ: «Дуней гущэ» [Тхагапсов 2001], «Тхьэм и бынхэр» [Тхагапсов 2007], «МэкIэрахъуэ дунейр» [Тхагапсов 2023]. Мыбыхэм хыхьа тхыгъэхэр жанркIи, я ухуэкIэкIи, зытеухуа IуэхугъуэхэмкIи, ахэр зыхуэгъэза-зытегъэпсыхьа и лъэныкъуэкIи куэду зэмылIэужьыгъуэщ.

Тхьэгъэпсэу У. и усыгъэм нэхъ куууэ зыщызыужьахэм ящыщщ философие, хэкупсэ, жылагъуэ (жылагъуэ-политикэ, жылагъуэ-экономикэ) лирикэ лIэужьыгъуэхэр. Абыхэм нэхърэ нэхъ мащIэу щытми, усакIуэм и тхылъхэм щIыпIэ хэха щаубыд лъагъуныгъэ, пейзаж лирикэм, цIыкIухэм папщIэ усэхэм, ауанхэмрэ гушыIэхэмрэ. Иужьрейхэр усыгъэуи прозэуи тхауэ урохьэлIэ. Апхуэдэуи «МэкIэрахъуэ дунейр» тхылъым урысыбзэкIэ тхахэри а бзэмкIэ зэрадзэкIахэри хыхьащ.

ЗыкъомкIэ зэпэгъунэгъуу икIи языныкъуэхэм деж зэхэгъэшыпсыхьауэ къакIуэ философие, хэкупсэ, жылагъуэ мотивхэр зи лъабжьэ усэхэм гъащIэм и мыхьэнэр, иджырей лъэхъэнэр, цIыхухэм я зэхэтыкIэ-зэхущытыкIэхэр IупщIу къыщыгъэлъэгъуащ. Апхуэдэхэм гупсысэ нэхъыщхьэу щыпхрышар усакIуэр зыгъэпIейтей, зытегузэвыхь Iуэхугъуэхэрщ – кIуэ пэтми лъэпкъым и цIыхухэм бзэр, хабзэр, цIыхугъэр, гъэсэныгъэр, напэр, пэжыгъэр, лIыгъэр, уеблэмэ езы Ухыгъэ дыдэри IэщIыб ящIу, мылъкумрэ щхьэхуещэ псэукIэмрэ япэ зэрырагъэщырщ. Мис, псалъэм папщIэ, усэ зэмылIэужьыгъуэхэм дызыщрихьэлIэ щапхъэ зыбжанэ: «Иджы гупсысэр псыдзэу къэутхъуауэ, / ЕмыкIури екIури тфIызэхозэрыхь. / Ямыгъэса нэхъыщIэхэр сэхъуауэ, / Нэхъыжь хьэлыншэм хуамыщIыжу дзыхь» [Тхагапсов 2023: 49]; «Нобэ куэдым Тхьэ зэхуаIуэ, / ЯмыIэжми Тхьэ» [Тхагапсов 2023: 55]; «Мысэм щIегуэ хейр, – / Хеш щIыхьыншэ гъуэгур» [Тхагапсов 2023: 79]; «Къару зыгъуэтыр хабзэм доджэгу зэхифыщIэу, / Адэ щIэиныр цеижь пытхъахуэ къыфIэщIу» [Тхагапсов 2023: 88], «“Напэ уиIэ?” – жиIэу нэкIум тоуIуэж, / Жыгым фIэс кIыгугуу и цIэр иреIуэж. / Бегъымбар хъуа фIэщIми, зэрыцIыху жьгъейщ, / А нэмэз зыхуищIри Тхьэуэ фIэщ щIыгъуейщ…» [Тхагапсов 2023: 196], н.ку.

А псор къыщритхэкIкIэ усакIуэм фадафэхэм, къулыкъущIэкъухэм, щыкIахэм, щытхъу лъыхъуэ зэпытхэм, сондэджэрхэм я образ гуемыIухэр сурэтым хуэдэу уи нэгу къыщIегъэувэ, уеблэмэ, и губжьыр къытекIуэу, мис мыпхуэдэу гуащIэIуэу щыпсалъи къыхэхуэу:

 

ЦIыхугъэншэ-щIыхьыншэ бажэжь,

Къэрал хабзэр здыхуеймкIэ зышэщI,

ЩIакIуэ Iув, щIакIуэ быдэ, бэшэч!.. –

Напэ Iув, напэ быдэ, куэпэч!!!

[Тхагапсов 2001: 30]

 

Мыпхуэдэ усэкIэм художественнэ лъапIагъыу хэлъыр мащIэми, ар зи IэдакъэщIэкIыр абыкIэ бгъэкъуаншэ хъуну къыщIэкIынкъым, сыту жыпIэмэ, япэрауэ, дэтхэнэ усакIуэ нэсми хуэдэу, ар, мыхъумыщIагъэ лъэпкъ и гум худэмыгъахуэу, пэжым и телъхьэщи. ЕтIуанэрауэ, мыр Тхьэгъэпсэу Увжыкъуэ зэсагъэжьу сыт щыгъуи зытет и тхэкIэ хьэлкъым, и гупсысэр нэхъ щабэу, телъэщIауэ икIи куууэ къызэриIуэтэн Iэзагъэ бгъэдэмылъуи щыткъым. ИужьреймкIэ щыхьэтщ абы и адрей усыгъэхэри прозэ тхыгъэхэри. Абыхэм къазэрыхэщымкIэ, ар къэзыухъуреихь псоми яхущIэбжэу, тхьэусыхафэр игъэшу псэухэм икIи апхуэдэу тхэхэм ящыщкъым. Сыт хуэдиз гутехуэгъуей, гъэпцIагъэ, фэрыщIагъ гъащIэм щримыхьэлIами, а гъащIэм и IэфIагъыр усакIуэм зэхещIэ, абы нэхъ лъапIэ зэрыщымыIэри фIыуэ къыгуроIуэ. И зы усэм деж щетх:

 

Гугъэ нэхухэр гуауэу лъэлъэжами,

Угужьейуэ гугъэр къуэплъхьэжами,

НасыпыщIэм уегъэгуфIэжыф. –

Сыту гъащIэр гъэщIэгъуэну IэфI!..

[Тхагапсов 2007: 10]

 

НэгъуэщI и зы усэм дежи усакIуэм гъащIэр фIыуэ зэрилъагъур къыхэщу, абы ифIри и Iейри гурэ псэкIэ къищтэу, фIыщIэ псалъэкIэ зыщыхуегъазэ:

 

 

УкъызгурыIуэн си гугъэу, гъащIэ,

Мы дунеижьым сыщохьэщIэ.

