On the semantic and stylistic possibilities of antonyms in speech: amphithesis (based on the Kabardino-Cherkes language)
- Authors: Kumykova D.M.1
-
Affiliations:
- Institute for the Humanities Research – Affiliated Kabardian-Balkarian Scientific Center of the Russian Academy of Sciences
- Issue: № 4
- Pages: 452-462
- Section: Russian language. Languages of the peoples of Russia
- Submitted: 12.01.2026
- Published: 31.12.2025
- URL: https://journal-vniispk.ru/2542-212X/article/view/364888
- DOI: https://doi.org/10.31143/2542-212X-2025-4-452-462
- ID: 364888
Cite item
Full Text
Abstract
This article explores the semantic and stylistic potential of antonyms in speech. It is known that, in addition to the basic function of realizing the semantics of contrast (antithesis), antonyms in speech can also express other types of relationships that lack the semantics of opposition. Particular attention in the work is given to the description of the features and conditions of the implementation of amphithetic relations, the essence of which lies in the coverage of the whole by combining and affirming opposite signs or phenomena. It is shown that amphithesis in the Kabardino-Circassian language is constructed as a pair or a series of antonymous homogeneous members of a sentence, connected most often by a repeating coordinating suffix -и…-и, less often by adding the suffix -рэ to one member of the antonymic opposition, and the conjunction -и to the other in combination with the case formative -уэ (-уи).
Based on an analysis of literary texts, the types of antonyms that most regularly convey the unification of opposites within a single entity were identified. The main functions of amphitheses in literary discourse were characterized.
The works of Kabardian and Circassian writers served as the empirical basis for the study.
The study utilized methods of linguistic observation and description, contextual analysis, and oppositional analysis. The relevance of the study stems from the fact that the semantic essence of antonyms, as well as the potential for their stylistic use in speech, remains understudied in Adyghe linguistics.
The obtained results can be used in further studies of the lexical-semantic system of the Kabardino-Circassian language, in the analysis of artistic speech, as well as in the development of programs and manuals for students of the Kabardino-Circassian language. They are of practical importance for lexicographers in creating a dictionary of antonyms of the Kabardino-Circassian language, the compilation of which remains one of the important tasks of Adyghe linguistics.
Full Text
Зэпэщыт псалъэхэр (антонимхэр) дэтхэнэ бзэми и лексико-семантикэ системэр къэзыгъэхъу категорэхэм ящыщ зыщ [Токмакова 2022]. Абыхэм я къэхъукIэми, я зэхэлъыкIэми, къызэщIаубыдэ занэхэми теухуауэ бзэщIэныгъэм нобэ къыздэсым зы еплъыкIэ хэубыдыкIа щамыгъуэтами, щIэныгъэлIхэм шэч къызытрамыхьэр зыщ: антонимхэм лъабжьэу зэпэщытыгъэ мыхьэнэр зэрахуэхъурщ. КъищынэмыщIауэ, зэпэщыт зэхущытыкIэ зи яку дэлъ псалъэ зэгуэгъухэм къаIуатэр Iэмал имыIэу зы гурыIуэгъуэм (зы къэхъугъэм) и зэпэлъыта щытыкIитIыр аращ. Сыту жыпIэмэ зэпэщытынкIэ хъунур а зы гурыIуэгъуэм и теплъэ, щыIэкIэ зэмыкIуалIэхэрщ [Кумыкова, Бижоев 2021: 59]. Псалъэм папщIэ, хуабэ – щIыIэ псалъэхэм зы къэхъугъэм – температурэм, плъыржьэрыгъэм – и щыIэкIэ зэтемыхуэхэр къагъэлъагъуэ: дуней хуабэ – дуней щIыIэ. Абы ещхьу, лъагэ – лъахъшэ антонимхэм лъагагъым, е кIыхьагъым и зэпэлъыта щытыкIэхэр наIуэ къащI: щIалэ лъагэ – щIалэ лъахъшэ.
