The problem of defining the concept of "socio-political vocabulary of the Kabardino-Circassian language"
- Authors: Zhiletezhev K.C.1
-
Affiliations:
- Institute for the Humanities Research – Affiliated Federal State Budgetary Scien-tifi c Establishment «Federal Scientifi c Center «Kabardian-Balkarian Scientifi c Cen-ter of the Russian Academy of Sciences»
- Issue: No 1 (2024)
- Pages: 283-293
- Section: Russian language. Languages of the peoples of Russia
- Submitted: 01.05.2025
- Published: 15.12.2024
- URL: https://journal-vniispk.ru/2542-212X/article/view/290106
- DOI: https://doi.org/10.31143/2542-212X-2024-1-283-293
- EDN: https://elibrary.ru/XVINGQ
- ID: 290106
Cite item
Full Text
Abstract
Full Text
Жылагъуэ-политикэ лексикэм теухуа лэжьыгъэхэр къэппщытэмэ, нэрылъагъу мэхъу зэтемыхуэныгъэу абыхэм яIэр мы псалъэ гупым зэреджэ фIэщыгъэцIэхэм зэримызакъуэр, атIэ ахэр зэрыгуэшыжа гупкъуэжхэмкIи зэрызэщхьэщыкIыр. БзэщIэныгъэм нэхъыбэрэ узыщрихьэлIэ «Жылагъуэ-политикэ лексикэ», «Жылагъуэ-политикэ терминологие» цIэхэм нэмыщI мы гу-пым нэгъуэщI цIэ зыбжани фIащ: политикэ лексикэ, идеологиекIэ зэпха (зэгъэкIуа) лексикэ, псэуныгъэмрэ жылагъуэ-политикэмрэ епха фIэщыгъэцIэхэр, политикэ лексикон, концепт (идеологие) лексикэ, жылагъуэ-политикэ псалъалъэ (нэгъуэщI къэрал бзэщIэныгъэхэм). БзэщIэныгъэ литературэм хэту мы цIэ къедбжэкIахэм я зэтемыхуэныгъэр къызыхэкIыр ядж объектым зэрыбгъэдыхьэ лъэныкъуэр аращ. Дэ дызэреплъымкIэ, мыбыхэм ящыщу нэхъ къезэгъыр «жылагъуэ-политикэ лексикэ» фIэщыгъэцIэрщ, абы нэхъыфIу къегъэлъагъуэ жылагъуэмрэ къэра-лымрэ я гъащIэр, абы и нэщэнэхэр нэхъ щхьэхуэщ, ар нэхъ убгъуауэ къагъэсэбэп, псоми яIурылъщ. Нэхъыбэм я еплъыкIэм тепщIыхьмэ, жылагъуэ-политикэ лексикэм хохьэ политикэм, псэукIэм, политикэ экономием щыщ псалъэхэмрэ жыIэгъуэхэмрэ. А Iыхьэхэм нэхъ гупсэхуу дакъытеувыIэнщ. «Философие щIэнгъуазэ псалъалъэм» «политикэ» фIэщыгъэцIэм и мыхьэ-нэр мыпхуэдэу щыгъэнэхуащ: «Классхэм, лъэпкъхэм, социальнэ гупхэм я зэхущытыкIэхэм, IуэхущIафэхэм епха, зи купщIэр къэрал властыр къэубыдын, Iыгъын, къэгъэсэбэпын Iуэхугъуэу щыт» [Философский энциклопедический словарь 1989: 490]. Политикэм дежкIэ нэхъыщхьэ дыдэу щытщ къэрал властым и ухуэкIэр, къэрал Iуэхухэм хэтыныр. Политикэр щIыбрэ кIуэцIу зэщхьэщокI. Къэралым IуэхущIафэу щекIуэкIыр куэд зэрыхъум къыхэкIкIэ, къыхагъэкI лъэпкъ, псэукIэ, экономикэ, щэнхабзэ политикэ. Абы къыхэкIыу жылагъуэ-политикэ лексикэм къедбжэкIа гупхэм щыщ псалъэхэр хыхьэн хуейщ. Ахэр по-литикэм ехьэлIауэ щыт хуэдэкъым, ауэ абыхэм къэрал властыр гъэзэщIа зэрыхъур ягъэбелджылы. А Философие псалъалъэ дыдэм зэритымкIэ, «социологиер – ар жылагъуэм теухуа щIэныгъэщ, абы едж жылагъуэм и зэхэтыкIэмрэ и зыужьыкIэмрэ» [Фи-лософский энциклопедический словарь 1989: 614]. Мыбы къыщыкIуэ «жы-лагъуэ», «жылагъуэ-экономикэ формацэ», «класс», «лъэпкъ», н.