<…>

СыбгъэджэлакIи – сымыхыщIэ.

Къысхууигугъэри сымыщIэ…

Насыпу сиIэр зы IэмыщIэ?!.

ТIум щыгъуи уэ пхузощIыр фIыщIэ.

[Тхагапсов 2007: 12-13]

 

Философие лирикэм пэгъунэгъуу, языныкъуэхэм дежи абы и зы къуэпсу, Тхьэгъэпсэум и тхыгъэхэм жылагъуэ мотивхэр къахощхьэхукI. Абыхэм цIыхухэм я зэхэтыкIэ-зэхущытыкIэхэм кIуэ пэтми хэпщIыкIыу зэрызахъуэжыр, щэн-къэщэхун Iуэхухэр гъащIэм тепщэ зэрыщыхъур, щIэблэм гъэсэныгъэ екIу зэрахэмылъыжыр, нэгъуэщI куэди къызэщIаубыдэ, жылагъуэ Iуэхухэр политикэм щыхуэкIуэжи къэхъуу.

БлэкIа лIэщIыгъуэм и 90 гъэхэм, «перестройкэ» цIэр зытеIукIа лъэхъэнэм, ди къэралым щекIуэкIа зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр гъащIэм и гъуджэу къалъытэ литературэми къытещащ, абыхэм тхакIуэ-усакIуэхэри хуит зэращI мардэрэ я зэфIэкI къызэрихькIэрэ пэджэжахэщ, гуащIэIуэу, пхъашэу жыпIэ мыхъунухэр щIагъыбзэм щIагъапщкIуэу е гушыIэм хуагъакIуэу; ноби абы тетхыхьхэр щыIэщ. Тхьэгъэпсэу Увжыкъуи къыхэдгъэща лъэхъэнэри иджырей зэманри къызэщIэзыубыдэ апхуэдэ тхыгъэ зыбжанэ иIэщ – «Перестройкэ» (ауан; 1997), «Iуэху гуэри мэкIуатэ» (2014), «Ей, Америкэшхуэ» (ауан; 2014), «И снова в бой» (2022) жыхуиIэхэр. Я фIэщыгъэхэми къызэрагъэлъагъуэщи, мыбыхэм къэрал кIуэцI зэхэтыкIэ къудейр мыхъуу, дуней псом щызэрахьэ икIи щызэрахъэ жылагъуэ-политикэ Iуэхухэр къыхощ. УсакIуэ набдзэгубдзаплъэм хеймрэ мысэмрэ хъарзынэу хузэхогъэкI, языныкъуэ къэралхэмрэ къэрал унафэщIхэмрэ ялэжь щIэпхъэджагъэхэр, абыхэм цIыхубэм ирах лейр сэтей къещI икIи, къалэм нэхъ Iэщэ IэщIэмылъу, и псалъэ шэрыуэхэмкIэ апхуэдэхэм япэщIэтщ.

ИщхьэкIэ къызэрыщыхэдгъэщащи, Тхьэгъэпсэу У. нэхъыбэ дыдэу зыгъэпIейтейри, гуфIэгъуэ-гугъапIэкIэ зытетхыхьри, и хэкупсэ лирикэр зэрыщыту къызэщIэкъуауэ зытегъэпсыхьари лъэпкъ Iуэхуращ. Абы теухуауэ усакIуэм и Iэдакъэ къыщIэкIа усэхэр я бжыгъэкIэ куэд мэхъу: «Ди адыгэбзэ», «Адыгэ пщащэм», «Хабзэжь уардэ», «Адэжь лъахэ», «Хабзэжь», «Адыгагъэ», «Адыгэ Iэнэ», «Адыгэ», «Си насыпщ», «И насыпщ», «Сытесщ адыгэш», «Ди Хэку и уафэ», «НэхъыжьыфI», «Лъэпкъ бэшэч», «Лъэпкъ щхьэмыгъазэ», «Гугъущ уадыгэну» (Бемырзэ Мухьэдин и усэм пэджэжу), нэгъуэщI зыбжани. Мыбыхэм къыщыIуэтахэр зэхэплъхьэжмэ, адыгэм и дуней псо къагъэщI: лъэпкъым и гупсысэкIэр, Iуэху зехьэкIэр, и тхыдэр къызэрыгъуэгурыкIуар, нобэ иIэ хъуа псэукIэр, адыгэ хабзэ екIур, хэкум и дахагъыр, адыгэ шхыныгъуэхэм я IэфIагъыр, адыгэлIым и хахуагъыр, адыгэ пщащэм и теплъэ гуакIуэмрэ хьэл-щэн Iэдэбымрэ, адыгэшым и жэрагъымрэ бэшэчагъымрэ, анэдэлъхубзэм и къулеягъымрэ шэрыуагъымрэ икIи нэгъуэщI куэди IупщIу уи нэгу къыщIагъэувэ. Псалъэм папщIэ, блэкIам хуеплъэкIыж-хуехъуэпсэкIыжу, усакIуэм и зы усэм мыпхуэдэу щетх:

 

А лъэпкъыр дэгъагъэт адэжь Хабзэ екIум,

Нэхъ уарди имысу яIуатэт мы Хэкум.

Вагъуэбжу бэгъуауэ шагъдийхэр зэрахуэт,

ЦIыхугъэ – Тхьэ Хабзэр мыбзэщхъуу зэрахьэт.

[Тхагапсов 2023: 90-91]

Мыбдежым дызыхэплъэр теплъэгъуэ телъыджэщ, ауэ адыгэм и дунейр гуфIэгъуэ, дахагъэ зэфэзэщу усакIуэм къигъэлъагъуэркъым (фIыри Iейри щызекIуэ щIылъэ гъащIэм и кIуэцIкIэ апхуэдэу щытынкIи Iэмал иIэкъым). А Iуэхум ехьэлIауэ гурэ псэкIэ игъэв бэлыхьхэм ар «Гукъеуэ», «Адыгагъэ» «ДиIэжкъым нэхъыжь», «Ди зэхэтыкIэр», «Зэгуауд лъэпкъыгур», «Жылэ хэкIуэдэж», «Нэрынэр махэмэ…», «Сыт ди Iэмал?», «ГурыфIыгъуэншэ», «Напэншэхэр», «Уадэншэ сыдж» усэхэм деж зэIухауэ щытопсэлъыхь. ИтIани лъэпкъым къэкIуэну нэхутхьэху зэриIэр абы хьэкъыу и фIэщ мэхъу икIи и гущIэм щигъафIэ гугъапIэ-хъуэпсапIэхэр щIиуфэркъым:

 

Адэжьхэр псэущ гуащIэхукIэ гукъэкIыжыр,

Гугъэр диIэхукIи псэр IэфI къытфIегъэщI.