Шэч хэмылъу зэпэщыт зэгуэгъухэм жьабзэм щагъэзащIэ къалэн нэхъыщхьэр мыхьэнэ зэпэщIэуэр (антитезэ) къэгъэлъэгъуэныр аращ. Къапщтэмэ, зэпэщIэуэныгъэр зи лъабжьэу щыт псалъэжьхэр къэзыпщыта щIэныгъэлIхэм зэратхымкIэ, антонимхэр а мыхьэнэр къэзыгъэлъагъуэ Iэмэпсымэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ [Бочина 2005, 2006], [Боровых 2007], [Крюкова 2016], [Кумыкова 2023], «псалъэжьхэмрэ псалъэ шэрыуэхэмрэ антонимхэм увыпIэшхуэ щаубыд, текстым щагъэзащIэ купщIэмкIэ къэIуэтэкIэ-къэгъэсэбэпыкIэм зэпэщIэуэныгъэ (антитезэ) халъхьэ» [Унатлокова, Унатлоков, Сохрокова 2025]. Псалъэм папщIэ: Iей пщIауэ фIы ущымыгугъ. Щыгъыным и щIэр, ныбжьэгъум и жьыр. Джэджьей пасэр IэщIокIри джэджьей кIасэр бгъэм ехь. ИпэIуэкIэ къыдэкIа ди лэжьыгъэм къызэрыщыдгъэлъэгъуащи, адыгэ псалъэжьхэм куэдрэ уащрохьэлIэ антоним зэгуэгъухэм антитезэ тIуащIэ къалэныр щагъэзащIэу: апхуэдэу, «Пэжыр хущхъуэщ, пцIыр щхъухьщ» псалъэжьым антоним зэгуэгъуитI хэтщ пэж – пцIы, хущхъуэ – щхъухь; абы ещхьуи, «ПцIы IэфI нэхьрэ пэж дыдж» псалъэжьым и купщIэр гъэпсащ антоним зэгуэгъуитIкIэ пэж – пцIы, IэфI – дыдж [Кумыкова, Кумыкова (Гучапшева) 2024]. Художественнэ тхыгъэхэм антонимхэм я къэгъэсэбэпыкIэм тепсэлъыхьу Къэмбэчокъуэ Iэдэми етх: «Стиль и лъэныкъуэкIэ антонимхэм я къалэныр гупсысэр къызыбгъэдэкIым къиIуатэ Iуэхугъуэхэм, ар зытепсэлъыхь къэхъукъащIэхэм, цIыхухэм я соци-альнэ щытыкIэ зэхуэмыдэхэм, я хьэл-щэнхэм, я Iуэху бгъэдыхьэкIэм, я теп-лъэм, авторыр зытепсэлъыхь Iуэхур къыщыхъу щIыпIэм, зэманым, н. я зэте-мыхуэныгъэр, зэщхьэщыкIыныгъэр, уеблэмэ я зэпэщIэтыныгъэр IупщIу нэрылъагъу къащIынырщ. Апхуэдэ зэфIэкI антонимхэм щIагъуэтыр абыхэм мыхьэнэ и лъэныкъуэкIэ ябгъэдэлъ зэпэщIэуэныгъэм гупсысэр шэрыуэ, щIэгъэхуэбжьа зэрахуэщIырщ…» [Камбачоков 2024: 416].
Абы къыдэкIуэу, бзэ къэхутакIуэ зыбжанэм гу лъатащ антонимхэм контекст зыхэтым елъытауэ стиль и лъэныкъуэкIэ нэгъуэщI къалэн зэмылIэужьыгъуи зэрыщагъэзащIэм. Апхуэдэу, Л.А. Новиковым зэритхымкIэ, синтагматикэм и лъэныкъуэкIэ антонимхэм уеплъмэ, ахэр текстхэм нэхъ куэдрэ къыщагъэсэбэпхэм ящыщщ, икIи абыхэм я зэхуаку къыдэхъуэ зэхущытыкIэхэр гъунапкъэншэу жыпIэ хъунущ [Новиков 1982: 247]. ЗэпэщIэуэныгъэм къыщхьэщыкIыу, антонимхэм зэхущытыкIэ къагъэлъагъуэхэм ящыщщ, псалъэм папщIэ, зэпыщIэныгъэр, зэпэщIэхыныгъэр, зэпэлъытыныгъэр, зэкIэлъыкIуэныгъэр, нэгъуэщIхэри [Новиков 1973: 126].