къ. псалъэхэр жылагъуэ-политикэ лексикэм епхащ. Ожегов С.И. и псалъалъэм къызэрыщыхьамкIэ, «политикэ экономиер мылъкухэкIхэр къыдэгъэкIынымрэ гуэшынымрэ ехьэлIа жылагъуэ зэхущытыкIэхэр зыдж щIэныгъэщ» [Ожегов 1986: 478]. Жылагъуэ зэхущытыкIэхэр мылъкухэкIыу е еплъыкIэу (идеологие) щытщ. Иужьрейм хохьэ политикэ, хуитыныгъэ, кIухьэн, дин псалъэхэр. Аращи, политикэ зэхущытыкIэхэр жылагъуэ зэхущытыкIэхэм я Iыхьэу къокIуэ. Дызытепсэлъыхьа псалъэхэм къагъэлъагъуэ ахэр псори жылагъуэм щекIуэкI политикэ гъащIэм, политикэ зэхущытыкIэхэм зэрепхар. Абы къыхэ-кIыу жылагъуэ-политикэ лексикэр (адэкIэ гъэкIэщIауэ ЖПЛ) жылагъуэм и по-литикэ ухуэкIэр, и политикэ гъащIэр къэзыгъэлъагъуэ лексикэ системэу щытщ. Iыхьэ нэхъыщхьэу мыбдежым къэувыр властым ехьэлIа упщIэхэращ. Абы ипкъ иткIэ нэрылъагъущ ЖПЛ-м хыхьэ псалъэхэм властыр зэрагъэбелджылыр. «Вла-стыр – ар узыхуейхэр (фIэфIыныгъэхэр) зыIэрыбгъэхьэн папщIэ лъэкIыныгъэрэ Iэмалрэ уиIэнырщ, цIыхухэм я IуэхущIафэхэмрэ дуней тетыкIэхэмрэ Iэмал гу-эрхэмкIэ хэIэбэныгъэ – IулыджкIэ, хуитыныгъэкIэ, текъузэныгъэкIэ» [Философ-ский энциклопедический словарь 1989: 92]. Властым и лIэужьыгъуэхэм ящыщу мыхьэ-нэшхуэ дыдэ зиIэу щытщ политикэ властыр – зы класс, гуп, цIыху гуэ-рым зыхуейхэр политикэм хабзэкIэ щыпхигъэкIыну лъэкIыныгъэхэр иIэу; абы нэщэнэу иIэщ социальнэ тепщэныгъэмрэ класс гуэрхэм унафэр яIэщIэлъы-нымрэ. Псори къызэщIэпкъуэжмэ, нэрылъагъущ жылагъуэ-политикэ лексикэм и купщIэу «власть», «къэрал», «жылагъуэ» псалъэхэр зэрыщытыр. ЖПЛ-м гъуна-пкъэ щхьэхуэ иIэу щытми, ар быдэу пыщIащ экономикэм, хуитыныгъэм, диным, философием, гъуазджэм, дзэ Iуэхум. Абы къикIыркъым гуманитар щIэ-ныгъэхэм я лексикэр псори ЖПЛ-м хыхьэу. И инагъымкIэ, къызэщIиубыдэмкIэ, къалэн игъэзащIэмкIэ, зэрызиубгъуамкIэ, адрей лексикэ-тематикэ гупхэм къащхьэщыкIыу, къалэн нэхъыщхьэ (пэрыт) зэригъэзащIэмкIэ ЖПЛ-м увыпIэ хэха иIэщ. Ар хэх имыIэу епхащ тепщэныгъэр зыIэщIэлъ политикэ системэм, унафэщI партхэм, къэрал-жылагъуэ институтхэм. ЖПЛ-р быдэу пыщIащ хъы-барегъащIэ IэнатIэхэм, къыхуеджэныгъэмрэ къэгъэдэIуэныгъэмрэкIэ Iэмал лъэщхэм. НэгъуэщI зы лексикэ-тематикэ гупи апхуэдэ зэфIэкI яIэкъым, апхуэ-дэу занщIэу цIыхубэм япыщIакъым. Абы къыхэкIыу мы лексикэр цIыхубэм дежкIэ къэгъуэтыгъуафIэу икIи гурыIуэгъуэу щытын хуейщ. Мы лексикэ кате-гориер жылагъуэ псэукIэм зэрыпыщIам щхьэкIэ, абы