Къухьэжми Дыгъэр, гуфIэу къыкъуокIыжыр,

Ищтэжми зы псэ, псэщIэ Тхьэм къегъэщI.

[Тхагапсов 2023: 101-102]

 

Апхуэдэуи усакIуэр адыгэм къыщIэхъуэ щIэблэщIэм хабзэжьхэр къызэрагъэпсэужым, ди ныпым щIыгъуу абыхэм адэжьхэм я щIыхьри зэраIэтыжым, езы лъэпкъри гъуэгу махуэ зэрытеувэжым хуабжьу щогуфIыкI. И зы усэм къызэрыщигъэлъагъуэмкIэ, адыгэм и къэкIуэнур екIуу зыгъэпсыфын щIэблэ щыпкъэ нобэ ди лъэпкъым къыщIохъуэ. Апхуэдэ ныбжьыщIэхэм

 

БлэкIам хуэфащэу яIэщ плъапIэ,

ИкIи ящIэтщ адэжьхэм ялъ.

Теувэ хъуми щIакIуэ кIапэ,

ЖрагъэIэнущ «АдыгэлI»!

[Тхагапсов 2023: 77-78]

 

Тхьэгъэпсэу У. и хэкупсэ лирикэм абы и «хэку цIыкIум» («малая родина» жыхуэтIэм) теухуа усэхэри зы къуэпсу къыгуэжащ. Апхуэдэхэщ ар къыщыхъуа жылэжьым, абы и гъунэгъу къуажэхэм, и сабиигъуэмрэ щIалэгъуэмрэ щигъэкIуа псыхъуэм теухуахэр; адэжь лъапсэр къэзыухъуреихь бжьэпэхэмрэ бгыхэмрэ, мэкъуауэ здэкIуэу щыта щIыпIэхэр къызыхэщыжхэр; апхуэдэуи еджапIэ нэхъыщхьэр къыщиуха икIи и гъащIэм щыщ IыхьэфI щрихьэкIа Налшык къалэ хуигъэпсахэр – «Хьэгъундыкъуей», «Сытетщ бгыпэм», «Си лъахэ», «Уэгъумрэ уэшхымрэ», «Мэкъуауэ», «Ди Инжыдж цIыкIу», «Жьакуэ-на-ЛампIу», «Жьакуэ – бгырыс жылэ», «Налшык», «Налшык сыкIуэнущ», нэгъуэщIхэри.

Хэкупсэ лирикэм хыхьэу Тхьэгъэпсэум и IэдакъэщIэкIхэм иджыри зы усэ гуп къахощхьэхукI. Ахэр лъэпкъ IуэрыIуатэмрэ мифологиемрэ лъабжьэ зыхуэхъуахэрщ е абыхэм ящыщ мотивхэмрэ образхэмрэ зыхэухуэнахэрщ – «Редадэ», «Нартхэр», «Сосрыкъуэ», «Iэдииху». Мыбыхэм лъэпкъым и тхыдэ жыжьэри яхэгъэшыпсыхьащ – псалъэм папщIэ, лъэпкъ лIыхъужь Редадэ тэмтэрэкъеипщ Мстислав зэребэнам, зэщхьэгъусэхэу Iэдиихурэ Псэбыдэрэ икIи Iэдииху и чэщанэу Инжыдж псыхъуэ къыщхьэщытым теухуа хъыбархэр.

ИщхьэкIи къызэрыхэдгъэщащи, сыт и щхьэусыгъуэми, Тхьэгъэпсэу У. и усыгъэм лъагъуныгъэ лирикэр хэпщIыкIыу щынэхъ мащIэщ. ЗыкъомкIэ ар хуэпхь хъуну къыщIэкIынщ адыгэлIым и гухэлъыр зэIухауэ иIуатэу зэрымыхабзэм, ди зэманым апхуэдэ Iуэху еплъыкIэм куэд темытыжми. Абы щыгъуэми усакIуэм и тхылъхэм гухэлъ усэ Iэрамэхэми уащрохьэлIэ. Ахэр гурыщIэ нэхурэ лъагъуныгъэ куукIэ гъэнщIахэщ, абыхэм гуфIэгъуи гуауи щызэщIэлъщ. Псалъэм папщIэ, усакIуэм и тхыгъэхэр псори къыщызэщIэкъуа «МэкIэрахъуэ дунейр» ещанэ тхылъым лъагъуныгъэ лирикэр «Гухэлъ макъамэ» фIэщыгъэм щIэт Iыхьэ щхьэхуэу итщ. Абы хыхьахэщ «Гукъеуэ уиIэм», «Уи гъусэщ си гур», «Уэсыр сигу пыкIкъым», «ПIалъэншэ гухэлъ», «СиIэщ гугъэ», «ПцIащхъуэ», «Дытету нэпкъ зырызым», «Жэщмыжей» усэхэр, нэгъуэщI зыбжани. Мыхэр щIэбджыкIа нэужь, «ПцIащхъуэ» усэр лъэныкъуэкIэ «къахокIуэт» – япэрауэ, абы къыщыхъуа-къыщыщIауэ усакIуэм къритхэкIахэм зэман кIыхькIэ уамыутIыпщыжу узэрызэщIаIыгъэмкIэ. Мис мыбдежым псом хуэмыдэжу наIуэ щохъу Бемырзэ Мухьэдин: «Увжыкъуэ <…> и усэхэм укъеджа нэужькIэ ахэр мамыру лъэныкъуэкIэ зэбгъэтIылъэкIыжу, зэуэ уи Iуэху пщIэуэ уежьэжыфыркъым…» [Бемурзов 2001: 5], – жиIэу щIитхыгъар.