Утыку къитлъхьэ статьяр зытеухуар жьабзэм къыщагъэсэбэп антонимхэм ягъэзащIэ къалэнхэр къэхутэнырщ, икIи, зэпэщIэуэныгъэм къищынэмыщIауэ, абыхэм контекстым ельытауэ яухуэ семантикэ зэхущытыкIэхэр гъэнэIуэнырщ. Нэхъ убгъуауэ дытепсэлъыхьынщ зэпэщыт псалъэхэм контекстым зэпыщIэныгъэ мыхьэнэр къызэрыщагъэлъагъуэм. Ди тхыгъэм къыщытIэт Iуэхугъуэхэр нэгъэсауэ къэтпщытэн папщIэ адыгэ тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр, адыгэ псалъэжьхэр, фразеологизмхэр къэдгъэсэбэпащ.
Зэпэщыт псалъэхэм текстым щагъэзащIэ къалэныр, абы ягъуэт мыхьэнэр куэдкIэ епхащ ахэр псалъэухам къызэрыщыгъэсэбэпа щIыкIэм. Зэдгъэпщэнти щапхъитI: (1) [Мэжджытым] ЩIыхьэпIитI иIэти, зыр дыгъэ къухьэпIэмкIэ, адрейр къуэкIыпIэмкIэ гъэзат [Теунэ 1980] (2) Дыгъэ къуэкIыпIи къухьэпIи, дунейр зыдэщIыIи зыдэхуаби, къэрал гъуни тенджыз Iуфи нэсат ахэр [хъыджэбз гупыр] [Къэрмокъуэ 2004]. Япэ псалъэухам хэт къухьэпIэ – къуэкIыпIэ бзэ антонимхэм къагъэлъагъуэ зэпэщыт лъэныкъуитIымкIэ унэтIыныгъэ зиIэ къэхъугъэхэм я зэпэщIэтыныгъэр. ЗыунэтI псалъэзешэм и кIэух -мкIэ зыпыт къэхъукIэцIэхэм щIыпIэ хьэлым и синтаксис къалэныр псалъэухам щагъэзащIэ: зы щIыхьэпIэр дыгъэ къухьэпIэ-мкIэ гъэзащ, адрей щIыхьэпIэр къуэкIыпIэ-мкIэ гъэзащ. Мыбдеж антонимхэм я зэхуаку дэлъ зэпэщIэуэныгъэ мыхьэнэр (антитезэр) нэрылъагъущ. ЕтIуанэ псалъэухам къухьэпIэ – къуэкIыпIэ бзэ антонимхэр хьэл зэлъэпкъэгъухэу къыхохьэ къуэкIыпIи къухьэпIи, икIи апхуэдэ зэкIэлъыхьыкIэм абыхэм я зэпэщытыгъэ мыхьэнэр «нэхъ кIащхъэ» ещI. ЯдыщIыгъуу къакIуэ зыдэщIыIи зыдэхуаби хьэл зэлъэпкъэгъухэм зэпэщытыгъэ мыхьэнэр нэхъри нэхъ «ягъэкIащхъэ». Езы псалъэухам и мыхьэнэм тепщIыхьмэ, пкъыгъуэ зэлъэпкъэгъуу къакIуэ къэхъукIэцIэхэм мыбдеж къыщагъэлъагъуэр щIыпIэ псори, щIыпIэ куэд къызэрызэщIаубыдэрщ: хъыджэбз гупыр щIыпIэ куэдым щыIащ.
Тхыгъэ жьабзэм щIэх-щIэхыурэ ущрохьэлIэ зэпэщыт псалъэхэр пкъыгъуэ зэлъэпкъэгъуу псалъэухам къыхыхьэу: Бекъанхэ ящIа унафэм Астемыр щыгъуазэкъыми, тепыIэгъуэ иIэкъым, кIуэаракъэ, зи ежьэжыгъуэ къэблэгъа хьэщIэу, жэщи махуи маплъэ-мэдаIуэ [Бозий 2003: 36]. ФуIэдхэ я гъунэгъу Мурат щIалэ цIыкIум и анэр фIыми Iейми хущIэбжэфу фыз бзаджэт [Къэрмокъуэ 1988: 306].