зэхъуэкIыныгъэ куэд що-кIуэкI. Псалъэм папщIэ, спортым е техникэм ехьэлIа фIэщыгъэцIэхэм хуэдэу, ЖПЛ-р зы щытыкIэм иткъым. ЖПЛ-м зыхъуэжыныгъэ инхэр къыщохъу тхыдэм и зэхъуэкIыныгъэ лъэхъэнэхэм, социальнэ-экономикэ зыужьыныгъэ инхэм деж. ЖПЛ сыт щыгъуи дэщIыгъу нэщэнэхэм ящыщщ зы псалъэр, жыIэгъуэр нэгъуэщIкIэ хъуэжыныр, щхьэусыгъуэ зэхуэмыдэхэмкIэ псынщIэу псалъэр яIэпыхужыныр, жьы хъуныр. Пэжщ, а Iуэхугъуэхэр сытым дежи зэщхьу екIуэкIыркъым. Протченко И.Ф. къызэрилъытэмкIэ, «жылагъуэ-политикэ фIэщыгъэцIэр зэман кIыхькIэ IэщIыб ящIыжауэ щытынкIэ хъунущ, гуемыкIу мыхьэнэ зэриIам къыхэкIыу, ауэ и гуемыкIу мыхьэнэр фIэкIуэдмэ, иужькIэ ар бзэм къыхыхьэжыфынущ» [Протченко 1984: 59]. Щапхъэхэр: министр, офицер, генерал, парламент, плюрализм, собственность, бэджэнд – аренда, бэджэнды-рылажьэ – арендатор, хьэрычэтыщI – предприниматель, конкуренцэ – конку-ренция, самоуправленэ – самоуправления, н.къ. Мы псалъэхэр бзэм къыхыхьэ-ныр къашащ къэралым щекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэм, ефIакIуэныгъэхэм, зыужьыныгъэхэм. Аращи, адыгэбзэм и жылагъуэ-политикэ лексикэм хохьэ политикэ ухуэкIэм, жылагъуэ-политикэ гъащIэм, къэралым (къэралхэм) и политикэ кIуэцIымрэ экономикэ IуэхущIафэмрэ, къэрал зэхущытыкIэхэм ехьэлIа псалъэхэмрэ жыIэгъуэхэмрэ. ЖПЛ-м нэщэнэ щхьэхуэхэр иIэщ: 1) къызэры-хъуам елъытауэ езы бзэм ейрэ нэгъуэщIыбзэм къыхэкIарэу ягуэш; 2) къызэрагъэсэбэп елъытауэ – псоми къагъэсэбэп, къызэрыгуэкI, жаргон; 3) я зэхэтыкIэкIэ – къызэрыкIуэ, зэхэлъ, гъэкIэщIа зэхэлъ; 4) политикэм и бзэм и къалэн нэхъыщхьэхэр ягъэзащIэ – зэрызэпсалъэ (хъыбарегъащIэ), къызэрагъэдаIуэ; 5) гурыщIэ-уасэгъэув нэщэнэ яIэщ. «Жылагъуэ-политикэ лексикэ» гурыIуэгъуэм нэмыщIкIэ, упщIэ нэхъыщхьэу щытщ абы хыхьэ гупхэр убзыхуныр. ЗэрынаIуэщи, ЖПЛ-р бзэм къызэрыщагъэсэбэпыр куэдкIэ бзэщIыб Iуэхугъуэхэм епхащ. Жылагъуэ-политикэ гъащIэр къэзыгъэлъагъуэ псалъэхэр я закъуэу бзэм къыщыкIуэркъым, ахэр нэщэнэ гуэрхэмкIэ зэгъусэ мэхъу. Загребальный А.В. къызэрилъытэмкIэ, «жылагъуэ-политикэ лексикэр зэтегъэпсыхьа, къэгъэлъэгъуа зэрыхъу Iэмалщ, ар тематикэ гуп зэпыщIауэ къэхьамэ» [Загребальный 2013: 18]. Хэку бзэщIэныгъэм ЖПЛ-м хыхьэн хуейуэ къыщалъытэ лексикэ-тематикэ гупхэр я бжыгъэкIи ахэр зэрызэхэткIи зэтехуэркъым. ЖПЛ-м и тематикэ гуэ-шыныгъэр псори нэхъ къызэщIиубыдэу къыщыхьащ Протченкэ И.Ф., Бурячок А.А. сымэ я лэжьыгъэхэм. Протченкэ И.Ф. ЖПЛ-м тематикэ гупу 9 къыхегъэкI: 1. Коммунист партым и лэжьыгъэм, бэнэныгъэм, дунейпсо коммунист, рабочэ зэщIэхъееныгъэм, н.