«ПцIащхъуэр» строфаиплIу зэхэт усэщ, ауэ абы балладэм и нэщэнэ нэхъыщхьэхэр хыболъагъуэ – зы сюжет унэтIыныгъэр, гуащIэу екIуэкI Iуэхугъуэр, зэфIэхыпIэ зимыIэ конфликтыр (мыбдежым – «внутренний конфликт»-кIэ зэджэр), лIыхъужь нэхъыщхьэм и лIэныгъэу тхыгъэм кIэIунэ езытыжыр. Усэм къыхэщ пцIащхъуэ зэрыбыныр «антропоморфнэ образ» жыхуаIэм хуэдэщ – цIыхум и хьэл-щэн гуэрхэр, зэхэщIыкI-гупсысэр, зэхэщIэр, гудзакъэр ядэплъагъуу ухуахэщ. Къызэрыхэдгъэщащи, тхыгъэм пэщIэдзи, кIэухи, зызыужь сюжети иIэщ. Япэ строфам деж усакIуэм конфликтыр къызыпкърыкIыр, абы и щхьэусыгъуэр къегъэлъагъуэ – мафIэс къэхъуащ. А теплъэгъуэ шынагъуэр абы художественнэ Iэзагъ хэлъу, зэгъэпщэныгъэ, метафорэ, эпитет щIэщыгъуэхэр къигъэсэбэпурэ къретхэкI:

 

Жыхьэнымэр уи нэгум щIэзыгъэкI

МафIэсыр уэнжакъ унэм пэлъэщауэ,

И бзийхэр яхуищIауэ Iупхъуэ бжэхэм,

Плъыжьыбзэ и джэбыныр ирешэкI.

[Тхагапсов 2007: 50]

 

Мыпхуэдэу гузэвэгъуэкIэ ешэжьа хъуа сюжетыр, дауикI, фIым зэрыхуэмыкIуэнур гурыIуэгъуэщ. АдэкIэ къыкIэлъыкIуэ строфаитIым деж конфликтым зыщеужьри и гуащIэгъуэ дыдэм (кульминацэм) нос: унэ къуапэм кIэрыщIыхьа абгъуэм ис шырхэр къигъанэу лъэтэжын лъэмыкIыу, пцIащхъуэ-анэм и бынхэм зарекъузылIэ. ПцIащхъуэ-адэми, гуIэгъуэр къылъысауэ, «насып IэщIэкIыр къыхуэмыубыдыжу», абыхэм я Iуфэлъафэр къелъэтыхь. Мыбдежым укъыщеджэкIэ пцIащхъуэ унагъуэр зыгуэрым къригъэлыну ущогугъ, икIи, уегупсысмэ, абыхэм я абгъуэр унэ къуапэм щыкIэрыщIыхьакIэ, ар унэ бгынэжауэ щымытмэ (апхуэдэу тхыгъэм къыхэщкъым), дауикI, цIыхухэр, гъунэгъуу щыIэщ, ахэр къадэIэпыкъун хуейщ… АрщхьэкIэ, балладэм зэрыщыхабзэу, Iуэхур гуузу еух – пцIащхъуэ зэрыбыныр мафIэсым хокIуадэ. Апхуэдэу щытми, гущIыхьэ е гукъинэж тщыхъун къудейр аракъым тхыгъэм и гупсысэ нэхъыщхьэр, и щIагъыбзэр зыхуэунэтIар, абы щIэлъ философиер куэдкIэ нэхъ куущ: езы гъащIэри щхьэузыхь зыхуэпщI хъун лъапIагъэхэрщ – пэжыгъэрщ, лъагъуныгъэрщ, адэ-анэм я псэ зэхэлъыкIэрщ – усакIуэм зи гугъу ищIыр. Псом хуэмыдэу ар усэм и кIэух ещанэ строфам деж щынэрылъагъущ. ПцIащхъуэ-адэр и унагъуэм

 

ДэIэпыкъуфкъым… Абгъуэр къощэтэх,

ИкIуадэу пцIащхъуэ быныр мафIэ Iэгум…

ЩилъагъукIэ ар, зеIэт, йохьэжри уэгум,

Зыкъыхедзэж и абгъуэр зыс мафIэкум…

[Тхагапсов 2007: 50]

 

Строфа бжыгъэкIэ зэрымащIэр, итIанэ абы къыщыIэта Iуэхугъуэм жылагъуэ мыхьэнэ иIэу, цIыхубэр къызэщIикъуэу зэрыщымытым и гугъу умыщIмэ, зы лъэныкъуэкIэ, мы тхыгъэр балладэу къэплъытэныр щыуагъэкъым. НэгъуэщI лъэныкъуэкIэ, къэдгъэлъэгъуа щыщIэныгъэ мащIэхэр тхыгъэр балладэ жанрым хуэзышэ гъуэгум фIэкIыпIэншэ лъэпощхьэпоуэ къытеувэ нэужькIи, абы щыгъуэми «ПцIащхъуэр» усэ къызэрыгуэкIкъым, атIэ сюжет зиIэ усэщ – урысыбзэкIэ «сюжетный стих» е «фабулярный стих» жыхуаIэращ.

Лъагъуныгъэ лирикэм и зыужьыпIэр цIыхухъумрэ бзылъхугъэмрэ я зэхуаку къыдэхъуэ гурыщIэм деж къыщыувыIэркъым. Лъагъуныгъэр езыр плъыфэбэщ, къуэпсыбэщ, абыкIи лъапIэщ. Тхьэгъэпсэу У. и адэ-анэм яхуигъэпса усэхэри лъагъуныгъэ лирикэм хэдгъэхьэми дыщыуэнукъым, сыту жыпIэмэ, «Си адэ», «Анэ», «Пщхьэщымытыжмэ адэр», «Си анэ», «Си адэм и гъуэгу», «Анэм и сурэт» усэхэр гухэлъ куукIэ гъэнщIахэщи. Мы тхыгъэхэм дежщ усакIуэр псом хуэмыдэу щынэхъуеиншэр, щыхейр, и сабиипсэр къабзэр щихъумар.

Ныбжьэгъугъэри, къуэшыгъэри, уеблэмэ адыгэхэм Iыхьэ лейм икIауэ ягъэлъапIэ зэгъунэгъугъэри лъагъуныгъэм и зы лIэужьыгъуэщ. Тхьэгъэпсэум и усыгъэм и ныбжьэгъухэмрэ и къуажэгъухэмрэ яхуигъэфэща усэхэми щIыпIэ хэха щаубыд: «Шэрджэс Алий» (2006), «Гу пщтыр мызагъэ» (Шэрджэс Алий и фэеплъу; 2021), «Къыр щэща» (Пхъэш МуIэед и фэеплъу; 2001), «Иджырей шэрджэсхэр» (Жыкъуэ Аслъэн и фэеплъу), «ЗекIуэлI» (Нэхущ Мухьэмэд и фэеплъу), «ЩIэблэм» (IутIыж Борис и фэеплъу), «Зэтрилъхьащ и напIэр» (Шыд Юрэ и фэеплъу), «Фыпсэущ ди къуэшхэр» (Абхъаз зауэм хэкIуэда доброволецхэм я фэеплъу), «Согъей ныбжьэгъур» (Афган зауэм хэкIуэда си ныбжьэгъу Къущхьэ Iэуес и фэелъу), «Къуажэхь» (Бемырзэ Мухьэдин хуэгъэза ныбжьэгъу шарж), нэгъуэщIхэри.