Зэрытлъагъущи, антонимхэр зэкIэлъыкIуэу, зэкIэлъыхьауэ псалъэухам щыхэтым и деж, абыхэм я зэпэщытыгъэ мыхьэнэм зэпэщIэуэныгъэ къалэн ягъэзащIэркъым, атIэ къагъэлъагъуэр нэхъыбэу зэпыщIэныгъэ зэхущытыкIэщ: пкъыгъуэ зэлъэпкъэгъухэм яхэлъ зэпэщыт мыхьэнэхэр зэпыщIа мэхъури, къызэщIэкъуауэ зы Iуэхугъуэм, щыIэкIэм хуокIуэж. Псалъэм папщIэ: Дыкъызэдэжэнущ зэныбжьэгъуи зэжагъуэгъуи, жыджэри хуэмыхуи, цIыхуфIи икIи, жьыри щIэри [Къэрмокъуэ 2004: 103]. Мы щапхъэм наIуэ къещI, зэныбжьэгъуи – зэжагъуэгъуи, жыджэри – хуэмыхуи, цIыхуфIи – икIи, жьыри – щIэри антонимхэр зэлъэпкъэгъуу псалъэухам къызэрыхыхьам къыхэкIкIэ, ахэм я зэпэщIэуэныгъэ къалэныр «зэрафIэкIуэдыр». Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, бзэм и сыт хуэдэ лексикэ Iэмэпсымэхэри, абы антонимхэри яхэту, псалъэухам къызэрыщагъэсэбэпыр коммуникацэ илъэныкъуэкIэ мыхьэнэ нэхъыщхьэ иIэм елъытауэщ: мыбдеж апхуэдэ мыхьэнэ нэхъыщхьэу къэувыр «зыри къэмынэу, псори дызэгъусэу дыкъыздэжэнущ» жиIэу аращ. Апхуэдэу щыщыткIэ, мы псалъэухам хэт антоним зэгуэгъуиплIым я купщIэр «псори» псалъэм и закъуэ къызэщIеубыдэ. Абы къыхэкIкIэ къэтхьа псалъэухам къызэщIэзыубыдэ псалъэ «псори» хэбгъэувэмэ и мыхьэнэм зихъуэжынукъым, атIэ нэхъ гъэхуа хъуну аращ: *Дыкъызэдэжэнущ псори: зэныбжьэгъуи зэжагъуэгъуи, жыджэри хуэмыхуи... КъыкIэлъыкIуэ щапхъэм къызэщIэзыубыдэ псалъэр тхакIуэм текстым хигъэхьащ пкъыгъуэ зэлъэпкъэгъухэм я пэм къиту: Ауэ иужькIэ псори зэхуэдэ дохъужыр: дахэри мыдахэри, къулейри къулейсызри [МафIэдз 2003: 20]. Зэрытлъагъущи, зэпыщIэныгъэ (амфитезэ) зэхущытыкIэм зэпэщыт мыхьэнэхэр зыуэ къызэщIэкъуауэ къегъэлъагъуэ. Апхуэдэ текстым, наIуэу ущримыхьэлIэми, «гъэпщкIуауэ» хэтынущ къызэщIэзыубыдэ псалъэхэр – цIэпапщIэхэр, къэхъукIэцIэхэр: псори, хэти, сыти, сыт щыгъуи, дэни, дапщэщи, дэнэкIи, ихъуреягъым, ихъуреягъкIэ, н.: Фочыжьхэр яIыгъыу къокIуэ [нэмыцэжьхэр], псори дызэтраукIэну. Псори - ини цIыкIуи [Хьэх 2013: 403]. КъыкIэлъыкIуэ щапхъэм къызэщIэзыубыдэ псалъэр езы псалъэухам хэмытми, текстым къыхыбогъуатэ: АтIэ, зи щIыхьыр инхэ, зиусхьэнхэ, дыщIызэхыхьар псоми къывгурыIуащ. Дызэвгъэчэнджэщ пщыри уэркъри, ини цIыкIуи, зэрыжаIэу [МафIэдз 1988: 22]. КъызэщIэзыубыдэ псалъэу къэкIуэфынущ телъагъуэкIа мыхьэнэ зиIэ щыIэцIэхэри. Псалъэм папщIэ, Жылэр, ини цIыкIуи абы нэкIэ кIэлъыкIуатэрт, тхьэм гущIэгъу къыхуищIыну хуэлъаIуэу [МафIэдз 1988: 40]. Мы псалъэухам «жылэ» щыIэцIэр къыщыгъэсэбэпащ къызэщIэубыдэныгъэ къалэныр игъэзащIэу, абы и купщIэр «къуажэр», е «жылэдэсхэр» жиIэу аракъым, атIэ къызэщIэзыкъуэ мыхьэнэр аращ, «псори» жыхуиIэрщ. ИщхьэмкIэ къызэрыщыдгъэлъэгъуащи, антонимхэм зэпыщIэныгъэ къалэныр щагъэзащIэм деж, къызэщIэзыубыдэ псалъэр текстми, псалъэухами хэмытми, ар тыншу хэбгъэувэфынущ: Ини цIыкIуи, цIыхухъуи цIыхубзи, жьыи щIэи (= псори) къаIэрыхьэр е гъэр ящIырт, е зэтраукIэрт [кърым тэтэрхэм] [МафIэдз 1988: 269]. АбыкIэ зэпэщыт псалъэхэм къагъэлъагъуэ зэпыщIэныгъэ мыхьэнэр (амфитезэр) зэпэщIэуэныгъэ мыхьэнэм (антитезэм) къыщхьэщокI.