къ. ехьэлIа псалъэхэр; 2. Совет цIыхухэм я дунейеплъыкIэр, хьэлщэнхэр, зэхущытыкIэщIэхэр къэзыгъэлъагъуэ псалъэхэр; 3. Комсомол гъащIэм, пионер (сабий, ныбжьыщIэ) зэгухьэныгъэхэм, дунейпсо щIалэгъуалэ зэщIэхъееныгъэм епха псалъэхэр; 4. Совет ухуэкIэр, къэрал IуэхущIапIэхэр, къулыкъухэр, н.къ. къэзыгъэлъагъуэхэр; 5. Профсоюз лэжьыгъэм, гуп зэхуэмыдэхэм, цIыхубз зэ-гухьэныгъэхэм ехьэлIахэр; 6. Лъэщэпкъгъэпс, мэкъумэш къыщIэгъэкIыныгъэм къыщыхъуа зэхъуэкIыныгъэ нэхъыщхьэхэр, совет цIыхухэм гуащIэдэкIым хуа-Iэ хущытыкIэщIэхэр къэзыгъэлъагъуэ псалъэхэр; 7. Совет цIыхубэм я гъащIэм, щIэныгъэм, щэнхабзэм къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэщIэхэм епхахэр; 8. Жы-лагъуэ-политикэ, экономикэ, щэнхабзэ псэукIэм щыIэ мыхъумыщIагъэ Iуэ-хугъуэхэм ехьэлIа псалъэхэр; 9. Класс бэнэныгъэр, хамэ идеологиер, биигъэ зы-хэлъ политикэ еплъыкIэхэр, абыхэм я телъхьэхэр къэзыгъэлъагъуэхэр [Прот-ченко 1984: 59]. Зэрынэрылъагъущи, мы къэтхьа гуэшыныгъэм социалист гупсысэкIэр (идеологиер), совет псэукIэр и лъабжьэщ. Абы къыдэкIуэуи гу лъыботэ нэгъуэщI жылагъуэ системэхэм мыбы увыпIэ зэрыщамыIэм, къэралзэхуаку зэхущытыкIэхэм ехьэлIа фIэщыгъэцIэхэр зэрыхэмытым. ДызэреплъымкIэ, апхуэдэ псалъэ гупхэр Iэмал имыIэу гуэшыныгъэм хыхьэн хуейщ. А ныкъуса-ныгъэхэр къыщылъытащ Бурячок А.А. и лэжьыгъэм. Абы социальнэ-политикэ лексикэм гупи 8 къыхегъэкI: 1. КПСС и лэжьыгъэм, дунейпсо коммунист, рабо-чэ зэщIэхъееныгъэм ехьэлIа псалъэхэр; 2. СССР-мрэ социалист къэралхэм я зэкъуэтыныгъэм, я жылагъуэ-къэрал ухуэкIэм, я тхыдэм епха псалъэхэр; 3. Фе-одальнэ, капиталист къэралхэм я жылагъуэ-къэрал ухуэкIэр, тхыдэр къэзыгъэлъагъуэхэр; 4. Къэралзэхуаку зэхущытыкIэхэм епха псалъэхэр; 5. По-литикэ-экономикэ фIэщыгъэцIэхэр; 6. Политикэ-философие фIэщыгъэцIэхэр; 7. Политикэ-юридическэ фIэщыгъэцIэхэр; 8. Дзэ Iуэхум ехьэлIа псалъэхэр [Буря-чок: 1983: 436]. Зэрынэрылъагъущи, Протченкэ И.Ф., Бурячок А.А. сымэ я гуэ-шыкIэм зэтехуэ гуэрхэр хэтщ, ауэ Бурячок А.А. ейм хигъэхьа 5-8 IыхьэхэмкIэ арэзы ухъуфынукъым – жылагъуэ-политикэ лексикэмрэ терминологиемрэ ехьэлIауэ къыхэмыгъэщхьэхукIа бгъэдыхьэкIэ зэриIэр нэрылъагъущ. Голованевскэм А.Л. ЖПЛ-м мыпхуэдэ гупхэр къыхегъэкI: 1) власть ищхьэ; 2) къулыкъущIэхэр; 3) щIэпхъаджагъэ лIэужьыгъуэхэр; 4) тепщэ гупым ехьэлIахэр; 5) класс бэнэныгъэ лIэужьыгъуэхэр [Голованевский 1989: 11]. Зэрынэрылъагъущи, мы тематикэ гуэшыкIэм къызэщIиубыдэр мащIэ дыдэщ, «щIэпхъаджагъэ лIэужьыгъуэхэр» гупыр мыбы щIыхыхьар гурыIуэгъуэкъым икIи лъабжьэншэщ. ЖПЛ-м илъэс куэдкIэ елэжьа Л.