Жанр икIи жанр фащэ и лъэныкъуэкIэ ухэплъэмэ, Тхьэгъэпсэу У. и IэдакъэщIэкIхэм яхэтщ усэхэр, усэ кIэщIхэр, сюжет зиIэ усэхэр («фабулярный стих»), сонетхэр (езы усакIуэм жанрыр имыгъэнахуэми), сабийхэм папщIэ усэхэр, ауанхэмрэ гушыIэхэмрэ (усыгъэуи, прозэуи тхауэ), басняхэр, таурыхъхэр, шыпсэхэр, рассказхэр. КъедбжэкIа къудейми къегъэлъагъуэ усакIуэм лъэпкъ литературэм жанркIэ зегъэужьыным ехьэлIауэ хуищIа хэлъхьэныгъэр зэрымымащIэр. Абыхэм ящыщу сонетхэм къытеувыIэн хуейщ.

Тхьэгъэпсэум и тхылъхэм езым сонету къигъэлъэгъуауэ зы тхыгъи иткъым, ауэ абыхэм ящыщ зыбжанэ а жанрым хуэфIу йозагъэ – «Налшык», «ЩыкIым щысхь имыIэ», «Мэбанэ хьэр», «Илъэс хыщI», «ДиIэжкъым нэхъыжь», «ГурыфIыгъуэншэ», «Гур мэпIейтей» жыхуиIэхэр. Я купщIэм, къыщыIэта упщIэхэм, зытепсэлъыхь Iуэхугъуэхэм тепщIыхьмэ, мыбыхэм я нэхъыбэр зыхиубыдэр иужьрей лъэхъэнэм нэхъ зызыужьа философие сонет лIэужьыгъуэращ. Псалъэм папщIэ, «ЩыкIым щысхь имыIэ» сонетым гъащIэм и хабзэ нэхъыщхьэхэри, лъэпкъым и щыIэкIэ-псэукIэри, езы усакIуэм и дуней тетыкIэри (автобиографизм хэлъу) щызэхэухуэна гупсысэхэр щыпхрышащ. И гъэпсыкIэми занщIэу дриплъэн папщIэ сонетыр зэрыщыту къэтхьын хуейщ:

 

Нэхъ лъэщым зэй щытакъым сыщышынэу,           А

ЗыщызгъэцIыкIу сом щхьэкIи къэмыхъуа.             b

ИкIи напэншэм сыкъыхуэгъэшыну,                         A

Тхьэм техьэ-текIыу сыкъимыгъэхъуа.                  b

 

Сопсэу си гъуазэу адэм и пэжагъыр,                      C

Губгъэн хуэзмыщIу мылъкум щигъэкIам.               d

Зепхьэну мыфейдэми адыгагъэр,                             C

ЩымыIэ ар зезыхьэм къефIэкIа.                             d

 

Псэ Iуту къалъхуу мылIэжын щымыIэ,                  E

Шхын Iыхьи иIэу псори Тхьэм къегъэщI.                f

Ауэ сэхъуа щхьэхуэфIхэм щысхь ямыIэ, –              E

ЗытекIуэр ялIми яшхми замыгъэнщI                  f

 

Сыт яшхми, ахэр зэтолIэж хьэпIацIэу,                 G

Бын къащIэнахэр напэ щхьэкIэ нацIэу…                 G

[Тхагапсов 2023: 27]

 

Сонетым и рифмэ ухуэкIэри и строфа зэкIэлъыхьыкIэри инджылыз фащэм итщ: катренищрэ гупсысэр къызэщIэзыкъуэж сатыритIу зэхэтщ, сатырхэр мыпхуэдэ щIыкIэм тету рифмэкIэ зэпыщIащ – AbAb CdCd EfEf GG (цIыхубз рифмэхэр хьэрфышхуэкIэ, цIыхухъу рифмэхэр хьэрф цIыкIукIэ къэгъэлъэгъуащ). Абы къыщынэмыщIауэ, тхыгъэр сонетым нэхъ хуэщу къалъытэ стопаитху ямбым и жыпхъэмкIэ тхащ, зы щIыпIэ гуэрхэм деж ар къызыхуэтыншэ дыдэ мыхъуами. Мис, псалъэм папщIэ, етIуанэ катреным и ухуэкIэр:

 

È – | È | È – | È È | È – | È                        пир. 41

È – | È – | È – | È È | È –                              пир. 4

È – | È È | È – | È È | È | È                       пир. 2, 4

È – | È – | È – | È È | È –                              пир. 4

 

Мы гъэпсыкIэр адрей катренхэми, иужьрей сатыритIми (дистихым дежи) щыболъагъу. Къэдгъэлъэгъуа щхьэхуэныгъэхэр зэхэплъхьэжмэ, дызыхэплъа усэр сонету зэрыщытым щыхьэт тохъуэ.

Тхыгъэхэм я ухуэкIэм мащIэу я гугъу щытщIакIэ, Тхьэгъэпсэур усэ гъэпсыкIэми зэрыхуэIэкIуэлъакIуэр къыхэгъэщын хуейщ. Абы и IэдакъэщIэкIхэр утезашэу зы къупхъэм иту псыхьакъым, атIэ языныкъуэхэм деж усакIуэм, псалъэхэри, рифмэхэри усэ жыпхъэхэри, стопа бжыгъэ зэхуэмыдэхэри зэридзылIэ-зэдигъэджэгу щIыкIэурэ, абыхэм я купщIэм пэджэж ритмикэ зэмылIэужьыгъуи ящIелъхьэф. Зи гъэпсыкIэр нэхъ гъэщIэгъуэнхэм, зи ритмикэр нэхъ щIэщыгъуэхэм ящыщщ «Псэмрэ Iэпкълъэпкъымрэ», «Сыту гъащIэр гъэщIэгъуэну IэфI!..», «БжьыхьэкIэ», «Тхьэм и бынхэр», «Дыгъэмыс» («Дагомыс»), «ЩакIуэм и хъыбар» жыхуиIэ тхыгъэхэр. Иужьрейм нэхъ гупсэхуу къытеувыIэн хуейщ.