Пкъыгъуэ зэлъэпкъэгъуу псалъэухам къыхыхьэ антонимхэр псалъэзэпыщIэ лъабжьэгъусэкIэ гъэпсащ, къытезыгъэзэж лъабжьэужьхэу -и…-и-хэр абыхэм я нэщэнэу къокIуэ: ЩIалэм и цIыху щIыкIэм, и гуапагъэм ар зыIэпешэ, абы и псалъэмакъым жэщи махуи (=сыт щыгъуи) щIэдэIуну фIэфIу и псэр дехьэх [ХьэхъупащIэ 1965: 33]. Япэм дызэрышхыжамэ, иджы ди зэгурымыIуэныгъэр къагъэсэбэпурэ адэми мыдэми (= псоми, хэти) дашх [МафIэдз 1988: 197]. Нэхъ мащIэрэ бзэм къыщокIуэ зэлъэпкъэгъуу псалъэухам къыхыхьэ зэпэщыт псалъэхэм язым лъабжьэгъусэ -рэ, адрейм – лъабжьэужь -(у)и дэщIыгъуу къакIуэу: Токъумакъ Мыхьэмэт фIырэ Iейуи, гуауэрэ гуапэуи, гугъуехьрэ гухэхъуэуи куэд зи нэгу щIэкIа лIыт [Къэрмокъуэ 2007: 323].
ЗэпыщIэныгъэ мыхьэнэр къэзыгъэхъу антонимхэм я зэпэщытыныгъэ лIэужьыгъуэкIэ зэхэдзауэ уеплъмэ (а лIэужьыгъуэхэр щызэпкърыхащ ди лэжьыгъэм [Кумыкова, Бижоев 2021]), гу лъыботэ ахэр контрар зэпэщытыныгъэр къэзыгъэлъагъуэ псалъэ зэгуэгъухэмрэ (псалъэм папщIэ: ини цIыкIуи, жьыи щIэи, фIыи Iеи, н.) контрадиктор зэпэщытыныгъэр зи зэхуаку дэлъ антонимхэмрэ (псалъэм папщIэ: жэщи махуи, дунеи ахърэти, псэуи лIаи, пэжи пцIыи, н.) нэхъыбэу зэрахэтым. ИщхьэкIэ къыщытхьа щапхъэхэм ар наIуэу къахощ. ЩIыдгъунщ иджыри: Сэ сыт, си лIэгъуэ дахэщ, гъащIэм и дыджи и IэфIи згъэунэхуащ [ШэджыхьэщIэ 1987: 17]. Абы [унэшхуэм] щызекIуэрт пэжи пцIыи, унафэ щхьэпи щыуагъи, нэмыси нэмысыншагъи, хабзи хабзэншагъи [Къэрмокъуэ 2004: 105]. Конверсив зэпэщытыныгъэ зиIэ антонимхэм ящыщу зэпыщIэныгъэ мыхьэнэр къагъэхъуу щIэх-щIэхыурэ текстхэм къыхохьэ цIыхухэм я зэблэгъагъэ-зэIыхьлыгъэ, социальнэ зэхущытыкIэхэм я лъэныкъуэ зэпэщытхэр къэзыгъэлъагъуэ щыIэцIэхэр: Зыри гъэщIэгъуэн хэлътэкъым, абыхэм ади ани къащхьэщытт, лъабжьэ зиIэ къуэш, шыпхъу нэхъыжьхэр къакъуэтт [Хьэх 2013: 587]. КхъуэпIащэ абрагъуэ къыхахури дызэрыхуэхъукIэ хьэщIи хэгъэреи деуащ, ауэ зыми тедмыгъэхуэфу тIэщIэкIащ [Къэрмокъуэ 2007: 238]. Псом хуэмыдэу Гуащэкъарэ сымэ нэхъри игъэгужьейрт Iэщ кIапэ тIэкIур зэрафIэкIуэдам, шэ шынакъ ямыIэу сабии балигъи унагъуэцIыкIур къызэрызэхэнам [Хьэх 2013: 587]. ЗдэкIуэм, абы къыфIэщIырт езым фIэкIа Iуэху ямыIэу егъэджакIуи еджакIуи къеплъу [Хьэх 2013: 742].