А. Ждановэм абы тематикэ гупу 7 къыхе-гъуатэ: экономикэм, хуитыныгъэм, къэралщIыб политикэм, диным, философи-ем, дзэм, администрацэм ехьэлIахэр [Жданова 1996: 121]. БзэщIэныгъэм ЖПЛ-м гуэшыныгъэу щиIэхэр къыпхуебжэкIынукъым, ахэр апхуэдизкIэ куэдщи. ЖПЛ-м теухуауэ щыIэ къэхутэныгъэхэм я нэхъыбэр те-ухуащ урыс ЖПЛ-м. Абы къыдэкIуэуи къэгъэлъэгъуапхъэщ иужьрей илъэсхэм ди къэралым щызекIуэ адрей лъэпкъыбзэхэми ЖПЛ-м гулъытэ лей хуащIу зэрыщIадзам. Апхуэдэу, Солтаханов И.Э. мышкъышыбзэмрэ шэшэныбзэмрэ я ЖПЛ-м тематикэ гупу 5 къыхегъэкI: политикэм, экономикэм, хуитыныгъэм, дзэм, диным ехьэлIахэр [Солтаханов 2009: 5-6]. Абы ещхь гуэшыкIэ къыхуехь Бачаевэ С.Е. къалмыкъыбзэм [Бачаева 2012: 41]. Осетиныбзэм и ЖПЛ К.Г. Джу-соевэм гупихыу еугуэш: тепщэныгъэ зиIэхэм, ягъэпщылIхэм, гъэпщылIыныгъэм ехьэлIа псалъэхэр; революцэ зэщIэхъееныгъэмрэ абы къихьа зэхъуэкIы-ныгъэмрэ епхахэр; дунейеплъыкIэ, цIыхугъэ, дунейтетыкIэ гурыIуэгъуэхэм ехьэлIахэр [Джусоева 2017: 10-66]. Адыгэбзэм и ЖПЛ-м япэ дыдэу тематикэ гуэшыныгъэ 1992 гъэм хуищIащ Апажэ Мухьэмэд. Абы адыгэбзэм къыхегъэкI Протченкэ И.Ф. урысыбзэм къыхигъэкIа гуп дыдэхэр [Апажев 1992: 73]. Абыхэм дэ ищхьэкIэ дакъыте-увыIауэ щытащ. Гу зылъытапхъэщ Апажэм иригъэкIуэкIа тематикэ гуэшы-ныгъэр совет гъащIэмрэ псэукIэмрэ езэгъыу зэрыщытар. Ауэ мыбдежым нэгъуэщI зы Iуэхугъуэми къытеувыIэн хуейщ: а зэманым ирихьэлIэу Совет къэралыр къутэжат икIи абы ди къэралми дуней псоми зэхъуэкIыныгъэхэр къыщрикIуат. Совет къэрал, жылагъуэ щымыIэжым теухуа гупхэр Апажэм щIыхигъэхьар, дэ дызэреплъымкIэ, ди къэралыр адэкIэ зэрыкIуэну политикэ, экономикэ гъуэгур иджыри зэхэмыбзу зэрыщытаращ. 2000 гъэм абы адыгэбзэм и ЖПЛ тематикэ гуэшыныгъэщIэ ирегъэкIуэкI икIи гупу 7 къыхегъэкI: жы-лагъуэ, политикэ зэгухьэныгъэхэм я лэжьыгъэм ехьэлIахэр; дунейеплъыкIэр, хьэлщэныр къэзыгъэлъагъуэ псалъэхэр; къэрал ухуэкIэм, IуэхущIапIэхэм, ад-министративнэ гуэшыкIэхэм, тхыдэм и лъэхъэнэхэм, къулыкъухэм, н.къ. ехьэлIа псалъэхэр; профсоюзхэм, езыр-езыру зэгухьа гупхэм, жылагъуэхэм, зэ-гухьэныгъэхэм епха псалъэхэр; гуащIэдэкIым, лъэщэпкъгъэпсым, мэкъумэш къыщIэгъэкIыныгъэм ехьэлIахэр; щIэныгъэм, щэнхабзэм къыщыхъу, щекIуэкI Iуэхугъуэхэм епха псалъэхэмрэ жыIэгъуэхэмрэ; жылагъуэмрэ щэнхабзэмрэ щыIэ мыхъумыщIагъэхэр, дуней псом къыщекIуэкI цIыхугъэншагъэхэр къэзыгъэлъагъуэхэр [Апажев 2000: 110-111]. Зэрынэрылъагъущи, Апажэм ищIа гуэшыныгъэщIэр япэрейм куэдкIэ къыщхьэщыкIыркъым: зэрыщымыIэжым къыхэкIыу «совет» фIэщыгъэцIэр хэкIыжащ, абы и щхьэусыгъуэкIэ 3-нэ Iыхьэри лей хъуащ, языныкъуэ гупхэр (8-9) зэгуигъэхьэжащ. Зэрынэрылъагъущи, иджырей адыгэбзэм и щытыкIэр къигъэлъагъуэу, нобэрей бзэщIэныгъэм къигъэувхэм пэхъуу тематикэ гуэшыныгъэ ЖПЛ-м иIэкъым. Абы къыдэкIуэуи къэгъэлъэгъуэн