«ЩакIуэм и хъыбар» тхыгъэр езы усакIуэм и тхылъхэм таурыхъыу къыщигъэлъэгъуащ, арщхьэкIэ и купщIэкIэ таурыхъми, и зэхэлъыкIэкIэ, образ къэгъэщIыкIэкIэ, сюжет ухуэкIэкIэ, апхуэдэуи эпикэ гупсысэкIэм зэрытещIыхьамкIэ ар поэмэу къэлъытапхъэщ. Пэжщ, абы IуэрыIуатэ таурыхъыр и лъабжьэщ, ауэ аркъудейкъым, и кIыхьагъкIэ мифри (миф персонажхэр, миф мотивхэр, миф щIыпIэхэр) бгъуфIэу кIуэцIрокI. А псор къэплъытэмэ, тхыгъэр поэмэ жанрым зэризагъэм нэмыщI, абы и жанр фащэри IупщI мэхъу – дэ дызэреплъымкIэ, ар поэмэ-мифщ.

Тхыгъэм и пэщIэдзэм деж къыщегъэжьауэ и кIэухым нэсыхункIэ уимыутIыпщу удэзыхьэх сюжет гъэщIэгъуэн иIэщ. Абы и лIыхъужь нэхъыщхьэу хъыбарыр къэзыIуэтэжыр зы махуэ гуэрым «пылыпкъ-пылынэ» хъужауэ зы бгъэшхуэ ирохьэлIэри ахэр зэпэщIоувэ, щакIуэм и куэпкъым бгъэм и пэр хехуэ, езы щакIуэми бгъэм и нэ лъэныкъуэр къреху. Бгъэр игъэIэсэу и пэр кIапсэкIэ пипхыкIа нэужь, щакIуэр абы и пэбгым допщейри абдежым зы сыхьэт щощхьэукъуэ. ЗэрыхуэбгъэфэщэнкIэ, адэкIэ тхыгъэм къыщекIуэкIхэр щакIуэм илъагъу пщIыхьэпIэщ. Мы Iуэхугъуэми – сюжетым пщIыхьэпIэр къызэрыхыхьэм икIи и нэхъыбэкIэ абы тещIыхьауэ зэрыщытым – зи гугъу тщIы тхыгъэр поэмэ-мифым и жанр фащэм зэризагъэр иджыри зэ щIегъэбыдэ. АдэкIэ абы къыщыхъу-къыщыщIэ псори, дызыщрихьэлIэ антропоморфнэ персонажхэри, поэмэм и кIэухри жытIам щыхьэт тохъуэ. Бгъэм и пэбгым шэса щакIуэр вагъуэм дрехьей, абы дуней телъыджэ и нэгу щыщIокI, зищIыс-зыщыщ дыдэри къыпхуэмыщIэ псэущхьэ гуэрхэм щаIуощIэ икIи тхыгъэм и кIэухым деж ар «шыжь» нэ лъэныкъуэм щIылъэм кърехьэхыж. Пэжщ, зэ еплъыгъуэкIэ, сюжетыр къызэрыгуэкIыу пфIэщIынущ, ауэ усакIуэм и къэIуэтэкIэмрэ образ ухуэкIэмрэ нэхъыфI уигъэлъыхъуэну зэпэщщ, уеблэмэ языныкъуэхэм деж укъигъэуIэбжьу гъэщIэгъуэнщ. Мис, псалъэм папщIэ, вагъуэм щыпсэухэм я «шыфэлIыфэр» усакIуэм къызэригъэлъагъуэр:

 

… Къыпыту я кIэхэм я щхьэр,

Я щхьэншэ пкъыхэр зэфIэтщ.

 

ЦIыхуIэщ яфIэтыр зэуэ,

Iэбжьанэ фIейхэри кIырщ.

Я щIыбыр къысхуэгъэзауэ,

КъысIуплъэ я нэхэр плъырщ.

 

Джанэншэ япкъ Iуплъэгъуэджэм

Щыгъын ямыщIэ къыпфIощI.

Жьэпкъым еуалIэ гъуэншэджым

И лъапэм шыд лъакъуэ къощ.

 

Шыд лъэбжьанэжьхэр лыдыжу

ДыщэпскIэ зэхэлыхьащ.

ХьэщIагъ къызах я гугъэжу,

Жин джэгури зэхаублащ.

[Тхагапсов 2023: 166]

 

Мыпхуэдэу телъыджэ защIэщ адэкIэ тхыгъэм дызыщрихьэлIэ псори: ищхьэкIэ къэдгъэлъэгъуа персонажхэм я унэIуту къыхэщ удхэри («Я мэл Iэпкълъэпкъыр зэфIэту, / ЛъакъуитIкIэ ахэр зокIуэф. / ЦIыхущхьэ екIуи яфIэту, / ТэрмэшкIэ зэгуроIуэф» [Тхагапсов 2023: 167]), «абджыхуу и джийр» псынэ гуащэри, «дыщэ IэдэшхуэкIэ зэгуэкIа щIыгур зэхуэзышэж» лIыжьри. Иужьрейр жинхэм я пашэм и нэкIэ къызэрыщыгъэлъэгъуам тхыгъэр нэхъ гъэщIэгъуэныж ещI. «Дзыбэ дзыусщ» зэрыжаIэу, жиным цIыху сурэтым ит, цIыхугъэ зыхэлъ, Iуэху щхьэпэ зылэжь лIыжьым теухуауэ мыхэр къепсэлъ:

 

– А лIыр мэпсэу къыдэижу,

ЕмыкIур екIуу къыщохъу.

И Iэпкълъэпкъ фаджэм декIужу

Щытыжщи, худощI гущIэгъу.

 

Дэ жытIэр къыддыжимыIэ,

Iэбжьанэ кIыхь имыгъэкI.

Шыд лъакъуэ дахи имыIэ,

Щхьэр кIэпкъкIи къримыхьэкI.

 

Дэр хуэдэу мыкъуий и щхьэжьыр,

Нэбжьыцри зэй имыупс.

Сэбэп и гугъэу илэжьыр,

ЩыгубжькIэ къытфIещ «пцIыупс».

 

ЩIыдагъэ щIыгум къыдэжмэ,

Мажэри шхэпскIэ едыж.

ЖыгыщIэ гуэр кърачамэ,

Здыхэта дыдэм хетIэж…

 

Аргуэру, еплъыт, хуэпIащIэу,

ЩIы зэгуэчар зэхуешэж.

Ар хъуамэ, Iуэхур зи бащэу,

ДыркъуэщIэ лъыхъуэу йожьэж.

 

Хуэзгъатхэ пэтми си удхэр,

Гъуэгу пэж тесшэну слъэмыкI.