Вектор зэпэщытыкIэ зи зэхуаку дэлъ антонимхэм ящыщу зэпыщIэныгъэ мыхьэнэр куэдрэ къагъэлъагъуэ:
– унэтIыныгъэ мыхьэнэ зиIэ къэхъукIэцIэхэм: Машинэм итIысхьэжыну зыкъыщигъазэм, Мэрят илъэгъуащ я унэм и гупэкIи, ипщэкIи, ищхъэрэкIи уэрамыпэ къэс цIыху зыбжанэ къыхуэплъэу зэрыщызэхэтыр [Къэрмокъуэ 1988: 411]. ЩIэтIысыкIри ипщэкIи ищхъэрэкIи плъащ [Зырамыку]. И ужькIи и пэкIи уэрамыр нэщIт [Теунэ 1980: 258];
– щIыпIэм щаIэ зэпэщытыныгъэр къэзыIуатэ щыIэцIэхэм: Урды хъупIэм щыщIидзэрти Хьэмащи, Къуэщтани, ЕкIэпцIэкъуи, Мазэхи, Къэнжал щыгуи, Къэнжал лъэгуи зэпиупщIырти Iуащхьэмахуэ лъапэ щыIэ псы хущхъуэм къыщыщIидзыжырт а губгъуэлI емышыжыр [Къэрмокъуэ 2007: 324]. Къуажэ мыцIыхум ипщи ищхъэри, гупи щIыби хэсщIыкIIатэкъым [Елгъэр 1988: 112].
Зэпэщылъ лъэныкъуэхэмкIэ унэтIыныгъэ зиIэ Iуэхугъуэхэр къизыIуэ лэжьыгъэцIэхэм зэпыщIэныгъэ къалэныр ягъэзащIэу ди материалым дыщыхуэзакъым.
Ди кIэлъыплъыныгъэм къызэригъэгъуазэмкIэ, амфитезэр нэхъыбэрэ къыщагъэсэбэп тхыгъэ жьабзэм, художественнэ текстым. Ар тхыгъэм и бзэр нэхъ къулей, дахэ, зыхэщIэныгъэкIэ гъэнщIа икIи нэхъ гъэхуа зыщI бзэ Iэмалхэм ящыщ зыуэ къокIуэ, зы къэхъукъащIэм, зы гурыIуэгъуэм и теплъэ, щыIэкIэ зэмыкIуалIэ, зэпэщыт, уеблэмэ зэпэщIэтхэри зыуэ къызэщIэкъуауэ къигъэлъагъуэу. Художественнэ текстхэм амфитезэр къызэрыщыгъэсэбэпа щIыкIэр къыщытпщытэм, гу лъыттащ абы игъэзащIэ къалэн нэхъыщхьэхэр IуэхугъуиплIым пыщIауэ зэрыщытым. Къэтхьынщ ахэр.
1) Зэманыр къызэщIэубыдауэ къэгъэлъэгъуэныр: Псыкъелъэжьырт, жэщи махуи (=сыт щыгъуи) зи дыжьын джатэр измылъхьэжу къуэ зэв бэлыхьым щызгъэдалъэр [Хьэкъун 1974: 100]. Губгъуэ гъунапкъэншэхэр зэхикIухьырт абы, гъэмахуи щIымахуи зэпищIэу (=сыт щыгъуи), уIэбэм улъэIэсын пфIэщIу къыпщхьэщыт Iуащхьэмахуэ дахэшхуэр и гъуэгугъэлъагъуэ-къаблэмэуэ [Къэрмокъуэ 2007: 324]. Апхуэдэм и деж акъылым блэкIари, къэкIуэнури, япэри, яужьри (=зэман псори) Iуданэ IэджэкIэ зэпещIэ [МафIэдз 2003: 554].