хуейщ ЖПЛ-м и тематикэ гуэшы-ныгъэм хэлъ гугъуагъхэр. Адыгэбзэм и ЖПЛ-м тематикэ гуп къыхэгъэкIыныр зыкъомкIэ елъытауэ щытщ. Апхуэдэу щIыщытыр ЖПЛ-м хыхьэ Iыхьэ нэхъыщхьэхэр «къэралымрэ жылагъуэмрэ», «къэралымрэ политикэмрэ», «къэралымрэ хуитыныгъэмрэ», «къэралымрэ властымрэ», «политикэмрэ эконо-микэмрэ», «жылагъуэмрэ властымрэ» зэхыхьэу зэрыщытыр аращ. Абы къегъэлъагъуэ жылагъуэ-политикэ ухуэкIэр гугъуу зэрыщытыр икIи абы хыхьэ тематикэ гупхэр зэрыгуэшыгъуейр. Тематикэ гупхэр къыщыхагъэкIкIэ мыхьэнэшхуэ егъэзащIэ компонент зэхэхуныгъэм, абыкIэ къэхута мэхъу мыхьэнэ зиIэ бзэм и Iыхьэ нэхъ цIыкIу дыдэр. Апхуэдэ бгъэдыхьэкIэкIэ зэпкърыпхыфынущ псалъэ щхьэхуэхэр, мыхьэ-нэбэ псалъэхэм я мыхьэнэ зэхуэмыдэхэр, мыхьэнэ зэщхь зиIэ псалъэ гупхэмрэ гупкъуэжхэмрэ. ЖПЛ гуэшыныгъэм теухуа къэхутэныгъэхэм я нэхъыбэм тематикэ гупхэм хыхьэ Iыхьэхэр зэкIэлъыгъэкIуа зэращI Iэмал нэхъыщхьэу щытщ къебжэкIыр. Апхуэдэ IэмалкIэ къыхэбгъэкIыфыр тематикэ гупхэм я закъуэкъым, атIэ гуп къэс иIэ гупкъуэжхэри къыхэгъэкIа мэхъу. А щIыкIэмкIэ адыгэбзэм и ЖПЛ-м лексикэ-тематикэ гупу 6 къыхыдогъэкI: 1. Политикэ лексикэр нэхъ гуп ин дыдэщ. Мыбы хохьэ цIыху псоми е нэхъыбэм къагурыIуэ, псоми къагъэсэбэп псалъэхэмрэ жыIэгъуэхэмрэ: а) къэрал власть IэнатIэхэм я фIэщыгъэцIэхэр; б) къулыкъухэм, къулыкъущIэхэм зэредж-эхэр; в) власть IэнатIэхэм я унафэм ехьэлIахэр; г) къэралщIыб, къэралкIуэцI по-литикэм епхахэр; д) къэрал, къэрал власть дамыгъэхэр, нэщэнэхэр. 2. Политикэ партхэм, зэгухьэныгъэхэм, жылагъуэ зэщIэхъееныгъэхэм епха псалъэхэр: а) парт, зэгухьэныгъэ, жылагъуэ зэщIэхъееныгъэ зэхуэмыдэхэм я фIэщыгъэцIэхэмрэ абыхэм хэтхэм зэреджэхэмрэ; б) политикэ Iуэхугъуэхэм, ак-цэхэм ехьэлIахэр; в) хэхыныгъэм епха псалъэхэр. 3. Хуитыныгъэ лексикэм хыхьэхэм къагъэлъагъуэ: а) хуитыныгъэ, къалэн, мардэ; б) хеящIэ власть IэнатIэхэр. 4. Дзэ-политикэ лексикэм хохьэ: а) зауэлIхэм, дзэ къулыкъуцIэхэмрэ дзэ гупхэмрэ ехьэлIахэр; б) зауэ Iуэхугъуэхэм епхахэр; в) дзэ-политикэ зэгухьэ-ныгъэ, зэгурыIуэныгъэ зэхуэмыдэхэр къэзыгъэлъагъуэхэр. 5. Жылагъуэ гъащIэм и псэкупсэ-хьэл IуэхущIафэхэр къагъэлъагъуэ: а) щэнхабзэм, щIэныгъэм, егъэджэныгъэм, гъэсэныгъэм, идеологием епха псалъэхэм; б) дунейеплъыкIэ-хьэл гурыIуэгъуэм ехьэлIа псалъэхэр; в) лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм, социальнэ гупхэм я фIэщыгъэцIэхэм; г) диным епха псалъэхэм. 