Я къуэшщи ар унэIутхэм,

Дэщхь хъуну и гум къэмыкI

[Тхагапсов 2023: 170-171]

Мыбы укъыщеджэкIэ Бальзак и зы Iущыгъэ уигу къегъэкIыж: «Псори щытхышэм пкъыфIэр лъагъугъуей щохъу» – «Там, где все горбаты, стройность становится уродством»2 жыхуиIэр. Мыбдежми аращ – жиным цIыхур фIэлъагъугъуейщ. Зэ еплъыгъуэкIэ, мыр дыхьэшхэнщ, ауэ нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ ухэплъэмэ, Iуэхур куэду дыхьэгъщ. Жиным и псалъэхэмкIэ усакIуэм и тхыгъэм щIагъыбзэ куу щIилъхьащ: нэхъыщхьэу абыкIэ къигъэлъагъуэр иджырей зэманым цIыхухэм я зэхэтыкIэ, дуней тетыкIэ хъуахэрщ. Дызэрижагъуэщи, куэдым цIыхугъэр, цIыху хьэл-щэныр яфIэкIуэдащ, я напэр мылъкукIэ ящэжащ, щыкIахэщ, я теплъэ къудейкIи цIыху сурэтым икIахэри гъунэжу яхэтщ икIи апхуэдэ дунейм захуэу, псэ къабзэу, гущIэгъу хэлъу къытенэжа закъуэтIакъуэхэр ауан ящIу къызэхэнащ.

АдэкIэ поэмэм лъэпкъ Iуэхури щIагъыбзэ куукIэ къыхохьэ, нэхъ зэIухауэ жыпIэмэ, нобэкIэ лъэпкъым езым и хабзэр IэщIыб ищIыжкIэрэ икIи хамэхэм ядэплъейкIэрэ езым и IэкIэ зэрызиукIыжыр лIыжьым и псалъэхэм щIэгъэпщкIуауэ тхыгъэм къыщокIуэ. Нэхъ куужу ухэплъэмэ, адыгэм и тхыдэр къызэрекIуэкIам и кIапэлъапэ гуэрхэри (псалъэм папщIэ, зэгуэр абы и щIыналъэр Iузэу къызэрабзыхьар) хыболъагъуэ. Мыращ тхьэмадэм жиIэр:

 

– Вагъуэбэр Тхьэшхуэм къигъэщIу,

ЩIыгуищэ къыщыхихам,

Мы вагъуэ плъагъур щIы нэщIу

Дэ япэу дыкъехыгъат.

 

Тхьэшхуэ унафэм дыщIэту,

Мы щIылъэр дгъэщIэрэщIат.

ЩIыхьым, пэжагъым дытету,

Хабзэ зэкIуж къэдгъэщIат.

<…>

Ауэ гу бзаджэу, щхьэхуещэу,

КъытхэкIыу хъуащ щхьэзыфIэфI.

Ягу ирихь хабзэр зэIуащэу,

Щыхуейм деж ящIу ней-нэфI.

 

Псэ къабзэр хъури жыIэщIэ,

Щхьэхуещэр хъуащ унафэщI.

ДащIащ ХАБЗЭШХУЭМ пэIэщIэ,

КъафIэщIу Тхьэшхуэм пэлъэщ.

 

ИкIи, дэIуахэм емынэ

КъащыщIри, унэIут лъэпкъ

ЗэдыкIэ хъуащ зы къэмынэу,

Хъуащ теплъэкIи мэл Iэпкълъэпкъ.

 

Тет хъуахэри щIыбырыкIуэу

КъакIухьу къызэхэнащ.

Тхьэм и IэмыркIэ, зэмыкIуу,

ЯщIэм ещхьыжхэу къэнащ.

[Тхагапсов 2023: 171-172]

 

Мыхэращ – жин пашэмрэ лIыжьымрэ я псалъэхэращ, дэ дызэреплъымкIэ, поэмэм и гупсысэ нэхъыщхьэр зыхэлъыр, абы и фIагъри зыщылъагъупхъэр. УсакIуэм образ жыIэкIэ гъэщIэгъуэнкIэ къигъэлъэгъуэн хузэфIэкIащ цIыхубэм, лъэпкъым нобэкIэ зыкъамыщIэжмэ, цIыхугъэр къезыгъэлыну лъапIагъэхэу IэщIыб ящIахэр, псалъэм папщIэ, хабзэ дахэхэр, къыдахыжу къамыгъэпсэужмэ, ахэр мыгувэу щыхупIэм зэрыхуэкIуэнур, псэущхьэ къудейуэ дунейм къызэрытенэнур.

«ЩакIуэм и хъыбар» поэмэ-мифым хужыпIэныр куэд дыдэщ, абы и купщIэм къыщегъэжьарэ и фащэм деж щиухыжу къэхутэныгъэ щхьэхуэ хуэфащэщ. Псоми я гугъу дымыщIыфми, рифмэ ухуэкIэр къыхэдмыгъэщу хъунукъым. Зы строфам и щапхъэкIэ дыхэплъэнщ:

 

БгъуэнщIагъым сыщощхьэукъуэ,

Къуэ зэвхэм зыщызоухь.

Щыхьыхъур, слъагъумэ и бжьакъуэр,

КъурыкъукIэ къызопшэрыхь.

[Тхагапсов 2023: 161]

 

Мыбдежым къыщыхьа сатырхэр кIэух рифмэмкIэ (сыщощхьэукъуэ ↔ бжьакъуэр, зыщызоухь ↔ къызопшэрыхь) нэмыщI, IуэрыIуатэм и рифмэ къулейхэмкIи (сыщощхьэукъуэ ↔ къуэ, зыщызоухь ↔ щыхьыхъур, бжьакъуэр ↔ къурыкъукIэ) зэпхащ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, мы строфами поэмэм хыхьэ адрей едзыгъуэхэм я нэхъыбэми усакIуэм «рифмэ тIууащIэр» Iэзэу щегъэлажьэ, абыкIи тхыгъэм и ритмикэр къеджэгъуафIэу икIи гум иубыдэгъуафIэу шэщIа мэхъу.

Тхыгъэм и бзэри абы и купщIэмрэ фащэмрэ яхуэфэщэжу зэрытелъыджэр, зэрыщIэщыгъуэр «къызопшэрыхь» («пшэрыхь къызощI», «пшэрыхьу къызохь» къикIыу) жыхуиIэ псалъэ закъуэмкIи наIуэщ.

«ЩакIуэм и хъыбар» поэмэ-мифым хужытIэну дызыхунэмысахэр нэхъыбэми, ар лъэпкъ литературэм, хэхауэ къапщтэмэ, лиро-эпикэм и тхыгъэм нэхъыфIхэм ящыщу зэрыщытым ищхьэкIэ къыщыдгъэлъэгъуа къудейхэри щыхьэт тохъуэ.