2) ЩIыпIэм и лъэныкъуэ зэпэщытхэр къызэщIэубыдауэ зыуэ къэгъэлъэгъуэныр: Мэл гуартэхэр бгы лъабжьэм щагъэбэяужа нэужь, дыгъужьхэм я зекIуапIэхэри паубыду хьэхэри мэл зэхэтIысхьахэм я хъуреягъкIэ кърагъэтIысэкIа нэужь, аузым ипщэкIи ищхъэрэкIи (=ихъуреягъкIэ, дэнэкIи) мафIэ къыщызэщIонэ [Шортэн 1954: 29]. КъуэкIыпIи къухьэпIи зэлъигъэIэсу (=лъэныкъуэ псори) Хэку зауэшхуэм хэта, ар зэфIэкIа иужь илъэситIым щIигъукIэ къэгувэжа, и псэм хэлъ Ксенэр лъэужьыншэу зыфIэкIуэда Мурид Алыхьым къыхуиухат я къуажэ школым тхыдэмкIэ щезыгъаджэу къызрихьэлIэжа урыс хъыджэбз дахэ Ермоловэ Шурэ Алексей и пхъур щхьэгъусэ хуэхъуу бынитIи зэдагъуэтыну [Къэрмокъуэ 2007: 44].
3) Iуэхугъуэм, къэхъукъащIэхэм, щытыкIэхэм я зэпэщыт нэщэнэхэр къызэщIэубыдау къэгъэлъэгъуэныр: ГъащIэм и хуаби и щIыIи (=сыт хуэдэ Iуэхугъуэхэри) сэ сымыгъэва къэбгъуэтынкъым [Мысачэ 1991: 65]. Зэмыфэгъу Iэджэу зэхэухуэна бампIэшхуэ къыздезыхьэжьа лIышхуэр игури и щхьэри нэщI къыщыхъужауэ щIакIуэм гууэщIу телъщ, мэзыжьым къыпхыщ уафэ IэгупIэхэм и нэр тедияуэ и гупсысэхэм дунейри ахърэтри (=псори) зэщIагъэуIуэу [Къэрмокъуэ 2007: 86].
4) ЦIыхухэр зэрызэщхьэщыкI, абыхэм я щытыкIэкIэ, хьэл-щэнкIэ я зэхуэмыдэныгъэр къызэщIэкъуауэ къэгъэлъэгъуэныр: Апхуэдэу зэращIынур тщIамэ, пщыи, уэркъи, лъхукъуэлIи, нэхъыжьи, нэхъыщIи (=псори), зэрыжаIэу мыбы зэрыхэтынур къытхуэгъэIулэу къуажэм дэсыр къызэщIэткъуэнти къэтшэнт [МафIэдз 1988: 217]. Быныр, ини цIыкIуи, цIыхухъуи цIыхубзи, нэхъыжьи нэхъыщIи, хьэщIэ къахыхьари я гъусэу (=псори) зы Iэнэ етIысылIэрэ зэдэшхэу, зы Iэнэгу ишхыкIыу. ИлъэсыщIэр къыщихьэ, гъэрэ щIырэ щызэхэкI жэщырт ари [МафIэдз 1988: 337]. Шыгъажэм еплъыну жьыри щIэри, хъури бзыри (=псори) къызэрыдэхуауэ, уэрамым и гъунитIыр яуфэбгъуауэ зэхэтт, шу блэкIхэм еплъу, къытежыну зыхуагъэфащэ шагъдийхэр къыхахыу [Теунэ 1980: 48].
ЖыIапхъэщ, зэпыщIэныгъэ къалэныр зыгъэзащIэу нэхъыбэрэ бзэм къыщагъэсэбэп антонимхэр фразеологие занэ хъуауэ узэрыщрихьэлIэр, псалъэм папщIэ: жэщ-махуэ имыIэу (щымыIэу, жимыIэу), (и) лIаи (и) псэуи, икIэри ипэри, куэди мащIи, н. Къэтхынщ щапхъэхэр: Вэн-сэныр яухыху колхозхэм фыкъимыкI «Большевик» колхозым зэрищIам хуэдэу комиссэ здэщымыIэм къызэвгъэпэщ, жэщ-махуэ ямыIэу ирелажьэ [ШэджыхьэщIэ 1987: 159]. ЦIыхум щхьэкъэIэт яIэтэкъым, жэщ-махуэ щыIэтэкъым, псори зауэм телажьэрт [МафIэдз 2003: 248]. Хьэуэ, ныбжьэгъу полковник, сэ сыхьэзырщ си напэ схьумэжыну, си лIаи, си псэуи згъэпэжыну [Щамырзэ 2002: 178]. ИкIэри ипэри мобдеж щылъ тIэкIуракъэ, абы щхьэкIэ СэлэфкIий себгъэшэну? [ШэджыхьэщIэ 1987: 301]. ЛIы укIа зяку дэмылъ, дэмылъыр къэгъэнауэ, зэблагъэ лъэпкъитI щыщ унагъуитI я благъагъэр нэхъри быдэ щIын хуейуэ аракъэ икIэри ипэри? [Елгъэр 1988: 47]. Унэм уикIрэ къэбгъэзэжмэ, УIэнэщIу къыумыгъазэ, Куэди мащIи къэт пфIэфIыхукIэ, Уеблэм бзухэм къадэгъазэ [КIыщокъуэ 1980: 372].