6. Экономикэм ехьэлIа псалъэхэр гуп зыбжанэ мэхъу: а) тхылъымпIэ лъапIэхэм, ахъшэ Iуэхухэм епхахэр; б) ахъшэ, мылъку зэгухьэныгъэхэм, IуэхущIапIэ зэхуэмыдэхэм ехьэлIахэр; в) щэн-къэщэхуным, мылъку, ахъшэ зыщIыпIэ хэлъхьэным епхахэр. Жылагъуэ-политикэ лексикэр къыщахутэкIэ, адрей тематикэ псалъэ гупхэми хуэдэу, нэхъыщхьэу щытщ «мыхьэнэ губгъуэ» (семантическое поле) гурыIуэгъуэр. Абы къегъэлъагъуэ зы мыхьэнэ нэщэнэ зиIэ бзэм и занэхэр. Апхуэдэ «губгъуэм» нэрылъагъу ещI дуней бзэтеплъэм и Iыхьэ пыухыкIа гуэр. «Мыхьэнэ губгъуэм» ехьэлIа упщIэхэр хэку, нэгъуэщI къэрал лексикэдж-хэм иджыри къэс щызэхэгъэкIауэ щыткъым. БзэщIэныгъэ псалъалъэ-жэуапылъэм «мыхьэнэ губгъуэр» мыхьэнитI иIэу къыщыхьащ: 1. Iуэхугъуэ, щытыкIэ гуэрхэр къагъэлъагъуэу лексикэ занэхэр бзэм тематикэ гупу щызэ-гухьауэ: зэман мыхьэнэ губгъуэ, щIыпIэ мыхьэнэ губгъуэ, н.къ. 2. Мыхьэнэ пыу-хыкIа яIэу тематикэ сатыр къэзыгъэхъу псалъэхэмрэ жыIэгъуэхэмрэ. Зэман мыхьэнэ губгъуэ: илъэс, мазэ, тхьэмахуэ, махуэ, жэщ, сыхьэт, н.къ. [Розенталь, Теленкова 1985: 274]. Гу лъытэн хуейщ мыхьэнэ губгъуэр бзэщIэныгъэм куэдрэ лексикэ-тематикэ гупым зэрыщыхуагъадэм. БзэщIэныгъэм «мыхьэнэ губгъуэм» теухуауэ нэгъуэщI еплъыкIэхэри щыIэщ, абыхэм я нэхъыбэр «губгъуэ бгъэдыхьэкIэм» епхащ. Литературэ щыIэр къэппщытэмэ, нэрылъагъу мэхъу псалъэ гупхэр къызэрыхагъэкI щIыкIэмрэ зэрагуэшымрэ мы зэманым зэщхьу, зыгуэрым теубыдауэ зэрыщымытыр. Гуэ-шыныгъэм лъабжьэ хуэхъуа нэщэнэм елъытауэ, бзэщIэныгъэлIхэм губгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр къыхагъэкI: лексикэ-мыхьэнэ губгъуэ, лексикэ-мыхьэнэ гуп, тематикэ сатыр, синтагматикэ, зэгуэт, ассоциатив губгъуэхэр. Къыхэ-гъэщыпхъэщ лексикэм и тематикэ гупхэр къэлъытэнымкIэ лексикэ-мыхьэнэ губгъуэр нэхъ тыншу зэрыщытыр. Аращи, адыгэбзэм и ЖПЛ-р къэлъытэн хуейщ зы темэкIэ зэгухьэ, псалъэ лъэпкъыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр зыхыхьэ лексикэ-тематикэ псалъэ гупу. Мыбдежым зэпхыкIэ зэмылIэужьыгъуэхэр щыIэщ – парадигматикэ, ситагма-тикэ. ХХ лIэщIыгъуэм ди къэралым и жылагъуэ-политикэ гъащIэм къыщыхъуа егъэлея зэхъуэкIыныгъэхэм къашащ жылагъуэ зэхэщIыкIымрэ адыгэбзэм хэт псалъэхэмрэ зэхъуэкIыныгъэшхуэ зэрагъуэтар. Ноби екIуэкI а зэхъуэкIы-ныгъэхэр зэхьэлIар политикэм и закъуэкъым, атIэ экономикэм, щэнхабзэм, нэгъуэщIхэми епхащ. ГъащIэм къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэхэр нэрылъагъу щыхъур ЖПЛ-р аращ. Абы къыхэкIыу иужьрей илъэсхэм бзэм елэжьхэм ЖПЛ-м нэхъыбэ гулъытэ хуащIу зэрыщIадзар тэмэмщ. Иджырей ЖПЛ-р къэппщытэмэ, нэрылъагъу мэхъу ар зэрыхэхъуэр, зэрыбагъуэр, абы зэры-зиужьыр, сыт хуэдэ социальнэ, экономикэ, политикэ, щэнхабзэ зэхъуэкIыныгъэ жылагъуэ гъащIэм щекIуэкIхэри щхьэусыгъуэ хуохъу псалъэщIэхэр къэхъуным. Адыгэбзэм и ЖПЛ и хэкIыпIэ-хэхъуапIэу иджыри щытыр нэхъыщхьэу урысыбзэр аращ. Апхуэдэу урысыбзэр яхущытщ ди къэралым щызекIуэ лъэпкъыбзэ псоми я ЖПЛ-м, ар сэбэп мэхъу а фIэщыгъэцIэхэр зэщхь, зэкIэлъыкIуэ, зэгъунэгъу хъуным. Абы къикIыркъым жылагъуэ-политикэ псалъэщIэхэр къэгъэщIыным ехьэлIауэ езы бзэм и лексикэ Iэмалхэм кIэрыхуну. Уеблэмэ, лъэпкъым и зэхэщIыкIым, щэнхабзэм, псэукIэм зиужьыхукIэ, анэдэлъхубзэми езым и Iэмалхэри нэхъыбэ хъунущ.About the authors