Апхуэдэуи къэхутэныгъэ щхьэхуэ яхуэфащэщ усакIуэм таурыхъыу е шыпсэу къигъэлъэгъуауэ, ауэ басня жанрым изагъэхэу нэгъуэщI тхыгъэ зыбжанэми (и япэрей тхылъхэм басняу къыщигъэлъэгъуаи яхэтщ): «Дыгъужь бын», «Аслъэнымрэ бажэмрэ», «Джэдэщ», «Бжьэмрэ бадзэхэмрэ», «Дыгъужьыр чэтым» жыхуиIэхэр.

Мызэ-мытIэу къызэрыхэдгъэщащи, Тхьэгъэпсэу У. и IэдакъэщIэкIхэр сыт и лъэныкъуэкIи, псом хуэмыдэу жанркIэ, зэмылIэужьыгъуэщ. Апхуэдэу, абы и сабий усэхэри псэ къабзагъэр, гупсэхугъуэр щытепщэ зы дуней щхьэхуэу и творчествэм къыхолыдыкI. Ахэр адыгэбзэкIи урысыбзэкIи (Бемырзэ Зураб зэридзэкIауэ) «МэкIэрахъуэ дунейр» тхылъым хыхьащ.

Дызыхэплъахэм къызэщIэкъуауэ дызыхуашаращи, усыгъэм щыщу Тхьэгъэпсэу Увжыкъуэ зыхэмылэжьыхьа жанр къэгъуэтыгъуейщ, лирикэри лиро-эпикэри къызэщIикъуэу. Апхуэдэуи абы лирикэм и лIэужьыгъуэ нэхъыщхьэ псоми зыщаужьащ. ЩIэныгъэлI БакIуу Хъанджэрий пэжу гу зэрылъитащи, «сыт хуэдэ жанр къимыгъэсэбэпами, Тхьэгъэпсэу Увжыкъуэ езым и хъэтI иIэжщ, зэрыусакIуэ нэсым шэч къытепхьэркъым» [Баков 2023: 9]. Нэхъыщхьэращи, ар зэрытхэ и анэдэлъхубзэр хъарзынэу ищIэ къудейм къыщынэркъым, атIэ псэкIэ зэхещIэ (псалъэм папщIэ, «Псалъэжь Iэрамэ» усэр псалъэжь защIэкIэ тхащ), лъэпкъ тхыдэм, IуэрыIуатэм, мифологием фIыуэ щыгъуазэщ. А псор щыхьэт зэрытехъуэщи, Тхьэгъэпсэу Увжыкъуэ адыгэ литературэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа, ноби абы хуэлажьэ усакIуэ икIи тхакIуэ гуащIафIэщ.

 

1 Пиррихий зытет стопар къегъэлъагъуэ.

2 Оноре де Бальзак. Цитаты, высказывания // Epoch Times Russia. Режим доступа: https://www.epochtimes.ru/content/view/77839/45/?utm_referrer=https%3A%2F%2Fyandex.ru%2F (дата обращения: 25.07.2025)

×

About the authors

Lyudmila B. Khavzhokova

The Institute for the Humanities Research – Affiliated Kabardian-Balkarian Scientific Center of the Russian Academy of Sciences

Author for correspondence.
Email: lyudmila-havzhokova.86@mail.ru
Doctor of Philology, Head of the Department of Kabardian-Circassian Literature Russian Federation

References

Supplementary files

Supplementary Files
Action
1. JATS XML

Copyright (c) 2025 Khavzhokova L.B.

Creative Commons License
This work is licensed under a Creative Commons Attribution-NonCommercial 4.0 International License.

Согласие на обработку персональных данных с помощью сервиса «Яндекс.Метрика»

1. Я (далее – «Пользователь» или «Субъект персональных данных»), осуществляя использование сайта https://journals.rcsi.science/ (далее – «Сайт»), подтверждая свою полную дееспособность даю согласие на обработку персональных данных с использованием средств автоматизации Оператору - федеральному государственному бюджетному учреждению «Российский центр научной информации» (РЦНИ), далее – «Оператор», расположенному по адресу: 119991, г. Москва, Ленинский просп., д.32А, со следующими условиями.

2. Категории обрабатываемых данных: файлы «cookies» (куки-файлы). Файлы «cookie» – это небольшой текстовый файл, который веб-сервер может хранить в браузере Пользователя. Данные файлы веб-сервер загружает на устройство Пользователя при посещении им Сайта. При каждом следующем посещении Пользователем Сайта «cookie» файлы отправляются на Сайт Оператора. Данные файлы позволяют Сайту распознавать устройство Пользователя. Содержимое такого файла может как относиться, так и не относиться к персональным данным, в зависимости от того, содержит ли такой файл персональные данные или содержит обезличенные технические данные.

3. Цель обработки персональных данных: анализ пользовательской активности с помощью сервиса «Яндекс.Метрика».

4. Категории субъектов персональных данных: все Пользователи Сайта, которые дали согласие на обработку файлов «cookie».

5. Способы обработки: сбор, запись, систематизация, накопление, хранение, уточнение (обновление, изменение), извлечение, использование, передача (доступ, предоставление), блокирование, удаление, уничтожение персональных данных.

6. Срок обработки и хранения: до получения от Субъекта персональных данных требования о прекращении обработки/отзыва согласия.

7. Способ отзыва: заявление об отзыве в письменном виде путём его направления на адрес электронной почты Оператора: info@rcsi.science или путем письменного обращения по юридическому адресу: 119991, г. Москва, Ленинский просп., д.32А

8. Субъект персональных данных вправе запретить своему оборудованию прием этих данных или ограничить прием этих данных. При отказе от получения таких данных или при ограничении приема данных некоторые функции Сайта могут работать некорректно. Субъект персональных данных обязуется сам настроить свое оборудование таким способом, чтобы оно обеспечивало адекватный его желаниям режим работы и уровень защиты данных файлов «cookie», Оператор не предоставляет технологических и правовых консультаций на темы подобного характера.

9. Порядок уничтожения персональных данных при достижении цели их обработки или при наступлении иных законных оснований определяется Оператором в соответствии с законодательством Российской Федерации.

10. Я согласен/согласна квалифицировать в качестве своей простой электронной подписи под настоящим Согласием и под Политикой обработки персональных данных выполнение мною следующего действия на сайте: https://journals.rcsi.science/ нажатие мною на интерфейсе с текстом: «Сайт использует сервис «Яндекс.Метрика» (который использует файлы «cookie») на элемент с текстом «Принять и продолжить».