Амфитезэ зэхущытыкIэр апхуэдэуи лъабжьэ хуэхъуащ тIуащIэхъу щIыкIэкIэ къэхъуа псалъэ зэхэлъхэу адэ-анэ, жэщ-махуэ, адэ-мыдэкIэ, адэкIэ-мыдэкIэ, къакIуэ-накIуэхэр, н.: Зы жэщ-махуэ и адэ-анэм ябгъэдэсри ехьэкIыпIэ имыIэу къыпэщылъ Iуэхугъуэр зэфIигъэкIыну, Галинэ сымаджэщым кIуащ [Щамырзэ 2002: 147]. Сыт тщIэнт, псоми ди розэ Iэрамэхэр адэ-мыдэкIэ къуацэчыцэ лъабжьэхэм къыщIэтхыжри дыкъеувэкIащ [КIэрэф 2009: 14]. Мо щыгъын хуабэ тэмэму зимыIэхэм, щIыIэм иукIырти, адэкIэ-мыдэкIэ къыщафыщIа кIагуэжь, джэдыгужь хуэдэхэр зыкIэщIакуа цей бырыбхэм ахэр зи дамэр къута дудакъыжь щIэхъукIхэрт [Мэлей 1995: 90]. А псом щыщу нэхъ фIэгъэщIэгъуэн хъуар къакIуэ-накIуэхэр зэпыуа иужь, Iэджэ щIауэ зи щхьэфэ имыплъа, къуажэми дэмысыжу районыр псэупIэ зыхуэхъуа, езым япэкIэ ФуIэд и щхьэгъусэу щыта Ларисэ кърикуу къызэрыхуэкIуарт [Къэрмокъуэ 1988: 116].
КъызэщIэткъуэжмэ, зэпэщыт псалъэхэм зэпэщIэуэныгъэ (антитезэ) мыхьэнэр къэгъэлъэгъуэныр я къалэн нэхъыщхьэу щытми, контекстым къызэрыхыхьэм елъытауэ, абыхэм хабзэ яхуэхъуа къалэным къыщхьэщыкI нэгъуэщI Iуэхугъуэ зыбжани жьабзэм щагъэзэщIэфынущ. Апхуэдэхэм ящыщщ мы статьям щызэпкърытха зэпыщIэныгъэ (амфитезэ) зэхущытыкIэр, псалъэ зэлъапкъэгъуу псалъэухам къыхыхьэ антонимхэм яхэлъ зэпэщыт мыхьэнэхэр зыуэ къызэщIэкъуауэ къэзыгъэлъагъуэр.
КъыкIэлъыкIуэну лэжьыгъэхэм гулъытэ хэха щыхуэщIын хуейуэ къыдолъытэ антонимхэм, зэпэщIэтыныгъэ зэхущытыкIэм къыщхьэщыкIыу, жьабзэм щагъэзащIэ адрей къалэнхэми. ДызэреплъымкIэ, абы мыхьэнэшхуэ иIэщ антонимхэм семантикэ-стилистикэ и лъэныкъуэкIэ яIэ Iэмалхэр къызэщIэкъуауэ, нэгъэсауэ джыным папщIэ.
About the authors
Dina M. Kumykova
Institute for the Humanities Research – Affiliated Kabardian-Balkarian Scientific Center of the Russian Academy of Sciences
Author for correspondence.
Email: dina07-09@mail.ru
Candidate of Philological Sciences, Associate Professor Russian Federation
References
Supplementary files