Khazhismel Ch. Zhiletezhev
Institute for the Humanities Research – Affiliated Federal State Budgetary Scien-tifi c Establishment «Federal Scientifi c Center «Kabardian-Balkarian Scientifi c Cen-ter of the Russian Academy of Sciences»
Email: hazismel@mail.ru
ORCID iD: 0000-0002-6040-9524
References
- Апажев 1992 – Апажев М.Л. Проблемы кабардинской лексики. – Нальчик: Эльбрус, 1992. – 336 с.
- Апажев 2000 – Апажев М.Л. Современный кабардино-черкесский язык. Лексикология, лексикография. – Нальчик: Эльбрус, 2000. – 408 с.
- Бачаева 2012 – Бачаева С.Е. Общественно-политическая лексика современного кал-мыцкого языка. – Элиста: ЗАОр «НПП «Джанар», 2012. – 253 с.
- Бурячок 1983 – Бурячок А.А. Формирование общего фонда социально-политической лексики восточнославянских языков: дис. ... докт. филол. наук: – Киев, 1983. – 436 с.
- Голованевский 1989 – Голованевский А.Л. Роль социальной и идеологической оценоч-ности в развитии общественно-политической лексики и фразеологии русского литературно-го языка // Язык и общество. – Вып. 8. – Саратов, 1989. – С. 9-22.
- Джусоева 2017 – Джусоева К.Г. Возникновение и становление общественно-политической лексики осетинского языка (1900-1990 гг.). – Владикавказ: СОГУ им. К. Л. Хетагурова, 2017. – 150 с.
- Жданова 1996 – Жданова Л.А. ОПЛ: структура и динамика: дис. … канд. филол. наук. – М., 1996. – 224 с.
- Загребальный 2013 – Загребальный А.В. Лексика общественно-политической сферы русского языка начала ХХ века в семасиологическом и функциональном аспектах. – Волог-да: ИСЭРТ РАН, 2013. – 248 с.
- Ожегов 1986 – Ожегов С.И. Словарь русского языка. – М.: Русский язык, 1986. – 797 с.
- Протченко 1984 – Протченко И.Ф. Русский язык: проблемы изучения и развития. – М.: Педагогика, 1984. – 224 с.
- Розенталь, Теленкова 1985 – Розенталь Д.Э., Теленкова М.А. Словарь-справочник лингвистических терминов. – М.: Просвещение, 1985. – 399 с.
- Солтаханов 2009 – Солтаханов И.Э. Становление и развитие общественно-политической лексики в нахских литературных языках: Автореф. дис. … канд. филол. наук. – М., 2009. – 17 с.
- Философский энциклопедический словарь 1989 – Философский энциклопедический словарь. – М.: Советская энциклопедия, 1989. – 816 с.
Supplementary files
